Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мыщlэныгъэ

Нобэрей гъэщlэм уижэгъуа зэрыхъунщи зызыхъуэжурэ къэгъуэгурыкlуа гъащlэм куэдыкlейрэ зехъуэжыр. Индустриим къытпищlигъува гъащlэщlэм псынщlэу шхэн (фаст фоод)ыр япэ иригъэщащ. “Жьэгум и мафlэр блэу щытмэ унагъуэм псэ щlэту” ялъытэр сыт щыгъуэи. Махуэ къэс дупщэфl шхыным и къежьапlэм, дэтхэнэ культурэм къыхэтхам ущlэгупщысыхьа? Дунейм щыпсэу лъэпкъхэм зэхъуэкlауэ шхын щlапщэфlым зикlущlэгупщысыхьа? Пщэфlапlэ культурэм изыщхьащыкlыныгъэм теухуауэ узэщlэгупщысыхьа? Мыр къызэхэкlыр сыту пlэрэ жыпlэуэ утегупщысыхьа? 

Дэ адыгэ лъэпкъыр ди пщэфlапlэ культурэр зыфlэдгъэтыну дыгъэпсэуну зикl делэжьа? Хэмэ культурэхэм ди пщэфlапlэр едгъэщlэну яужь дита? Ар lуэзу къытщыхъуа? 

Мис а упщlэхэм теухуауэ сызщlэгупщысыхьыжри сэр сэру “Адыгэ пщэфlапlэм” теухуауэ зы анкета сщlын хуеуэ къэслъытащ. 

Мэзищ фlэкl мыхьу сыкъыздэкlуэ мы академием ипэ дыдэ lэнэ зэраухуар, шхыныр тепщэчым илъхьэкlэр зэзгъэпэщащ. Сэ си щхьэкlэ къэзгупсысауэ щlэныгъэхэр хэслъхьащ. Хамэ цlыхухэми ягу ирихьын папщlэ тlэкlу зэсхъуэкlащ. Гастрономым теухуауэ зы lэнэ зэзгъэпэщащ. Си унафэр ди шефми псоми гу лъатэу зы lэфlагъ зы lэнэ къэбзэ лъабзэ зэзгъэпэщащ. 

Упщэфlэн папщlэ сызыхуэныкъуэ шхынхэлъхьэр дэ ди пщэфlапlэм щызэрызрахьэм теухуауэ зэзгъэпэщащ. Шхыныпхъэ хэсхахэм я lэфlагъыр дыщыпсэу къэлэм теухуэу хэкум щапщlэфым тlэкlу зырыщхьащыкlри сыщlэу арат. Адыгэ пщэфlапlэм ипэ дыдэ ирагъэщ шхыныпхъэ хэр лы, хьэжыгъэ, нартыху, кlэртlоф, шэ ахэращ. 

Сишхыну супщэфlын лыр пхьэ дэпкlэ зыщlэзгъэгъукlащ. Шыгъу, шыбжий, бжьын бжьыныху, шыбжийфlыцlэ зыхэлъу сыщlэзшыуащ. Псалъэм икlэщlыпlэмкlэ жыпlэн ухъмэ, щlалэгъуалэм шхын пщэфlыкlэ lэнэ зехьэкъэ теухуэу хэмэ шхынхэм ирагъэсауэ ез адыгэ пщlэфlапlэм упщэфlэнкlэи шхэнкlэи уупэжэжыкlауэ къысщохъур. Сэ сызреплъымкlэ шхыну зэпсоми къызхэкlа лъэпкъым япсоуныгъэм я гъащlэеплъыкlэм зырещхьыр нэрылъаугъщ. Икlэщlыпlэкlэ жыпlэн ухьмэ, Адыгэ пщэфlапlэри Адыгэ шхынри щlэныгъэкlэ дунепсэу лъэпкъыхэм къащlэу цlэрыlуэу зыпщэфlапlэ хьун зэрхуер къызольытэр. 

Зэзыдзэкlар Лlыгъур Джэвдэт Iугъуртэпэ 

Yazarın Diğer Yazıları

Лъэпкъ лэжьакlуэ…

Псалъэжьхэр, ди бзэм и тыншыгъэр (къулеягъэр) къигъэлъагъуэу lэмэпсымэхэрщ. Ди псалъэжьхэр, ижь ижьыж лъандэрэ гъуазэ хуэдэу ди гъуэгур ягъэзахуэ. Зы лъэпкъым и псалъэжьхэм деплъу, а...

Аыгэхэм яlанэ хабзэрэ яунэгъуэ lанэрэ

Адыгэ lанэ хабзэр къызщытмышlжь лэхьанэм къыщэжьэ. Тхам цlыфхэм къафригъэхыгъэ тхылъ лапlэхэм къызэраlоу апэрэ цlыф Хз. Адэм lанэ хабзэм тэкlэу ыщхыгъэ мыlэрысэмджэ апэрэ псэкlуэдыр къыхьыгъ....

Дэ дызкъуэхьэфмэ дызкъуэзгъэхьэнур щlэныгъэращ, щlэнхабзэрэщ

Илъэс куэд щIауэ Адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI, фэ Iуэхум елэжьыным лъэужь дахэ къыхуэзыгъэна IэщIагъэлI, лъэпкъ лэжьакIуэ Бещто Мехмет Зеки!   Бещто Зеки, «Чагъдаш Санат Iеви» зифIэщыгъэцIэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img