Зумысыжмэ, ущхьэхуитщ!

0
1971

Урысей пащтыхьыгъуэм “е ди унафэм фыщIэтын е фIылIэн” жиІэу илъэсищэм щІигъукІэ иригъэкІуэкІа лъэпкъгъэкIуэд зауэм 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м адыгэхэр я адэжь хэку къричри, дунейм пшахъуэм хуэдэу ирапхъыхьащ. ЦIыхугъэм и тхыдэм бжыгъэ фIыцIагъэу тратха мы хэкукъутэр, лъэпкъгъэкIуэдыр къызэрыхъурэ илъэс 156 блэкIащ.

Дунейм дэтъэнэ и географиям уэплIыми зытIеукъэныгъэрэ зауэ гущІэгъуншэрэ щомылъэгъуныр дауи Iэмал иIэкIым. Къанэ щIагъуэ щымыIэу дэтхэнэ континентми, дэтхэнэ къэралыгъуэми… Къызэрыраху лъадэнэрэ цIыхум цIыхур зэтриукIэн увыІакъым, псэущхьэхэми, мэзхэми, щІыгуми и ягъэ яригъэкIащ. ЗытеукIэным и инагъыр апхуэдизкІэ ин хъуащи, нобэ климат гугъугъуэм теухуауэ зыгуэр пэмыувмэ, илъэс 15-20 иужькIэ дунейр къэбгъэзэж мыхъуну зы щIыпІэ нэса хъунущ. БлэкIа лъэхъэнэм еплъыжмэ, цIыхугъэм и тхыдэр зауэхэми я тхыдэщ. Къабил и къуэш Хьэбил зэриукI лъандэрэ мыувыІа, кІуэ пэтрэ нэхъ ин хъууэрэ йокІуэкІ цIыху зытеукIэныр – дунейпсо зауэшхуитIыр, щІыпІэ зауэхэр, фІэщхъуныгъэ зауэхэр… Пэжыр жыпІэмэ, къызытекIыр, зыхэзэрыхьыкIэр, псоми я лъабжьэр зыщ, кIэщІу жыIэн хуеймэ, тепщэныгъэр зыІэщІалъхьэну зэрыхуейрщ, къызыхэкІыр зы щIыпIэм е зы къэралыгъуэм, цIыхухэм, щIыуэпсым и Іэщхьэтет хъун гуращэращ… Имыух гъаблэ, тхьэмыщкIагъэ… Псалъэхэр куэду щытми, класс зауэщ зэрыщыту.

КIэ зимыIэ зытеукIэныгъэ

Дунейм тет къэралыгъуэ куэдым, цIыху щхьэхуэхэм, фIэщхъуныгъэ зэхуэмыдэхэм заумысыжын хуейуэ апхуэдиз мыхъумыщІэрэ гугъуехьрэ нэгъуэщІ щІыналъэхэм, жылэхэм, фIэщхъуныгъэхэм ирагъэшэчащи, пхуэмыІуэтэщІыну апхуэдэщ… КIэ зиримыIэр, иджыри зырызэпымыуар долъэгъу. Сирием и пэжыр, лIыкIуэ зауэхэр, Езидихэм ирагъэшэча зытекъутэныгъэ 72-р… ЕтІуанэ дунейпсо зауэм журтхэм, цыджанхэм иращІылІа лъэпкъгъэкIуэдым и пэжыр Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Зэгухьэныгъэм хэт къэралыгъуэхэм я Жылэ хасэхэм 1948 гъэм еувалІэри, ЛъэпкъгъэкIуэд ЗэгурыIуэ тхыгъэм Іэпэ щІэдзэнымкІэ и бжэр зэІуихат. АрщхьэкIэ, Іэпэ щІэзыдза къэралыгъуэхэм зыри зэфIагъэкІакъым. ЗэгурыIуэ тхыгъэм нахуэу псэлъэкIэ щащІами, езыхэм я щІыпІэ тхыдэм щыщу лъэхъэнэ щхьэхуэхэм къыщыхъуахэр икъукIэ нахуэу ЗэгурыIуэ тхыгъэм хиубыдэми, Іэпэ щІэзыдза къэралыгъуэхэм зи заумысыркъым. Аращи, и щІыбагъ къызэрекІуэкIыжынум папщIэ, ЗэгурыIуэ тхыгъэм Іэпэ щІэдзынкIэ далэ щІашэкъым. Мыр къызыхэкIар дунейм псори арэзы зытехъуа Холокостыр (журтхэм я лъэпкъгъэкIуэд) хэпхмэ, къэралыгъуэ къэскІэ езым я еплъыкIэрэ щытыкIэ ягъэув зэрыхъуаращ. Языныкъуэ къэралыгъуэхэм лей ирагъэшэчам папщIэ, зиумысыну зызэзыгъэпэщар дощІэ. Мыхъуныфэхэм хъуныфэу зыбжанэ щапхъэу къыхощ: Австралием и щІыдэлъху лъэпкъхэм, США-мрэ Канадэмрэ щыпсэу индей лъэпкъхэм, Иныджылызым Ищхъэрэ Ирландым щыпсэу лъэпкъым, Болгар хэгъэгум тыркухэм, Сербием боснийхэм ехьэлІауэ заумысыжын е заумысыж хуэдэу зэрызащІыр…

Брандтрэ Путинырэ я щапхъэ

Телъыджащэу зиумысат Алманием и унэфэщIыщхьэ Вилли Брандт. Ар 1970 гъэм Варшавэ лъагъунлъагъу щыкІуэм, гетто фэеплым къэгъагъэ хуигъэтIылъа нэужь, лъэгуажьэмыщхьэу тIысри, фашизмэм текІуэдахэм цIыхугъэм папщIэ къыхуагъэгъуну елъэIущ. Польшэхэм мы щытыкIэм зы жэсткIэ жэуар къыратыжащ. Брандт лъэгуажьэмыщхьэу щытIыса гетто фэеплъым и гъунэгъуу Вилли Брандт и фэеплъыр щагъуври, мы щІыпІэм и цIэр зэрахъуэкIри, Вилли Брандт Утыку (Площадь) жаІащ.
Совет Союзым и Iэтэшхьэ Сталин Иосиф и унафэкIэ, 1940 гъэм Дзэ Плъыжьым гъэру иубыда зауэлІ мин 22-р зэраукІам (Къатын зэтеукІэкІэ зэджэр) папщIэ, 2010 гъэм мэлыжыхь мазэм Польшэм къыхуигъэгъуну елъэІуащ Урысейм и Премьер-министр Путин Владимир. Сталин и лъэхъэнэм цIыху куэд режим зэрыІэщІэкІуэдар къыхигъэщри, “ЛIахэр тхыдэм и пцІыр, гуIэгъуэ иратахэр зэгурыIуныгъэкIэ нахуэ щІыным поплъэ” жиІащ.
Къэралыгъуэхэр мыпхуэдэ Iухухэм нэхъыбэм зэреплъыр щIагъыбзэ хэлъу, политикэ бгъэдыхьэкІэ иІэущ, ауэ “Гу зэIуха зыумысыж” щыІэкъым жытІэу аракъым.. Мы щапхъитІим щыщу Брандт и гур зэрызэIухам гурыщхъуэ хуэпщІыфынкъым, ауэ Путин…

ГуитIщхьитІ узыщІ Іуэхугъуэхэр

1992 гъэм Абхъазыр, 2008 гъэм Ипщэ Осетиер иубыдыныу зауэ къэзыІэта Куржы Парламентым 2011 гъэм унафIэ ищІу 2012 гъэм Адыгэ лъэпкъгъэкIуэдым и фэеплъ Анаклия къызэрыщызэІуахам ещхь щапхъэхэр, гуитIщхьитІ узыщІ лэжьыгъэхэр куэдыщэщ. Къэралыгъуэ пэжыр зырыпщІыфын мэтр щыІэкъым. Мыбы къыдгурыун хуер: жылэ гупсысэ гумахэгъэ къыхьэкIу, къыралъыгъуэхэм лъэпкъ гъэкIуэд зауэм цIыуххэр пэувын хьуещ, организации гражданского обществахэм цIыхугъэ папщIэ, ипэ цIыхугъэ хэкку псэун хэккым папщIэ макъынщэу къанэн хуекIым. Пэжщ, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм ящІахэм папщIэ зыущэхун хуейкIым, ауэ ипэ щІыкІэ…

Зиумысыжымэ, игъэцIыкIунукъым

XIX-рэ лIэщIыгъуэм Урысей пащтыхьыгъуэм, Инджылыз пащтыхьыгъуэм, Франджым, Уэсмэн къэралыгъуэм ялъэгъуу, Кавказым и нэхъ лъэпкъыжь дыдэм, адыгэхэм, лъэпкъгъэкIуэд зауэ кърищІылІэу и хэкур щригъэбгынам, цIыхухэм замыущэхуатэмэ, итІанэ къэхъуа мыхумыщІэхэр апхудизу тынш хъунтэкъым. Мыбы ипэкIи иужькIи лъэпкъгъэкIуэдхэм папщIэ жытІэфIынухэр зэщхьщ: езым емыщхьхэм иращІылІэ лейм папщIэ и пэжымкІэ заумысыжын, лей зылъысахэм къыхуагъэгъуну елъэIуфын, я къэралыгъуэри мы щытыкIэм тетыну ятекъузэн… И тхыдэр умысыжыным цIыхухэр, жылэхэр, икIэм-икІэжым, къэралыгъуэхэр, цІыкІу ищІынкъым. ИкІи ищакъым. Вилли Брандтрэ Алманимемрэ я щапхъэр щыІэщ. НэгъуэщІ лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, пщIэ къыпхуигъэфэщэнщ.

Мамырыгъэм, демократием и гъуэгум блэкIа лъэхъэнэм и гуауэхэр иумысыж хъуащ… Умыгъэнэхумэ, Іэпэдэгъэлэл пщІымэ, ар щыгъэтауэ, зыри къэмыхъуэ плъытэмэ, мыхъумыщIагъэр зэрызэпымыум гу лъыдотэ, апхуэдэу екІуэкІынущ. Зыдмыущэхуу, лажьэ зылэжым Iыхьэгъу дыдэмыхъуу, Iыхьэгъу хуэмыхъун папщIи къару хэтлъхэу щытын хуейщ. НэхъыфIу зы дуней, нэхъыфIу зы гъащIэ щхьэкIэ сыт щыгъуи дыкъэувыфынущ.

Жьынэпс

***

Сыт щыхьэ Цыцэкун?

Журтхэм иращІылІа лъэпкъгъэкIуэдым “Холокост”, Ермэлыхэм я лъэпкъгъэкIуэдым “Медс Егхерн”, Суряни лъэпкъгъэкIуэдым “Сейфо”, Дерсим лъэпкъгъэкIуэдым “Тертеле” фІэщыгъэхэмкІэ еджэурэ къогъуэгурыкIуэ.
Адыгэхэм 1864 гъэм къыхуихьа лъэпкъгъэкIуэдым кIуэдыжа убыхыбзэм и зы псалъэкIэ деджэнщ, жытІауэ щытащ.
Иджы нэужь лъэпкъгъэкIуэд жыдмыІэу мы псалъэр, «Цыцэкуныр» зетхьэнущ.
Зрамыхьэж убыхыбзэм и псалъалъэр зэхэзылъхьа Дюмезиль Жорж нэмыщІ, Шарашидзе Жоржрэ норвег бзэщІэныгъэлэжь Фогт Хансрэ Іуэху ядэзыщІа, “ЖылакIэ”-кIэ зэджэ Тевфик Есенч щІыхь хуэтщІу а псалъэр утыкум къыдолъхьэ.
1963 гъэм традза убыхыбзэ псалъалъэм лъэпкъгъэкIуэдыр нэхъыфIу къигъэлъагъуэу “гупыу зытекъутэн”, “зытекъутэн” къикIыу “Цыцэкун” псалъэр итщ.

Жьынэпс, 2014 гъэм и накъыгъэ мазэ

***

ОННН-м и унафэр

1997 гъэм бадзэуэгъэ мазэм и 15-19-хэм Дунейпсом я Хасэм 5-нэ зэхуэсыр екІуэкІащ. Абдеж щрипсэлъащ икІи адыгэ лъэпкъым и Iуэхум теухуа унафэри къыщащтащ:
• Дунейм адыгэу тетым и ныкъуэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдащ, псэууэ къелахэм я %90-р я адэжь хэкум ирахури, Тыркум, Сирием, Иорданием яхуащ.
• Лъэпкъыр илъэс кудкІэ лъэпкъгъэкIуэдым пэщІэтащ.
• Хэхэсым щыпсэу адыгэхэм я бзэр, я щІэнхабзэр, я адыгагъэр хъумэным гугъуехь зэрыхэтам теухуа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкуэм докладым едэІуащ.
Мыбы къыхэкIыу ОННН-м,
• Урысей къэралыгъуэмрэ къэралзэхуаку гупхэмрэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм адыгэ лъэпкъым къращІылІа лъэпкъгъэкIуэдым зэрыхуэзар арэзы техъуэну,
• адыгэхэр зи хэку зрагъэбгына лъэпкъыу ялъытэну,
• Урысей къэралыгъуэм адыгэхэр Урысейм, хамэ хэгъэгухэми я цIыхуу, лъэныкъуитIми хуиту щыпсэуфыну идэну.
• Урысей къэралыгъуэм адыгэ лъэпкъыр я адэ хэкужь къэгъэзэжынымкIэ шэчыншэу гъэгугъэныгъэ яритыну къыхудоджэ.

ОООН
ЛIыкIуэншэ лъэпкъхэмрэ жылэхэмрэ я зэгухьэныгъэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz