Ди газетэм зэрытетащи, «Шагъдий вагъуэбэ» зыфІаща шу зекІуэу Адыгэ Республикэм щекІуэкІам, бысымхэм нэмыщІ, хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икІа щІалэхэри.
Къулъкъужын къуажэм щыщ нэхъыжьыфІ, зэрыцІыкІурэ шы гъэхъуным пыщІа Бабыгуей Сосрыкъуэ (Мухьэмэд) къэпсэлъащ: «Адыгейм щызэхэтшэ шу зекІуэм укъыддыхэтын хуэдэу, ныддежьэ. Пщэдей мыхъумэ, махуэ зыбжанэ дэкІауи уныткІэлъыкІуэ хъунущ. Зы щІыпІэ деж дыщызэрихьэлІэжынщ».
СыздэкІуэм щІагъуэу сызэрыщымыгъуазэм къыхэкІыу мурад сщІащ, япэщІыкІэ Мейкъуапэ сынэсу, абы дэс си цІыхугъэ, хьэщІэкІэ фІы, Тыркум илъэс 30 ипэкІэ къиІэпхъукІыжауэ щыта Бэрзэдж Убых деж а жэщым сыщыІэу, етІуанэ махуэм Краснодар (Бжьэдыгъу къалэ) лъэныкъуэкІэ есІуэнтІэкІыну. АбыкІэт шухэр щызэхэзекІуэр.
Бэрзэджыр сызэрыщыгугъауэ къысхущІэкІащ. Уеблэмэ, автобусым ситІысхьауэ сыздэкІуэм, езыр къысхуэгузавэу къэпсэлъэжат: «Сыдэмысу укъэсмэ, пщІантІэм узэрыдыхьэнури, унэм узэрыщІыхьэнури къыбгурызогъаІуэ», – жиІэу.
… А пщыхьэщхьэм Бэрзэдж Убых и унэ сисащ. Езыри Іуэху гуэр иІэу дэкІати, мыгувэу къигъэзэжащ. Иджырей ди зэдэуэршэрым сызыхуиша гупсысэщ мыри: укъызыхэкІа лъэпкъым, зихъумэжын папщІэ, удэІэпыкъуныр зэрыІуэху гугъур, адыгэу дэнэ къэрал исхэри (Хэкужьым щыпсэухэри дахэту) дыкъэзыухъуреихь лъэпкъышхуэхэм тІэкІу-тІэкІуурэ дазэрыхэшыпсыхьыжым и гукъеуэр нэгъэсауэ зыхэзыщІэхэм Бэрзэдж Убыхи зэращыщыр.
Гъуэгуанэм адэкІэ пызощэ
Бэрзэдж Убых, сыкъызэригъэгугъам тету, сызылъыхъуэ шууейхэм салъэщІигъэхьэжын мурадкІэ, Мейкъуапэ дэт автовокзалым къыкІэлъыкІуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм сынигъэсащ. Абдежым Краснодар кІуэ микроавтобусым ситІысхьащ…
Афыпсыпэ зызогъэцІыху
Сыдыхьащ шууейхэр а пщыхьэщхьэм къыщыувыІэн хуей Афыпсыпэ къуажэм. А Іуэхум теухуа гуфІэгъуэ зэхыхьэр щекІуэкІынур а жылэм дэт курыт еджапІэм и пщІантІэрат.
– МыдэкІэ укъакІуэркъэ, ныбжьэгъу, уи закъуэу ущымысу! – жиІэри, лІы гуэр си дежкІэ къеплъэкІащ. Ар (иужьым щыгъуазэ сызэрыхуащІамкІэ) къуажэ администрацэм и Іэтащхьэ ШІуцІ (ФІыцІэ) Къазбэчт.
ФІэхъус щысхым, псори къызэщІезгъэубыдэу хуэму си щхьэр згъэщхъри, сабгъэдэтІысхьащ. Я уэршэр макъым зыбжанэрэ седаІуэ иужь, сэри зыгуэрхэр яхэжысІыхьу щІэздзащ. Ауэрэ, абдежым щыс щІалэхэр зэзгъэцІыхуащ, сыкъыздикІар зэкІэ къазэрезмыгъэщІэным сыхущІэкъуу. АтІэми (ар къэлъытапхъэт), тхьэлъэІур щызэщІэуІуэ щІыпІэм щызэхуэсхэм плъапІэ нэхъыщхьэу яІэр гъуэгу тету жылэм къыхуэкІуэ шухэр арат. Сызыхыхьахэм заулрэ сахэсащ, я адыгэбзэм сыдихьэхарэ сыщІэдэІункІи зыщызмыгъэнщІу, я анэдэлъхубзэм и ІукІэ, и тхыкІэ-сытхэм зыщызгъэгъуазэу, щІыпІэцІэхэр зэзгъащІэу, школ пщІантІэм дэт сабийхэм я псэлъэкІэр згъэщІагъуэу. СыкъыздикІар зэуэ къезмыгъэщІами, къызбгъэдэсахэр дэгъуэу зэзгъэцІыхуащ, Іэджэми дытепсэлъыхьащ.
Ауэрэ, си псэлъэкІэм гу лъызыта къыІухьагъащІэхэм ящыщ зыр къызэупщІащ: «У-Куэшхьэблэ?» – жиІэри. Сыт сщІэжынт? Къэбэрдеишхуэм сыкъызэрикІар сыбзыщІынт? Іуэхур здынэсам, зыкъэзумысми хъуну къэслъытати, «Налшык сыкъикІышт», – естыжащ абы жэуап.
Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм
Махуэшхуэм и щlыхькlэ, Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапlэм шыщхьэуlум и l-м lуэху дахэ щекlуэкlынущ.
Пшыхьым сыхьэт 14-м щlидзэнущ. Ар ягъэдахэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыlакlуэ пажэхэмрэ къэфакlуэ гупхэмрэ. Апхуэдэуи адыгэхэм къадекlуэкl lэмэпсымэхэр, лъэпкъ фащэхэр, сурэтыщl цlэрыlуэхэм я lэдакъэщlэкlхэр абдеж щагъэлъэгъуэнущ. Пшыхь нэужьым адыгэ джэгу ящlынущ. lуэхум хэтыну гупыж зиlэхэр ирагъэблагъэ.
Шууейхэр къыщыІухьэм
Афыпсыпэдэсхэр шу зекІуэм хэтхэм апхуэдизу гуапэу яІущІати, псалъэкІэ къыпхуемытхэкІыжыным хуэдизщ.
Бысымхэри хьэщІэхэри Іухьащ Урыс-Кавказ зауэм лІыгъэшхуэ щызезыхьа, адыгэ ІуэрыІуатэми урыс дзэпщхэм ятхыжа дэфтэрхэми зи цІэр къыхэна ЩэрэлІыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къэзбэч (Казбич) и фэеплъым. Нэхъыжьхэм дыуэ щызэдащІым сызэгупсысаращ: «Еплъыт иджы, мыхэр ІуэхугъуитІым гъунэгъу зэрызэхуищІам: Урыс-Кавказ зауэм и лІыхъужь нэсу къалъытэ ЩэрэлІыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къэзбэч и фэеплъым пщІэ зэрыхуащІымрэ псэщІэ Іуэхугъуэу къызэдагъэлъагъуэмрэ», – жысІэри.
Адыгэ хэгъэгухэм я шууейхэм а щІыналъэм къызэрыщызэдакІухьар абы щыпсэухэм дежкІэ апхуэдизу зыгъэгушхуэщ, я щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужщи, щекІуэкІар куэдрэ ягу къызэрагъэкІыжынум шэч къытетхьэркъым…
Абы и щыхьэтщ, ищхьэкІэ зи гугъу тщІа Бэрзэдж Убыхи ещхьу илъэс бжыгъэ ипэкІэ Тыркум къиІэпхъукІыжа Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи (шу зекІуэм хэтащ), ди упщІэхэм я жэуапу, щыгъуазэ дызыхуищІахэри.
Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи
– Шы дэ езым зетхуэу щытащ къуажэм, Тыркум дыщисам. Сысабийуэ сощІэж, шыуэ пщІы-пщыкІутху хуэдиз ди пщІантІэм щыдэта. Мыдэ Кавказым къыщызгъэзэжам, гъуэгум срикІуэу шу слъэгъуамэ, сыбгъэдыхьэурэ селъэІурт: «Уа, хъуххэнумэ, зэ дыгъэшэси, дригъакІуэ» жысІэурэ. Ауэрэ здекІуэкІым, шы зыфІэфІхэм гу къыслъатэри зыкъысхуагъэзащ мыпхуэдэу: «Шы пфІэфІмэ, неуэ, атІэ! Куэд дэмыкІыу дышэсынущи, нэхъыжь сатырым нытхухэувэ!» жаІэри.
Хамэ щІыпІэ дыщыІа щхьэкІэ, Хэку хъыбаррэ лъэпкъ гугъурэ ди нэхъыжьхэм зы махуи зы сыхьэти дыщагъэщІакъым. Сыт хуэдэ ІуэхукІи фІым тепсэлъыхьынумэ, щапхъэу къытхуагъэлъагъуэр арат. Мис апхуэдэу, Хэкур жэнэт щІыналъэу къытщагъэхъуу дыкъагъэхъуащ.
Я лъэр къамыхьэсыжыфми, я псэр мыбыкІэ щыІэу, я гур мыбыкІэ къеІэу, радио щІагъэнамэ, Мейкъуапэ е Налшык адыгэбзэкІэ къратыкІхэм едаІуэу къекІуэкІащ.
Ауэрэ, Алыхьталэм насып къыдитри, Хэкум ди лъэр къэтхьэсыжащ. «ЩІыналъэр къызэхэткІухьынщ, зэдгъэлъагъунщ» жытІэри, мыбыкІэ дыкъежьащ. Ари шууэ, щІым дылъэІэсу, къэкІыгъэм дыхэплъэу, псым дыхыхьэу! А псор, дауи, «зи щхьэ закъуэр къуажэ хъун?» зэрыжаІэу, си щхьэ къудейкІэ къызэхъулІэнутэкъым. Мы фІыгъуэр къыдэзыгъэхъулІар, тобэ ярэби, адыгэхэр зэрыс щІыналъэхэм я щІалэ ахъырзэманхэу мы Іуэхум зэришэлІэжахэрщ, нэгъуэщІу жытІэмэ, езы лъэпкъырщ.
Мыбы ипэ къихуэу, Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми, Шапсыгъми шыр фІыуэ зылъагъуу ис щІалэхэр ИнтернеткІэ зэрыцІыхури, зыкъомрэ жыжьэу зэпсэлъат. Я акъыл, я мурад зэрызэтехуэр щалъагъум, «ИнтернеткІэ дызэрыщІэ къудей мыхъуу, дызэхуэзэ щхьэ мыхъурэ?» жаІэри, япэщІыкІэ Къэбэрдейм дыщызэрихьэлІащ. Мис абдежым къыщежьащ «Шэрджэс зекІуэм» и лъабжьэр.
Флъэгъуащ, зи лъэ вакъэ изылъхьэфыр къытпежьэу, къытщыгуфІыкІыу дызэрагъэлъэпІар! Хэкум и зы кІапэм щыпсэухэмрэ адрей кІапэм щыщхэмрэ анэдэлъхубзэкІэ дызэпсэлъэжыфу дыкъызэрекІуэкІар! Абы къигъэлъагъуэр сыт? Къигъэлъагъуэращ: лъэпкъыр дзейуэ, Іущу, губзыгъэу, дахэу, шынагъуэ къимыгъэхъуу, бжьэ матэ имыпыджэу, мыщэ къимыгъэушу, Іуэхум яужь ихьэмэ, фІыгъуэ Іэджи зригъэхъулІэфынущ, нэхъыжьыфІхэми, Іуэхузехьэхэми, унафэщІхэми къыдаІыгъыу, щІалэгъуалэми къыдащтэу…
Тхыгъэри сурэтхэри Къумахуэ Аслъэн ейщ.
Адыгэ Псалъэ