Дэ бзэр тхъумэху, бзэм дэ дыкъихъумэжынущ!

0
608

Диаспорэм Адыгэбзэр зэрегъэджын тхылъ

ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр къэзыгъэлъагъуэр къыщалъхуа щIыпIэракъым, ар къэзыгъэлъагъуэр къэзылъхуа адэ-анэмрэ зэрыпсалъэ бзэмрэщ, зэрихьэ хабзэрщ. Дунейм укъызэрытехьэрэ зэхыумыха дэтхэнэ зы бзэри балигъ ухъуа иужь зэбгъэщIэну тыншкъым, ар уи анэбзэ ирехъу, хамэбзэ ирехъу. Хэхэс адыгэхэм я дежкIэ адыгэбзэм и зэгъэщIэныр гугъу щIэхъури аращ. Илъэс 60 ипэкIэ узэIэбэкIыжрэ адыгэ диаспорэм ухэплъэжмэ, Тыркум телефон, телевизор, интернет къыщемыжьэм, цIыхухэр нэхъ зэкIэлъыкIуэу, зэрылъагъуу, щызэхыхьэкIи адыгэбзэр нэхъ къагъэсэбэпу щытащ, уеблэмэ а лъэхъэнэм Тыркубзэр фIыуэ зымыщIэ нэхъыжь куэд щыбгъуэтынут. Зэманым зиужьыху, щIалэгъуалэр еджэн, лэжьэн папщIэ, къалэшхуэхэм дэтIысхьэу щIадзащ. Апхуэдэурэ я унагъуэм, я лъэпкъым, я къуажэм пэIэщIэ щыхъум, здэIэпхъуа щIыпIэм къыщекIуэкI бзэм нэхъ ирипсалъэурэ, адыгэбзэр IэщIыб яфIэхъуащ икIи зыхэс лъэпкъхэм яхэшыпсыхьу хуежьащ. Ар Тыркум имызакъуэу, адыгэ диаспорэр здэщыIэ дэтхэнэ зы щIыпIэми нобэр къыздэсым къыщокIуэкI. Абы къыхэкIкIэ бзэр мыкIуэдыжыпэу диаспорэм щыпхъумэныр мыхьэнэшхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэщ икIи къалэн гугъущ.  

Адыгэбзэр хэхэсхэм егъэджынымкIэ сыт щIэн хуейр, дауэ узэрыбгъэдыхьэн хуейр? Мы упщIэм псори арэзы къэзыщIын жэуап тхуетынкъым, ауэ, дэ дызэреплъымкIэ, диаспорэм адыгэбзэр зэрыщегъэджынымкIэ езым и методикэ щхьэхуэ иIэжын хуейщ икIи а методикэр адыгэр зэрыс щIыпIэм, абы зэрыщыпсалъэ бзэм елъытауэ зэхэлъхьэн хуейщ. Ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэралыгъуэхэм дэтхэнэ бзэр къыщагъэсэбэпми пщIэуэ, а бзэхэм я гъэпсыкIэр адыгэбзэм къызэрыщхьэщыкIым ипкъ иткIэ, зыIущIэну гугъуехьхэр къыбгурыIуэу егъэджын хуейщ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI бзэкIэ псалъэуха псокIэ къэпIуатэ хъуныр, адыгэбзэм зы псалъэкIэ къыжыпIэ мэхъу: 

Сыноплъ [sınoplh] – Ben sana bakıyorum 

Сыкъыбдофэ [sıqıbdofә] – Ben seninle dans ediyorum 

Адыгэбзэр зэрадж тхылъ куэд хэкум къыщагъэсэбэп, ауэ абыхэмкIэ хэхэсхэм адыгэбзэр ебгъэщIэну тыншкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэбзэр зыдж хэкурысымрэ хэхэсымрэ зыкъым. Япэрауэ, адыгэ хьэрфылъэр Кирилл алфавитым тету зэрызэхэлъхьам къыхэкIкIэ, къэралым къыщагъэсэбэп тхыпхъэм тохуэри, хэкурысыр тыншу еджэн хуожьэ. ЕтIуанэрауэ, хэкурысым адыгэбзэр и унагъуэми, еджапIэми, уэрамми щызэхех, къыщигъэсэбэпын утыку йохуэри, Iэмалыншэу зэригъэщIэн, ирипсэлъэн хуей мэхъу. Хэхэс адыгэм уеплъмэ, гугъу ехьу зэригъэщIа адыгэбзэр зэрыщымыгъупщэн къудеймкIэ зэригъэлIэлIэн хуейщ, уеблэмэ, къыщигъэсэбэпын утыкури езым къилъыхъуэжын хуей мэхъу. Абы къыхэкIкIэ диаспорэм адыгэбзэр щебгъэджын папщIэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуиIэн хуейщ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, япэрауэ, дуней псом хамэбзэр щаджкIэ бзэщIэныгъэм теухуауэ дерсхэр А1, А2, B1, B2, C1, С2 жыхуиIэу зэрызэхэхам хуэдэу, адыгэбзэкIи абы ещхьу зэгъэзэхуэн хуейщ:  

  • ПэщIэдзэ щIэныгъэ (A1, A2)
  • Курыт щIэныгъэ (B1, B2)
  • ЩIэныгъэ куу (C1, C2)

Ауэ дэтхэнэ зы Iуэхури щаублэкIэ зы лъабжьэ гуэрым зэрытращIыхьым ещхьу, апхуэдэ программэ бгъэхьэзырын ипэ, адыгэбзэм и грамматикэр зэрыщыту тыркубзэкIэ тхыжауэ, лъабжьэ хуэщIын хуейуэ къыдолъытэ. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъунущ бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм хамэбзэр (етIуанэ бзэр) джынымкIэ ятха методикэ зэмылIэужьыгъуэхэм дахэплъэрэ, абыхэм я щыщ тегъэщIапIэ тщIымэ.  

ЕтIуанэрауэ, диаспорэм бзэр джынымкIэ ехьэлIа дэтхэнэ зы тхылъри щызэхалъхьэкIэ, ди щIэблэм адыгэбзэр етIуанэ бзэуэ зэраджынур зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. ЕгъэджакIуэми еджакIуэми къапэувыну гугъуехьхэр къагурыIуэу, дэтхэнэ лэжьыгъэри еджакIуэхэр къэзэрыдэхьэхынымкIэ, бзэм и зэгъэщIэныр нэхъ псынщIэ зэрыщащIынымкIэ яужь итын хуейщ. 

Хэкум дыкъикIауэ Тыркум илъэс бжыгъэкIэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щедгъаджэ щыхъум, дэри, зи гугъу тщIа Iуэхушхуэм и къегъэжьапIэу, тхузэфIэкI лэжьыгъэкIэ дыхыхьэну мурад тщIащ. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэм и грамматикэр ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэс, нэгъэсауэ тыркубзэкIэ къэзыгъэлъагъуэ тхылъ дгъэхьэзыращ. Иджыпсту тхылъыр къредгъэджыкIыжу къызэрыдэдгъэкIыным иужь дитщ. Ди IэдакъэщIэкIыр, адыгэбзэр етIуанэ бзэуэ щрагъэджкIэ, щIэдзапIэ, курыт, куу гъэпсыкIэм елъытауэ ягъэхьэзырыну лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъуну къыдолъытэ. ЩIэныгъэр и лъабжьэу зэхэлъхьа зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, мы тхылъыр еджапIэхэми егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэхэми (университетхэми) къыщыбгъэсэбэп хъунщ. Ди IэдакъэщIэкIыр, псом нэхъапэ, Тыркум ис адыгэм хуэгъэзами, абы имызакъуэу, тыркубзэр зыщIэу адыгэбзэр зыджыну мурад зиIэ дэтхэнэ зы цIыхуми хуэщхьэпэнущ. Тхылъыр щызэхэтлъхьэм, Тыркубзэмрэ хамэбзэмрэ джынымрэ къегъэщтэнымкIэ и къэпщытакIуэ центр TÖMER-ым къыдагъэкIа тхылъхэр, Аюб Гениш урысыбзэ зыщIэу тыркубзэ зыджынухэм ехьэлIауэ игъэхьэзыра «Тыркубзэм и грамматикэ» тхылъыр, абы нэмыщI урысыбзэр хамэбзэу егъэджынымкIэ къагъэсэбэп методикэхэм дахэплъэурэ ттхащ. Адыгэбзэм и грамматикэм телэжьыхьа щIэныгъэлIхэу Урыс Хь., Джаурджий Хь, Iэмырокъуэ И. сымэ я IэдакъэщIэкIхэри, хэкум адыгэбзэ щаджкIэ зэрылажьэ тхылъхэри тегъэщIапIэ тщIащ. Дызэрыт илъэсым и кIэм нэмысу фи пащхьэ къитлъэну тхылъыр тыркубзэр зыщIэ дэтхэнэ зы цIыхуми, и унэм щIэмыкIыу, адыгэбзэр езыр-езыру зэрызригъэщIэфын «Iэмэпсымэу» жыпIэми хъунущ. Абы имызакъуэу, адыгэбзэр зыщIэу зыщыгъупщэжахэм, ирипсэлъэфу, ауэ тхэкIэ-еджэкIэ зымыщIэхэм е мащIэу ящIэрэ я щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну хуейхэми дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ. КIэщIу дызэлэжь тхылъым итынухэм утепсэлъыхьмэ, япэ Iыхьэр хьэрфхэм я тхыкIэм, я къеджэкIэм, я къэпсэлъыкIэм теухуащ. ЕджакIуэхэм нэхъ къагурыIуэн щхьэкIэ хьэрф къэс укъызэреджэнур латин хьэрфкIэ къэгъэлъэгъуащ, ауэ латин тхыбзэм хьэрфхэм и къеджэкIэм ухишэ фIэкIа, иужькIэ тхылъым ущрихьэлIэнукъым. Абы нэмыщIкIэ нобэрей зэманым бзэр щаджкIэ къагъэсэбэп технологиехэр зыдэдгъэIэпыкъуурэ, хьэрф къэс видео яхуэдгъэхьэзырри QR-код яхуэтщIыжащ. Мы бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, еджакIуэм и телефоныр QR-кодым триубыдэмэ, хьэрфхэмрэ псалъэхэмрэ къабзэу я къэпсэлъыкIэм едаIуэурэ езым къипсэлъыжыфу зригъэсэфынущ. ИужькIэ хуеймэ, къытригъэзэжурэ, хуеймэ, къигъэувыIэурэ, псалъэхэм я тхыкIэмрэ я мыхьэнэхэмрэ мыпIащIэу зэригъэщIэфынущ. Тхылъым щхьэкIэ дгъэхьэзыра видеохэм ящыщу щапхъитI къитлъхьащи, иджыпсту щыщIэдзауэ фихьэу адыгэбзэр зэвгъэщIэн къыщIэвдзэ хъунущ. Адрей видеохэр тхылъым и гъусэу къыдэдгъэкIынущ. Апхуэдэу, Iэмал зэриIэкIэ, еджакIуэхэм бзэр къызэрыгъэсэбэпын лъабжьэ яхуэдухуэну дыхэтащ. Мыпхуэдэ 1уэху еплъык1эр еджакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуну, адыгэбзэм нэхъ дихьэхыну, и джынри нэхъ псынщIэ ящищIыну къэтлъытащ. «Хьэрфылъэ» Iыхьэр зэфIэкIа иужь, грамматикэм хохьэри щыIэцIэхэм, плъыфэцIэхэм, бжыгъэцIэхэм, цIэпапщIэхэм я закъуэ, куэд бжыгъэхэм, падежхэм, глаголым, нэгъуэщI темэ куэдми куууэ тыркубзэкIэ дыщытопсэлъыхь. КъэтIуатэ темэхэм теухуа щапхъэхэр, псалъэуха къудей мыхъуу, адыгэ псэлъэжьхэмкIэ, усэхэмкIэ, псысэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ къыщыдгъэлъэгъуащ. Псоми я мыхьэнэр тыркубзэкIэ якIэщIэттхэжащ. Абы нэмэщIкIэ еджакIуэр теорием къеджэ къудей мыхъуу, зэригъэщIар занщIэу къигъэсэбэпын папщIэ, темэ къэс зэлэжьын хуей упщIэхэр, зэридзэкIын хуей псалъэухахэр, псалъэзэблэдзхэр дэщIыгъущ. Пэжу ищIарэ имыщIарэ зыкъипщытэжын папщIэ лэжьыгъэхэм я жэуапхэри я гъусэжщ. 

Мы тхыгъэм зи гугъу щыфхуэтщIа тхылъыр цIыхуитI къудейм ди IэдакъэщIэкIщ. Абы дыщелэжьым ди щIэныгъэм имызакъуэу, ди зэманымрэ, ди къарумрэ щIыхэтлъхьам и щхьэусыгъуэр зы закъуэщ – Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъу лъапIэхэм ди бзэр фхъумэжын папщIэ зэрытхузэфIэкIкIэ зыфщIэдгъакъуэу дывдэIэпыкъуну аращ. Фэри зевгъэлIалIэрэ Адыгэбзэр фымыгъэкIуэдыжу зефхьэжыфмэ, ди мурадыр къыдэхъулIауэ дыбж хъунущ.  

Дэ бзэр тхъумэху, бзэм дэ дыкъихъумэжынущ!  

Гъуэгунокъуэ Лизэ, 

Тэнащ Тамарэ

 

 

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz