Дэ щэрыщэу зы гугъэ дыхуэныкъуэщ.
Хэхэс, Iэпхъуэн, хэкугъэ бгынэ, лъэпкъ гъэкIуэд…
Хэкум гъэзэжын,
ЗэхъуэкIыныгъэшхуэ,
Кавказ зэгуэт…
ДэдэIуащ, деджащ, дыхэтащ/дыпсэуащ, къыдгурыIуащ… Lуэхухэр зыпымыIуу уокIуэкIэ, екIуэкIынущ.
«Чэркэсхэм щэрыщэу зы гугъэ дыхуэныкъуэщ» псалъэ ухуар зы псалъэ закъуэкIэ жыIэн хуеимэ «политикэм хуэкIуэн» хуейщ. Мыбы папщIэ «Чэркэс Конгресс» къызэгъэпэщыныр ди пащхьэ къитлъхьэн хуейщ…
Ухуэгъуэм щыщIэдзэу жылагъуэм и къудамэу хъуар къыхиубыдэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ зэIущIэныгъэр нэхъыбэ дыдэм ядэну, хэтыну зы конгресс…
Нобэ лажьэу шыIэ хасэхэр, федерацэхэр, платформэхэр, фIыщIэ хасэхэр… КъэщIу жыпIэмэ LуэхущIапIэхэмрэ/гупхэмрэ зыри LэщIыб зымыщ, мыхэм и гъусэу мы LуэхущIапIэхэм/гупхэм хэмыт ауэ политикэ LухумкIэ и къарур къыхэзылъхьэфынхэри къыхэзыубыдэ зы конгресс. Жылагъуэр и гъэбжьыфIэфIыну «зэмылIэужьыгъуэ гупсысэхэр зэныкъуэкъуныгъэ»м дыпымыкIыу, зэщхьыныгъэр пимыубыду, щыIэр зэрыщыIэмрэ зэригъэкIуэкIымрэ хъумэжауи, дэ гъуэгущIэ дытеувэфынущ…
Политикэр зыумысыф, LэкIуэлъакIуэу щытын, политикэ унафэ къэщтэфын, къэкIуэнур гъэбелджылын папщIэ…. Гуп нэхъыбэм лъэIэсыфыну, нэхъыбэу убгъуауэ, нэхъыбэм дыдэс жаIэну…
Ди зэхуэдэ щытыкIэм щыщ Lыхьэу, ди къэкIуэнум и унафэр нэгъуэщIхэм ядмыгъэщIу, икIи зым зым къыхуэдмыгъанэу, дэплъу дыщымыту, политикэм дыхуэкъуэн, абы къыхэкIыуи жыпIэмэ, дэтхэнэ зыри политикэм егупсысэфIу, жыджэру дыхэтыфыну зы еплъыкIэ. «Дэтхэнэ зыри» псалъэр егъэлеяуэ къыфщыхъунури хэлъщ, ягъэкIынкъым, тхыгъэм япэкIэ щыстхэщ, «и нэхъыбэ дыдэм» папщIэ мы гупсысэкIэм щIэддзэмэ игъуэ хуну къысщоху.
Щэрыщэ гугъэр, нобэ къэсыху гъэува LуэхущIапIэхэм зэрыщхьэщыкIыр мыраси, дыщыпсэу географием щыщ Курдхэмрэ Алевихэмрэ я щытыкIэр щапхъэ къызытепхыфын щытыкIэщ.
Демократиер нэхърэ нэхъыбэ хъуамэ, цIыхугъэмрэ, бзэ Iыхьэмрэ нэхъыбэ хунущ… Дэ дощIэ, цIыху бжыгъэмрэ щIыпIэмрэ емыпхэуа, щхьэхуэу, зэхуэдэныгъэм теухуауэ цIыхугъэ лъэхэм, щэнхабзэ-демократи хьэкъхэр уимыуа хуитыныгъэм утепсэлъыхь зэрымыхъуныр дощэ. А хуитыныгъэхэр, уафэм къытхуехынукъым, мы хьэкъхэм папщIэ ныкъуэкъуэн хуейщ. Нобэ къэсыхукIэ зыгуэрурэ дыныкъуакъуэу къыщыкIынщ. «Далъэ къас зыри зумыхъуэкIым зэхъуэкIыу зы ухыныгъэ ухуэзэнукъым» псалъэм къыхэкIкIэ, сэ нэгъуэщI зыгуэрхэр дыщэн хуейуэ фи пащхьэ къызолъхэ.
Дэ зым зым и кIуэцIым иту лъэныкъуитIкIэ дыщIобанэ. XIX. лIэщIыгъуэм папщIэ захуагъэ (ООН-м и унафэхэр), хэхэсымрэ хэкурысымрэ щыпсэухэм демократи нэхъыбэ яIэн. Абы хуэзэу политикэмрэ организацэмрэ, ди цIыхугъэм щыхьэкIэ щIэбэныным и уэсэр къигъуэтыну къыщIэкIынщ. Тырку хэхэсым; хэхэс псэуми щэрыщэу зы щытыкIэ къыдэдгъэхьуфыну Iэмал иIэу жытIэфIынущ.
Чэркэс Lуэху лъэхъар зэрыхыным теухуэу, ди цIыху псэури зэрыхуейм хуэдэу рецепт диIэкъым. Гупсысэ зэтехуэм и гъуэгу гъэлъэгъуэнымкIэ зэгъусэу утыку къитлъхьэфын рецептым папщIэ, зы Lуэху къытпоплъэ.
Мы утыку къислъхьэхэр щIэкъым. Тэ пэжщ мыувыIэу къытызогъэзэж..
Шэч хэмылъу, «мыпхуэдэу щIэныгъэ хъунури хэлъщ» жызыIэхэм дызытепсэлъыхьын кIуэд щыIэщ. Мыхэр зи фIэщ ху цIыхубэр нэхъыбэ хъумэ, ар зэгъусэу псоми яжеIэн, я гурыгъэIуэн, мы Iуэхум тепсэлъыхьын, ди гупсысэхэр дыгъэкIуэдын папщIэ гъуэгу дытеувэфынщ. ТепыIэу, ди фIэщ хъууэ, кIуэд дыхъуфыным и гупсысэкIэ «Чэркэс Конгресс» гугъэкIэ…
Сытхахэр щIэддзэфын щхьэкIэщ.
ЗэзыдзэкIар Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан Йылмазщ