Къунащей (Къунаш Кыт)

Къэбэрдейхэр Къунащейкlэ Абазэхэр Къунашкыткlэ зэджэ къуажэр Къэрэшей Черкес Гум-Локыт къикlа Абазэ къуажэщ. Къуажэр 1860 гъэм Къунаш Хьэж Исмейл иухуащ. Кайсери къалэм 114, Азей (Пынарбашы) районым 14 км пэжыжьэщ. Локыт, Аслъэнхьэблэ, Жэрыштей, Хъуэстхьэблэ къуажэхэмрэ ящl зыпылъщ. Къуажэм 1943 гъэхэм Булгарие къикlауэ хэхэс (гуэчмэн) унэгъуэ 30 хуэдизи дэсщ. 

Къуажэр къуэжэ дэхащlэщ, удзыпцlэщ. Псэуныгъэ дахэ яlэщ. lэщ зэрахуэр, псыщlэгъэхьэ якудэщ. Кlэтlроф, жэгунтlэ хасэр. 

Къуажэм лlы цlэрыlуэ куэд къыдэкlащ яцlэхэр къэббжын хъумэ: Шыкуэ Хьарун, Шыкуэ Мэмдухь, Джэвад, Жу Абыдин, Алаудин, Сэлэдин, Тхьазэплъ Зеки, Жу Фэттахь, Жу Фарук, Есэн Сэлмэн, Есэн Себахьаддин, Есэн Сейфеттин, Жу Хьаж Умар. Зэкlэ сигу къэкlыжахэр. 

Есэн Сэбахьаддин, Кайсери къалэм Адыгэ хасэм и ухуакlуэу икlи итхьамадэу щыпсэуащ. Жу Фарукь хуабжьу лъэрызехьау Истамбыл щыпсэуащ. 

Къуажэр зуухуахэр Абазэхэращ. Ауэ иужъкlэ Къэбэрдеи лъэпкъ куэд къыщыдэтlысхьам Къэбэрдеи къуажэу ялъытащ. Къуажэр ипэ дыдэ Юкары Чакмаклыкlэ зэджэ (Аслэнхьаблэрэ нобэрей къуажэмрэ я тlысыпlэм икум хуэзэу) къэтlысахэщ ауэ куэд мыщlэуэ нобэрей я псэуапlэм къэlэпхъуэжахэщ. 

Къуажэр зуухуа лъэпкъхэр Къунаш, Архьагъэ, Алока лъэпкъхэрщ. 

Жухэ иужъкlэ Инджыдж Зэленчук къикlу гуп гупу Тыркумкlэ къэlэпхъуащ. Жу Хьажыдыкъуэ икъуэ Гканэщ къэкlуар. Жухэ Тыркум гупиплl хъууэ къэкlуащ. Гканэ икъуэ Талъостэн Йозгат Чайырозу зы гупыр Локытрэ Кайнаррэ я зэхуакум зыщlыпlэ къэтlысахэщ. Нэмыщl жу гупыр 150 шы гуртэ яlэу Сид къыт къыдэтlысхьахэщ. Ауэ зы лъэпкъымрэ я зэхуакум лlы укlыныгъэ къыдэхъури Сид кыт къикlри къуажэм къыдэтlысхьащ. Жу Гканэ икъуищымрэ унэгъуитх зэщlиугъри Истамбыл къэкlуащ. Ицlэр Жу Хьаж Умарщ. 

Есэн Али Мырза 1878-ым и анэшхуэм икуэщlым илъу и адэ Бат и адэшыпхъу Сафирхъан игъусэу шыкlэ Туфанбейли Акпынар (Локыт) къэкlуахэщ. Хэкум игъэзэжри зилъэс хэкум дэса иужъкlэ зыкъигъэзэжащ. Езанэрей дуней зауэшхуэм хэкlуэдащ. Икъуэ Есэн Сэлмэн (Сулейман), Ягъан Емир ипхъу къишэри Къунашей къыдэтlысхьэжащ. 

Къуажэм Абазэ лъэпкъу дэсахэр; Къунаш, Архагъэ, Алока, Бырхьам, Жу, Чука, Есэн, Чычэ, Хьалбад, Мэлыхъуэ (Лакоба), Жанбей, Къочlасэ, Нэпшы. 

Иужъкlэ къыдэтlысхьа Къэбэрдейхэр; Борэн, Гъуо, Карашей, Тхьазэплъ, Дарихьан, Дурэ, Мэмхэгъ, Шыбзыхъуэ, Безыр. 

Хьэтыкъуей лъэпкъыуи; Джиназхэ, Хьалбэдхэ, Мэлыхъуэ. Елъыхъуер щызэтекъутэм иужъкlэ къэкъуащ. 

Къунашхэ щlалэ къэмышэуи дунейм ехыжа Къунаш Хьасан иужъкlэ хэкlуэдэжащ Алокахэ Езанэрей дуней зауэшхуэм хэкlуэдэжащ. 

Архагъэхэи нэмыщl къуажэхэм малъхъэ гъунэгъу яхыхьэжри хэкlуэдэжащ. 

Жанбейрэ Нэпшырэ Магъара (Туфанбейли) къикри къыдэтlысхьэу хэхэсщ. 

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz