Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бурхьание

Бурхьание къуажэр сармакъ къикlа Бабугуейхэмрэ Докъщокъуей Бэнэкъуэ Адэмейхьаблэ къикlахэм яухуауэ къуэжитl мэхьур Адэмейхьаблэрэ Бабугуейрэ жиlэуэ. 

1890 гъэм хэкум кхъухькlэ къикlхэри Стамбулкlэ къызпхырыкlри Мерсин къалэм къехахэщ. 

Абы къуажэм изныкъуэр Садие (Атлылар) къуажэр щаухуэри абы къэнащ. Къэнахэр Адана къалэм Козанкlэ зэджэ районым къэтlысахэщ. Ар щхьакlэ сымэджагъэмрэ аргъуейымрэ къемылу зэтыриукlэу щыщlадзэм «мыр дэ псэуапlэ тхуэхъунуlым» жаlэри заплъыхьу щlадзащ. Мараш къалэм епха Андырын районым зыгупыр кlуэри Кумбэтыр къуажэр щаухуэри абы къыдэнащ. Нэмыщl зы гупыр яхэкlри Адана къалэм епха Туфанбейли районым епхауэ шlэжъыкъуей къуажэр яухуащ. Нэмыщl зыгупым Кочджагъызкlэ зэджэ къуажэр яухуащ. Къэна гупым шыуиплl хьууэ дагъэкlри «псэуальэ ялъыхьуэну» дагъэкlащ а гупым нобэ щыпсэу щlыпlэр къагъуэтри я куэшыр къырахьэлlащ. Ар щхьакlэ а щlымахуэр ткlийыщэу Блэкlати цlух кlуэд щlыlэм зэтриукlыхьащ. 550 унагъуэу къыздэтlыса Бэнэкъуэ Адамейрэ Бабугуейымрэ цlух куэд яфlэлlа нэужь иукъкlэ къэмэщlахэщ. Зэрунагъуэу зэтелlа куэд щыlэщ. 

Къуажэр зыухуа унагъуэхэм ялlыцlэхэр; 

Бэнэкъуэ; 

Адэмей Махьмуд, Нащхьуэ (Ибрахим) Алим, Тэтэр Борэ, Мухьамэд, Тыгъуан, Мыгъуэлl Хьажбекыр, Уэдэхь Алим, Тэмдаш Исэ. 

Бабугуей; 

Хьатlэухь Пщымахуэ, Дзыбэ Бехьам, Мерэм Исхьакъ, Къурмэл Тlыру, Къамгъул Щхьамгэри, Къамгъул Хьуд. 

Къуажэр Кайсери къалэм 150 км, Адана къалэм 140 км. пэжыжэу Кайсери къалэм епха Яхьялы районым щыпсэууэ зы къуажэщ. Къуажэр 1954 пщlондэ Адана къалэм епха феке районым ищlым ису щтащ. 1954 гъэм Кайсери къалэм къырапхыжащ. 

Къуажэр иукъкlэ дахэу зыщlыпlэщ. Тырку къуажэхэмкlэ къэуфыхьауэ язакъуэ зыкъуажэу яхэсщ. Узняйлэхэм пхьу ирашу пхьу ирату щтащ. Къуажэр зэр Хьажрэт Къэбэрдейм щхьакlэ Узняйлэ Хьажрэт Къэбэрдей къуажэухьуами зыгуэрэкlэ япыщlахэщ. Зыкlэлъыкlуэхэу зэргъэблагъэхэу арат. 

Къуажэм заводышхуэ яlэуэ тыркум зэпсоми къащlэу цlэрыlуэу Къурмэлы Нэджати, Хьакьи, Мустафа яцlэуэ лlы лъэрыхь щопсэур. Сарай Хьалы зицlэ заводышхуэр (Девели район) щаухуауращ. Абы пэмыщlреяу Сарай Чифтлигъи ицlэуэ щlэи гъунэи щlэмыту lащышхуэ щызрахуэу зыщlыпlэ яlэщ. Абы пэмыщlреяу Адана дэт вэгъуитху отелъышхуэ Сейхьан отелъри зер мыкъуажэ Мэлей Хьасан икъуэ Атаман Федайыщ. Текстилъ теухуауи заводышхуэхэр щаlэ Адана къалэм. 

Къуажэм щыщ цlухухэм нэхъыбэр Адана къалэмрэ Девели районымрэ кlуауэ Къурмэлыхэрэ Мэлейхэ я завод отельхэм щолажьэр. Къуажэм нобэкlэ щыпсэур Бэнэкъуэ 45 Бабугуейи 30 у 75 унагъуэщ. Къалэдэсхэм унэдпюахэхэр ирагъэщlыжауэ гъэмахуэм къуажэм къокlэжри а дэхагъэм хэсхэщ. Щlымахуэ зэрыхъу къалэшхуэхэм мэlэпхьуэжхэр. 

Къуажэр мэзкъуажэщ, щlы якуэдкъым. Натрух хасэр. lащышхуэ япыщlащ. Щlы зытелэжъыхьын я мащlэщ. Абы щхьакlэ зэркъуажэу lащ япыщlащ. 

Yazarın Diğer Yazıları

Инлиорен / Хэусай

Хьатукъуай къуажэ. Хэусхэр зы лъэпкъыцIэщ, Къуажэм хэусу дэс лъэпкъхэр; Хьагъошкъо, Гуэтыжъкъо, Тывкъо, Балкъо. IутIыжъуи лъэпкъиплI дэсщ: Асчэрыкъо, Нэгъожкъо, Гъуаланкъо, Пшырыкъо (Джэтгъэжъ). Къуажэр Хьатукъуай къуажэщ, къуажэр хэкум Кубан...

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img