Метхьие (Мударей)

Къэбэрдеи къуажэ. Къуажэр Кайсери къалэм епха Азей районым ищlыр щыухым нэзымкlэ къыщысщ. Кайсери къалэм 170, Азей районым 76 км пэжыжьэщ.

Къуажэм нобэкlэ унэгъуэ щэщl хуэдиз щопсэур, дэсхэм зэпсоми lэщl япыщlащ, гуэдз хэзысэ щыкуэдщ. Псэуныгъэ хъарзынэ яlэщ.

Къуажэм япэрей зэманхэм цlэрыlуэу узняйлэм щыпсэу Адыгэхэм пщlэ къыхуащlу унафэ хуэщlу цlыху куэд щыпсэуащ, хабзэ яхэлъу зы къуажэу щтащ. Нобэи аращ я Адыгэ гупсысэр лъагэщ.

Цlэрыlуэу щыпсэуахэр;

Адэмей Хьэфиз Али Ефэнды, Хьайреттин, Къардэн Аслан, Муса, Расим, Дыгэш Аслан, Нияз, Нэзар Хъалис, Къоши Наил, Хьакъи, Ныбэжъ Зия, Фикри, Жанхъуэт Тlауг, Мэремкъул Исмаил, Рыза, Хьэжбекир, Мэрзей Илхьан, Нафи.

 

Дыщэкl Аслан, Бэдрэддин, Алаудин, Бадзэ Хьилми, Рушти, Бэдракъ Хьилми, Мухьарбий Кемал, Мэмбэт Рэшад, Нэзар Сэлами, Локъмэн, Хьасан, Цыгъум Умар, Назир, Тхьэмокъуэ Амырбий, Мэмэт, Емин, Хьэщlэуэд Нури, Нэжми, Къанкъущ Фикри, Лъостэн Сабри, Махьир, Куртхэ Рамазан, Фехьми, Теувэж Музаффэр Ефэнды, Жылэтеж Щыддикъ, Вэрокъуэ Тахьсин, Хьасан, Хьэшокъ Муса, Лlыкlыхь Къасым, Шоукъал Нияз.

Цlэ хъарзынэ зэрахьэу щыпсэуахэщ.

Къуажэр узняйлэм ита къуажэхэм елъытауэ къуажэшхуэщ хужыпlэну зы къуажэу щтащ. Лъэпкъ унэгъуэ куэд щыпсэууи щтащ. Нобэкlэ ипэм хуэдизу куэд дэмысыжми къуажэм къалэхэм дэпхъыхьауэ дэс цlыхухэм къуажэм псэуапlэ щызэрагъэпэщыжу къокlуэжри гъэмахуэ икlух къуажэм досхэри Бжъыхьэпэм я лэжьыгъэ къырахьэлlэжа нэужьым щыпсэу къалэшхуэхэм мэlэпхъуэжхэр.

Кайсери къалэм Мударей щыщу унэгъуэ щитт хуэдиз щопсэур. Илъэс зыбжанэ ипэ къуажэ хасэ къыщызlуахащ и мылкур къащэхужри. Зэкъуэжэугъхэм я гуфlэгъуэ я нэщхъеягъуэ зэпсори хасэм и щlэныгъэ дахэмкlэ здэlэпыкъурэ ирагъэкlуэкl. Мы хасэр lуихынкlэ Хьэщlэуэд Нэжми егъэджакlуэм и къару куэд хилъхьащ.

Къуажэр япэдыдэ къыздэтlыса щlыпlэр ермэлы тlысыпlэуэ джауроренкlэ зэджэуэ зы къуажэщ. Адыгэр къыщытlысам ермэлы дэмсыжу жаlэжыр. Ауэ ипэ щlымахуэм хуэзауэ щlымахуэр ткlий еlуэ хуэзэри гугъуехь куэд хэтахэщ. Я унэхэри тэмэму ямыщlауэ.

Метхьие Мударей Къэбэрдеи къуажэ; Къуажэр хэкум Жамботей елбыздыкъуейрэ Черек къикlа унагъуэхэм яухуауэ зы къуажэщ. Къуажэм я къэтlысыгъуэр 1867 гъэм хуэзэр. Кхъухькlэ хэкум къикlа нэужь илъэс зы тlукlэ Токъаткlэрэ тlысхэри иужъкlэ Узняйлэм Гаурорен жыхуаlэ щlыпlэ къэтlысахэщ. Ипэдыдэ къэкlуа унагъуэхэр Жылэтэж, Жанхъуэт, Къоши, Дыгэш, Тхьэмокъуэ, Нэзар унагъуэхэрщ Абы иужькlэ 1869 гъэм хуэзэуэ пщы Мудархэ я пащэуэ унэгъуэ зыщыбл къэкlуащ. Бэдракъхэрэ Бадзэхэрэ мы гупым ящыщщ. Дыщэкlхэ Кушмэзыкъуей, Мэсейхэрэ Мерэмкъулхэрэ Джлахъстэней къикlахэщ. Иужъдыдэм Адэмей Хьэфиз Али Ефэндырэ Мэрзэейхэрэ, Цыгъумхэрэ хэхэсу къыдэтlысхьащ.

Къуажэм ицlэр зрата пщы Мудар лlыжьдыдэуэу къэкlуэу къэкlуа нэужьи куэдрэ мыпсэуауэ быни имlэуэ жаlэжыр.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz