Илъэсит ипэ Хэкум сыщыlауэ, синэ къыхукlт, сыкуащэрэт, слъэгъуащэрэт жызигъэlэт си гум. «Ди бзэ Ди псэ» гуп сызыхэтым и унафэщ Дыгужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид Жорданым и дзэм генералыу хэтау, тынщыгъэм хэкlауэ Амман щопсэу. Тэлэфонкlэ дыщызэпсалъэхэм зэм, зыдэщlыгъуу дыщыlэн хуэдэу дыгъакlуэ зыжетlауэ; Ауэ сэ хуэбащэр къызэзэгъкъым, бжыхьэ хуэкlуэу дыкlуэмэ нэхъ къызэзэгъынущ къызжиlауэ абы тедубыдат. Мухьэмэд Хьэмид и узынщагъэкlэ и гур къемызэгъ щыхъум, нызырымыкlуэфынур къыщыхэщым сэри сыкъэбырсеяуэ, сызырыкlуэнури хэкум щызыхахауэ кыспэплъэ щыхъум, Гурзинынкlэ-Вилади Кафкас-Къабэрдейм машынэкlэ дыкlуауэ, овтобускlэ сыкъэкlуэжауэ и гъуэгури сщlэт. Си машынэмкlэ сыкlуэнум тезубыдащ. Сыщыкlуэм абыкlэ кlуэ обтобусхэм зым икlэлъхьэужьу сыкlуэн си гугъэу.
Мащынэкlэ сызырыкlуэнур щызыхахым щыгъуэ нэкlуэн гъусэхэри къыкъуэкlащ. Унэж Айдын Майкъуапэ дэтысхьэжауэ, Тыркум къэкlуэжауэ унагъуэкlэ ягъэзэжыну, гъуэгу гъусэ дызыхуэхъуащ. Фокlадэм еплlанэрей (4.) махуэм дежащ. Сэ Налчик нэст иджыркlэ сызыдэкlуэнур. Яужкlэт Черкеск, Майкъуапэ сыщыкlуэнур. Си гъуэгуэгъухэр Майкъуапэ нэзгъэсыу, Унэжхэ ядей махуэ зы тlущ сыщыlэу абыкlэ щыщlэддзэми хъунут.
Адыгейм щыщlэддзащ. Майкъуапэ Къалэ уэрамхэр тlэкlу зэдгъэщауэ, Фокlадэм 7-8 махуитlым хуэзэу, е пщыкlущанэрей (13.) кхъуейм теухуауэ зэхуэсышхуэм (фестивал) дыхэтащ. Мы зэхуэсым дызышар Сей Муратщ. Мащынэм гъунэгъуу гъувыпlэ дыгъуэтыфын папщlэ пасэ дыдэ дежьащ. Зэхуэс щыпlэм пэмыжыжащэу гъувыпlэ хуэдгъуэтащ Машынэми. Щыджагъуэ хукlуэу къекlуэлlахэм мащынэм гъувыпlэу яхуэгъуэтар зыхуэс щlыпlэм 5-6 км пэжыжэт.
Зэхуэсыр, Адыгейм и нэхъыщхьэу (президент) Кумпыл Мурат и зы пэублэ псалэкlэкlэ lуахащ. Зызыгъэлъагъуэ зыфlэфl гупхэм хухэхауэ къэхуэхьауэ щыпэхэр хухахат. Кумпыл Мурати а щlыпlэхэм зэрыз зэрызыу lууэуэ фlэхъус ярихирт. Ахэм зым зыхуэзгъазэри, и цlэмкlэ «Мурат» жысlэу сэджэу зытезгъэувыlэхьащ. Тыркум Кайсэри къалэм сызырикlар, сызырыщыхьащэр, Фlэхъус есхыу, сызырэщlэупщlэнур, игъуэу илъагъумэ фэеплъу къэнэну зы сурэт зытыредгъэхмэ си гуапэ зэрыхъунур къыхэзгъэщащ. И гуапэу, Фlэхъус есхащ, дызыщlэупщlащ. Сурэт техыным хузэгъэпэща (тэлэфон) машынэри сlыгът, дэ зытетхыжынут, дыгъэр ди щlыбагъымкlэ щыlэу нахуэу ттекlынутэкъым. Дыгъэмкlэ зыдгъазэри, – къащтэ сэ птесхынщ, жиlэри ттрихауэ и зы фэеплъу къысхуэнащ. Мы махуэм Бади Каплан, Гума Лариса, …ди бзэгъу куэд тлъагъу дызэрыцlыхуащ.
Майкъуапэ Музейм Абрэдж Нуретэ зы махуэм, адырей махуэ Мэфэшlыкъо Шэнгул кlыхьыу, гъэлъагъуэу хъуам тхутепсэлъыхьащ.
Къэтlэщlакуэ (аркэолог) щэныгъэлэжь Тау Аслан Майкъуапэ културэм, и тхыдэм тхутепсэлъыхьащ.
Зы пщыхьэщхьэ тлагъуну дызыхуэкlуа шыкlэпщынэм хуэlэзэ Гъучlэ Замудин, и лэжьыгъэхэм, Жапоным ирагъэблэгъауэ, зыралъыта лэжьыгъэхэм къытхутепсэлъыхьащ.
Карачай-Черкеск Къалэ Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Аслан Али дырихьэщlащ. Унэж Аслан, Муаед дызэгъусэу Хьагъундыкъуэй Нып Бжэпэм дыкlуауэ Хутэ Аслан, бжьэпэм тещlэхьа сыным, Музейм щызыхуэхьэса lэмэпсымэхэм къытхутепсэлъыхьащ.
«Черкес Хэку» газетым и 100. Гъэм хуэзэу дыригъэблъэгъауэ Нэхъыщхьэ тхакlуэ Абидокъуэ Люсанэ, Хьэтай Мадина дарихьэщlащ.
Мэрзыфон къалэм епхьа Бэслъэнэй къуажэдэсхэмрэ Черкеск Епха Бэслэнэй унагъуэхэр зэрызгъэцlыхуж сфlэфlыу Уэхътэ Алэксандыра къуажэм сишэну псалъэ къызитат. Узынщагъэкlэ и пкъыр къыдэмыбзэу дирихьэлlауэ дыкlуэфакъым.
Черкеск нэужь Налчиккlэ дыунэтlащ. Ди гъуэгур, абыкlэ дыщыкlуэм Зейкъуэ Къуажэ ди къуэш Токъмакъ Азик къыдэжэу дырихьэлlащ. Дирихьэщlауэ Налчик дыкъэкlуащ.
Ди щlалэгъуэм хуэзэу Къайсэри къалэм къэкlуахэу дыщызрыцlыхуа Арт лэжакlуэ Мысост Уадим, Къумахуэ Мухьэдин (иджы Култур Министэрщ) тхулагъуну ди гугъэу Щоджэнцlыкlу Али и тиятрым дыкlауэ Мысост Уадим, Хьэмырзэ Ахьмэд, Шыбзыхъуэ Басир, Кардэн Заур тлъэгъуащ дызыбгъэдэсащ. Къумахуэ Мухадин Пэтэрсбургкlэ щыlэу тхулъэгъуакъым.
Ныбжыф зиlэ ауэ и макъ лъэщым зи хэмыщlауэ и гущыlэ уэрэдхэмкlэ фlыуэ ялаъагъу Шэт Мухьэмэд-Шэт Фатимахэ дарихьэщlащ. Я макъ лъэщ зэкlужым нэрылъагъуу дедэlуащ. И пхъу нэхъыж Щэт Марина ди нысэщ. И пхъу нэхъыщlэ Шэт Мариянна узыншагъэм теухуауэ «Клиник» хуlуахыным и дауэдапщэм дырагъэблэгъауэ, дахэтащ, ди гум зиужьыу дахэплъащ.
Гуфlэгъуэри ядэдгуэшащ, гуауэдэх, дыуэщlыми дыхэтащ. Тыркум икlыжу Хэкум дэтысхьэжауэ, абы университэри къыщиухау, и lуэху ищlэжыу, цlыхухэми фlыуэ къалъагъуа Къейтыкъуэ Мухьэррэм и дунейр ихъуэжауэ, жэнэтыр хапlэ хуэхъуну едгъэхыжащ. Гуауэдэхым Тыркум Кайсэрым дызырикlар ящlэт. «Дах» тхьэмадэ Сохъурокъуэ Хьэути, фэхус зэтхьащ. И гуапэ хъуауэ дыригъэблэгъащ, гуауэдэхыр зыфlэка нэужь. Дызыдэуэршэращ. Зыгуэрэхэмки щlэупщlащ. Си тхылъыми lэ хущlэздзэри естащ. Езыми кытщхьэпэну къыфlэщ тхылъхэр къыдитауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэдэхэхым, (дымыделегацэми) ды хьэщlэу дыхэтми и гуапэ зэрыхъунур къыхигъэщыу дыригъэблэгъащ. Дахэтащ, телэвизэхэм упщlэ къытхуащиящ. Президент Кlуэкlуэ Казбэк, адырей псэлакlуэхэм дедэlуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи Тыркум икlыу нэкlуа «Каффэд»ым и тхьэмадэ псалъэхэр тэрмэщкlэ зырадзэкlауэ дедэlуащ. И кlэухым Гуитl, щхьитl къыхэмыкlыу Сохъурокъуэ Хьэути «Дах»м и тхьэмадэуэ хахыжащ. Тхьэм тхуэмахуэн ищl.
Щытхъу тхылъ зыхуагъэфэща прф. Дол Анжелэ къыщыпсалъэм, «сэ си бзэкlэ сыпсэлъэжынуж» и жыlэкlэр сигу ирихьауэ; къыщыщlэкlыжым зыхуэзгъазэри, Тыркум сызырикlар езгъащlэу, гурыхь къысщыхъуа и псалафэ щlыкlэм сытепсэлъыхьыу дызэрыцlыхуауэ; Адыгэ Махуэм (Фокlадэм и 20.) теухуауэ и епщlэнэрей (10.) гуфlэгъуэ зэхуэсым, университем и (саби сад) цlыху цlыкlу гъэсапlэм дыригъэблэгъащ. Дахащэу зыкlэлъыкlуэ гъэлъагъуэхэм дахэплъащ, дахэдэlуэхьащ. Дызыдыпэрыса lэнэ тхьэмадэр Хьэфlыцlэ Мухьэмэдт. Сэри сыбгъурыст. Ипэрей щхын лыбжьэр къытырагъувауэ, Ди бысым Анжелэ къыдэущиеу къыджьlащ:
-Мы ипэрей щхын лыбжьэмкlэ зывымгъэнщl. Къыкlэлъыкуну зэмылlэуж Адыгэ щхыныгъуэ пщlыкlузыр (11) къыкlэлъыкунущ фырещlэй, ахэм я lэфlыми фыхэплъэ къыджыlэу.
Нарткъалэ щызытыраухуа Адыгэ махуэм и Дауэдапщэми сахэтыну псалъэ естауэ; гуп Тхьэмадэ Къущхьэтlу Хьэутьи а Тыркум къикlа Адыгэ щlалэр кхъыlэ къафшэй ди гуфlэгъуэр зыдэдгуэшынщ, жиlэу Казан Сэтхьэли сишэну къыщыкlуам, lэнэм дыпэрысу етхуэнэрей щыхыныгъуэм дыхэlэбауэ къыщlэкlынут. Ди lэнэ тхьэмадэм зытет щыжыраlэм игъуэу тхуилъагъуу зы lэнэ бэгъуам дыкыпырыкlыу, Нарткъалэ нэгъуэщl зы lэнэ бэгъауам «гуп махуэ апщи», «фи зэхуэс фlыуэ» жытlэу дыпэрытысхьэуэ… Щlалэхэр, шу бжыгъэшхуэкlэ ныпхэр яlыгъыу къуажэм къыщыдэхьэм, машынэ абджым къыдэгъэжа я lэмкlэ яlыгъ ныпхэр ягъэсысу, ягъэхуарзэу къэсыжауэ, джэгу зыхаублауэ зыхэту къыджаlэжащ. Дырагъэблэгъау, джэгу утыкуми дахэтащ, дахэплъащ. Ди лъэм екlуну зы жэрыгъэ зиlэ макамэкlэ пщынэм тхуеуэу, ди зы уэрэд жыlакlуэ lэзэм сыкъыдагъэфащ.
Зы махуэм, хуэдгъазэу Джэрэз гупым сыкlуэу, Шыбзыхъуэ Астемир дей щыщlэдза ди лэжьакlуэ щlалэхэр слъагъумэ сфlэфlт. Зыхэтлъэгъуащ, дыуэрщэращ. Тыркум я ныбжэгъухэм тхылъ къыхуагъэхьыну къызатащ.
Къарашэй Сэбахаттин ипэрей си къакlуэгъуэми куэдыщэм дытепсэлъыхьыфатэкъым. Мы зэ далэй аращ хъуар. Тамэрис ущэсыу хухэхауэ зыгуэрэхэм утепсэлъыхьыфкъым. Ау щыхъукlэ Щумерхэм теухуауэ сызыщlэупщlэн куэд сиlэт… Еутых Аднан и цlэр зыхэст, абы дыщызырылъэгъуащ. Щlалэ гуапэщ. Щэныгъэлэжьщ.
Гъущынэтх (lунэтх)хэм лэжьыгъэшхуэ трагъэкlуэдауэ ЩомахуэТатянарэ, Пхытык Хьэйти и лэжьыгъэхэм сыщыгъуазэт. Дызырылагъуу, дызэрыцыхуну зы махуэ хухэтхауэ Хьэйти Къакlуэри дызэгъусэу дежьащ. Бахсэн лъэныкъумкlэ дыщыкlуэм Быр хьэм Мухьамэд тэлэфон хуищlыри и унэм дыlухьэри машынэм къидгъэтысхьащ. Хухэхауэ зы щlыпlэ, мэтрэ минитl и кууагъым кыщlаш псы хуабэр зыдыщыlэм, дызыпэрыса lэнэм и lэфыр, къэдуэршэрэхэм триуlэфlэжуу.
Нартхэм телэжьыхь тхакlуэ, усакlуэ, егъэджакуэ Къалмыкъ Аднан сымылагъу мы зэ далэ къэзгъэзэжынутэкъым. Щэупщакlуэ, Лагъунлъагъу сыхуэкlуащ. Икъукlэ и гуапэ хъуащ. lэ щэзыдзауэ си тхылъхэри илэгъуащ. Езыми тхылъ куэд къызитащ, къыпщхьэпэну къыщlэкlынщ жиlэу. Сэри сыт щlауэ сыщlэкlакъым уи гъусэу сэри сыщlэкlынщ щыжиlэм Адырей ди Нартолог Црым Руслан и lуэху щlапlэм, пшахъуэ щабэ хуабэм трагъэвыкlа къахьауэ (кофи) дефэу бзэм, хабзэм, lуэрыlуатэхэм тфlэфlыу дытепсэлъыхьащ.
Нур Журнал и нэхъыщхьэ тхакlуэ Аброкъуэ Бела дырихьэщlащ, бзэм ди тхылхэм дытепсэлъыхьащ.
Афынэ Люсанэ тв програмымкlэ ди бзэм, тхылъым дытепсэлъыхьащ.
Зейкъуэ къуажэм дэс усэ тхакlуэ lэзэ Щоджэн Римма дыригъэблэгъауэ дигъэхьэщlащ. Кыдигъэкlа и тхылъхэм щыщ зэрыз lэ щlидзауэ къызитащ.
Мы дызыдэкlуа фэдэрацищым щытлъэгъуа гуэпагъэхэмкlэ дагъэлъэпlащ. Дызыпэрыса lэнэм и бэгъуауэ и щытыкlэр нэгъуэщ лъэпкъхэм щомылъагъуфынууи къыщlэкlынущ. Егъэлеящ, щыжытlэй хъуащ. Дагъэфащ. Дагъэтхъащ. Ди гуми, ди нэми зыужащ. Ауэ адыгэкэ бжыгъэрэ, бжэкlэрэ зырамыщlэр нахуэу слъэгъуауэ, Урысыбзэ бжыгъэр зырахьэуэ хэслъэгъуащи… Ари дагъуэкъым жытlэн!..
Динэ къызыхуикl ди хэкум, си гур абыкlэ къэнауэ; щытлъэгъуахэр гукъинэу, гъэкlэщlауэ зы пычыгъуэу…