Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Кайсэри Адыгэ Хасэм кърагъэблэгъауэ, Шамил Гъэсэныгъэ, щӏэнхабзэ фӏыгъуапӏэ!

Мы псалъащхьэми кызэрыхэщыу «Шамил» и цӏэкӏэ яухуа, гъэсэныгъэм, щӏэнхабзэм теухуа зы фӏыщӏэ хасэщ. (Хьэрыпыбзэ псалъэу, Тыркубзэми къыхэхьауэ «вакыф» псалъэ хузэрахьэ. Дэ «фӏыгъуапӏэ», «фӏыщӏэ хасэ» псалъэр хузетхьэнущ.)

Кайсэри Къалэ Адыгэ Хасэ, Истамбыл Къалэ щылажьэ Щамил Фӏыгъуапӏэ хаситӏыр зыгурыӏуауэ; мэлыжьыхь мазэм 14-20 2025 махуэхэм хуэзэу Кайсэри Къалэкӏуэцӏ дэт Археологие Музейм Пасэрей Адыгэ гъуазджэ ӏэщӏагъэхэр епщӏанэрейуэ (10.) щагъэлъэгъуащ.

 

Щыӏуахыну махуэм, гулъытэ хуащӏу цӏыхубэфӏ къекӏуэлӏащ. Кӏэлъыкӏуэ махуэхэми, дапщэрэ сахэхьами хэплъэну къекӏуалӏэ ди лъэпкъыгъуэр, зэрыз зэрызу гъэлъэгъуапӏэ ӏэнэхэм пэрыту зыхэплъэхэм тепсэлъыхьу, цӏыхум игур хигъахъуэу, сарихьэлӏащ.

 

Щызыӏуахыну махуэм, Талас Район Нэхъыщхьэ (каймакам) ди лъэпкъэгъу, Тэащ Яшар (Донмэз), Кайсэри щӏэнхабзэ (культурэ) нэхъыщхьэр, музейм и директор, Истамбыл Шамил Фыгъуапӏэм и унафэщӏ тхьэмадэ Кӏуэкӏуэ Джэнгиз (Гул), Кайсэри Адыгэ Хасэ Унафэщӏ нэхъыщхьэ Алхъэс Нуршах (Оздэмир), Адыйуф Гуп ӏэпэӏэзэ гъэсакӏуэ Тсей Бэнгун (Гул), Кайсэри адрей Адыгэ Хасэ тхьэмадэхэр. Адыйуф ӏэпэӏэзэхэр, нэхъыжьхэр, щӏалэхэр, сэри сахэтауэ гупышхуэ цӏыхубэ, ӏэщӏагъэхэм дехъуапсэу дахэплъэу дызыхэтащ. Бысым хасэ тхьэмадэу, Алхъэс Нуршах, Кайсэри Щӏэнхабзэ (Култур), Музей дыректор, Талас Район Нэхъыщхьэ Тэащ Ящар, Щамил Фӏыгъуапӏэ Тхьэмадэ Кӏуэкӏуэ Джэнгиз псалъапӏэ зэрыз къалъысауэ; Адыгэм, Адыгагъэм, пасэрейм щыщӏэдзауэ нобэ къэсыху блигъэкӏа гугъуехьхэм, ӏэпэӏэзэгъэм, зэрихьа хьэпшыпхэр, ӏэмэпсымэхэр зыхэщӏыкӏа гъущӏхэкӏхэр (дыщэ-дыжын-жэз…) щытхъу псалъэ дахэхэр дэщӏыгъуауэ тепсэлъыхьахэщ.

Гъэлъэгъуапӏэм хъулъхугъэ – бзылъхугъэ фащэхэр, дэщӏыгъуа бгырыпххэр, бгъэрылъхэр, къамэхэр. ӏэпщэхъу, пщэрылъ, бгъэхэӏу. Дыщэм, дыжыным хэщӏыкӏауэ ӏэщӏагъэ дахащэхэр. Ахэр зэрагъэзащӏэ ӏэмэпсымэхэр. Аткӏэ зы лъэныкъуэмкӏэ зауэлӏ фащэу, нэрынэ нэрынэу зэрыхъа «Зырхъ». Цым хэщӏыкӏа зэкуж цей фащэ, абы ищӏыӏуж щӏакӏуэшхуэр телъу. Дыжын тхыпхъэхэр зытещӏыхьа лъэрыгъ къуэпсхэм, шхуэм уанэм къыхэлыдыкӏыу уригъэхъуапсэу… щыхь бжэн жыпӏэн, мэз бжэн жыпӏэн гъэшэрэза бжьакъуэшхуэхэр зытелъ алэрыбгъухэм и дэхагъэр дэщӏыгъужуу… Фэдэн ухуэнакӏэ зэгъэпэща щӏопщ жыпӏэн, и кӏыр дыжынкӏэ къэхухьауэ жыпӏэн плъагъун хуейщ… Ӏуэтэжыгъуейщ… [Дэщӏыгъуа теплъэхэм (сурэтхэм) Фыхэплъэ]

Мы лэжьыгъэ дахэхэм хэлэжьыхьа ӏэпэӏэзэ бзылъхугъэ гуп зыхэтым дытепсэлъыхьын хуейщ. Шамил Фӏыгъуапӏэ Хасэм пыща «Адыйуф» зыфӏэща гуп зэкӏужщ. Мы гупым лэжьапӏэу зрахьэ кӏыщ (ателе) яӏэщ. Адыгэ лъэпкъым иджыр къэс игъэзэщӏауэ къигъэса пасэрей гъуазджэ лэжьыгъэхэм и къэлэжьыкӏэм теухуауэ щӏалэ щӏэблэр ягъэсэну гъэсакӏуэхэщ. Гупым и гъэсакӏуэ нэхъыщхьэр Тсей Бэнгунщ. Игъэсауэ гупым дэлажьэхэри ӏэзэу гъэсакӏуэ хъуахэщ. Гъэлъэгъуапӏэм щагъува кӏыщ анэм, дэкъузапӏэ ӏэдэӏуантӏэ цӏыкӏухэм дэщӏыгъуа дыжьын кӏапсэхэмкӏэ лэжьыгъэ щапхъэхэри щагъэлъэгъуащ.

Мы лэжьыгъэхэр зезыгъакӏуэ Шамил Фӏыгъуапӏэ Хасэ Тхьэмадэ Кӏуэкӏуэ Джэнгиз, сы щӏалэ цӏыкӏугъэм хуэзэу си ныбжьэгъущ. Азэй зыфӏэща къалэ цӏыкӏум дыдэсу, унэ пщӏантӏэ, хьэблэ уэрамым дыщызыдэджэгуауэ, пэрыт еджапӏэм дыщыздэджащ. Илъэс хыщӏым (60 гъ.) фӏэкӏауэ, абы лъандэрэ дызэрымылъэгъуауэ, дызэрылъагъужащ. Щӏалэ цӏыкӏугъэ дызыдэджэгуа ныбжьэгъу цӏыкӏухэми я гугъу тщӏыуэ, дыуэршэру гу зыщытхуэжащ.

Адыйуф гупым хэт бзылъхугъэу хъуар, псэури цӏыху гуапэхэт. Ауэ, Абзэхыбзэ псалъафэ щыкӏэр шэрыуэу зезыхьэ, Ялова Къалэ – Алтыновам епха Актопрак къуажэм щыщ, Едич Хьэмийэт нэхъ бзэм дытепсэлъыхьу дызыдэуэршэрауэ, къиӏуэтахэм щыщ, Фӏэщхъуныгъэр зыгъэлъагъуэ пасэрей псалъэу, и анэшхуэм дей щызыхихыжауэ:

Уэгъу хъуауэ «Хьэнцэгуащэ» кърашэкӏыу «Еллэ, Еллэ» жаӏэу тхьэм елъэӏут жи… Уэгъу дыдэу блэкӏауэ, уэшхыншэу къанэу зыгуэуда щӏыхэр игъэлъагъуэу Тхьэм елъэӏут жий…

– Уэ, дэ ди Тхьэ лъапӏэу, Тхьэшхуэ! Уи мастэшхуэмкӏэ, мы щӏы зыгуэудахэр тхузэгуэдэж! жиӏэу… Хьэнцэгуащэ ӏуэрыӏуатэм хэту, ди лъэныкъуэ къуажэхэми щызэрахьэми зий зыхэзмыха псалъэхэр, Адыйуф гуп фэеплъу къысхуэнауэ соӏуэтэж.
Адыйуф гупым мы и лэжьыгъэхэр Тырку Къалэ къудейкъым щагъэлъэгъуар. Лэжьапӏэ кӏыщыр ӏуаха нэужь:

• Мэлыжьыхь 10-20 2015 Истамбыл.
• Бадзэуэгъуэ 06-12 2015 Самсун – Адыгэ Хасэ.
• Ӏуэныгъэ 18-27 2015 Абхъазя – Сохъум
• Жэпуэгъуэ 02-05 2016 Адыгей – Мейкъуапэ
• Щакӏуэгъуэ 24-Дыгъэгъазэ 05 2017 Истамбыл
• Мэлыжьыхь 22-Накъыгъэ 30 2018 КъБР Нальчик
• Жэпуэгъуэ 19-24 2019 Иордан – Амман
• Щакӏуэгъуэ 29-Дыгъэгъазэ 10 2023 Истамбыл
• Жэпуэгъуэ 7-27 2024 Анкара
• Мэлыжьыхь 14-20 2025 Кайсэри Адыгэ Хасэ

Гъэлъагъуэн махуэр щаухынум хуэкӏуэу, кърагъэблэгъа щӏэныгъэрылажьэ бзылъхугъищым тӏур филологу, зыр архэологу я лэжьыгъэхэмкӏэ дэӏуакӏуэхэм яхуэтепсэлъыхьахэщ.

• Проф. Др. Озлэм Сыр Гавас. Пасэрей Кавказым, Анэдолэ цӏыхугъэ гъуэгу лъэужьым «Бзылъхугъэ»р.
• Доц. Др. Дэря Йылмаз Тэкин. Кавказым и зэуакӏуэ бзылъхугъэхэр «Амазонхэр».
• Др. Пащты Мадинэ. Нартхэм, Сэтэней Гуащэ, Гуащэ Дотэ тепсэлъыхьахэщ.

Дэӏуакӏуэхэри хуит дащӏауэ дэри щӏэныгъэрылажьэхэм упщӏэ яхуэтшияуэ тӏысыгъуэр зэкӏужу екӏуэкӏащ.

Ӏэгу-джэгу, уэрэд, къафэ хуэдэу зы зэхэтыныгъэ фӏэкӏауэ гъуазджэ лэжьыгъэ дахэхэм ехъуапсэу, щӏэныгъэм хуегъэзэкӏа лэжьыгъэхэми дедаӏуэу, дыщэдэӏуу зы тхьэмахуэ бжыгъэ блэдгъэкӏащ.

Лъэпкъым щхьэпэ мыбы хуэдэ лэжьыгъэхэр дыхуэбэгъуэну…

Лэжьыгъэ дахэхэм зи ӏыхьэ хэлъу хъуами фӏыщӏэшхуэ хуэтщӏу…

Yazarın Diğer Yazıları

Кайсэри Къалэ, «Нэхущ» жьы хуабэм дызыщӏиуӏэфӏауэ!

Мы мазэм и ещэнэрей (3.) махуэм и пщыхьым; зыпымычыу, зыкӏэлъыкӏуэу жиӀа ди бзэ уэрэд дахэхэмкӏэ Нэхущ Чэрим дызыщӏиуӏэфащ. Сэ, илъэс щэщӀырэ блы ипэ, япэ дыдэ...

До Щыгъуэ! – Щы, Щыӏэ, Щымыӏэж, Абы Щыгъуэ! Сыт Дыщӏэщыгъуэр?

«Щы» псалъэм къикӏыр дымыщӏэмэ, «щыгъуэ»ри, дыщӏэщыгъуэри гурыӏуэгъуейщ. «Щы» псалъэр зэрызэхэтхыу, зы бжыгъэ дигу къегъэкӏ. Зы, тӏу, щы. Зыкӏэлъыкӏуэ бжыгъэм ещанэрейр. Пэжщ. «Щы»р, зы бжыгъэми ар...

Гъатхапэм и пщlыкlуплlырей махуэр хухэхауэ!

Мы псалъащхьэр, и къежьапIэр, гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, цIыхугъэм и щIэдзапIэм дыкIуэу, «хьэ лъэхъэнэр» иухауэ, тIысыпIэ яухуауэ, «къуажэ»у, «хьэблэ»у зыхэсу, я шхын Iыхьэр лэжьыгъитIым къыхахыу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

TARİHTE BU AY

Yazarla sohbet

- Advertisement -spot_img