Гуэл Iуфэм

0
702
Жылэ Зухра

Гъэ еджэгъуэр иухри, зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къэсат. Еджэныгъэм къыхэжаныкIахэр «Гуэл Iуфэм» Iут лагерым зыгъэпсэхуакIуэ ягъэкIуат. Сабийхэм я нэгу зыщиужьырт а лагерым. Сабийхэр гуп-гупурэ ягуэшауэ, зэпеуныгъэхэри щекIуэкIыу, зэманыр псынщIэу кIуэрт. Сыт ищIыскIи пэрыту зы щIалэ цIыкIу яхэтт гупым, АлийкIэ еджэу. Ар щIалэ кIыхьт, щхьэц сырыхут. Алий еджапIэр «фIырэ» «фIы дыдэу» къиухати, гуп нэхъыфIми хагъэхуат.  

Зы махуэ гуэрым Алийрэ щIалэ цIыкIуитIрэ лагерым пэмыжыжьэу щыт мэз цIыкIум кIуат. Абыхэм мурад ящIат, удз дахэхэр кърачу я гъэсакIуэм иратыну, ауэ езы гъэсакIуэм зыри жраIакъым. Сытми зэныбжьэгъуищыр зыми ямыщIэу мэзым кIуат. Мэзым зэрынэсу щIалэ цIыкIухэр удз кърачын щIадзащ. Куэд дэмыкIыу щыри удз дахэхэр яIыгъыу мэзым къыхэкIыжащ. А зэманым гъэсакIуэм сабийхэр къыщырибжэкIым, щIалэ цIыкIуищ хуригъэкъуакъым. ГъэсакIуэм занщIэу гузэвэн щIидзащ.  

Зэман куэд дэмыкIыу гъэсакIуэр зыщIэс пэшым и бжэм зыгуэр къытеуIуащ.  

– ФыкъыщIыхьэ, – жиIащ гъэсакIуэм.  

Пэшым щIалэ цIыкIуищ къыщIыхьащ. Абыхэм гуфIэжу удз кърачахэр хуашиящ гъэсакIуэм.  

– Си гуапэ фщIащ, си щIалэ цIыкIухэ. Ауэ щхьэ къызжевмыIэу мэзым фыкIуа?  

ЩIалэ цIыкIухэм занщIэу я щыуагъэр къагурыIуэжри я щхьэхэр ирахьэхащ.  

– Къытхуэгъэгъу, нобэ щыщIэдзауэ лагерым зыми имыщIэу дыдэкIынукъым, – жаIащ щыми.  

Махуэхэр кIуэрт, Алий и ныбжьэгъухэм я гъусэу лагерым я нэгу зыщрагъэужьт. Зы махуэ гуэрым гъэсакIуэр сабий гупым къахыхьэри къажриIащ:  

– ЦIыкIухэ, пщэдей гуэл Iуфэм докIуэ!  

Къэзакъ Амир – 10 класс

ЕтIуанэ махуэм зыгъэпсэхуакIуэ щыIэ цIыкIухэр зыгъэпскIакIуэ гуэлым яшащ. Дыгъэ гуащIэм хьэуар апхуэдизкIэ къигъэплъати, хьэмэмым ущIэт къыпфIэщырт, бахъэ хуабэр къыпIурыуэрт. Гуэл дахэр зылъэгъуа цIыкIухэр: «Жыжьэ фыIумыкIыу и Iуфэхэм зыщывгъэпскI» жыпIэкIэ къодэIуэнт, – дэтхэнэ зыри, есыкIэкIэ Iэзагъыу хэлъыр ягъэлъэгъуэну хуейуэ, жыжьэ зэрыIукIыным хэтт. 

Сабийхэр псори зэбгрыжащ, хэти удз гъэгъа къричыну, хэти зиплъыхьыну мэзым хыхьати, ахэр мыгъуащэу къришэлIэжыну гъэсакIуэри IукIат. Абы ирихьэлIэу МэрямкIэ зэджэ хъуджэбз цIыкIур есурэ гуэлым и кум нэсат. ЕшыIуауэ есыжыф хъунтэкъыми, Мэрям псыр къыжьэдэуэри щIилъафэу хуежьащ. Абы щыгъуэм зы балигъи гуэл Iуфэм Iустэкъым. Мэрям и IэхэмкIэ псыр дриутхейурэ щIилафэу щалагъум, ныджэм тет цIыкIухэм зэрыгъэкIийуэ щIадзащ, ауэ зыхидзэу хъыджэбз цIыкIум дэIэпыкъуну зыри тегушхуэртэкъым. ИтIани, уи нэр къижу уеплъурэ, цIыхур ебгъэтхьэлэ хъурэт? Куэдрэ мыгупсысэу Алий баш ин гуэр къигъуэтри, ар иIыгъыу гуэлым зыхидзащ. Башыр Iэ лъэныкъуэмкIэ иIыгъыу, кхъуафэжьейм хуэдэу, псыр бгъэкIэ пхитхъуу есырт ар. Мэрям гъунэгъу зыхуищIри, башым и кIапэр хъыджэбз цIыкIум хуишиящ. Мэрям абы зыкъыкIэрищIэри, езыри зэрыхъукIэ есурэ, псы Iуфэм къэсжахэщ. Хъыджэбз цIыкIур къыхихыжу Алий цIыкIу псым къыщыхэкIыжам, сабийхэм къаувыхьауэ ар зэпаплъыхьырт. Я нэкIэ ямылъэгъуамэ, абыхэм я фIэщ хъунутэкъым Алий цIыкIу апхуэдэ лIыгъэ хэлъу. Езым зыри жимыIэу, лIыхъужьыгъэ ин зэрихьауэ псоми къызэралъытэм щхьэкIэ укIытэу, и щхьэр егъэзыхауэ щытт. 

Алий къызэрыгурыIуэмкIэ, абы ищIар дэтхэнэ зыми илэжьын хуей Iуэхут. 

Алий цIыкIу лагерым щызэрихьа лIыгъэм папщIэ «фIыщIэ тхылъ» къыхуагъэфэщащ. А махуэм щыщIэдзауэ псори абы нэ лейкIэ еплъ хъуащ. 

  

Тхыгъэр зейр: Къэзакъ Амир Аслъэн и къуэ, Къуэжыкъуей Ипщэ къуажэ дэт Шэрджэс Хь. Къ. и цIэр зезыхьэ I-нэ еджапIэ. 

ЕгъэджакIуэр: Жылэ Зухра Залымхъан ипхъу. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz