«Хэкум и жьауэ фызэрыщIэтым фэ хуэмыху фищIащ»,—жиIауэ щытащ Инал лъэпкъ Iуэхум и гугъу щытщIым, и псалъэхэм гушыIэ мащIэ хилъхьэу. Фи мурадхэр къывэхъулIэным зэрыхуэфащэу ерыщу и ужь фиткъым, фыздехъулIэнухэми апхуэдэу гугъу зыщевгъэхькъым.
— Абы и щхьэусыгъуэр сыту пIэрэ, Инал?— сеупщIащ.
— Нэхъыщхьэр, сызэреплъымкIэ, тIу мэхъу,— пэгъукIыр игъэхьэзырыххэти, къыпедзэ адэкIэ.—Япэр ди хэкур сыт и лъэныкъуэкIи зэрыбейращ, зэрыдахэращ. ХъугъуэфIыгъуэу абы щумыгъуэтынур мащIэщ. ЩIыгум и IэфIагъыр щэ! Абы хэплъхьэ псори бэгъуэнущ, уелэжь закъуэмэ.
ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр зыдэслъагъур совет хъухъумэтращ. Абы лэжьэныр щIыхь къызыпэкIуэу цIыхум и къалэну КонституцэкIэ игъэуври, псори зэрызэхуигъэдэнум, псоми лэжьапIэ зарыритынум и ужь итащ. Еджэныр, медицинэ xyэIyхуэщIэр, зыгъэпсэхуныр пщIэншэт, куэдым а фIыгъуэхэр зыхамыщIэж, фэ ирамыплъыж хъуащ, мылажьэуи ефэ-ешхэным хэмыкIыу псэуныр зылъэкIхэр куэду къыкъуэкIащ.
ЖысIам епхауэ зы Iуэхугъуэм и гугъу сщIынщ. Мыбдежым щIыуэпс гъуэзыр пэрыхьэту щIым къызэрыщIашым и фIыщIэкIэ къуажэ куэдым нэсащ, здынэмысахэми гугъапIэ яIэщ ар яIэрыхьэнымкIэ. Тыркум апхуэдэ лъэкIыныгьэ щыIэкъым, къалэхэм пэIэщIэ жылагъуэ куэдым апхуэдэ гугъапIэ гуэри яIэкъым. Ауэ я псэукIэр нэхъыфI хъуным и Iэмалым сыт щыгъуи лъохъуэхэр. Апхуэдэ зы хэкIыпIэ яхуэхъуащ мыр: къуа¬жэ куэд щыIэщ унагъуэхэр вэнвей гъуэзкIэ пщафIэхэу. Къагупсысащ вэнвеилъэ хьэлэмэтхэр, я щхьэр быдэу теппIэ хъууэ, бжьамий къахокI хьэкум екIуалIэу. Абы иралъхьэ IэщышхуитI-щым къадэхар, псы тIэкIу щIакIэри и щхьэр ягъэбыдэж, куэд темыкIыуи гъуэз къитын еублэ. Зым и гъуэзыр иухмэ, къыбгъурытым итыр къаутIыпщ. НэгъуэщI Iуэху пэмылъэщми апхуэ¬дэ Iэмалым пщэфIапIэм щIихащ фIейр, унэгуащэхэм я Iуэхур къигъэпсынщIащ…
Мыпхуэдэ зэпсэлъэныгъэхэр куэдрэ дедгъэкIуэкIыу щытащ Нартокъуэ Инал, Тыркум къикIыжу 1982 гъэм Къэрэшей-Черкесым къэзыгъэзэжауэ щытам. А зэманым хэкужьым къэкIуэжахэт Инал и ныбжьэгъухэу Бидэнокъуэ Нихьэдрэ Блэнэмыхь Фэхьмий тхьэмыщкIэмрэ, Налшык къалэр псэупIэ зыхуэхъуахэр.
Инал адыгэ газетымрэ радиомрэ я редакцэхэм загъуэ-загъуэкIэрэ щIыхьэт, и лулэшхуэмкIэ тутын ефэурэ Iуэхум къыдэхуа журналистым епсалъэт. Сэри къыздэлажьэхэри мы лIым радиом дежи, Мыжей Михаил, Дыгъужь Къурмэн тхьэмыщкIэхэм я фэтэрхэми дыщыхуэзэт, си унагъуэми мызэ-мытIэу къеблэгъат.
Щхьэихауэ жыпIэмэ, щытыншакъым абы и гъащIэр къыздигъэзэжа ди хэкуми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуейуэ щыткъым. КъыщыкIуэжам Инал щIалэ къэмышэт, урысыбзэр зэримыщIэр, ищхьэ юридическэ щIэныгъэу езым иIэр ди къэралым ейм зэрытемыхуэм лъагъэкIакъым Тыркум щиIыгъа IэнатIэм хуэдэ Черкесск къыщигъуэтыну. Ауэ абы епха гугъуехьхэр Инал псалъэ хэмылъу ишэчт, хэку къыздигъэзэжар апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъути. ЗыщIыпIэм къыщымынауэ и жагъуэ хъут ди щIалэхэми нэхъыжьхэми щыщхэр фадэм зэрыдихьэхыр, ар я гъащIэм, лъэпкъ псом и къэкIуэнум зэран ин зэрыхуэхъур къазэрыгурымыIуэр, зэрызыхамыщIэр.
Инал и лъэр хэкум щыувынымкIэ дэIэпыкъуэгъу инрэ щIэгъэкъуэнрэ хуэхъуащ къыщигъэзэжам зи унагъуэм япэу екIуэлIа усакIуэ Дыгъужь Къурмэнрэ и щхьэгъусэ Лерэрэ, шIэныгъэрылажьэ Мыжей Михаилрэ и щхьэгъусэ Ленэрэ. Абыхэм щIалэр хэ-кум нэIуасэ хуащIащ, къуажэхэр ирагъэлъэгъуащ, ВакIуэ-Жылэ, Нартокъуэхэ нэхъыбэу зыщыпсэум къыщыщIадзэри, ди щIыпIэ дахэхэм нэгузыужь яшащ.
Куэд мыщIэу Инал щхьэгъусэ хуэхъуащ Елбыргъэн сымаджэщым дохутыру щылажьэ Сэкий Валентинэ, абдежми зэдэпсэун щаублащ. ЩIалэр къызэрыкIуэ лэжьакIуэу Iуохьэ Туаршы Юрэ зи унафэщI Хьэбэз АТП-м. 1983 гъэм унагъуэщIэм сабий къыщыхъуащ, пщащэ цIыкIум Данэ фIащащ. УнагъуэщIэр зэфIэувэт, гъащIэм хуэфащэ увыпIэ щиубыдт.
АдэкIэ сэркIэ мыгурыIуэгъуэ Iуэхугъуэхэр Нартокъуэхэ я унагъуэм къыщыхъуу иублащ. Зэщхьэгъусэхэр зэгурымыIуэ хъуащ. Инал лэжьапIэм къыIукIыжащ. Иджы лажьэр Валентинэт, езыр сабийм кIэрыст, кIэлъыплът. Я псэупIэр Зеикъуэрэ Елбыргъэнрэ япэIэщIэти (щымыгъуазэхэм папщIэ дгъэтэмэмынщ: Елбыргъэн сымаджэщыр и закъуэу мэз лъапэм щытщ) щIалэм псэлъэгъу къудей хуэхъун имыгъуэту езэшт. Апщыгъуэм, езым зэрыжиIэжу щытамкIэ, мэзым щIыхьэти къуалэбзухэм япсалъэт, щIыуэпсым и дахагъымкIэ и бампIэр тригъэут. Апхуэдэ махуэ гуэрым сыздэлажьэ радиокомитетым сикIри, IуэхукIэ Хьэбэз сыкIуауэ къыщызгъэзэжым, сымаджэщымкIэ дэздзыхри Нартокъуэхэ я деж себлэгъат. Валентинэ лэжьапIэм щыIэт, Иналрэ сабиймрэ я закъуэт.
— АдыгэбзэкIэ сопсалъэ, сызэреплъымкIэ жысIэр къыгуроIуэ, куэд мыщIэу псалъэну зыкъещI, и агъ-гъэ-быгъэхэр нэхъ къызэкIэлъигъакIуэ хъуащ,— жиIэт Инал гуфIэу.
1990 гъэхэм, Совет къэралым икIын-къихьэным и Iyэxyp нэхъ къагъэлэла пэтми, хэкум къэзыгъэзэжхэм дзыхь хуащIтэкъым, хабзэм ида¬ми, къэзыгъэзэжхэм яхуейтэкъым. Ар политикэшхуэ екIуэкIым и щIагъщIэбзэ закъуэтэкъым, атIэ щIыпIэ хъухъумэтми куэдкIэ епхат, елъытат…
Нартокъуэ Инал и гъащIэр зэрыхъуар апхуэдэти, 1985-1986 гъэхэм зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкIыжри, Инал Налшык кIуащ.
Зи фIыщIэр нэхъри ин хъун ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыдэIэпыкъури, общежитэм зы пэш къыхузэригъэпэщар пcэyпIэ хуэхъуауэ щытащ. Апщыгъуэм Черкесск къакIуэ зэпытт и пщащэ цIыкIур илъагъуну. Сыщымыуэмэ, 1991 илъэсым и щхьэгъусэ Валентинэ дунейм ехыжри, сабийр и анэ шыпхъум зришэлIэжащ, Инал езым и деж ишэжыну дауэ щIэмыкъуами…
Данэ фIы дыдэу еджащ. Дыгъужь Лерэ зыщылажьэ Черкесск дэт е 16-нэ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къиухауэ Москва ме¬дицинэ институтым щIэсащ. Инал гурыфIэгъуэ мыухыжу иIащ и пщащэр езым и анэм зэрыригъэлъэгъуар.
СощIэж, и къуэшым хуэдэу фIыуэ илъэгъуа Дыгъужь Къурмэн 1984 гъэм зарылIap ину гуауэ зэрыхуэхъуар, жыпIэнумэ, и щIылъэныкъуэр гуэхуауэ къыщыхъут. Тхьэмахуэ псокIэ ар Дыгъужьхэ я унагъуэм щыIат гуауэшхуэр ядигуэшу. Аргуэрыжу 1992 илъэсым Мыжей Михаили дунейм зэрехыжар къыщимыгъащIэу зыхищIащ, фIы дыдэу къыгурыIуэт лъэпкъым фIэкIуэдар зыхуэдэр. Куэд мыщIэу (2000 гъэм) езы Инали абыхэм якIэлъыкIуэжащ, Хэкум гу щимыхуэу.
ГукъэкIыж мытыншхэм щIызгъужмэ сфIэигъуэт мыр. Тыншакъым Нартокъуэ Инал хэкум и къэкIуэжыкIэ хъуари и псэукIари. Жагъуэ зэрыхъущи, ар зыхужыпIэ хъунур мы лIым и закъуэкъым. Пэжым нэр ирещI жыхуаIэращи, Инал и гъащIэм зыпэщIэхуа гугъуехь иным лъэпощхьэпохэм щхьэихауэ я гугъу щIэтщIам щхьэусыгъуэ иIэщ: хэхэс адыгэхэу къытхэхьэжыным тегушхуэхэм ящIэн хуейщ хэкужьым къэгъэзэжыным IэплIэ-ешэкI щыпкъэ хъухъумэтымкIэ зэрыхэмылъыр, дяпэкIи щIэх зэрыхэмылъынур, ерыщагъэ яхэлъу я мурад дахэр зыIэрагъэхьэным, зыпэмыплъа гугъуехьхэр гуэщIыным хуэхьэзыру зэрыщытыпхъэр.
УФ-м и журналистхэм я Союзым хэт, щIэныгъэрылажьэ
Братхэ Хьэсин и гукъэкIыжхэм щыщщ
Черкес Хэку