ЩIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къазэрыIэщIэфхам папщIэ

0
1312

1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзым-тащхьэ), убыххэм я лъахэм щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и щIыхькIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

Махуэр сыхьэт 11хъуащ.

Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэпщышхуэр — урыс пащтыхьым и къуэш Михаил Николаевич. Абы къыбгъэдэтт генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэпщыр Iуащхьэм къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуудзэхэм фIыщIэ яхуищIащ, «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэлъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ». Дзэпщым жиIащ:

«ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI хахуэхэм сывохъуэхъу Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ. Зауэм къыщывгъэлъэгъуа лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс хъыжьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIэфакъым фэ, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы вгъажэ зэпытурэ, икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэгъухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ!»
Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр II къригъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ».

Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ нагъыщэр, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тетхауэ. Пащтыхьыр «и къуэш хахуэм» ехъуэхъуащ «илъэсищэм и пэкIэ бгырыс Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэрыритам щхьэкIэ». «Нобэ щыщIэдзауэ, — ехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, — Кавказым зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къинэжакъым».

Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь унафэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ – бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу.
Георгий орденым и 2-нэ нагъыщэр къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэхъуащ пащтыхьыр: «Илъэсищэм щIигъукIэ дызыхэта зауэ гуащIэм кIэ езытар уэращ уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къаIэщIэпхын…»

Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэракъхэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щызыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми.

ЭСАДЗЕ Семен

(ЧЕРКЕС ХЭКУ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz