Дикили / Иналкъуей

Къуажэр Къэбэрдей къуажэщ. Шэгэм къикlащ. Къызэрыкlуар шыгущ. Шэгэм къуажэм дэсхэм я гъусэу Каракъуий (Шэгэм) къуажэм 1864 (минрэ щийрэ хыщlрэ плlы) гъэм ипэ дыдэ Тыркум къетlысэха къуажэхэм ящыщ. 

Шэгэм дэсхэу Иналмэз и цlэу кэт щаlэт нобэрэ я щысыпlэм. Ауэ кlуэж къэкlуэжыныр гугъу къащыхури зыкъэlэтри Шэгэм къикlри Кип, Щтым, Тlыхъужъ, Кlэфо, Мэшэжъ, Дыщэкlхэ къэlэпхъуащ.

Тlыхъужьхэ; Хьэж Бекир, Едиг, Зекерей. Щтымхэ; Хьэжмусэ, Хьэсэн, Алихъан. Кипхэ; Осмэнрэ Алийрэ къуажэм ипэ дыдэ къэтlыса лlыцlэу тхузэгъэщlахэращ. 

  Къуажэр Шэгэм къыщикlми къуажэщlэр щаухуэми Иналкъуэ Талъустэн ибын ящхьащытау жаlэр ауэ я зэхуэку сыт къыдэхъухьами ямыщlэу пщымрэ къуажэдэсымрэ зыпыщlэуващ. Абы нэсыху Иналыкъуейу зэджэущта къуэжэцlэри ханыжри Дикиликlэ еджэ хъужащ. Пщыри мэзих нэхъ дэмысу дэкlри хэкумкlэ ягъэзэжащ. 

Къуажэр ипэ дыдэ къыщlэтlысын щlэхъуа Иналмэзкlэ зэга губгъуэ кэтрат. 

Абы пэмыщlрея Хьэцlыкlу Мэжид 1905 гъэм хэкум игъэзэжащ. И бын анэ ныбэ илъу. Арщхьэкlэ Урыс-Жапон зауэм хашри абы хэтащ. Щlэкlуэжам ищхьаусыгъуэр Мэжид и анэ адэ я гъусэу икъуэ шищ. И шыпхъуитl хэкум къринэри къэкlуа щхьэкlэ игъэзэжа хъуащ. Иужькlэ абы къыщишэжри фыз бын унагъуэ щыхужащ. 

Иналкъуей къуажэр Бабыгуей, Къундэтей, Инэркъуей, Анзорей, Шэшэн Хьйук, къуажэхэмкlэ къэтlысыхьащ. Къуажэр хуащэу Адыгэ къуажэщ. 

Я хабзэ я бзыпхьэкlэ хуэщlахэщ. Кайсери къалэм 160 км, Азей районым 65 км пэжыжэу Кайсери къалэмрэ Сивас къалэмрэ ящl щызпыкlым щlы lуэдыдэм Къайсерикlэ къыхуегъэзэкlау щысщ. 

Къуажэм лъэрыхьу мэлрэ жэмрэ щызезыхуэ унэгъуэ куэд щопсэур. Нобэкlэ щlымахуэй гъэмахуэй дэсу 30 унагъуэ щыlэщ. Гъэмахуэм 50 унагъуэм нэсу щопсэур. 

Къуажэр къуэжэфlщ къуажэ зэрыlыгъщ. Узэхуэмейн язэхуаук къыдэмыхуэу зэгурыlуэу зэдопсэухэр. 

Къуажэм лlы цlэрыlуэхэр къыдэкlащ зэр lузняйлэ я цlэ ираlуэу. Кип Али, Кип Узейр, Вэкъэщlэ Мухьудин, Гъубжокъуэ Зэки, Беслъэней Хьалис, Хьашим, Кип Сэлахьадин, Алаудин ахэр ефэнды цlэрыlуэт пщlэшхуэ яlэт. 

Хьэцlыкlу Хьэж Идрис, Хьажмурат, уэрзей. Мыхэм пэмыщlреяу сщыгъупщаlэмэ къызхуэвгъэугъ. 

Молэ Юсуфрэ Хьабэкрэ жыдмыlэмэ Иналкъуейр тэмэму къыжытlэфынукъым. 

Хьабек Ермэлы щlэлэцlыкlу сабидыдэу къахэхьащ адыгэм, нэсау. Адыгэ щlалэ хьуас. Къуажэм къыщишащ. Фызбынунэ щыхьуащ. Исмет Инону иблэгулэшхуэт абы хуэкlуэти ар къыдэlэпукъырт. Егъащlэм lэщ мэкъу мэш lуэху зэрихуакъым. Абы нысашэ зиlэхэм я нысашэр зэблихын lуэухыр екlу зыблихырт. Абы нысашэм къырахьэлlа дэшхын лы абы хихырт. И унагъуэри зэрипlыр арат. lузняйлэ lэгу щызытеуамэ Хьабэк абы хэтырт. Абы щхьэкlэ дэ ди щlалэгъуэм джэгу куэдрэ кlуэ щlалэхэм “Хьабэк ещхьу lэгу щызытрагъауэм захэбнынукъым” жыраlэрт. Гъэщlэгъуэну зыцlыхут. Утепсэлъыхьын ухьмэ Хьабэк ищlа жиlахэм теухуэу lуву зы тхылъ пхуэтхынущ. 

Молэ Юусуф 

Ари иукъкlэ псэлъэгъэху гушыlэрейу, узгъэдэхьэшхын куэди жиlэу нэсауэ цIыху гъэщlэгъуэнт. Абы теухуауэ анекдот куэд жаlэжыр. Юусуфи лlы гъэщlэгъуэнт. Утетхыхьын ухьмэ икъукlэ тхылъ lув иригъэкъу утетхыфыхьынущ.  

Псалъэмикlэшlыпlэкlэ къыжыпlэн ухъмэ мы лlитlыр хэмыту Иналкъуей утепсэлъыхьым ар ныкъуэу къэнэнущ. 

Зымахуэ зы тхакlуэ къыдэкlу Молэ Юусуф, Мацу Лъашэ, Хьабэк теухуауэ тхэнкъэ догугъуар. 

Щlыпэцlэхэри гъэщlэгъуэнщ: 

Дыгъэпlэ, Дагъцlукl, Нывэкъуэ, Кэт Гъуэгу, Дагъитlзэхуаку, Нывэфlыцlэжъ, Тэлэдыгъапlэ, Дыгьэ къуэхьэпlэ, Фабгъуэ, Магъаразэв, Текпугъуар, Гузелпыгъуар, Дыгъэмыхъуэ, Гуэлцlукl, Дагънэукl, Гуэлыжъ, Псынэнэф, Нывэкидыр, Шэшэнгубгъуэ, Шэшэныкъуэ, Дыгъэкъыкъуэкlыпlэ, Дикили (Пэсэрей Къуэжэ тlысыпlэ), Чайырлыкъ, Ощхьахурэ, Хьажым и гуэлыр, Узейр и талэкур, Соныхь ичайырыр. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz