Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тхыдэм мы мазэм

Накъыгъэм и 1, махуэку
• Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ
• 1923 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэу, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщӏу 1969 – 1984 гъэхэм щыта Къущхьэ Кӏыщыкъуэ.
• 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Урыс Мухьэзир.
• 1937 гъэм къалъхуащ социологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик, Адыгэ Республикэм щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Афэщӏыж Тыркубий.
• 1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щӏыхь зиӏэ и сурэтыщӏ, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гъуэгунокъуэ Мухьэрбий.
• 1939 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщӏэ, техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Республикэм и Президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт.
• 1942 гъэм къалъхуащ «Къэббалъкътурист» ОАО-м и генеральнэ директор, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къалэ Владимир.
• 1943 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущӏэ, политик, жылагъуэ лэжьакӏуэ Нэхущ Заурбий.
• 1954 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ Жыкъуэ Гъумар.
• 1955 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакӏуэ Емкъуж Мухьэмэд.
Накъыгъэм и 2, мэрем
• 1923 гъэм Гьоненрэ Маньясрэ я 14 Адыгэ къуажэм зэрыс щыпӏэхэр ирагъэбгынэри Анэдолэ къуэкӏыпӏэмкӏэ ягъэӏэпхъуащ.
• 1922 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Урыс Хьэталий. (1922-2004)
• 1930 гъэм къалъхуащ «Ленин гъуэгу» (иджы – «Адыгэ псалъэ») газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Тӏажь Пётр.
• 1931 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректору щыта, профессор, КъБР-мрэ АР-мрэ щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Чэлимэт и къуэ Лъостэн Владимир.
• 1941 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущӏэ, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м и Къэзыбж палатэм и япэ унафэщӏу щыта, Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэм и къэрал чэнджэщэгъу Къэрмокъуэ Хьэчим.
• 1953 гъэм къалъхуащ дирижёр цӏэрыӏуэ, УФ-м и цӏыхубэ артист Гергиев Валерий.
Накъыгъэм и 3, щэбэт
• Печатыр зыми и унафэ щӏэмытыным и дунейпсо махуэщ.
• Дыгъэм и дунейпсо махуэщ
• Мыпсэлъэным и дунейпсо махуэщ
Накъыгъэм и 4, Тхьэмахуэ
• Мафӏэсгъэункӏыфӏхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1938 гъэм къалъхуащ абазэ тхакӏуэ, КъШР-м и цӏыхубэ усакӏуэ Чыкӏуэту (Кӏыкӏуэту) Микаэл.
• 1943 гъэм къалъхуащ УФ-м и цӏыхубэ художник, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Шемякин (Къардэн) Михаил.
• 1956 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и и академик, УФ-м щӏыхь зиӏэ и экономист Щауэжь Хьэсэнбий.
Накъыгъэм и 5, блыщхьэ
• Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щӏэбэ­ныным и дунейпсо махуэщ
• 1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Пэрэныкъуэ Мурат.
• 1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
• 1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкӏэ щыта Апажэ Назир.
• 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Ӏэбубэ.
• 1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Апышэ Абрэдж.
• 1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ.
• 1939 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир.
• 1943 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, ЩӀДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
• 1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Джырандокъуэ Верэ.
• 1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цӏыхубэ сурэтыщӏ Пэтӏуащӏэ Феликс.
• 1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Лӏыс Мухьэмэд.
• 1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къалмыкъ Кларэ.
• 1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ.
• 1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Мысост Вадим.
Накъыгъэм и 6, гъубж
• 1870 гъэм къалъхуащ Оттоман империем и маршал, пащтыхьыдзэм и унафэщӏу щыта Анчокъуэ Ахъмэт Азнаур.
• 1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщӏакӏуэ Долэт-Джэрий Сулътӏан.
• 1936 гъэм къалъхуащ адыгэ философ, еджагъэшхуэ, тхакӏуэ, социологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.
• 1949 гъэм къалъхуащ абазэ тхакӏуэ, КъШР-м и цӏыхубэ усакӏуэ Мхъыцэ Чэрим.
Накъыгъэм и 7, бэрэжьей
• 1990 гъэм КъБР-м и Адыгэ Хасэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
• 1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и агроном Чэгъэду Владимир.
• 1940 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ мэкъумэш лэжьакӏуэ цӏэрыӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Инэмыкъуэ Кӏунац.
• 1950 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ.
• 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир.
• 1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ Дыщэкӏ Соня.
• 1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ Пщыхьэщӏэ Хьэсэнбий.
Накъыгъэм и 8, махуэку
• Фэеплъымрэ зэкӏужынымрэ я дунейпсо махуэщ.
• 1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Нэгъуей Беслъэн.
• 1943 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ, Урысейм щӏыхь зиӏэ и дохутыр Хьэжмусэ Лидие.
• 1947 гъэм къалъхуащ Мексикэм и къалащхьэ Мехикэ 1968 гъэм щекӏуэкӏа ХӀХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм лъакъуэрыгъажэмкӏэ чемпион щыхъуа Шыхъуэ Борис.
• 1953 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къущхьэ Хьэсбий.
Накъыгъэм и 9, мэрем
• ТЕКӀУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И МАХУЭЩ
• 1910 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Мыд Хьэжмусэ.
• 1912 гъэм къалъхуащ адыгей тхакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Куэстэнэ Дмитрий.
• 1918 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, прозаик Щхьэплъокъуэ Хьисэ.
• 1924 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, тхакӏуэ, композитор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Окуджавэ Булат.
• 1927 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Бакъ Нарзан.
• 1927 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и связист Ефэнды Батий.
• 1927 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Тхьэкъуахъуэ Башир.
• 1931 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Пэнагуэ Азэмэтджэрий.
• 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Сэкрэк Мухьэдин.
• 1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Атэлыкъ Къэралбий.
• 1951 гъэм къалъхуащ мэкъу­мэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, УФ-ми КъБР-ми щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэ­жьакӏуэ Блий Станислав.
• 1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс бзэщӏэныгъэлӏ, ЩӀДАА-м и академик, КъШР-м егъэджэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Иуан Зэуал.
• 1967 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, продюсер Бондарчук Фёдор.
Накъыгъэм и 10, щэбэт
• 1916 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Къуэныкъуей Назир.
• 1929 гъэм къалъхуащ Усакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэӏупщы Лолэ.
• 1930 гъэм къалъхуащ педагогикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, АПСН-мрэ ЩӀДАА-мрэ я академик, УФ-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ, Адыгэ Республикэм щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Бузар Ким.
• 1937 гъэм адыгэ литературовед, критик, филологие щӏэныгъэхэм я доктор, ЩӀДАА-м и академик, АР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Мамий Руслан.
• 1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ Хьэцӏыкӏу Хьэсэн.
• 1938 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакӏуэ, Бахъсэн щӏыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Шапсыгъ Хьэсэн.
• 1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн Мухьэмэд.
• 1945 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэм я доктор, Адыгей къэрал университетым и профессор Понэж Увжыкъуэ.
• 1948 гъэм къалъхуащ усакӏуэ Къуныжь Хьэӏишэт.
• 1954 гъэм Лондон дунэйм щэхыжьащ Генерал Исмаил Беркок.
• 1954 гъэм дунэйм ехыжьащ тхакӏуэ Сэин Тимэ.
• 1967 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, Ингуш Республикэм щӏыхь зиӏэ и дохутыр Аслъэн Ахьмэд.
Накъыгъэм и 11, Тхьэмахуэ
• 1810 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщӏ, Петербург художествэхэмкӏэ и академием и вице-президенту щыта, Кавказым мызэ-мытӏэу щыӏа икӏи ди щӏыналъэм, ди цӏыхухэм ятеухуа сурэтхэр зыщӏа Гагарин Григорий.
• 1917 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу бгырыс лъэпкъхэм я Зэгухьэныгъэм и Курыт Гъэзэщӏакӏуэ Комитетыр хэхыныгъэ.
• 1931 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор Афэщӏыж Марат.
• 1969 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэщӏ, республикэм щӏыхь зиӏэ и экономист Мусуков Алий.
Накъыгъэм и 12, блыщхьэ
• Медсестрам и дунейпсо махуэщ
• 1916 гъэм къалъхуащ мэкъумэш ӏэнатӏэм и унафэщӏ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Аргун Ӏэбубэчыр (Пӏатӏэ).
• 1917 гъэм къалъхуащ Абхъазым и цӏыхубэ усакӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Шинкубэ Бэгърат.
• 1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Хьэщыкъуей Билал.
• 1935 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий.
• 1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, ӏуэрыӏуатэдж, КъШР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Брат Хьэсин.
• 1984 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех Къарей Элинэ.
Накъыгъэм и 13, гъубж
• 1829 гъэм Пушкин Александр Москва кърагъэкӏри, Кавказым щызауэ дзэм хагъэхьащ.
• 1913 гъэм Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщӏэхэм зыкъыщаӏэтащ.
• 1913 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Гъубж Мухьэдин.
• 1924 гъэм къалъхуащ Урысейм и Лӏыхъужь Къардэн Уэхьид.
• 1939 гъэм къалъхуащ УФ-м пщӏэ зиӏэ и ухуакӏуэ, УФ-м пщӏэ зиӏэ и гъуэгуухуэ, «Мостстрой» ОО-м и генеральнэ директору лэжьа Джэрыджэ Къанщобий.
• 1965 гъэм къалъхуащ КъБР-м, Ингушым щӏыхь зиӏэ я артист Зеущэ Ӏэуес.
• 1969 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, драматург, УФ-м и драматургхэм я зэпеуэм и лауреат, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
Накъыгъэм и 14, бэрэжьей
• Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ
• Астрономием и дунейпсо махуэщ
• Гъэпцӏагъэ хамылъхьэу сату щӏыным и дунейпсо махуэщ
• 1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, УФ-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэу щыта Тау Пщыкъан.
• 1945 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущӏэ, тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, Абхъаз Республикэм и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав.
• 1950 гъэм къалъхуащ ­композитор, макъамэдж Блай Тамарэ.
Накъыгъэм и 15, махуэку
• Унагъуэхэм я дунейпсо махуэщ
• Климатым и дунейпсо махуэщ
• Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэм щагъэлъапӏэ осетиныбзэмрэ литературэмрэ я махуэр
• 1903 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ Темыр Сэлихь.
• 1914 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, Адыгэ Республикэм и цӏыхубэ артист Ӏэхъуэджакӏуэ Мэжид.
• 1919 гъэм къалъхуащ драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Акъсырэ Залымхъан.
• 1921 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, драматург, ­КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Дудар Хьэутий.
• 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ артист, режиссёр Шэрыӏужь Анатолий.
• 1935 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщӏу илъэс куэдкӏэ лэжьа Къамбий Зуфар.
• 1942 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, РАЕН-ми ЩӀДАА-ми я академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и тхьэмадэ Иуан Пётр.
• 1947 гъэм къалъхуащ УФ-ми, Кубанми, КъБР-ми щӏыхь зиӏэ я артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр зрата Зыхьэ Заурбий.
• 1962 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Дыщэкӏ Артур.
Накъыгъэм и 16, мэрем
• Биографхэм я махуэщ
• 1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакӏуэ Хъан-Джэрий Сулътӏан.
• 1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.
• 1957 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и экономист Къалэ Замир.
• 1961 гъэм къалъхуащ уэчыл, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и юрист Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий.
Накъыгъэм и 17, щэбэт
• Гу узыфэхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
• 1848 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ тхыдэдж, узэщӏакӏуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч.
• 1917 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс куэдкӏэ зыгъэбжьыфӏа, Урысей Федерацэм и цӏыхубэ артисткэ Дыщэкӏ Кӏунэ.
Накъыгъэм и 18, Тхьэмахуэ
• Мамыру зэдекӏуэкӏыным и дунейпсо махуэщ
• Нэхум и дунейпсо махуэщ.
• 1841 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщӏакӏуэ, щӏэныгъэлӏ Хьэтӏохъущокъуэ Къазий.
Накъыгъэм и 19, блыщхьэ
• Тыркум щагъэлъапӏэ щӏалэгъуалэмрэ спортымрэ я махуэр.
• 1991 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ Конгрессыр. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр.
• 1881 гъэм къалъхуащ Тырку Республикэм и япэ президенту щыта Ататюрк Кемаль.
• 1952 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-р къэзыуха, Хьэрып къэралхэм я лигэм и секретарь нэхъыщхьэм и чэнджэщэгъу, Иорданием щэнхабзэмкӏэ и министру щыта Нэгуэр Нанси.
• 1958 гъэм къалъхуащ адыгэ бзэщӏэныгъэлӏ, профессор, ЩӀДАА-м и член-корреспондент, КъШР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Иуан Зэуал.
• 1966 гъэм къалъхуащ «Спартак-Налшык» топджэгу гупым и тренер нэхъыщхьэу щыта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Биджий Хьэсэнбий.
Накъыгъэм и 20, гъубж
• Метрологием и дунейпсо махуэщ.
• Бжьэхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1570 гъэм Антверпен (Бельгие) дунейм щыяпэу щытрадзащ географие атлас.
• 1875 гъэм Париж къыщащтащ метр, литр, килограмм пщалъэхэр.
• 1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Гугу Рашад.
• 1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Жьэкӏэмыхъу Мусэбий.
• 1938 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, тхакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэх Сэфарбий.
• 1948 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и санитар дохутыр нэхъыщхьэ, медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Акӏырэ Аслъэн.
• 1955 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэбзэ редакцэм и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
• 1974 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарь, КъШР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Абидокъуэ Лусанэ.
Накъыгъэм и 21, бэрэжьей
• Урыс – Кавказ зауэм хэкӏуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. 1864 гъэм увыӏащ илъэсищэкӏэ екӏуэкӏа зауэр. Къэбэрдей-Балъ­къэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м ­къищта унафэмкӏэ щыгъуэ махуэр ягъэу­ващ. 2004 гъэм Налшык къы­щы­зэӏуахащ Кавказ ­зауэм хэкӏуэда ады­гэхэм я фэеплъ.
• Хьэршым и дунейпсо махуэщ
• Зызэхэщӏыкӏынымрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэгъэпса щэнхабзэ зэмылӏэужьыгъуагъэм и дуней­псо махуэщ
• 2004 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ Кавказ зауэм хэкӏуэда адыгэхэм я фэеплъ.
Накъыгъэм и 22, махуэку
• Биологие зэмылӏэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ
• 1917 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ спортсмен, Европэм бэнэкӏэ хуитымкӏэ и чемпион, 1948 гъэм екӏуэкӏа Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джандемыр (Гугъэв) Адыл.
• 1946 гъэм къалъхуащ Германием щыпсэу адыгэхэм ящыщ, филологием и доктор, ЩӀДАА-м и академик Озбек (Едыдж) Батырай.
• 1946 гъэм Ичкерия Шэшэн Республикэм и консул щӀыхь зиӀэ Онлю Медет яукӀащ.
Накъыгъэм и 23, мэрем
• Шылъэгум и дунейпсо махуэщ.
• 1944 гъэм сурэтыщӏ, политик Дагъ Шевкет дунейм ехыжащ. (1876 – 1944)
• 1955 гъэм къалъхуащ адыгэ хьэрычэтыщӏэ цӏэрыӏуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид.
• 1959 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкӏуэкӏ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Гузеевэ Ларисэ.
Накъыгъэм и 24, щэбэт
• 1918 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Иуан Хьэсэн.
• 1926 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм ящыщ спортсмен, 1948 гъэм екӏуэкӏа Олимп Джэгухэм бэнэкӏэ хуитымкӏэ чемпион щыхъуа Бильге Газанфер.
• 1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакӏуэ, тхакӏуэ Анзор Мухьэмэд.
Накъыгъэм и 25, Тхьэмахуэ
• Яфӏэкӏуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ
• Нэгъуэщӏхэм я унафэм щӏэт щӏыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
• 1908 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я тхыдэр зыджа осетин щӏэныгъэлӏ, тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор Гарданов Батрэз.
• 1922 гъэм къалъхуащ юстицэмкӏэ къэрал чэнджэщэгъу, жылагъуэ лэжьакӏуэ Ансокъуэ Мухьэрбий.
• 1923 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь, КъБАССР-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ Къамбий Мухьэб.
• 1932 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цӏыхубэ усакӏуэ Тут Михаил.
• 1940 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий.
• 1943 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, журналист, режиссер, сценарист, продюсер, актер цӏэрыӏуэ Гъуэгулӏ Четин Онер.
• 1950 гъэм къалъхуащ парт, къэрал лэжьакӏуэ, республикэм и Парламентым и Унафэщӏым и къуэдзэу щыта, КъБР-м и Къэрал чэнджэщэгъу, УФ-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ Бозий Натбий.
• 1952 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысейм транспортымкӏэ и академием и действительнэ член Зекӏуэрей Аслъэн.
Накъыгъэм и 26, блыщхьэ
• Химикым и дунейпсо махуэщ.
• 1928 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Ӏэбу.
• 1969 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыӏакӏуэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Варум Анжеликэ (и цӏэ дыдэр Мариещ).
Накъыгъэм и 27, гъубж
• Щыгъупщэх узыфэм пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ
• 1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, ЩӀДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Накъыгъэм и 28, бэрэжьей
• 1928 гъэм Мейкъуапэ къыщызэӏуахащ Адыгейм и тхылъ тедзапӏэр.
• 1930 гъэм къалъхуащ киноактёр, КъБР-м и цӏыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молей Барэсбий.
• 1930 гъэм къалъхуащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цӏыхубэ тхакӏуэ, СССР-ми УФ-ми я къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цӏэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и гимныр зытха, Урысейм Лэжьыгъэмкӏэ и Лӏыхъужь Мэшбащӏэ Исхьэкъ.
• 1945 гъэм британ дзэ администрацэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ эмигрантхэр, Европэм щыӀэ хьэжрейхэр залымыгъэкӀэ Совет Союзым и дзэ унафэщӀхэм яритыжынрищ, ахэр СССР-м ягъэзэжын папщӀэ, абы репрессиехэр къыщыпэплъэу.
• 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щыщ жылагъуэ лэжьакӏуэ, хьэрычэтыщӏэ, меценат Джэрыджэ Хьэсэн.
Накъыгъэм и 29, махуэку
• ООН-м и мамырщӏэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
• Осетие Ипщэ Республикэм къэрал щхьэхуэу зыкъыщилъытэжа махуэщ (2008 гъэм)
• 1453 гъэм Византие империем и къалащхьэ Константинополь тыркухэм яубыдащ. Ар иджырей Истамбыл къалэрщ.
• 1929 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик цӏэрыӏуэ, филологие щӏэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и вице-президент, Къэрэшей-Шэрджэсым и Тхакӏуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщӏ Бэчыжь Лейла.
• 1964 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакӏуэ, филологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, хэхэс адыгэхэм я литературэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа Абдокъуэ Маринэ.
Накъыгъэм и 30, мэрем
• 1952 гъэм къалъхуащ пшынауэ ӏэзэ, КъБР-м и цӏыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн.
• 1970 гъэм къалъхуащ телережиссёр, искусствоведением и кандидат, УФ-м и Артиадэм и лауреат Сэралъп Самарэ.
Накъыгъэм и 31, щэбэт
• Цӏыхухэр зэхуэмыгъэдэным пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ
• Лъакъуэрыгъажэкӏэ къызэдэжэн спорт лӏэужьыгъуэм и дунейпсо махуэщ.
• 1929 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущӏэ, контр-адмирал Тхьэгъапсэ Мэжид.
• 1948 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Шэвлокъуэ Вячеслав.
• 1950 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и экономист, КъБР-м и Парламентым, Жылагъуэ палатэм я Унафэщӏу щыта Чеченов Ануар.
• 1960 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и дохутыр Къарэнашэ ӏэминат.
• 1970 гъэм къалъхуащ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий.

Yazarın Diğer Yazıları

Ridade bu hafta sonu sahnede

İstanbul Abhaz Kültür Derneği bünyesinde çalışmalarını sürdüren Ridade Ensemble, “Аныха - Ortak Düşlerin Toprakları” başlıklı yıl sonu gösterisini 22 Haziran’da Üsküdar, Bağlarbaşı Kongre ve...

Черкес Льэпкгьэкӏодым и я 161-рэ ильэс хагьэунэфыкӏыгь

Хэкум Цӏыфхэр Ащаубытыхэзэ Жьоныгъуакӏэм и 21-рэм шӏэжь мафэр Аушъхьакӏугъ Хэкум Адыгеим, Къэбэртае Бэлкъар, Къэрэщай Щэрджэс Республикэхэм, Абхьаз Хэкум Жьоныгъуакӏэм и 21-рэ шӏэжь мафэр ащхагъэунэфыкӏыгъ ау...

«Аԥсынра»

Сақариа Аԥсуа Ахеидкыла «Аԥсынра» ахыхьыӡ ала имҩаԥнагоз аҽазыҟаҵара алыҵшәақәа, Лаҵарамза 25 амш иӡырган. Акциа, анаплых цәыргақәҵа ала иыхацыркын. Аӷьазыԥҳа Сема Ерџьан’и Аргун Ергьин Арӷун’и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img