Аслъэнхьэблэ

Аслъэнхьэблэрэ къуажэр зыухуа Аслъэнхэрэ 1830 гъэм Шэрджэс къикъри Къэбэрдеийм къэтlыса Абазэ лъэпкъхэщ.

Къэбэрдейм 1861 гъэм нэс щыпсэуа нэужькъэ Таман кхъухьым къыщитlысхьахэщ. Я бжыгъэр 500 хъурт. Ауэ Тыркум япсэр къэзыхьар 23 унагъуэрэ 153 нэрыбгэщ.

Ипэ дыдэ Самсун къалэм Бафра районым къэтlысащ. Абы къикlри нобэ зыщыпсэу щlыпlэм Къунашейкlэ зыщlыпlэ къэтlыса нэужьым иужькlэ нобэрей къуажэм къэтlысыжахэщ.

Къуажэр Аслъэнхэ, Тохьанэхэ, Гигихэ, Къажмыжхэ, Тлъисхэ зыдаухуащ. Къуажэ зи цlэ къащтар Аслъэнхьэблэщ. Аслъэн Тохъ иухуащ. Аслъэн Тохь апщыгъуэм 58 ныбжь итащ.

Икъуэ Ахьмэд 30 ныбжьым итащ. Ахьмэд къуиплl иlащ. Я цlэхэр; Алымбей, Къанщобий, Ислъам, Ислъамбей.

Дыгэшхэ къуажэм щыпсэурт ауэ Аслъэнхэ ящыщу зылl Дыгэшым щиукlым жылэ унафэкlэ къуажэм дагъэкlри Мударей къуэжахэщ.

Аслъэнхэ Дыгэшхэ лlыуасэу паубыдар куэдыщэт. Абы къикlыр ар пхуэмыпшынумэ удэкlынущ жыхуаlэт. Псалъэжьу жаlэжыр ар. “Ар сыту лlапlэ? Аслъэн лlыуасэ хъуа?” жаlэжыр.

Хьащпакъхэ Хьатукъущыкъуейыжьым къикlыри Дыгэшхэ я мылъкур къащэхужри къуажэм къыдэтlысхьащ.

Бекъалдыхэ ефэнды лъэпкъти Тамбийхьэблэ икlри Бешкъызакъхьэблэ кlуащ. Абы икlри Аслъэнхьаблэ ефэндыуэ къахэтlысхьэжри къыдэнэжащ.

Къуажэр зыухуа лъэпкъиплlыри Абэза лъэпкъщ ауэ Къэбэрдей хужащ.

Аслъэнхьэблэ къуажэр Кайсери къалэм 92, Азей районым 7 км пэжыжьэу Заманты псыежэхым lусу иукъкlэ къуажэ дахэщ. Къылышбийхьэблэ, Хьуэстхьэблэ, Къунашей, Шэшэн Жамботей, Жэрыщтей къуажэхэм ящl зыпылъу зэгъуэнэугъхэщ. Къуажэр кlэртlофкlэ цlэрыlуэщ. Гэрщ нартыух хасэр. lэщ я куэдщ.

Псэукъэ дахэ яlэщ ящlыр псы щlэгъэхьащ. Къуажэм нобэкlэ унэгъуэ 30 щыпсэуарщ. Ауэ къалэшхуэхэм lэпхьуэжау куэд щопсэур. Кайсери къалэм 200 унагъуэ дэсщ. Къуажэм дэкlыжахэм саби ирагъэджэн лэжьапlэ lуувэн ящхьаусыгъуэу дэкlахэщ.

Аслъэнхьэблэ щыщу; Анкара, Истамбул куэду цlыху щопсэур.

Къуажэр Узняйлэм я нэхь къуажэ дахэращ. Псышхуэр къуажэкум щыжэу щхьуэнтlагъэр бэву. Ищlыр фlыуэ аращ. Къуажэ дэсхэр псэуныгъэкlэ хуlэзэщlэуращ.

Къуажэм лlы цlэрыlуэхэ щыпсэуащ. Жылэ унафэм унафэщlу хэту и унафэм пщlэ къыхуащlыу лlы зэкlэлъыкlуэкуэд дэсащ.

Я цlэхэр сигу къызэрыкlыжкlэ къэзбжынщ. Аслъэн Къанщобий, Аслъэн Алым, Бейкъалды Нури, Аслъэн Сади, Къажмыж Хьакъи, Гиги Махьир, Къармэ Бэдри, Къармэ Кирами ипэ дыдэ сигу къихьахэращ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz