Дыгъэмыс

0
1126

Дыгъэмыс

Дыгъэмыс, Дыгъэмыс!

Блож мафIэгур хы Iуфэр
иIыгъыу,

Бжьыхьэ дыгъэри къопс,

Си хэку кIапэм и унафэр
щIиIыгъэу.

Хыр къогубжьри тоуж,

Адыгэгу зэгуэудам зыпищIыжу,

Къилъыхъуэжрэ лъэужь,

БлэкIа жыжьэм гъунэгъу
сыхуищIыжу.

Блож мафIэгур, мэкIий…

Выгухэр чырэу къокIуалIэ хы
Iуфэм.

ЦIыху дэсыжкъым къуэкIийм…
Сабийр щIэлъщ упщIыIуа анэ
бгъафэм.

Блож мафIэгур, мэкIий,
Зызыхъуэж гъащIэ кIуасэм
пэджэжу,

Къытхуина зэман ткIийм

СIэщIихыжу сиIар гукъыдэжу…

30.09.2005 гъэ.
Дыгъэмыс.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz