Бзэр, Дэнэ Къыщежьэу, Дэнэхэм Нэса?

0
598

Ди бзэм хуэфащэ и пщlэр зэрыдмыщlэм папщlэ, и къежапlэ, и къэхъукlэр, и ныбжьыри ди бзэм хуамыгъэфащэу, бзэм хэлъ зы псалъэу «дунеи» псалъэр утыкlу къипхьэмэ; хэтым, Хьарыпыбзэщ, хэтым Фарысыбзэщ хужаlэ, мыхъужыхэмэ Хьиндым къикIауэ жаIэ… Мы къезбжэкIа бзэхэм зы ныбжь хуэвгъэтIылъи, зефхьэ фи бзэм, и ныбжьыр утыку къихьэнщ. Мы бзэхэм я нэхъыжу ялъытэу Хиндыбзэр къызыхэкIа, Хиндеуропэбзэми къежьапIэ хуэхъуа «Санскъыритыбзэ»м ирипсалъэ къэнэжакъым. 

Джон Коларуссо, Санкъыритыри Адыгэбзэри къызтехъукIыжар зы бзэщ, жеи. 

Бзэм и щIэныгъэрылажьэ Къумахуэ Мухадини адыгэбзэр Хиндоеуропэебзэм зэрихымубыдэр, щхьэхуэу къызэрыгъуэгурыкIуэр егъэлъагъуэр. 

Къиуа къурщ мафIэ жьэражьэм (волкан), а шынагъуэм, зыбгырихуауэ, лъэныкъуэ куэдымкIэ щIым тету, псым тесу зэмыплъэкIыу зэрыIэпхъуар, зэрызбгырыкIар тщIэуэ къыщIэкIынущ. КъуэкIыпэмкIэи Асям и Хы ХужымкIэ зэрыIэпхъуари. Азок хым ищхъэрэ лъэныкъуэм, псыхуабэ (питагорск) деи псым техьэхэр, псым тэтыу нобэреи и цIэмкIэ Баукал, Балкаш нэс псыкIэ зэрызэпхар, яужкIэ мы хышхуэм Салэнтуш (чалэнцук) цIэр хузырахьауэ Р.А. Фэссэндэн итхыжахэм къыхощыж. 

Мэржэхъу Мухьэмэд, игъэщIауэ, итхыжахэми хэвгъуэтэфынущ Санскъыритыбзэм хэту хилъагъуэ бзэ лъабжэ зэщхьыкIэхэми, музикъэкIэ Ведхэм я макамэхэмрэ ди пщыналъэхэм я зэщхьыкIэр (мэтрик, ритмик, Акорд), Кришнэ Тхьэхэм «Нарт»кIэ зыреджэр, я ТхьэлъэIупIэм «Нартанг» зэрыфIащар, Тибэт щыпсэу Агартихэм я псалъэ кIэуххэм «тхэ-тхьэ»мрэ, Адыгэбзэм зэрихьэ «тхьэ», (къэзгъэщIа) псалъэр зэрызтехуэр. Нэгъуэщ зы къомым тепсэлъыхьа нэужь, утыку ирелхьэр: – «Санкъыритыр цIыхум къигупщыса бзэщ, IэрыщIщ», жиIэу… Пасэреи Адыгэбзэр Санскъыритым нэхърэ нэхъ бзэжьыу зэрыщытыр къыхигъэщуу… 

Ныбж зимыIэ бзэхэр фыгъэлъапIэу, дыгъуасэреи бзэхэм ефлъыту ди бзэм, зезыхьэр мащIэщ жыфIэу, ТхьэмыщкIагъэ хуэвымгъэфащэ… Пщэшхуэ зиIэ ди бзэр бзэхэм я нэхъыжьщ… Ижьижьыжьым Тхыбзеи яIащ. Мы лъэхъэнэ къыхьым зыхэта зауэ-банэм хэкIудэжауэ, щIым къатIэщIыу къыщIахыж хьапшыпхэми, сынхэми, ятIагъуэм хэщIыкIа пхъэбгъуэхэми къаIуэтэж. 

Мы лIэщIыгъуэ гъунэгъухэм къэсыху тхыбзэншэу къэнащ. И бзэм тхыбзэ иригъэгъуэтыну зэрымыщIэхэу цIыху зытIущи телэжьыхьахэщ. Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэри хуэдэу… 

Ауэ, тхыбзэм тхыпкъ хузэгъэпэщыным нэхъыщхьэу, фыщIэ щытхъу зыхуэфащэр Бырсыр Умарщ. ИгъащIэми гугъехь куэд зышэкIа Умар; ЩIалэ цIыкIу дыдэу ядыгъуу тыркум яшауэ, зы унагъуэ деи щыIэу, мы щIалэ цIыкIум и Iущагъэм къыхуихьа насыпкIэ, ирагъэджащ. Тыркубзэ, Хьарыпыбзэ, яужькеи Франса кIуауэ Франсызыбзэи зэригъэщIауэ, Бзищ ищIэу и адэ щыналъэм игъэзэжащ. ХарыпыбзэкIэ щIэдза хъуа тхыбзэм, тхыпкъ макъ мащIэкIэ, зэрызимужьынур халъагъуэри, кирилкIэ Букуар (тхыпкъылъэ) къыдагъэкIыри, 1853 гъэм, ди бзэм и тхыбзэм щIэдзапIэ хуэхъуащ. 

Гъатхапэм и 14. Махуэр, Адыгэбзэм, и тхыбзэм хухэха махуэщ. Зы гъэлъэпIэгъуэ махуэщ. Бзэр зыгъэлъапIэр, зезыхьэращ. 

Ди бзэр фыгъэлъапIэнумэ, зэфхьэнущ, зыдызэфхьэнущ… 

Ди бзэм хухэхар зы махуэ къуэдеи мыхъуу, щызефхьа махуэу хъуар ХУЭМАХУЭНУ… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz