КАВКАЗ зауэжьым кърихужьэу, хэгъэзыхьыныгъэкIэ щIыпIэ-щIыпIэхэм Iэпхъуэу къэзыкIухьа адыгэ жылагъуэхэм я тхыдэм къыхощыж здыщыпсэуа щIыпIэхэм я фIэщыгъэцIэ куэд. Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ фIэщыгъэцIэжьхэм я нэхъыбэр яIэщIэхужауэ къагъэсэбэпыжкъым, и ныкъуэхэри хамэбзэ зэхъуэкIыкIэ хабзэхэм ирагъэувэкIэрэ апхуэдизу яхъуэжащи, я къежьапIэхэр адыгэ псалъэхэм зэрыхуэкIуэжыр нэгьэсауэ къыпхуэхутэжкъым. Абыхэм ящыщщ Тебэрды, Псыжь, Инжыдж ЦIыкIу, Инжыджышхуэ, Уарп, Щхьэгуащэ, Лабэ псыхъуэхэм хьэжрэт жылэхэр здетIысэха щIыпIэхэм, Iуащхьэхэм, псы цIыкIухэм я цIэр. Арами, ахэращ нобэ къозыгъэщIэжыр, щыхьэт техъуэр а щIыпIэхэм адыгэ жылэхэр зэрыщыпсэуам.
Нобэрей тхыгъэмкIэ фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ къуажэхэм я тхыдэ лъагъуэхэм дыщрикIуэм, адыгэ фIэщыгъэцIэжьу мы псыхъуэхэм дызыпэщIэхуахахэр.
Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэ
Базырджэнхэ я псынэжь – Ботэщей къуажэмкIэ Инжыдж ЦIыкIум къыхэлъадэу къэгъэлъэгъуащ.
Бэтэгъэжь – Зеикъуэ и адрыщI Iуфэм къыщылъ щIыпIэу итщ. Ар дыдэр Инжыджышхуэ и Iэгъуэблагъэми къыщыхощ.
Зэлэн щыгу – Али-Бэр-дыкъуэ и къухьэпIэмкIэ къыщылъ Гынгухъущхьэм ищхьэжкIэ иIэ лъагапIэм и цIэу къыхощ. «Наш аул Али-Бердуковский (Хахандуковский)» тхылъми, къуажэм и тхыдэм лъэIэс иджырей тхылъхэм къыхэщыжу и лъэужь дгъуэтакъым. Арами, XX лIыщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм, щIыпIэ фIэщыгъэцIэжьхэр къэзыхутэжу, мы лъэныкъуэмкIэ къэкIуа КIуэкIуэ Жумэлэдин и лэжьыгъэми къыщыдгъуэтащ. КIуэкIуэм ар къыжезыIауэ итыр Али-Бэрдыкъуэ къуажэдэс Маху Мусэщ.
Мы фIэщыгъэцIэм мыхьэнэ ин иIэщ. Япэрауэ, ар къызытекIар адыгэ псалъэщ – зэлэн, къызэрылэжын – «договориться, прийти к согласию». Зэлэн щыгу – «вершина, где договаривались, вершина примирения». И цIэ закъуэм къыбжеIэ ар хэгъуэгум пасэм щыпсэуа адыгэхэм я зэгурыIуэныгъэ щIыпIэу зэрыщытар. Мыр къуажэ фIэщыгъэцIэкIэ къанэкъым, хьэгъундыкъуеидэсхэр зэгурыIуэнумэ, абы нэс дэмыкIми хъут.
ЕтIуанэрауэ, ар зи цIэ лъагапIэм и лъэныкъуитIымкIи къыщылъ псыхъуэхэми, псы ежэххэми я цIэр абы къызэрытекIам шэч хэлъкъым. Зэвгъапщэ: «Зэлэн щыгу» – «Зеленчук».
Къамылыкъуэ – Инжыдж ЦIыкIум и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэжу къыхощ.
Кхъузанэкхъэ – Инжыдж ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ ирехыу къыппэщIэхуэ фIэщыгъэцIэщ. Адыгэхэр здыщыпсэу щIыгухэм куэду къыщыппэщIохуэ. НэгъуэщIу йоджэ «Iуащхьэ бын» цIэмкIэ.
Псыхуом — Къиугъуейуэ, зэпIэзэрыту къежэх зи хабзэ, Марыхъу псым къыхэлъэдэж, нобэ «Аксаут»-кIэ зэджэ псыращ.
ХьэщIэмахуэ Iуащхьэ -Инжыдж ЦIыкIу и ипщэмкIэ иIэу къыхощ.
Инжыджышхуэ псыхъуэ
Дыгъужьыб – Беслъэней ипщэмкIэ къыщылъ щIыпIэу къыхощ.
Лъакъуищ – ПсэукIэ-Дахэ къуажэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыппэщIэхуэ щIыпIэ. Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэми деж къыхощ «Пхъэ лъакъуищ Iуащхьищ» фIэщыгъэцIэр.
Шэтлауч – ПсэукIэ-Дахэ ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэм ижьырабгъум къы-Iулъ щIыпIэхэм зэрахьэ фIэщыгъэцIэу къыхощ.
ЩыгущI (Шугус) – Инжыджышхуэрэ Лабэшхуэрэ я къежьапIэхэм щыIэ щIыпIэхэм я цIэщ.
Шыбланэкъуэ – иджырей Кхъувы къуажэм и щIагъкIэ Инжыджышхуэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу.
Шылыч – Чэфар (Кяфар) псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхолъадэ.
Псыжь, Тебэрды псыхъуэхэр
Дэгъуэт – Псыжь къыхэ-лъадэ псыуэ къэгъэлъэгъуащ
Дыгъуагъуэ – Хъумэрэ ипщэкIэ Псыжь къыхэлъэдэж псы.
Жыгуэнэз (Джегонас) -Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ.
Жэгуэтэ (Джегута) -Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ.
ЖыгейщIэхъу – Хъумэрэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм къыщыхощ.
Жьэгъу лъабжьэ – Хъумэрэ ипщэкIэ уридэкIуеймэ узыхуэзэ бгыжьэмрэ абы и щIагъымрэ зэрахьэ цIэуэ къыхощыж.
Индыш – Псыжь и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыуэ къыхощыж.
Къуэбыщ псы кIуэцI -иджырей Къумыщ къуажэм ищIагъымкIэ (Псы-жьыпсым лъэмыжыр зды-телъ щIыпIэм хуэзэу). Къуэбыщ псы кIуэцI жиIэмэ -«вода, замкнутая в ограниченном пространстве ущелья» къикIыу аращ.
Хьэжрэт гъуэгужь – Гумыпс къыщежьэу, иджырей УчкекенкIэ къыщхьэдэхыу, Карачаевск къалэ ипщэкIэ, иджырей Каменномостым деж зэпрыкIыпIэ иIэм ухуэзышэ гъуэгу.
ХьэщIэукI – Тебэрды и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ нэпкъ, къыр.
Хъыцэкъуэ – Тебэрды псыхъуэм.
Шокуэ – Псыжь и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу.
Шыгуарэ, Шыгуарэ цIыкIу – Хъумэрэ ипщэмкIэ. Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIухэ.
Уарп псыхъуэ
Дэдэнжьиишхуэ, ДэдэнжьийцIыкIу – Уарп къыхэлъэдэж псыщ тIури. Хъан-Джэрий деж къыхощыж.
Джэджэн -Отраднэ деж Уарп и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ. (Адыгэ псалъэщ. Джэджэн – «переливаться цветом»).
ЖылэтIмэз (Джелтимесские высоты) – Уарпрэ Лабэшхуэрэ я куэщIым илъ мэзылъэ бгыжьэм и цIэщ (Апостолов деж къыхощыж).
Щхьэгуащэ (река Белая) псыхъуэ
Абагъуэ – Щхьэгуащэпсым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. А цIэ дыдэр Шугъусэ бгым ищхъэрэ бгыжьэм ирикIуэу къегъэлъэгъуэж Апостоловым.
Вийдыкъуэ – Щхьэгуащэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIуу Хъан-Джэрий къегъэлъагъуэ.
Гъуд – Щхьэгуащэ и Iуфэм, Даховскэ станицэм къыбгъурылъ бгылъэ.
Гъузэрыплъэ – Щхьэгуащэ и ипщэкIэ щыIэ бгым, псы къыхэлъэдэжым, жылэ щысым жэуэ я цIэщ.
Дахъуэ (Дахэ)-Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я куэщIым дэт бгыхэм, Щхьэгуащэпсым ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыхэм я цIэщ. Абы и Iуфэм Iус Даховскэ станицэ и цIэр «Даховский отряд» абдеж тIысам къытекIауэ иджы ягъэхъыбарми, ахэр хэгъуэгум къыщимыхьами щIыпIэм цIэр зэрихьэххэт.
ДжэгуакIуэ (Дегуак)-Щхьэгуащэ псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псым, Даховскэ станицэм и адрыщI Iуфэм къыщылъ губгъуэм зэреджэщ.
Дыдыгуш – Щхьэгуащэ и ипщэ ижьырабгъу лъэныкъуэм къыщылъ бгылъэм и цIэщ.
Жымарыкъуэ (Джимарук) – Щхьэгуащэ и къежьапIэмкIэ щылъ бгы.
Къамылыкъуэ (Чамлык)- иджырей Хьэгъундыкъуейм (Али-Бэрдыкъуэ купщIэ хуэхъуа жылэ) Щхьэгуащэ и Iуфэм здыIусам деж, блэж псы цIыкIут (Щхьэгуащэ холъэдэж).
ТхьэщI – Щхьэгуащэр Лабэ ЦIыкIумрэ ипщэ куэщIым иIэ щIыпIэу къыхощ.
Лабэ псыхъуитIым
Ажэкъуэ- Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ абы къыIулъ хъупIэмрэ.
Архъыз – Лабэ ипщэкIэ щыIээ къущхьэхъу хъупIэ.
Ахъмэтыбг – Лабэшхуэмрэ Лабэ ЦIыкIумрэ здызэхэлъэдэжым пэгъунэгъу бгыжьэ кIыхь.
Архъэшу и сын – Axъмэтыбгым и щыгум тет мывэ сын лъагэ.
Гъуагъэ – Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы.
Дамэгъурц – Лабэшхуэ ипщэкIэ къыхэлъэдэж псым, абыхэм я къежьапIэхэм щыIэ бгымрэ щхьэдэхыпIэмрэ я цIэщ. Иджы зэратхыр «Дамхурц».
Ауэ къызытекIар адыгэбзэщ – Дамэ+гъурц – «каменистое сухое плечо».
ДамэщIыкъуэ – Лабэ къыхэлъэдэж псыщ.
Джэдуунэ – иджырей Лабинскыр зытес щIыпIэм щыса адыгэ жылэм и цIэщ.
Зэгъдан – Лабэшхуэ ипщэм ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы.
Къызылбэч – Лабэ ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ.
Кхъужьджабэ – Лабэшхуэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIумрэ абы къыIулъ щIыпIэмрэ я цIэщ.
Шэкъан – Лабэ псыхъ тIым я куэщIым иIэ мэз.
Шэрэдж (Шередь) – Лабэ къыхэлъэдэж псы. Хъан-Джэрий и деж къыхощыж.
БЕМЫРЗЭ Зураб
(ЧЕРКЕС ХЭКУ)