Фэеплъ бэлътоку

0
351

Зауэ… ЩыIэу пIэрэ абы нэхърэ нэхъ псалъэ жагъуэ?! Ар зэрызэхэсхыу си нэгу къыщIохьэ къалэ, къуажэ зэтекъутахэр, еджапIэ, сымаджэщ, унэ ныкъуэсхэр. Зауэр ар нэпсщ, лъыгъажэщ, гуIэгъуэщ. А псори зыхищIащ си анэшхуэм и адэр Хэку зауэшхуэм щыкIуам. ГъащIэм гу щимыхуэу, и IэфIыр зыхимыщIауэ зауэ бзаджэм хэкIуэдащ си анэшхуэм и адэр. 

– ЦIыхур езыр зыпэплъэмрэ гъащIэм абы къыпигъаплъэмрэ щызэтемыхуэр нэхъыбэщ, – жиIащ си анэшхуэм и щхьэр егъэзыхауэ, нэщхъей дыдэу, и Iэгум IэщIэлъ бэлътокур иIуэтурэ. – Мы бэлътокум и закъуэкъым си адэм и фэеплъыр. Дэ унагъуэ щхьэхуэ дыхъуу, ди псэупIэр тхъуэжауэ щытми, адэжь щIапIэ, дыкъыщыхъуа пщIантIэр зэзгъэпэщыжауэ зызохьэ. Сыпсэуху си адэм и фэеплъу щрет дарий бэлътокумрэ щыпсэуа щIыпIэмрэ. 

Си анэшхуэм и нэгур зэхэхауэ, гуфIэжу сыт щыгъуи щытщ, ауэ и адэм щытепсэлъыхькIэ, зыхэпщIэу нэщхъей къохъур. ГукъэкI бжыгъэншэхэмрэ гупсысэ мыухыжхэмкIэ гъэнщIащ си анэшхуэ Лолэ и гъащIэр. Абы и гъащIэм телъыджэу хэлъхэр и нэгу щIэкIат Хэку зауэшхуэ зэманым. Си анэшхуэм адэкIэ и хъыбарым къыпещэ: 

– БыныфIэу зызылъытэж, абы зи гукъыдэжыр къиIэт си адэр зыхуей дызэрыхуигъэзэным хущIэкъурт. А зэманым декIуу, дыщыпсэун унэ иухуэну къригъэжьат, арщхьэкIэ а мурад дахэр и кIэм нигъэсыну хунэсакъым. 1941 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Хэкум къытеуэри, шыщхьэуIум и зым си адэр зауэм дашащ. Си дэлъху закъуэ Талъостэн мазибл хъуа къудейуэ арат, си шыпхъу нэхъыжь Зое илъэсиблым итт, шыпхъу нэхъыщIэ Зулижан илъэситхут зэрыхъури. 

Нэмыцэхэр 1942 гъэм фокIадэ мазэм ди къуажэ Къаншыуей къыдыхьащ. Абыхэм унагъуэ-унагъуэкIэ зыщIагуашэри, къуажэр псэупIэ ящIащ. Ди пщIантIэм чий бжыхь тIэкIу Iутыр Iуахри, нэмыцэхэр щыпщафIэ машинэр къыдагъэхьащ. Зэрыбыныр дышынауэ ди анэ тхьэмыщкIэм и кIэкъуащIэр тIыгът. Джэди, къази, былыми зэтраукIэурэ я машинэ здэпщафIэм щапщIэфIхэурэ яшхырт. 

Си шыпхъу нэхъыжь Зое и лъакъуэ ижьым, щтэри, псывэ къытекIати, увыIэгъуэ имыIэу гъырт. Зыхуэмыубыдыжу гъы Зое и макъыр нэмыцэхэм ящыщ зым зэхихри, ди пэшым къыщIыхьащ, фошыгъу кIанэ, къэбыстэ, кIэртIоф иIыгъыу. Си анэ ФатIимэтхъан нэмыцэр зэрилъагъуу гужьейри зэрыбыниплIыр дыздис гъуэлъыпIэм къытщхьэщыуващ. Зое и лъакъуэр нэмыцэм щилъагъум, ди пэшым щIэкIыжри, хущхъуэ къихьащ, икIи зыгуэрурэ си анэм къыгуригъэIуащ хущхъуэр зэрыщихуэнур. Си шыпхъур щIэх дыдэуи хъужащ. Ар дохутыр Iэзэт, уIэгъэ хъухэр ди пэшым къишэурэ абы щигъэхъужырт. 

Зы махуэ гуэрым зауэм уIэгъэ щыхъуахэр къишэну кIуэри, къигъэзэжакъым, зауэм хэкIуэдами сщIэркъым. Абыхэм сыт япщэфIми къыдатырти дагъэшхырт, дэри кIэртIоф дагъэукъэбзырт. Абыхэм жаIэрт, щхьэхуимыту зауэм къагъэкIуауэ, езыхэми я сабийхэр къагъэнауэ. ГъэщIэгъуэнщ мы гъащIэр – хьэIуцыдзу дызыIуплъа нэмыцэхэм цIыхугъи, лыуз-гуузи зиIэ яхэтт. Дзыхь зыхуэтщIу щыта ди цIыхухэм, къуажэдэсхэм къахэкIырт я хэкум епцIыжарэ нэмыцэ хьэкIэкхъуэкIэхэм зыкIи къакIэрымыхурэ. Псори зэлъытар цIыхум езым бгъэдэлъ напэрат. 

Апхуэдэу декIуэкIыурэ, зауэр нэхъ гуащIэ щыхъум, Мэлгъэбэгрэ ХьэпцIейрэ дэс ди адэ шыпхъухэм я деж дыщыпсэун хуей хъуащ. 

1943гъэм щIышылэм и зым нэмыцэхэр къуажэм дэкIыжащ. ЕтIуанэ махуэм, ХьэпцIей къуажэм дыкъикIыжу ди лъапсэжьым дыщыкIуэжым, нэмыцэхэм яIэщIэкIауэ щыта ди жэм къуэлэныр жыжьэу сыплъэри, арыкъым кIэрыту, къэслъэгъуащ. Жэмыр схужыну си шыпхъу нэхъыжь Зое нэхърэ сэ сынэхъ жанти, гум сыкъелъащ, ауэ си анэм къысхуидакъым: 

– Пщэдджыжь тхужынщ, кIыфI къыттехъуэнущ, – жиIэри. 

Сэри шыгу зэщIэщIам сыкъитIысхьэжри, дыкъэкIуэжащ. Нэху щыри, ди жэм къуэлэн арыкъым кIэрытар дгъуэтыжакъым. 

Бэлыхьрэ хьэзабкIэ гъэнщIа, нобэми зи лъэужьыр мыгъущыж а лъэхъэнэ жыжьэм зи сабийгъуэр хиубыдахэм, абы и гугъуехьхэр зылъэIэсахэм сэри сащыщщ. Илъэсих сыхъуауэ арат си адэм и гъащIэр зауэ гущIэгъуншэм щыIэщIихам. И Iуэхухэр зытетым дыхэзыгъэгъуазэ хъыбархэр иту къытIэрыхьар зы письмо щимэщ. Абыхэм къакIэлъыкIуар Сталинград къикIа иужьрей дэфтэрым къытхуихьа лъэщIэгъэху хъыбарырыщ… 

«Къэрэжь Илэ Хьэбед и къуэр хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдащ…» 

А псалъэхэм ди гъащIэри ди дунейри къызэтригъэункIыфIат, арщхьэкIэ гъащIэм къыпещэ. Мис абдежым къыщыщIэдзауэ зэрыбыниплIыр дызыпIар ди анэ ФатIимэтхъанщ. Гугъуехь мащIи къызэринэкIакъым фызабэу зэрыбыныр гъащIэм лъэ быдэкIэ дигъэувын, а зэманым къызэрезэгъкIэ лэжьыгъэрэ IэнатIэрэ дигъэгъуэтын папщIэ, и гуащIи зэмани еблэжакъым. 

Абдеж щиухащ си анэшхуэм и хъыбарыр…. 

ТекIуэныгъэр къызэрахьрэ зэман дэкIыхукIэ, нэхъ кууужу зыхызощIэ къэкIуэну дахэр, гъащIэр дунейм щефIэкIуэн папщIэ ди япэ итахэм зэрахьа лIыгъэм и инагъыр. Си анэшхуэм и хъыбарым сызэрыщIэдэIурэ си гущIэм къыщызэщIотаджэ гуфIэгъуэмрэ гуIэгъуэмрэ, пагагъэмрэ лыузымрэ. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым, ди адэшхуэ-анэшхуэхэм я хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ захузогъэщхъ. 

  

Шыхъуэ Дыщэнэ, 

Псыхуабэ къалэ дэт медицинэмрэ хущхъуэ зэхэлъхьэнымкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр институтым и еджакIуэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz