ЩIышылэ мазэм ипщI махуэр журналистхэм я махуэщ

0
1213

Тырку журналистхэм я зэгухьэныгъэм «ЛэжьапIэ зимыIэхэмрэ щIышылэм ипщI махуэмрэ» зыфIища тхыгъэр къиутIыпщащ, журналистхэр зыхэт гугъуехьхэр къыщиIэту. Абы щыжеIэ: «Дэ илъэс куэд лъандэрэ щIышылэм и пщIыр журналист лажьэхэм я махуэу долъытэ. Иджырей Тырку къэралыгъуэм щIышылэм и пщIыр «журналист лажьэхэм» я махуэу щыплъытэну гугъущ. Къэралым лэжьапIэншэу исхэм ухэплъэжмэ, адрей IэщIагъэхэм елъытауэ, лэжьапIэншэ хъуа журналистхэм я бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэщ.

Лажьэхэм я процент 90-р лэжьакIуэ зэгухьэныгъэхэм хэмыт, къэралым кърита лэжьапIэ зимыIэхэщ. Журналист 67-рэ лъэхъуэщым исщ. ЩIышылэм и пщIыр махуэщIу дгъэлъэпIэн хуейкъым, нэхъ игъуэщ бэнэныгъэм и махуэу тлъытэныр.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz