Адыгэу дунейм тет псоми зэдэдгъэлъапӏэ махуэщӏыр, Адыгэ тхыбзэм и махуэр, зытещӏыхьар ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, абы зегъэужьынырщ, щӏэблэхэм гъащӏэ гъуэмылэу къахуэгъэнэнырщ. Адыгэбзэр и псэм щыщ налъэу, и гум и къуэпсу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкӏ хэкупсэхэм ящыщщ усакӏуэ, уэрэдус цӏэрыӏуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм егъэджэныгъэмрэ щӏэныгъэмкӏэ и къудамэм илъэс куэкӏэ щылэжьа Вындыжь Марие Николай и пхъур.
Зи ӏуэхущӏафэхэмкӏэ дахэ, гупсысэхэмкӏэ шэщӏа адыгэ бзылъхугъэр макъамэмрэ усыгъэмрэ псэкӏэ дапщэщи зыхэзыщӏэ цӏыхущ. Вындыжь Марие и къалэмыпэм къыпыкӏ усэхэр гъащӏэм и лъэныкъуэ куэдым ятеухуащ. Абыхэм къызэщӏаубыдэ сабиигъуэ ӏэфӏри щӏалэгъуэ дахэри, анэ лъагъуныгъэри хэкупсэ гурыщӏэхэри. Вындыжьым и усэхэм ящыщ куэдым ди композиторхэм макъамэ щӏалъхьауэ уэрэджыӏакӏуэ цӏэрыӏуэхэм утыкушхуэхэм щагъэзащӏэ. Усакӏуэм и сабий уэрэдхэр цӏыкӏухэм я гум, я псэм нэс, абыхэм япэу жаӏэ хъуахэщ.
Сэрмакъ къуажэм щыпсэу адыгэ мэкъумэшыщӏэ унагъуэшхуэм, пщӏэрэ нэмысрэ зэрылъым, къыщалъхуа пщащэ цӏыкӏур зэрыбыниблым – зэкъуэшищрэ зэшыпхъуиплӏым – я курытти, езым зэрыжиӏэжымкӏэ, нэхъыжь ягъэпажэми нэхъыщӏэ ягъафӏэми ящыщакъым. Быныбэ унагъуэм я адэ-анэр хущӏэкъуащ къащӏэхъуэ цӏыкӏухэм я сабиигъуэр зэрыхуагъэӏэфӏыным, зэрыхуагъэдэхэным, дэтхэнэми къалъысащ абыхэм я гулъытэ, я псалъэ гуапэ. Нэхъыбэу и адэм кӏэрыщӏауэ щыт Марие ноби и гум илъщ абы зэригъэжеижу щыта уэрэдхэр, и тхьэӏумэм итщ таурыхъ, псысэ хьэлэмэтхэр, къебжэкӏхэр, зауэ хъыбархэр къызэрыжриӏэжу щыта и макъ щабэр. Абы щыгъуэщ, дауи, абы и гум къыщыщыушар иужькӏэ къыкъуэкӏа усакӏуэ зэфӏэкӏыр.
Школым щыщӏэса илъэсхэри гукъинэщ Вындыжьым и дежкӏэ. Псом нэхърэ нэхъыфӏу илъагъу дерсхэм ящыщт адыгэбзэр, литературэр. Класс унафэщӏу гупым яӏа Лыджыдэ Хьэлимэт Темыржан и пхъум сабийхэм яригъэджыр урысыбзэрами, фӏы дыдэу хищӏыкӏырт адыгэбзэми. Абы къызэригъэпэща литературэ гупжьейм хэту, япэ усэхэр тхын щӏидзащ икӏи и япэ усэхэм ящыщыр гъатхэпэм и 8-м ирихьэлӏэу Хьэлимэт хузэхилъхьауэ щытащ, «Си егъэджакӏуэ» фӏэщыгъэр иӏэу.
Курыт школыр ехъулӏэныгъэкӏэ къиухри, Марие япэщӏыкӏэ педучилищэм, итӏанэ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм щеджащ, адыгэбзэм, лъэпкъ усыгъэм я хабзэхэм, щэхухэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуищӏу. Пщащэ зэчиифӏэм абы щыгъуэ шэщӏауэ къыдэлэжьа критик, щӏэныгъэлӏ цӏэрыӏуэ Сокъур Мусэрбийщ ар япэу утыкушхуэм изышар. 1973 гъэм «Макъыщӏэхэр» республикэпсо щӏалэгъуалэ зэпеуэм хэту, Марие и усэхэм гулъытэ хэха къыхуащӏауэ щытащ къэпщытакӏуэ гупым хэтахэу Мысычэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер, Шэджыхьэщӏэ Хьэмыщэ сымэ, усакӏуэ ныбжьыщӏэм и усэбзэм и зэхэлъыкӏэр, абы къыщигъэсэбэп художественно-изобразительнэ ӏэмалхэр, къызэщӏригъэубыдэф гъунапкъэхэр яфӏэхьэлэмэту. А псори гунэс зыщыхъуа усакӏуэ цӏэрыӏуэхэм зэдэарэзыуэ зэпеуэм и япэ увыпӏэр Вындыжь Марие хуагъэфэщауэ щытащ. Усакӏуэ ныбжьыщӏэр иужькӏэ ди телевиденэм ирагъэблагъэри, нэтын щхьэхуэ щыхуащӏауэ щытащ.
Апхуэдэ щӏыкӏэкӏэ пщащэр зытеува творческэ лъагъуэр иужькӏэ абы къыхущӏэкӏащ ӏуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкӏэ гъэнщӏа гъуэгуанэ бгъуфӏэу, кӏыхьу. Япэщӏыкӏэ Марие сабий усэ цӏыкӏухэм нэхъ тригъэщӏащ. Абыхэм макъамэ щӏилъхьэрт Сабий творчествэмкӏэ республикэ унэм цӏыкӏухэм вокалымкӏэ ядэлажьэу щыта Блашэ Владимир. Ахэр сабийхэми яфӏэфӏу ягъэзэщӏащ. Иужькӏэ а уэрэдхэр педколледжым и студентхэм ятхащ, лэжьапӏэ здагъакӏуэ школхэм я гъэсэнхэм ирагъэщӏэну. Апхуэдэурэ Вындыжьым и сабий уэрэдхэр хэӏущӏыӏу хъуащ. Куэд дэмыкӏыу абыхэм къакӏэлъыкӏуащ лъагъуныгъэ лирикэр, хэкупсэ темэр, цӏыху зэхущытыкӏэхэр, щӏыуэпсым и теплъэхэр, нэгъуэщӏхэри къызыхэщ усэ куэд.
А лъэхъэнэм абы и творчествэр хуэдэт къэунэхуагъащӏэ псынащхьэм: япэщ1ыкӏэ зыкъомрэ къибыргъукӏыу, псыр зэхуихьэсу, итӏанэ лъагъуэ къигъуэтрэ ежэхын щӏидзэу. Марие и усэхэм гу лъамытэу къэнакъым адыгэ композитор цӏэрыӏуэхэу Къэбэрдокъуэ Борис, Даур Аслъэн, Зэрамыщӏэ Заретэ сымэ. Марие и усэхэр зыщӏэлъ уэрэдхэр ягъэзащӏэу хуежьащ ди уэрэджыӏак1уэ ӏэзэхэу Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ Сулътӏан, Лийхэ Аслъэнрэ Иринэрэ, Хьэцей Тимур сымэ, нэгъуэщӏхэми. Ахэр куэд мэхъу икӏи япэми хуэдэу, ноби цӏыхухэм яфӏэфӏщ, гумрэ псэмрэ едэхащӏэу, гурыщӏэ зэмылӏэужьыгъуэхэр къызэщӏаӏэтэу.
Вындыжьым и гъащӏэм щызэхэухуэнащ усэ тхынри журналист лэжьыгъэри. Абы лъэпкъ радиом щигъэхьэзыру щыта нэтынхэр ӏэнатӏэм и дыщэ фондым хыхьащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри купщӏафӏэщ, анэбзэр гурэ псэкӏэ зыхащӏэу щӏэблэр гъэсэнымкӏэ, щӏэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкӏэ, егъэджэныгъэм и мардэфӏхэм дэнэкӏи зыщаубгъунымкӏэ ӏэмалыфӏхэщ. Зэфӏиха лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри Марие и дежкӏэ насып щыгъэ налъэщ. Аращ абы и усэхэм ящыщ зым «Насып ткӏуэпсхэр зэхуэсхьэсауэ, Гъащӏэ зэӏусщэм хызогъэбыдэ» щӏыщыжиӏэри.
Ц1ыхубз зэчиифӏэр щыцӏэрыӏуэщ ди къэралми, ди лъахэми, ар урысейпсо, республикэпсо уэрэд зэхыхьэхэм я лауреатщ. И лэжьыгъэфӏым папщӏэ КъБР-м Ц1ыхухэр егъэджэнымкӏэ, щӏэныгъэмрэ щӏалэгъуалэм я ӏуэхухэмкӏэ, Щэнхабзэмкӏэ и министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм я щӏыхь, фӏыщӏэ тхылъхэр къратащ, утыкушхуэхэм куэдрэ щаӏэтащ, щагъэлъэп1ащ. Ф1ыуэ илъагъу и анэлъхубзэм и махуэмкӏэ дохъуэхъу Марие. Узыншагъэ быдэ и1эу, и унагъуэм исхэр, нобэ хуэдэу, къепщ1эпщ1эк1ыу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщ1эу куэдрэ Алыхьым дунейм тригъэт.
(Адыгэ Псалъэ)