Дунейр щIэх и пIэ иувэжауэ тлъагъуну, цIыхухэр хуиту дызэхэплъэжыну сыщогугъ

0
1524

ЗэрыфщIэщи, дунейм дэнэкIэ зумыгъазэми, жылэхэр, лъэпкъхэр, цIыхур игъэгуауэщхьэуэу коронавирус жыхуэтIэ узыфэм зэщIищтауэ иIыгъщ. Зи цIэ къисIуа сымаджагъэр къызэрыгуэкIкъым, узыфэ хьэлъэщ, уз зэрыцIалэщ, къыптегуплIэу, уригухыу. IэпкълъэпкъкIэ узым цIыхум иригъэгъэвым ищIыIужкIэ, и психологиеми тегъуалъхьэу апхуэдэщ коронавирусыр. «Нэхъапэхэм зэрыщытам хуэдэу хъужыну, къызэднэкIа зэманхэм дауэ зыхуэдгъэзэжа хъуну», жаIэу цIыхур зэпымычу иропсалъэ, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ, узыфэр гъэкIуэда зэрыхъуным йолэжь.

Мы узыфэр къыщежьа къудейм ухуеплъэкIыжмэ, дунейр игъэгущтэу зиубгъунуи, цIыхур зэридзэу къызэрыкIынуи зыми и гугъакъым. Пэжыр жыпIэмэ, дэр дыдэхэми, дохутырхэми, ди гугъакъым Iуэхур апхуэдизу Iэтыгъуейуэ зыкъызэблихъуну. Сымаджагъэр къыщежьа Чын къэралыгъуэмкIэ, пыухыкIауэ жыпIэмэ, псори къыщежьа Iухъан къалэм, мазищым и кIуэцIкIэ узыфэр ягъэIэсат, нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрынэмысын Iэмал куэди ирахьэлIат. Ар зылъагъу, зи нэгу щIэкI нэгъуэщI къэралхэми псори зэтес зэрыхъужынумкIэ гугъэ яIэ хъуат.

АрщхьэкIэ, узэрыхуей ухъумэ, уунэхъурэт, жаIэ, Тыркум къэса нэужь, сымаджэхэр цIыхухэр япэ щIыкIэ щэ бжыгъэкIэ, итIанэ мин бжыгъэкIэ сымаджэ хъууэ хуежьащ. КъызэтегъэувыIа зэрыхъунум къэралыр зэрыбгъэдыхьар цIыхур и унэ къимыкIыу ириубыдэнырщ, зым Iэпихыу зым узыфэр къищтэу нэхъыбэж имыцIэлэн щхьэкIэ, пIалъэ пыухыкIакIэ зызыщадзеинырщ. Зы мазэ-мазитIкIэ мыпхуэдэу екIуэкIащ. Iэмалу къыхалъхьам и щхьэпэ къызэрыкIуар IупщIщ – гъэмахуэм дыщытехьэм, сымаджэ хъухэр нэхъ мащIэ хъууэ щIидзащ.

Узыфэр къыщыхъея дыдэхэм хасэхэр зэхуащIат, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэри зэтрагъэувыIат. IэнатIэ пыухыкIахэр яIэу хасэхэм екIуалIэ сабийхэм, щIалэгъуалэм, цIыхубзхэм, нэхъыжьхэм Iуэхуу къыхалъхьэр зы пIалъэкIэ къэмыувыIэу мыхъуу, ужьыхат. АрщхьэкIэ, егъэзыгъэ дихуэу дыщысын хуейуэ зэман гугъухэр къытлъыкъуэкIами, зыгуэрхэр дымыщIэу хъунутэкъым, хасэу дызэрыщыIэр, дызэрылажьэр, дыщIыщыIэ Iуэхухэр дгъэкIащхъэ хъунутэкъым.

Псом япэ Истамбыл щыпсэухэми, Тыркум дэсхэми яхуэгъэзауэ мы узыфэ къекIуэкIым теухуауэ щыIэ щIэныгъэм къахуэтIуатэу, зызэрыщыпхъумэну щIыкIэхэм дахутепсэлъыхьу, щIапхъэхэмрэ зызыщыддзеипхъэхэмрэ яхузэпкърытхыу видео дгъэхьэзыращ. Абы иужькIэ, Истамбыл къалэшхуэм дохутыр IэнатIэм пэрыту Iуэху зыщIэ ди къуэш адыгэхэм джэпсалъэкIэ захуэдгъэзащ. Щхьэж зыпэрыт Iуэху теухуауэ (хэти нэ дохутырщ, хэти дзэ дохутырщ, хирургхэри мащIэкъым) мы узыфэм зэреплъ щIыкIэр, абы хуэунэтIауэ щIэн хуейхэмрэ зэреIэзэн хуейхэмрэ тепсэлъыхьу видео тхуагъэхьэзырыну къыхуедджащ. ФыщIэшхуэ яхуэфащэщ, хьэуэ къыхагъэкIакъым, видеохэр трахащ, ахэр Фейсбукым къидгъэуващ, цIыхухэм я пащхьэ итлъхьащ.
Сымаджагъэм жылэр игъэгулэзу щытщ, ауэ, зэрытщIэщи, абы нэхъ хигъащIэр жьыкIэфэкIэрщ. Дэри дызытешыныхьыр зи ныбжь хэкIуэтахэрати, абыхэм яхуэгъэза зы Iуэхуи къыхэтлъхьащ. Ди Хасэм и унафэщI гупым хэтхэм зытедугуашэри, щIэгъэкъуэн щIагъуэ зимыIэ ди нэхъыжьхэм, фошыгъу уз зыпкърыт, гипертоние зиIэхэр, узыфэ къекIуэкIыр зэфыкIхэр Iэмал зэриIэкIэ къэтхутэурэ, сыт хуэныкъуэми, сыт хуэдэ гуныкъуэгъуэ яIэми зэдгъэщIащ. ЦIыху щитI хуэдизым далъэIэсащ. Адыгэ гулъытэр гуапэ зыщымыхъуа, имыгъэгушхуа яхэту къыщIэкIынкъым. ПсалъэкIэ зигу къыдэтшеяхэри куэдщ, ди дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу ар зылъэдгъэIэсахэри щыIэщ.
Сымаджагъэм дунейр зэрызыIэщIиубыдэу цIыхур и лэжьыгъэ IуэхухэмкIи бэлыхь хэхуэу хуежьащ. И мазэ хьэкъыр къихьу лэжьапIэ IэнатIэ Iутыр зы Iуэхущ, ауэ щыIэщ цIыху, къилэжь сомыр зэригъэкIэсу, зэригъэзахуэу, нобэ къилэжьыр пщэдей ишхыу псэу. Апхуэдэхэм папщIэ компание едгъажьэри, гулъытэншэ тщIакъым, дазэрылъэIэсынум иужь дитащ, хуэныкъуэ щыIэмэ, шхын зымыгъуэт фцIыхумэ, я хъыбар къыдэфт жытIэурэ, апхуэдэхэр наIуэ къэтщIащ. ЖыIэн хуейщ, мы гупыжым Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъу куэд къызэрыхэпшынар. Iуэхур щетхьэжьэ къудейм цIыху щитхуу дыкъежьамэ, бжыгъэр минищым кIэщIу нызэрыхьэсащ. Зы унагъуэр тхьэмахуэ-тхьэмахуитIкIэ зрикъун шхын зэрыткIэ дадэIэпыкъуну дыхэтащ.
Iуэхуншэу къэнауэ, къилэжьын имыIэу, сабий бын ипIын-игъэшхэн хуейуэ хьэкъ иIэу, зыщIэс унэм и пщIэр зымыпшыныф цIыхухэри щыIэт. Мы псапащIэ Iуэхур утыку щыхъум, абыхэм дытелэжьыхьащ, зызыщIэгъэкъуапхъэм хуэфащэкIэ далъэIэсащ, чырапщIэр зыхуэттахэри щыIэщ. Абы къыдэкIуэу къыхэгъэщын хуейщ IэмалыншагъэкIэ Сирием щекIуэкI зауэм къыхэкIыу Тыркум къэкIуа ди лъэпкъэгъухэми дазэрылъэIэсар.

Псори зэтес дяпэкIэ хъужыну къыщIэкIынщ, щыжытIэм, аргуэрым узыфэм и щхьэр къиIэтащ, мыр нэхъ дзакъэу пIэрэ, цIыхур мыбы нэхъ лъэрыщIыкI ищIу пIэрэ, жыуигъыIэу. КуэдыIуэ сымаджэщи, сыт тщIэфын, цIыхубэм и гур дапхуэдэу къыдэтшеин, мы къекIуэкIым пкъыкIи щхьэкIи имыубыду дауэ къыIэщIэтхын, жытIэу дыгупсысэ зэпытщ.

Зэманым нэхъ дызэкъуигъэувауэ пIэрэ, жыдоIэ. Хасэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр зэпыдмыгъэуну дыхэтщ. ЗэпыIудзауэ, онлайн жыхуаIэм дытету, дызэхуос, бзэ курсхэр идогъэкIуэкI, доуэршэр, ди Iуэхухэм дропсалъэ. Лъэпкъым и бзэ, и щэнхабзэ теухуауэ щхьэпэн щыIэмэ, нэгъуэщI хасэхэм я программэхэр хэIущIыIу дощIри, цIыхухэр хыдошэ. Апхуэдэ дыдэу, дыдейхэми къыдогъэблагъэ. ДяпэкIэ адыгагъэм, адыгэ тхыдэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ теухуауэ зи Iэдакъэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къыщIэкIа цIыхухэм онлайн-зэIущIэхэр етщIэкIыну, цIыхухэр абыхэм едэIуэн зэхуэсхэр зэхэтшэну ди гугъэщ. Иджырей технологием зиубгъу зэпытщ, и Iэмалхэр куэдщ, дэри абы и фIагъыу къыдэкIынур къыхэтхыу ди лъэпкъ Iуэхум хуэдгъэлэжьэну дыхущIэкъунущ.

Вакцинэм теухуауэ псалъитI-щы жыдмыIэуи хъуну къыщIэкIынкъым. Пэжщ, ящIэнур ямыщIэу щытыкIэ къекIуэкIым цIыхум и щхьэр зэтрихуащ. Ауэ щIэныгъэр ипэкIэ мэкIуатэ, узыфэ дызыгъэщтам и хьэл-щэныр кIуэ пэтми зыхуэдэр нахуэ мэхъури, абы узэреIэзэну, узэрыпэщIэтыну Iэмалхэри хэIущIыIу мэхъу. Ди гугъэщ дяпэкIэ вакцинэм ехьэлIауэ дзыхь зыхуэпщI хъуну информацие дгъэхьэзыру цIыхум я пащхьэ итлъхьэну.
Мы сымаджагъэр къызэрежьэрэ фызыIут IэнатIэр сыт хуэдэ, фызэрыпэщIэтыр сыт хуэдэ щIыкIэ, жыпIэмэ, сигу къэкIыр мы сыхьэтым мыхэращ. Дунейр щIэх и пIэ иувэжауэ тлъагъуну, цIыхухэр хуиту дызэхэплъэжыну сыщогугъ!

Проф. Др. Шоджэн Iумит (Dinçer),
Истамбыл Кавказ ЩIэнхабзэ Хасэм и Тхьэмадэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz