Си анэдэлъхубзэр адыгэбзэщ (къэбэрдеибзэщ). Сыкъыщыхъу си цlыкlугъэм сыщыпсоуlуэр Анэдолэм икум ит узуняаялэкlэ зэджэ щыпlэм щаухуэ адыгэ (къэбэрдей) къуажэт. Илъэситху сыщlыхум сэ дунейм адыгэбзэкlэ фlэкlа нэгъуэщl бзэ тету сыщlэртэкъым. Сэ илъэситху сыщыхуам си унагъуэм къуажэм дэкlыжу къалэм (Гъэзэй) lэпхъуэну унафэ ящlащ. Къуажэм къыдэзнэ си ныбжьэгъухэм щыхьэ си жагъуэ хъу щхьэкlэ, къалэм къыщызгъуэтыну ныбжьэгъущlэхэм щыхьэкlаи сыгуфlэт. Къалэм дыlэпхъуэ нэужь куэд дыдэ дэмыкlу ныбжьэгъу цlыкlуийт къэзгъутатl ауэ ахэм я бзэр сэ къызгурыуэртэкъым, сэ си бзэр ахэм ягурыуlэртэкъым. Сэ иджыри фlыуэ сигу къокlыжыр еуэ гугъу сызэрехьэр. А ныбжьэгъущlэхэм я фlыгъэкlэ къызгурыlуащ си анэдэлъхубзэм нэмыщl бзэхэри зэрыщыlэр. Сэ сыкъыщlэмыщlа пэтми, мы ныбжьым си анэдэлъхубзэр къэсщlэжат. Си къуажэм си унэгъум дыщыпсалъэт, ауэ а тlысыпlитlым сыкъыщlэкlыжа нэужь зезмыхьэфу Lэщlыб сыщlэ си анэдэлъхубзэ…
Пэщlэдзэ еджапlэм сыщыкlуэну гъэм си унагъуэм къалэм къикlыжу къуажэм къэгъэзэжыну унафэ ящlащ. Пэщlэдзэ еджапlэм щыщэздзам къалэм щыlа си ныбжьэгъу цlыкъутым я фlыгъэкlэ тыркубзэр си гурыlуэгъуэхэр къысхуэгъэлъэгъуэн худиз тэку сыщlэрт. Си къуажэм и пэщlэдзэмрэ курыт еджапlэм сыщыседжэти, дэрс зэманым щымыхуам си анэдэлъхубзэкlэ сыпсэлъэт. Еджакlуэ псори адыгэти, дэрс зэманым щымыхуам еджапlэми дэ адыгэбзэкlэ дыщыпсалъэрт, егъэджакlуэхэм зэзэмызэ къытхуагъэщlагъуэрт еджапlэм тыркубзэкlэ дыщыпсалъэну ар щхьэкlэ, сыт дымыщlэми ди бзэр адыгэбзэм зэблэкlыжырт. Икlэм а зэманым тынш дыдэу ди гурыlуэгъуэр къызэригъэлъагъуэу щыта бзэр Адыгэбзэт.
Къуэжем электричествэ къэкlуэху, зэрызэпыщlэныгъэ закъуэр рэдио фlэкl нэмыщl зыри диlэтэкъым. Батарейкэхэр псынщlэу едмыгэухын папщlэ рэдиор мэщlэдыдэу lутхт. Абы щыхьэ еджапlэм нэмыщl тыркубзэ зыхэтхтэкъым. Ди сабиигъуэм анэдэлъхубзэр къызэрагъэщlэнымрэ къызэригъэсэбэпынымкlэ щыlагъуэ дыдэт. Махуэ гуэрым электричествэм щlыгъуу къуажэм телевиденэр къыдыхьащ. Радиом нэхърэ нэхъ куэдкlэ зэзыпхышхуэ зиlэ телевиденэр унэ псом щlэгъуващ, а къежьапlэр унэм анэдэлъхубзэр къызэригъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ хэлъу зэран хуэхъу щlидзащ. Ди жагъуэщи, къыкlэлъыкlуэ лъэпкъыгъуэхэм я анэдэлъхубзэр ягъэщlэным я зэфlэкlыр нэхъ мащlэ хъуауэ щlидзащ. Къуажэхэр анэдэлъхубзэр зегъэщlэным я нэхъ щытыкlэ псэуалъэу зэрыщытыр нобэ къудей хъуащ, зэпсалъэ lэмэпсымэ лlэужьыгъуэ лъэпкъыгъуэхэмкLэ мыхъуауэ къауэ.
Курыт еджапlэм дыщыкlуам жыжьэу дыщыlэти, адыгэ еджакlуитl къудейуэт классым щlэсыр. Сэ си гугъэщ, ди тыркубзэр тlэкlу адыгэ акцент зыхэлъти дыукlытэти классым апхъуэмбэр къэтlэтыфтэкъым. Икlэм икlэжым зы махуэ гуэрым фlыуэ сэлэжъыри географие дерсым сыкъэтэджыри къэспсэлъас, сыщытlысыжам сымэхын хуэду сыхъуэт. Иужькlэ еджэныгъэмрэ lуэху гъащlэмрэ сэ си анэдэлъхубзэр куэдкlэ нэхъ мащlэу къэсхьэлlащ.
Сыт щыгъуи си анэдэлъхубзэр си сабиигъуэм и бзэщ. Си анэм и лъагъуныгъэ псалъэхэр, гурыlуэгъуэхэр, гущэ псалъэхэр, дзэпэ уэрэдхэр щызыхэсха, си къуэшхэм, си шыпхухэм, си ныбжьэгъухэм сащыдэджэгукlкэ, дыщызэзауэм щыгъуэ дыурылъа, ди хабзэхэр, ди гушыlэхэр щызэзгъэщlэ бзэр си анэдэлъхубзэ адыгэбзэщ. Си анэдэлъхубзэм и фlыгъэкlэ, адыгэ хьэщlапlэм щыщу литературэм и псыгъуэкlэр сощlэри абыкlэ гухэхъуэ къысхуохъу. Сэркlэ гуфlэгъуэщ зэзгъэщlэфащ. Иджырей лэханэм, псэлъэн къуэдейр ирикъунукlым жысэри, седжэфын сытхэфын щхьэкlэ адыгэ алфавитыр зэзгъэщlэщ. Макъхэр зэхэслъхьэурэ псалъэхэр къэзыгъэхъурэ гъэщlэгъуэныфl гуэр зэрыщысэр, дунэйм дахагъэ куэд къыхьэслъхьэ хуэдэу къысщоху. Мы тхылъыр си анэдэлъхубзэ Адыгэбзэкlэ сытха япэ тхыгъэщ.
Мы статьяр къыщlэддзэным ипэкlэ си къуэмрэ сэрэ тщlэупщlащ интернэтым: адыгэбзэ дунейм къыщыпсэлъэр цlыхуий мин 600 хуэдизщ, икlи бзэ кlуэдыжунухэм я хэтщ. lуэхум ищытыкlэр сыту гущlэгъуэ. Зы бзэм, зы културэм, зы фэр къегъэлъагъуэ. Бзэр културэр къэзгъэкъуэтэщ, бзэр щымыlэмэ, културэри кlуэдыжынущ. Хэт ищlэрэ, нобэм къэсыху сыт хуэдиз анэдэлъхубзэ кlуэдыжау пlэрэ? Анэдэлъхубзэхэр мыкlуэдын папщlэ цlыхухэм яхъумэн хуейщ, ирипсэлъэн хуейщ, иритхэн хуейщ, иреджэн хуейщ… Cэ сызыхуейр анэдэлъхубзэхэр зэпымыууэ псэуну…