ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
155

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщlэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщlапlэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“Тхылъымпlэ кхъухьхэр”) зи фlэщыгъэ тхылъыр, тхакlуэм и lэ щlэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

Екlуэкlыу: 3. Узыкlуэцlрымыплъыф хьэуа. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ. 10. Зи пэр щимэу пылъыкlа мастэ пlащэ. 13. Ди къэралым и щlыналъэм щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, километр мини 4-м щlигъу и кlыхьагъыу. 15. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпlэ. 16. Къурlэным и зы пычыгъуэ. 18. Псым и … макъ. 21. Зипхъу ирахьэжьам е зиш ирахужьам кlэлъыщlэпхъуа гуп. 22. … дарий е … хьэпlацlэ. 23. Зи нэхэр куууэ ис. 27. Шыуанышхуэ. 29. Шэжыпс гъэфlэlуа. 30. lэпхъуамбищ зэбгъурылъым и бгъуагъым хуэдиз. 31. Мыщэм фlэбэлацэ хьэкlэкхъуэкlэ. 32. Путин Владимир 2008 гъэм и япэ къуэдзэ. 35. lугъуэ куэдрэ зыщlихум трищlэр. 40. … бэлътоку. 41. Гъэшхэкl. 44. Мэлыцl щабэ. 46. Хьэцэпэцэ лъэдий закъуэ. 47. Къуалэбзу. 49. Гъукlэ lэмэпсымэ. 50. Нарт фызыжь Уэрсэрыжь и фlыгъэкlэ Лъэпщ ищlа мэкъумэш lэмэпсымэ. 51. Лlыгъэшхуэ зыхэлъ, къимыкlуэт. 52. Кавказым щыпсэу лъэпкъ. 54. Къэрэгъул, плъыр…

Къехыу: 1. «Къуэш … нэхърэ ныбжьэгъуфl». 2. Бдзэжьей зэрещэ. 4. Пхъэщхьэмыщхьэ. 5. Адыгэ композитор, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтыр зрата. 6. Нарт лlыхъужь. 7. Фэ lув гъэтэджа. 9. Тепlэнщlэлъын. 11. «… зытl йохуэж». 12. Щакlуэ фочышэу къагъэсэбэп бдзапцlэ хъурей цlыкlу. 14. Уафэм къех псыlагъэ. 17. Гъукlэ lэмэпсымэ. 19. Джэду лъэпкъым щыщ хьэкlэкхъуэкlэ. 20. Хабзэм ебакъуэхэр пасэм зрадзэу щыта мащэ куу. 24. Щlымахуэ щыгъын. 25. Пасэрей фоч. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлlэ псэущхьэ шынагъуэ, къуажэ псыр иубыду. 28. Чыцэм къыпыкlэ пхъэщхьэмыщхьэ къащхъуэ-фlыцlафэ. 30. Кlэстумыпхъэ. 33. lэпслъэпсым щыщ. 34. Къуэкlыпlэ гъунэгъум щыlэ хьэрып къэрал. 36. «… зэхэдзэ нэхърэ lыхьэ зэхэдзэ». 37. Тхылъымпlэ шыхьа, сэхуран, н. къ. иракlутэу. 38. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу уэрэджыlакlуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цlыхубэ артист. 39. Мэкъу зэтелъхьа, lэтэ зыкъом хъууэ. 42. Лы лей зытелъ. 43. Адыгэ таурыхъхэм хэт щlалэ хьилэшы цlыкlу, иныжьхэм акъылкlэ ятекlуэу. 45. Нэщl мазэм тхьэмыщкlэхэм ират lыхьэ. 48. Хьэрыпыбзэкlэ къабж нэмэзыбзэ. 50. Пашэ, пэрыт. 53. «… вы бжьакъуэм къокl». 55. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащlэ цlыкlу.

 

№ 49 2024 Мэкъуауэгъуэ мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:

Екlуэкlыу: 6. Къаздэхъу. 7. Сос. 8. Лъостэн. 9. «Батырыбжьэ». 12. Къанж. 14. Джанэ. 15. Мурад. 16. Индыл. 20. Бэрэгъун. 21. Быж. 22. Бахъсэн. 25. Амдэч. 26. «Сурэт». 30. Кlарэ. 31. Нэгъуч. 32. Джэрмэншык. 34. Жэгундэ. 35. Хьэл. 36. Анэмэт.

Къехыу: 1. «Таукъан». 2. Лъэмб. 3. Созрэщ. 4. Молэ. 5. Бэджынэ. 10. Тубай. 11. Бланэ. 13. Жэмхэгъасэ. 14. Джылахъстэн. 17. Къуэдз. 18. «Сын». 19. Тэн. 23. Уэтэр. 24. Чуваш. 27. «Нахъутэжь». 28. «Азэмэт». 29. Бгъуэщlэс. 32. Джыдэ. 33. Кино.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz