Макъхэм я лъэужьымкlэ зэманым къыщыкlухьын…

Эрджиес университетым и егъэджакlуэ, филологие щlэныгъэхэм я доктор Пащты (Мыжей) Мадинэ «2023 гъэм и фокlадэ мазэм екlуэкlа щlэнзекlуэр си лэжьыгъэ нэхъ гъэщlэгъуэнхэм ящыщ зыт» жыхуиlэм дытепсэлъыхьащ.


-Мадинэ, ди щlэджыкlуакlуэхэм закъебгъэцlыхуамэ арат, Къайсэр университетым щепхьэкl лэжьыгъэм и гугъу къытхуэпщlыфын?

-Си цlэр Пащты (Мыжей) Мадинэщ, си lэщlагъэкlэ сыфольклорист-антропологщ, филологие щlэныгъэхэмкlэ сыдокторщ. Эрджиес университетым (Къайсэр) 2018 гъэ лъандэрэ сыщолажьэ, адыгэбзэмрэ адыгэ культурэмкlэ кафедрэм (къудамэм) «Адыгэ культурэ», «Адыгэ фольклор», «Адыгэ диалектологие», «Лъэпкъ гупсысакlуэхэмрэ усакlуэхэмрэ», нэгъуэщl дерсхэр есту щызогъаджэ. Ди къудамэр къызэрызэlуахрэ куэд щlакъым, икlи ар lуэхугъуэ зыбжанэкlэ адрейхэм къащхьэщокl. Псалъэм папщlэ, ди студентхэр я ныбжькlи, бзэр зэращlэмкlи, я мурадкlи зэрызэхуэмыдэр. Илъэс 20-30-кlэ узэlэбэкlыжмэ Тырку къэралыгъуэм и университетхэм бзэр, культурэр, тхыдэр щаджыну lэмал зэрамыlам къыхэкlыу, нобэ ар ирырагъэкъужын мурадкlэ къакlуэхэр диlэщ. Ахэм ящыщ гуэрхэм фlы дыдэу адыгэбзэр (езым я щlыпlэ псэлъэкlэр) ящlэ, кириллым йоджэф, иротхэф, тхыдэмрэ культурэмкlэ щlэныгъэу щыlэм зэрылъэlэсыным яужь итхэурэ ар зыlэрагъэхьащ. Зэрыгурыlуэгъуэщи, зи гугъу тщlы студентхэмрэ адыгэбзэ зымыщlэххэу, культурэм хэзымыщlыкlыххэу къыщlэтlысхьэхэмрэ я мурадхэри, я лэжьэкlэри тlэкlу зэтокl. Егъэджакlуэхэри – Иуан Зэуал, Инчы Иринэ, Къумыкъу Маринэ сымэ – дыхущlокъу дэтхэнэ зы студентми езыр зыпэлъэщын, гъэщlэгъуэн къыщыхъун щlэныгъэ зэрыбгъэдэтлъхьэным, пэщlэдзэ еджапlэм и дерсымрэ (алфавитыр, хьэрфхэр, макъхэр) университет академие гупсысэкlэмрэ зэдахьыфу зэрыдгъэлэжьэным. Ди къудамэм хуэдэхэм я пщэдейрей махуэр куэдкlэ елъытащ, Тыркум и ипщэ егъэджэныгъэ системэм имызакъуэу, езы студентхэми, диаспорэ жылэми бзэмрэ лъэпкъыщхьэмрэ (идентичность) теухуауэ lуэхуеплъыкlэу яlэм.

 

-Зэрытщlэмкlэ, фокlадэ мазэм щlэнзекlуэ (экспедицэ) евгъэкlуэкlащ. Абы и куэдагъ-кууагъыр сыт хуэдиз? Гупым хэтахэр хэт сымэ, ахэм я lэщlагъэ, я lуэхущlафэ сытхэм дыщыбгъэгъуэзэн?

-Мыгъэрей экспедицэр си лэжьыгъэм къриубыдэу едгъэкlуэкlа щlэнзекlуэ нэхъыфlхэм яхызолъытэ. Ипэрейхэр нэхъыбэу фольклор-антропологие экспедицэт, мы зэм бзэщlэныгъэ (лингвистикэ), нэхъ хэхауэ жыпlэмэ, диалектологие аспектыр нэхъ къебэкlыу щытт. Зы лъэныкъуэкlэ къапщтэмэ, узылъыхъуэр нэхъ тыншу «губгъуэм» къыщыбогъуэт, нэгъуэщl лъэныкъуэкlэ, лингвистикэм (пс.п. фонетикэмрэ диалектологиемрэ) ехьэлlауэ щыlэ материал гуэрхэр фольклористым щlэрыщlу къэсlэтыжурэ селэжьыжын хуей мэхъур.

Мы экспедицэм ипэ къихуа lуэхугъуэ гуэрхэм кlэщlу сытепсэлъыхьмэ сфlэигъуэт. 2017 гъэм Мейкъуапэ щедгъэкlуэкlауэ щытащ фольклорист Мыжей Михаил и фэеплъу Етlуанэ конференцэр. Мыбы къыщыпсэлъауэ щытащ щlэныгъэм «щхьэхуиту лажьэ» (независимый исследователь) жыхуиlэм хуэдэу зы lэщlагъэлl щlалэ, Налшык щыщ Быф Елберд. Елберд утыку кърилъхьауэ щыта докладитlым ящыщ зыр зытеухуар адыгэбзэм и убых диалектырат, абы и статусыр къыхэгъэщыным, ар джыным ехьэлlа lуэхугъуэхэм. Докладым лъабжьэ хуэхъуащ зы лъэныкъуэкlэ – европей щlэныгъэлlхэм я лэжьыгъэхэр (Смитс Рикс, Ландманн Ульрих, Ландманн Ангеликэ). Нэгъуэщl лъэныкъуэкlэ – интернетым Елберд къыщигъуэта аудиовидеоматериалхэр. Ахэр куэд хъутэкъым, зи макъ, зи жьэрыlуэтэбзэри Тыркум Гёксун пэгъунэгъу Бююкчамурлу къуажэм щыщ нэхъыжьыфl Дыгъу (Яман) Хъайруллахьт. Елберд гурыгъуазэкlэ къихута щlэнlуэхугъуэхэр практикэкlэ щlэгъэбыдэжын lэмалри мы бжьыхьэм къыкъуэкlащ. Я анэдэлъху убыхыбзэм къыдэкlуэу убыххэр зэрыпсалъэу щыта адыгэбзэм и убых диалектыр къэхутэныр, абы къинэмыщlу диаспорэм щызекlуэ нэгъуэщl диалектхэмрэ псэлъэкlэхэмрэ къыхэгъэщыныр ди щlэнзекlуэм мураду зыхуигъэувыжащ.

Бжьыхьэпэ зэманхэм зыкъысхуигъэзат ди лъэпкъэгъу щlалэ, Къэбэрдейм щыщу Москва дэс Сэхъу Мурат, щlэнзекlуэр къызэгъэпэщынымкlэ къыддэlэпыкъумэ фlэигъуэу. Мыбдеж къыхэзгъэщыну сыхуейт Мурат и lэщlагъэщlэ дзэ дохутыр пэтми, гуманитаристикэм хуилэжь lуэхугъуэхэмкlэ щlэныгъэлlхэм щlэгъэкъуэныфl зэрахуэхъур. Мурат зэригъэпэща сайтым, Ютюб хостингым щигъэлажьэ каналым (Carbatay) къыщригъэувэ материалхэр си студентхэм дерс гуэлъхьэну куэдрэ язот, абыкlи фlыщlэшхуэ хуэсщlыну сыхуейт. Елберд Тыркум къатшэу лэжьыгъэр зэретшэжьэну щlыкlэр дубзыхуащ, экспедицэри кlыхь дыдэ мыхъуами, псори дызэдыаразыуэ къыдэхъулlащ жыпlэмэ, егъэлея хъункъым. «Дэ псори» щыжысlэкlэ ипэрапщlэу зи гугъу сщlыр къыддэlэпыкъуа хэгъэрейхэращ. (Сыгушыlэурэ жызоlэ зэпыт: экспедицэм и унафэщlыр академик щlэныгъэлэжьыракъым, атlэ шоферыращ). Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ экспедицэхэр шэщlауэ, зэпымыууэ академие лъапсэм тету екlуэкlын хуейщ. Зымащlэ нэхъ нэмыlэми, мы практикэр си студентхэр сигъусэу зэрытшэщlыным яужь дитщ.

-Щlэнзекlуэр (экспедицэр) щылэжьа къуажэхэр сыт хуэдэ щlыкlэм тету къыхэфха?

-Убыхыбзэм и тхыдэ гуауэм псори дыщыгъуазэщ. Ипщэкlэ зэрыжысlащи, убыххэм зэрахьэу щыта адыгэбзэм и убых диалектым ирипсалъэхэр къэлъыхъуэныр тфlэгъэщlэгъуэнт. Языныкъуэ щlэныгъэлlхэм жаlэу, е псалъэм папщlэ, щlэныгъэм емыпха интернет утыкухэм щагъэlуу щызэхэпхынкlэ хъунущ мыр «адыгэбзэ пхэнжу» е «хьэкlуфыбзэу», н.къ. Езы псэлъэкlэр зезыхьэхэм мыбы щхьэ «адыгабзэ» е «абдзэхабзэ» жаlэнкlэ мэхъу. Ауэ къызэрыгуэкl цlыхум бзэм и вариантхэр къызэрыщыхъумрэ щlэныгъэм диалектхэмрэ псэлъэкlэхэмрэ къызэрыхигъэкl нэщэнэхэмрэ зэтехуэкъым, мыхэр lуэху щхьэхуэ-щхьэхуэщ. Диалектыр е псэлъэкlэр (говор жыхуаlэр) къыхэбгъэкlын папщlэ, нэщэнэ зыбжанэ ухуэныкъуэщ – ипэрапщlэу фонетикэ (макъ), лексикэ, морфологие нэщэнэу. Псоми зэрытщlэщи, академие гуэшыкlэмкlэ езы убыхыбзэр адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ яку дэтщ. Ауэ я анэдэлъхубзэр яфlэкlуэдын ипэ, Хэкум щисхэми убыххэр адыгэбзэм и диалект щхьэхуэм ирипсалъэу щытащ. Мыбы щыхьэт тохъуэ тхыдэ документхэр.

Урыс-Кавказ зауэр щиухым, истамбылакlуэу XIX лlэщlыгъуэм икухэм Хэкум залымыгъэкlэ ирагъэкlа убыххэр Уэсмэней империем и къуапэ зэхуэмыдэхэм щипхъыхьа хъуащ, икlи ахэм гъунэгъу яхуэхъуащ нэгъуэщl адыгэ лlакъуэхэри, абазэхэри. Гъунэгъу яхуэхъуахэм елъытауэ убыххэр техьэнкlэ хъунут нэгъуэщl псэлъэкlэ гуэрым, ауэ мыбы къикlхэм зи гугъу тщlы диалектыр щымыlауэ. Мыбы и зы щапхъэфlщ Бююкчамурлу, Акифие къуажитlым я псэлъэкlэр. Ипщэкlэ зи цlэ къитlуа нэмыцэ щlэныгъэлl Ландманн зэщхьэгъусэхэр ХХ лl. и етlуанэ lыхьэм щылэжьар а къуажитlыращ, иужькlэ томитl хъу я лэжьыгъэхэри къыдагъэкlыжащ.

Гёксун гъуэгуанэм дытехьэн ипэ ди нэхъыжьыфl Дыгъу Хъайруллахь къуажэм зэрыщыlэм, Тхьэм и фlыщlэкlэ, зэрыузыншэм и хъыбарыр къыщытlэрыхьэм, икъукlэ дыщыгуфlыкlащ, дамэ къыттекlа жыхуэпlэнум хуэдэу. Ауэ зэрыкъуажэу, нэхъ тэрэзу жыпlэмэ, къуажэдэс нэхъыжьхэм мы псэлъэкlэр зэрызэрахьэр щытлъагъум, дымыгъэщlэгъуэн тлъэкlакъым. Диалект къыхэгъэкlыным мыр и зы нэщэнэщи, езыхэм я бзэр адрей адыгэхэм я псэлъэкlэм къызэрыщхьэщыкlыр фlыуэ зыхащlэ икlи къагуроlуэ.

Мыхьэнэшхуэ зиlэу плъытэ хъунур убых адыгэбзэм и фонемэ, лексикэ нэщэнэ дыдэхэр экспедицэм и кlэуххэм Елберд Маньяс пэгъунэгъуу псэу убыххэм я деж къызэрыщигъуэтыжаращ. Гёксунрэ Маньясрэ хуабжьу зэпэжыжьэщ, абы къыдгурегъаlуэ мы диалект нэщэнэхэр Тыркум деж убыххэр зыбгъэдэс я адыгэ гъунэгъухэм къыпахауэ зэрыщымытыр, атlэ а псэлъэкlэр Хэкум къыздырахауэ нобэр къыздэсым зэрызэрахьэр. Шэч хэмылъу, убых адыгэбзэм пасэрей абэзэхэбзэми шапсыгъыбзэми я маркер гуэрхэми дащыхуозэ. Ауэ абы щхьэкlэ къэмынэу езым унейуэ иlэ макъ зэхэлъыкlэр щlэныгъэлlхэм халъэгъукlыфынущ. Псалъэм къыдэкlуэу щапхъэ пэлъытэу жытlэнщи, фонетикэ (макъ) нэщэнэ къудейм я гугъу пщlынумэ, беслъэнеибзэмрэ шапсыгъыбзэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъущ, Бююкчамурлу къуажэм я псэлъэкlэмрэ нобэрей ди бзэщlэныгъэм къитхыхьа абэзэхэбзэмрэ нэхърэ. Псалъэм къыдэкlуэу жытlэнщи, диаспорэм и абэзэхэ диалектхэр джыным апхуэдэ къабзэу мыхьэнэшхуэ зиlэу зы lуэхугъуэщ.

Фи упщlэм къыхузогъэзэжри, Гёксун, Маньяс епха къуажэхэр а щlыкlэм тету къыхэтхащ. Абы къинэмыщlауэ, бзэ и lуэхукlэ узыфlэмыкlыжыну гъэщlэгъуэну Йозгъат епха къуажитlым дыщылэжьащ: япэрейр – Натхъуаджэ (Karaelli Köyü – Adige), етlуанэри – Хьэкlуф Шапсыгъ (Kargalık). Япэрейм и фlэщыгъэцlэм куэдкlэ дызыщигъэгугъащ, сыту жыпlэмэ, натхъуаджэ диалектым теухуауэ лэжьыгъэу щыlэр мащlэ дыдэщ. Арщхьэкlэ, къуажитlми я псэлъэкlэр «шапсыгъ курых» псэлъэкlэхэм я фонетикэ, лексикэ системэм ещхьщ.

Лъэпкъщlэныгъэмкlэ, диалектологиемкlэ мыхьэнэ зиlэ материалхэр щыттхыжащ Тыркум и беслъэней къуажэхэм, ауэ щыхъукlи беслъэней диалектым и псэлъэкlэ зэхуэмыдэхэр зэпэтлъытурэ. Къармызей (Акчакент) жыхуиlэ къуажэм Хэкум щыщ хьэщlи, щlэныгъэлlи зэи кърихьэлlакъым. Пасэрей бзэжьым и нэщэнэхэр зэрыщытлъэгъуам ещхьу нобэ дыдэ бзэм щекlуэкl фонетикэ зэхъуэкlыныгъэхэр ди нэгу щlэкlыу жыпlэ хъунущ. Мерзифон пэгъунэгъу Тавшандаг щlыпlэм щыттхыжащ мыбы щызекlуэ нэгъуэщl зы беслъэнеибзэ псэлъэкlэм и щапхъэхэр. Мы щlыпlэм и адыгэ къуажищым – К[ъ]эрмызей, Лъэудыгъуей и Дэхъукъуей – я фlэщыгъэцlэхэр дэсхэм къызэрапсэлъымрэ я пасэрей къэпсэлъыкlэмрэ зэбгъэпщэнри зы lуэхугъуэ щхьэхуэщ. Мерзифон беслъэнейхэм я бзэр хэкурыс беслъэнеибзэм нэхъ ещхь пэтми, пасэрей адыгэбзэжьым и фонетикэ (макъ), морфологие формантхэр ехъумэр. Мы lуэхугъуэу хъуар адыгэ бзэщlэныгъэм къитхыхьыжыныр, иджыныр къыпэщылъ къудейщ.

Гёксун къепха къэбэрдей къуажэхэми дыщылэжьащ, бзэм, культур-антропологием епха lуэхугъуэ куэдыр хэку Джылахъстэнейм ещхь дыдэу зэрыщызекlуэр нэрылъагъу тщыхъуащ.

Игъуэ зизгъахуэу сигуапэу тхьэгъэпсэушхуэ яжесlэну сыхуейт ди экспедицэм щlэгъэкъуэн къыхуэхъуа дэтхэнэ зыми: Берчэт Гюрбуз Ялчинкая (Акчакент), Токъу Сейфи (Гёксун), Уэдыхь Даут Канканат (Караэлли), Акlэжь Хъэйрэттин Парлак (Мерзифон), адрейхэми.

-Зэращlэщи, антропологие, социологие «губгъуэ» лэжьыгъэхэм гугъусыгъу, лъэпощхьэпо гуэрхэр къыщыхэкl къохъу. Фэ сыт хуэдэ гугъуехь фыпэщlэхуа, даурэ ахэр къызэвнэкlа?

-Антропологие «губгъуэ» лэжьыгъэр фlыуэ зылъагъум къыгуроlуэ, абы пэlэщlэ ухъуху уи псэм гугъуехь зэришэчыр, мыувыlэу абы хуэбгъэзэжыну ухуейуэ узэрыхъур. Экспедицэ щхьэусыгъуэ гуэркlэ – ар зэман, lэмал ирехъу – узэрымыкlуэфыращ гугъуехьым я нэхъ хьэлъэу узыпэщlэхуэр. Аращи, экспедицэр щlидза нэужь, абы къыдэкlуэ психологие, коммуникацие гугъуехьхэр къызэбнэкlыныр хьэлъэжкъым. Антропологие «губгъуэр» зы системэрэ псэ зыlут зыгуэру уи нэгу къыщlэгъэхьи, абы зэзэмызэ «узыхимыгъэгъуэзэнкlэ», и дзыхь къыуимыгъэзынкlэ зэрыхъунури пщlэн хуейщ, ари ди лэжьыгъэм и зы жэуапщ, абы кърикlуэхэм ящыщ зыгуэрщ. Куэдкlэ ар елъытащ экспедицэм и темэмрэ и методхэмрэ, нэхъыщхьэжуи – угъуеякlуэм и lэзагъым. Ауэ щlэныгъэлэжьыр къыщыхута щlыпlэмрэ цlыхухэмрэ къабыл уащlамэ, мыхьэнэшхуэ зиlэ хабзэ зыбжанэм утетын хуейщ. Япэрауэ, узэлэжь «губгъуэм» ухэзэрыхьу объектив еплъыкlэр пlэщlэкlынкlэ ущымышынэ. Щlэныгъэкlэ къыбдэгуашэ цlыхум хуэпщl пщlэр уигуми уи псэми къыбгъэдэкlыу къабзэу щытын хуейщ. Уи информантым хуэпщl пщlэращ ар дзыхьщlэгъу къыпхуэзыщlыжыр. Экспедицэ зэман кlэщl къудейм мыхъуу, зэрыщlэ, зэрыцlыху, зэщlэупщlэ кlыхькlэ фызэзыпхыр. Етlуанэращи, зэпымычу уи lэщlагъэ-уи щlэныгъэм хэбгъахъуэу щытыпхъэщ. Илъэсипщl ипэ птхыжахэм ущыхэплъэжкlэ, абы щыгъуэм умыщlэу, къыбгурымыlуэу хэтаlамэ, ахэм зыкъэмынэ нобэ и кlэм нэгъэсауэ фlыуэ ущыгъуэзэн хуейщ. Фольклористхэм мыпхуэдэ зы жыlэгъуэ яlэщ: «Узыщыгъуазэ ущlэупщlэнщи, узыщlэупщlа птхыжынщ». Информант набдзэгубдзаплъэхэм, лъэпкъщlэныгъэр зезыхьэу къэтлъытэхэм, езым я антропологие еплъыкlэ яlэжщ, ар академие еплъыкlэу щымыт пэтми. Узыщlэупщlэнур пщlэжу, къыуит жэуапым къыкlэлъыкlуэ уи упщlэр къыхэбгъэкlыурэ ныбжь зиlэ цlыхум и пащхьэ ущисым деж, гува щlэхами ар уи псэлъэгъу-гупсысэгъу мэхъур, узыщlэупщlэхэр, «губгъуэм» къыщыплъыхъуэхэр нэгъэсауэ къыпхуеlуэтэжыр.

Шэч хэмылъу, Хэкум къикl щlэныгъэлэжьхэмрэ Тыркум щыщхэмрэ я «губгъуэ» лэжьыгъэр методологиекlэ зэтекlынкlэ мэхъур. Нэхъыжьхэм анэдэлъхубзэкlэ дазэрепсалъэм ди лэжьыгъэр хуабжьу къытщегъэпсынщlэр.

 

-Зэхуэфхьэса материалхэм кърикlуэжынур сыт (статья, тхылъ, фильм)? Дапщэщ мыхэм дащылъэlэсыфынур?

-Ди мурад нэхъыщхьэ дыдэр щlэуэ къэдугъуея лингвистикэ материалхэр дунейм къытегъэхьэныр аращ, диаспорэм и диалектологие картэм щlэныгъэр щыгъэгъуэзэнырщ. Журнал зэхуэмыдэхэм папщlэ статьяхэр дгъэхьэзырыну дыхуейщ, Истамбыл къыщыдэкl JOCAS (Кавказ къэхутэныгъэхэр) журанлри яхэту. Диалектологие къэхутэныгъэхэм я гуэлъхьэну Ютюбым видео зыбжанэ итлъхьэнущ. Дэ къыдгуроlуэ щlэныгъэ-популяр информацэр зэрымащlэр, икlи абы хуэунэтlа проектэм дызэрыхэлэжьэнум яужь дитынущ. Ауэ антропологхэм «губгъуэм» щатхыж псори а зэрыщыт дыдэмхуэдэу, еlуэлlапхъэ имыгъусэу утыку зэрырамылъхьэри гурыlуэгъуэу щытын хуейт. Загъуэрэ ди информантхэми псалъэ ядот тетшэ видеохэр «зэи зыщlыпlэ щыдмыгъэлъэгъуэну». Аращи, экспедицэ материалхэр утыку къигъэхьэныр техникэкlэ и лъэныкъуэкlи, этикэ и лъэныкъуэкlи узыхуэlэзэу щытын хуей lуэхущ.

-Илъэс 15 хуэдиз хъуауэ лэжьыгъэшхуэ ебгъэкlуэкlащ, нэхъыбэу Узун-Яйлэрэ абы къепха хэгъэгухэмрэ деж. Абырэ мыбырэ лъандэрэ сыт зэрихъуэкlауэ гу зылъыптэр?

-Нэхъыщхьэ дыдэу гу зылъыптэр ди информант нэхъыжьхэм къакlэлъыкlуэ лlэужьыр япlэ къызэриуваращ. Зы лъэныкъуэкlэ, илъэси-10-15 ипэ дэ ди насып къихьат «классик» фольклор жыхуаlэм хуэдэр фlы дыдэу зыщlэу щыта ди нэхъыжьхэм дадэлэжьэныр. Хэкум тхыгъэкlэ фlэкlа къыщымынэжа фольклорыр диаспорэм lуэрыlуатэу щызекlуэт. Апхуэдэхэр къэдгъуэтыжыху къэс, хуабжьу ди гур хэхъуэт. Нэгъуэщl лъэныкъуэкlэ, апхуэдэ информантхэр кlуэ пэтми нэхъ мащlэ зэрыхъум ди гур хегъэщl. Сыти жыlэ, япэ дыдэу 2009 гъэм дыкъыщыкlуам дгъэпсэлъа нэхъыжьхэм я ныбжьыр ику иту илъэс 80-85 хуэдиз хъухэт. Абы къикlкъым «губгъуэм» щытщlэн щымыlэжу, абы къикlыр иджырей lуэрыlуатэщlэныгъэмрэ антропологиемрэ я методологием дыкъыкlэрымыхуу зыдужьын зэрыхуейр аращ.

Фlыкlэ сухыну сыхуейщи, сэ къызэрысщыхъумкlэ, илъэм 15 ипэ щыlа щытыкlэм еплъытмэ, адыгэ диаспорэм тхыгъэ lэмалхэм нэхъ закъыхуигъэзащ. lуэрыlуэтэжу зэlэпахыу щыта лъэпкъщlэныгъэр фlэкlыпlэ имыlэу тхылъкlэ хъумэн зэрыхуейр цlыхухэм къагуроlуэ. Фи газетми а lуэхум и lыхьэфl хелъхьэри, абы папщlэ тхьэгъэпсэу зэрыфхуэфащэр редакцэм вжесlэмэ сфlэигъуэт. Мы нобэрей псалъэмакъым теухуауи тхьэразы къыфхухъу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz