Ахьмэт Тэлли Дуней усэм и махуэм, яухиящ!

0
155

Усакlуэ Ахьмэт Тэлли папщlэ, ИШИД-ым 2015 гъэм Кобаним теуа нэужьым, къипсэлъахэм хэту зэджа усэхэр хуагъэлъагъуэу «бэхъэджагъэ (террор) гуп щытхъу»кlэ яумысу, щаухиин судым и махуэр гъэмахуэкумазэм и 4-рэ махуэм ядзащ.

Гъатхапэмазэм 21-м Дуней усэм и махуэм щыгъуэ Анкара 26-рэ Нэхъыщхьэ суд хеящlэм и пащхьэм щитым дэщlыну, тхакlухэр, гъуазджэлэжхэм нэмыщl EMEP, HDP, İHD-м и Анкара дэсхэр, щlэ егъэз (Революцэ) 78 зыгуэтыныгъэ гуп, Гупщысэ хуитыныгъэм епхахэмрэ, Щlэн гъуазджэ тхакlуэ хасэм и гупхэри зыдэщlыгъуу Тэлли къыдэщlахэщ. Хабзэ дэщlым зыригъэпэщамкlэ; Тэлли-м 2017 Багъуэмазэм и 4-рэ Махуэм бэхъэджагъэ гупыр захуэу игъэлъэгъуау, Кызылай Юксэл Уэрамым, lэщlэлъа макъ гъэйинымкlэ щыпсалъэм ахэм щытхъуным лажьэ къызэрхэкlыр мы lуэхум хэзыщlыкlхэм къаlуатэу, дунейм тету хъуам ящlэу, абы папщlэ тэзыр зырытегъэхуэн зэрыхуей къыжиlащ. lыхьэхъумакlуэхэми (адвукат) Тэлли-р яхуэхъумэн папщlэ зыхузырагъэпэщыну судым и махуэр гъэмэхуэмазэм и 4-рэ Сыхьэт 11.45-м ядзащ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz