“ПцІэмэз кхъухьтедзапIэм адыгэ мин пщыкІублым щашэча гугъуехьымрэ я щхьэ кърикIуэ мыгъуагъэхэмрэ сыпсэуху сщыгъупщэнукъым. Шылэ щIымахуэ мазэм хуэзэ мы лъэхъэнэм апхудизкІэ цIыху куэд мы щІыпІэм щыкІуэдащи, къыпхуэІуэтэнукъым. ЦIыхум и гум сэшхуэ хуэдэу хэуэ мыхъумыщІэ куэд си нэгу щыщІэкІащ. Урысым адыгэхэм псэущхьэхэм епщIэ мыхъун гугъуехь, къин куэд къращIэщ. Мы слъэгъуахэр тхылъымпIэм си нэпсыр темыткІуэ дауэ зэрытестхэнури?”
А.П. Берже
***
“Къуажэхэр ягъэс, ядэIэпыкъуну зыри къакIуэркъым, унагъуэхэм щІэлъадэ хьэкIэкхъуакIэхэм фочпэбжкIэ лIыжь-фызыжь, нану жамыIэу зэтраукIэ, хъыджэбз тхьэмыщкIэхэмрэ я анэхэмрэ лъы къызыпыж я IэхэмкIэ лей ирах.”
Лермонтов Михаил
***
“Зи щІыгу зыхъумахэм хы Iуфэхэр ябгынэу щIадзащ. Адыгэ Хэкур иджы нэужь щыІэжкъым. Къуршхэм къинэжахэри ди зауэлIхэм ягъэкъэбзэнщи, зауэми кIэ щигъуэтыну лъэхъэнэр къэгъунэгъунщ…”
Бытырбыху къыщыдэкІ газет