Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тхыдэм мы мазэм

Мэлыжьыхьым и 1, гъубж

  • Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ.
  • Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ.
  • 1674 гъэм Кърым хъаным и дзэшхуэ Къэбэрдейм къытеуат, ар зэхидыгъуэу, цlыхухэр гъэр ищlын мурад иlэу. Хьаным и дзэр зэтракъутащ.
  • 1906 гъэм «Осетинхэм я литературэм и ухуакlуэ» зыфlаща Коста Хетагуровыр дунейм ехыжащ.
  • 1923 гъэм Адыгей автономием и япэ конституциер ягъэхьэзыращ.
  • 1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыlакlуэ, Адыгэ Республикэм и цlыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.
  • 1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь, РСФСР-м щlыхь зиlэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
  • 1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цlыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакlуэ Тэмазэ Анатолэ.
  • 1950 гъэм къалъхуащ Щоджэнцlыкlу Алий и цlэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, Адыгэ Республикэмрэ КъБР-мрэ щlыхь зиlэ я артисткэ КIуэкIуэ Елизаветэ.

Мэлыжьыхьым и 2, бэрэжьей

  • Сабий тхылъхэм я дунейпсо махуэщ. Андерсен Ханс Кристиан (1805-1875 гъ.гъ.) къыщалъхуа ма-хуэм ирихьэлlэу ягъэлъапlэ.
  • 1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкlэ къыщыдигъэкlащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
  • 1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэн­хаб­зэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ АфIэунэ Рае.
  • 1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь, Урысей Федерацэм щlыхь зиlэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
  • 1944 гъэм къалъхуащ бзэщlэныгъэлl, филоло­гие щlэныгъэхэмкlэ доктор Абдокъуэ Iэуес.

Мэлыжьыхьым и 3, махуэку

  • Гуфlэгъуэ пшыхьым и дунейпсо махуэщ
  • 1840 гъэм Тенгинскэ лъэсыдзэ полкым и за­уэлl Осипов Архип гын хъумапlэр къигъауэри, Михайловскэ быдапlэр зыубыдыну къебгъэрыкlуэ адыгэ зауэлlу мини 3-м нэс иукlащ. Иужькlэ а быдапlэр здэщытам деж Архипо-Осиповкэ урыс къуажэр къыщыунэхуащ, быдапlэр хъумэным зи псэр щlэзыта зауэлlым и фэеплъу.
  • 1963 гъэм къалъхуащ усакlуэ, Адыгэ Респуб­ликэм щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Къуий Щыхьымбий.
  • 2020 гъэм Исмаил Оздемир Озбай дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 4, мэрем

  • Интернетым и дунейпсо махуэщ
  • Компьютерыр зэтезыухуэм и дунейпсо махуэщ
  • 1896 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекlуэ­кlыкlам теухуа лэжьыгъэ куэд зиlа, тхыдэ щlэны­гъэ­хэмкlэ доктор, профессор Кокиев Георгий.
  • 1949 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущlэ, Абхъаз Республикэм и етlуанэ президенту щыта, АР-м и Лlыхъужь Бэгъэпщ Сергей.
  • 1951 гъэм къалъхуащ усакlуэ, Адыгэ Рес­публикэм щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Емыжь Мулиlэт.
  • 1966 гъэм къалъхуащ философие щlэныгъэ­хэмкlэ доктор, профессор, УФ-м цlыхухэм щlэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтын и lэнатlэм щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Къумыкъу lэуес.
  • 1972 гъэм «Щэнхабзэмрэ Зэдэlэпы­къун­ыгъэмрэ и Ищхъэрэ Кавказ Хасэ»-р зэзыгъэпэщахэм я щыщ Бексултан Батырхан дунейм ехыжащ.
  • 1980 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкlэ хуи­тымкlэ и чемпион Нартокъуэ Аслъэн.

Мэлыжьыхьым и 5, щэбэт

  • Гъэсэныгъэм и дунейпсо махуэщ.
  • Хьэнтхъупсым и дунейпсо махуэщ.
  • 1956 гъэм къалъхуащ бзэщlэныгъэлl, фило­логие щlэныгъэхэмlэ доктор, профессор, ЩlДАА-м и академик Пlаз Сергей.
  • 1972 гъэм Абазэ тхакlуэ Жыр Хьэмид дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 6, Тхьэмахуэ

  • 1929 гъэм къалъхуащ, тхыдэ щlэныгъэхэм я доктор, профессор, Акмеологие щlэныгъэхэм я академиеу Санкт-Петербург щыlэм и действительнэ член Бэчыжь Мухътар.
  • 1937 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэми Къалмыкъ Республиками я цlыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, дирижёр, композитор Темыркъан Борис.
  • 1937 гъэм къалъхуащ, бзэщІэныгъэлІ, филологие щlэныгъэхэм я доктор, Адыгэ къэрал университетым и профессор Бырсыр Батырбий.
  • 1943 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цlыхубэ усакlуэ Абытlэ Хъызыр.
  • 1948 гъэм къалъхуащ, психологие щlэныгъэхэм я доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд.
  • 1958 гъэм къалъхуащ, физико-математикэ щlэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хъуэкlуэн Мулиlэт (Мурат).
  • Адыгей тхакlуэ Джэш Рахьмэт къыщалъхуа махуэщ.

Мэлыжьыхьым и 7, блыщхьэ

  • Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
  • 1937 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Уэркъуасэ Владимир.
  • 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.
  • 1948 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин.
  • 1958 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд.
  • 1995 гъэм Шэшэным, Самашки къуажэм къыщыхъуа лъыгъажэ.

Мэлыжьыхьым и 8, гъубж

  • Цыджанхэм я дунейпсо махуэщ.
  • 1336 гъэм къалъхуащ Азие Курытым щыщ къэрал къулыкъущlэ, дзэзешэ, Кавказым и тхыдэми лъэужьышхуэ къыхэзына Тамерлан (Тимур).
  • 1703 гъэм сэлэт мин 60 зыхэт дзэ Кърым тэтэрхэмрэ абыхэм я акъылэгъухэмрэ къызэрагъэпэщри, Къэбэрдейм къытеуат. Ар зэхадыгъуат, яфыщlат, мылъкушхуэрэ цlыху куэдрэ фlахьат.
  • 1901 гъэм Наиб Мухьэмэд Емин дунейм ехыжащ.
  • 1908 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакlуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий.
  • 1918 гъэм адыгэ узэщlакlуэ, щlэныгъэлl Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкlащ.
  • 1938 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Тыкъуэ Къаплъэн.
  • 1945 гъэм къалъхуащ Адыгеймрэ УФ-мрэ я цlыхубэ сурэтыщl, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къат Теучэж.
  • 1957 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэ­жьа­кlуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис.
  • 1957 гъэм къалъхуащ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэта Шэшэн Муlэед.
  • 1960 гъэм Абхъаз усакlуэ Дирмит Гулия дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 9, бэрэжьей

  • 1938 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ.
  • 1947 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, къэрал лэжьакlуэ, филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ.
  • 1954 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ Къайсэр вилайетым и губернатору щыта Джамбулэт (Яхэгуауэ) Нихьэт.
  • 1964 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я lуэхущlапlэм и унафэщl, дин лэжьакlуэ Дзасэжь Хьэзрэталий.

Мэлыжьыхьым и 10, махуэку

  • Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ.
  • 1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и Лlыхъужь цlэр къыфlащащ. Одер псым япэу зэпрысыкlар абы и унафэ щlэт ротэращ. Адрыщlым зыщагъэбыдэри, Армэ Плъыжьым и Дзэр псым къызэпрысыкlыху, бийр псы lуфэм кърагъэкlуэлlакъым. А зэхэуэм Иуаныр уlэгъэ хьэлъэ щыхъуат.
  • 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
  • 1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.
  • 1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.
  • 1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щlыхь зиlэ и артисткэ Дау Марьянэ.
  • 1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.
  • 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.

Мэлыжьыхьым и 11, мэрем

  • Фашист гъэрыпlэм исахэр хуит къызэращlыжам и дунейпсо махуэщ.
  • Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ.
  • 1863 гъэм дунейм ехыжащ япэ адыгэ тхакlуэ, узэщlакlуэ, генерал-майор Къаз-Джэрий Сулътlан.
  • 1892 гъэм къалъхуащ адыгей тхыбзэр зэхэзылъхьа Бекlухъу Ахьмэд.
  • 1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ, журналист Кlасэ Чэмал.
  • 1936 гъэм къалъхуащ техникэ щlэныгъэмкlэ доктор, профессор, публицист, ЩlДАА-м и академик Щоджэн Аслъэнбэч.
  • 1940 гъэм къалъхуащ филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор Батокъуэ Нияз.
  • 1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щlыхь зиlэ и артисткэ Аслъэн lэсият.

Мэлыжьыхьым и 12, щэбэт

  • Цlыхум хьэршым япэу лъагъуэ щыхиша дунейпсо махуэу ООН-м игъэуващ.
  • Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэщ.
  • 1899 гъэм къалъхуащ, хамэщl щыпсэу адыгэхэм ящыщ хэкулl, Египетым (Мысырым) и усакlуэ, драматург, юрист Абазэ Хьэзиз (1899- 1969). Къэралым и генеральнэ прокурорым и къуэдзэу лэжьащ.
  • 1961 гъэм Гагарин Юрий «Байконур» щаутlыпща «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ.
  • 1929 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Кlумыхъу Жылэбий.
  • 1942 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, публицист Къущхьэунэ Алексей.

Мэлыжьыхьым и 13, Тхьэмахуэ

  • 1517 гъэм Каир щхьэ-пылъэ щащlащ адыгэ мам-люкхэм я дзэпщ, Мысы-рымрэ Сириемрэ я сулътlан Ал-Ашраф Тумэн-бей.
  • 1708 гъэм Кърым-Тырку дзэшхуэр Къэбэрдейм къытеуат. Адыгэм бийм и дзэр зэхикъутащ.
  • 1794 гъэм Имам Мансур урысхэм лъэхъуэщым щраукlыхьащ.
  • 1905 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщlакlуэ, еджагъэшхуэ Гъукlэмыхъу lэбубэчыр (1905-1993).

Мэлыжьыхьым и 14, блыщхьэ

  • 1583 гъэм Тыркумрэ Кърым хъанымрэ я дзэ зэгухьар Къэбэрдейм къытеуащ. Адыгэхэм бийр зэтракъутащ.
  • 1922 гъэм Адыгэ тхыдэтх Мэт Чынэтыкъуэ дунейм ехыжащ.
  • 1950 гъэм къалъхуащ, КъБР-М щlыхь зиlэ и дохутыр Безрокъуэ Олег и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
  • 1951 гъэм къалъхуащ, биологие щlэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Тау Ибрэхьим.

Мэлыжьыхьым и 15, гъубж

  • Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ.
  • Экологием теухуа щlэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ.
  • 1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Тэрч и деж щызэзэуащ.
  • 1708 гъэм Кърымымрэ Тыркумрэ я дзэ зэгуэтыр Къэбэрдейм къытеуат, ауэ гущlэгъуншэу зэтракъутащ.
  • 1934 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ, ЩlДАА-м и академик Слъон Лудин.

Мэлыжьыхьым и 16, бэрэжьей

  • Макъым и дунейпсо махуэщ.
  • 1902 гъэм къалъхуащ, бзэ щlэныгъэхэм я доктор, профессор Турчанинов Г.Ф. (1902 -1989). Абы адыгэбзэри, Кавказым и нэгъуэщl лъэпкъхэм я бзэхэри куууэ иджат. 1939 -1941, 1947-1950 гъэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкlэ щригъэджащ Ленинград университетым и бзэ щlэныгъэ къудамэм. Адыгэбзэм и грамматикэм теухуауэ лэжьыгъэ куэд иlэщ.
  • 1963 гъэм Осетинхэм я тхакlуэ-журналист Алихъан Къантемыр дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 17, махуэку

  • Гемофилием (лъыр пцlэным пыщlа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ.
  • Циркым и дунейпсо махуэщ.
  • 1690 гъэм Кърым хъан Къазджэрий и дзэшхуэ Къэбэрдейм къытеуащ. Абы къехъулlащ цlыхухэр гъэр ищlыну, lэщ куэд здихуу кlуэжыну.
  • 1927 гъэм къалъхуащ уэрэджыlакlуэ, УФ-м щlыхь зиlэ и артисткэ Кlуащ Верэ.
  • 1929 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь, РСФСР-м щlыхь зиlэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолэ.
  • 1955 гъэм къалъхуащ «Краснодарпроектстрой» lуэхущlапlэм и унаэфэщlу щыта, Краснодар крайм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и депутат, УФ-м щlыхь зиlэ и ухуакlуэ Тутэрыщ Батырбий.
  • 1971 гъэм къалъхуащ юридическэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Дол Анжелэ.

Мэлыжьыхьым и 18, мэрем

  • Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиlэ щlыпlэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.
  • Радиор фlыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ.
  • 1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
  • 1953 гъэм къалъхуащ техникэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.

Мэлыжьыхьым и 19, щэбэт

  • 1783 гъэм генерал Потемкин зи унафэщl урыс дзэм Кърымыр къизэури, Урысейм и щlыналъэм гуигъэхьащ. Ар Кавказ Ищхъэрэр къэзэунымкlэ Урысейм гъуэгур хузэlузыха lуэхугъуэщ.
  • 1929 гъэм къалъхуащ филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-ми АР-ми щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ, ЩlДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Щхьэлахъуэ lэбубэчыр.
  • 1937 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Журт Биберд (1937-2003).
  • 1965 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъМУ-и профессор Беслъэней Эдуард.

Мэлыжьыхьым и 20, Тхьэмахуэ

  • 1922 гъэм Ипщэ Осетия автономиер яухуащ.
  • 1925 гъэм къалъхуащ, КъБР-м щlыхь зиlэ и сурэтыщl Сындыку Тобий (Анатолэ).
  • 1932 гъэм къалъхуащ, режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж Сулътlан.
  • 1933 гъэм къалъхуащ, КъБР-м щlыхь зиlэ и журналист Нэщlэпыджэ Ибрэхьим.
  • 1940 гъэм къалъхуащ, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ, ЩlДАА-м и академик Джырандокъуэ Михаил.
  • 1940 гъэм къалъхуащ, Германием щылажьэ адыгэ хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта ТІамжьыкъуэ (Цей) Умар-Фарукъ.
  • 1940 гъэм къалъхуащ, «Эльбрус» тхылъ тедзапlэм и уна-фэщl, КъБР-м, КъШР-м я цlыхубэ уса-кlуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан.
  • 1940 гъэм къалъхуащ, Белгород къалэм потребкооперацэмкlэ и университетым и къудамэу Налшык дэтым и ректору щыта, педагогикэ щlэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми егъэджэныгъэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ Щоджэн Ахьмэд.

Мэлыжьыхьым и 21, блыщхьэ

  • 1925 гъэм къалъхуащ, Къэрал къулыкъущlэ, генерал-майор, Иорданием и лlыкlуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыlа, Адыгэ Фlыщlэ Хасэм и тхьэмадэу щита Бырмамыт Фоуаз.
  • 1941 гъэм къалъхуащ, УФ-м щlыхь зиlэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цlыхубэ артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Жьакlэмыхъу Кlунэ.
  • 1996 гъэм Джэхар Дудаевым ракетэкlэ къеуэри яукlащ.

Мэлыжьыхьым и 22, гъубж

  • Щlы-Анэм и дунейпсо махуэщ.
  • Секретарым и дунейпсо махуэщ.
  • Экологием къихь шынагъуэм зыщыхъумэным и махуэщ.
  • 1886 гъэм къалъхуащ бзэщlэныгъэлl, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и егъэджакlуэ Елбэд Хьэсэн.
  • 1942 гъэм къалъхуащ химие щlэныгъэхэмкlэ доктор, УФ-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ, РАЕН-мрэ ЩlДАА-мрэ я академик Мэкlэтlей Абдулыхь.
  • 1952 гъэм къалъхуащ урысей географие обществэм хэт, ныбжьыщlэхэм я «Додо Клаб» зэгухьэныгъэм (КъБР) и унафэщl Мысырджэн Муlэед.

Мэлыжьыхьым и 23, бэрэжьей

  • Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.
  • Шэшэн Республикэм анэдэлъхубзэм и махуэр щагъэлъапlэ.
  • 1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цlыхубэ тхакlуэ Теунэ Хьэчим.
  • 1942 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм Зыхъумэжыныгъэмкlэ и министру щыта, Абхъазым и Лlыхъужь Сосналы Сулътlан.
  • 1961 гъэм къалъхуащ республикэм и псыщlэгъэлъадэ lэнатlэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщlа Тохъу Мухьэмэд.

Мэлыжьыхьым и 24, махуэку

  • Щlалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ.
  • Лабораторэхэм къыщагъэсэбэп псэущ­хьэ­хэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
  • Ермэлы лъэпкъым за-лымыгъэ щыкlэлъызэра-хьам хэкlуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1915 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм щызэтраукlащ ермэлы лъэпкъым щыщ куэд. Абыхэм илъэс зыбжанэкlэ леишхуэ къащытехьащ Тыркум.
  • 1854 гъэм Хьэжы Мурат дунейм ехыжащ.
  • 1899 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекlуэкlыкlар зыджа, тхыдэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор Кушевэ Екатеринэ.
  • 1958 гъэм къалъхуащ уэрэджыlакlуэ, КъБР-ми Ингушми щlыхь зиlэ я артисткэ Даур Иринэ.
  • 1973 гъэм Тхылъ тезыдзэ, шэшэн тхакlуэ Мэхьмэт Кетей дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 25, мэрем

  • Техьэгъуэм пэщlэтыным и дунейпсо махуэщ.
  • ДНК-м и дунейпсо махуэщ.
  • Адыгэ ныпым и махуэщ.
  • 1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цlыхубэ тхакlуэ, УФ-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Лъостэн Исуф (1913-1998).
  • 1944 гъэм къалъхуащ пшынауэ lэзэ, КъБР-м щlыхь зиlэ и артист Къуэдз lэбубэчыр.
  • 1953 гъэм къалъхуащ КъШР-м щlыхь зиlэ и артисткэ, КъБР-м и цlыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ.
  • 1954 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, къэрал лэжьакlуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
  • Адыгэ ныпым и махуэщ.

Мэлыжьыхьым и 26, щэбэт

  • Радиацэ къэхъукъащlэхэм я зэранкlэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ.
  • Цlыху акъылым къилэжьа мылъкум и дунейпсо махуэщ.
  • 1958 гъэм къалъхуащ АР-м и политикэ лэжьакlуэ, театровед, журналист, УФ-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Щхьэлахъуэ Светланэ.

Мэлыжьыхьым и 27, Тхьэмахуэ

  • Лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ.
  • 1713 гъэм Кърым тэтэрхэр, я акъылэгъу дзэхэр щlыгъуу, адыгэщlым къытеуащ. Абы къехъулlащ Къэбэрдейри Шэрджэсри зэхидыгъуэу, зэхифыщlэу игъэзэжыну.
  • 1952 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щlыхь зиlэ я артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Басир.
  • 1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс политик, хьэрычэтыщlэ, псапащlэ Къэзанокъуэ Руслан.

Мэлыжьыхьым и 28, блыщхьэ

  • 1874 гъэм къалъхуащ, Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъу-рылъхуу 3 зыгъэкlуа шапсыгъ анэ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан. Абыхэм ящы-щу къэзыгъэзэжа имылъагъуу дунейм ехыжащ ар.
  • 1902 гъэм къалъхуащ Шэрджэс тхакlуэ Дыщэкl Мухьэмэд.
  • 1907 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ тхакlуэхэм, узэщlакlуэхэм ящыщ Каз-Джэрий Сулътlан.
  • 2020 гъэм Кавказ бгырысхэм и конфедерацием и унэфэщl, «Абхъазым я лlыхъужь» Щэныбэ Муса Юрэ дунейм ехыжащ.

Мэлыжьыхьым и 29, гъубж

  • Къафэм и дунейпсо махуэщ.
  • 1553 гъэм, Кърым хъаным и зауэлlу мин бжыгъэ куэд хъу дзэр Къэбэрдейм къы-теуащ. Адыгэхэр къызэрытегуплlэм пэмылъэщыжу, ар икlуэтыжат. Илъэс нэхъ дэмыкlыу, Кърым хъаным и дзэр аргуэру Къэбэрдейм къытеуащ.
  • 1770 гъэм Австралиер къахутащ.
  • 1942 гъэм кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Ленин и орден етlуанэу къратащ.
  • Щоджэнцlыкlу Алий и цlэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым 1964 гъэм щагъэуващ «Лалуцэ» япэ адыгэ балетыр.

Мэлыжьыхьым и 30, бэрэжьей

  • Ветеринархэм я дунейпсо махуэщ.
  • Джазым и дунейпсо махуэщ.
  • 1949 гъэм къалъхуащ, биологие щlэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Дзу Руслан.
  • Филологие щlэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щоджэнцlыlкlу Нинэ lэдэм и пхъур къыщалъхуа махуэщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Асҭамыр Кәыҵниа имултфилм ҿыцқәа

Амультипликатор Асәамыр Кәыәниа мышқәак раәхьа ахәыҷы рацәа еизигеит. Иара иаәиәаз аәсуа мультфильмқәа әба: «Риәа алегендеи», «Ахьча Чаҳмаәи Аәсәаа Қәамзачи» рәыргараәы азал азна әәын. Амульфильмқәа...

«Дзакәыда Миҳри» Анҭалиаҿы

Анҭалиа Азиндырҩыцәа Рнаплакы, Аҳәса Рзинқәа Ауаажәларратә Хаҵеи-Ҧҳәыси Реиҟарара Акомиссиа еиҿнакааз, Аҳәса ирызку Акинофилмқәа цәыргара иҭагӡаны, адокументард фильм «Дзакәыда Миҳри» гьы иыубарҭан. Хәажәкрамза 13 рзы,...

Акоманда Нарҭ чемпионхит

Аҧсны Супер Куп Ашьапылампыл Чемпионат аҿы, акоманда Нарҭ аиааира агыит. Афинал мач, Динамо астадиум аҿы, Хәажәкрамза 20 амш, акомандақәа Ерцахәы’и Нарҭ’и ирыбжьан. Ҭашәарада инҵәаз 90...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img