Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Сыринэ!

Япэм зэрахьэу щыта жьэ пшынэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщ зы макъ гъэӏу ӏэщӏагъэщ «сыринэ»р.

Ауэ, мы цӏэр си тхыгъэм псалъащхьэ щыхуэхъуар; хэкум щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщӏэ джэгуакӏуэхэм (театр) я лэжьыгъэхэм фӏэщыгъэцӏэ хуэхъуащ «Сыринэ»р.

Сыринэ

Театрыр, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэгъэпэщ щӏыпӏэ, ӏуэхущӏапӏэщ. Ар къыщӏалэжыр, я ӏуэхур, цӏыхугъэ гъащӏэм щалъэгъуахэр нэхъ шэрыуэу, гъэкӏэщӏауэ, гурыӏуэгъуафӏэу, ущыхэплъэм уи псэукӏэм, цӏыхугъэ псэукӏэри зырыуигъэлъыту уригъэгупсысэу, уригъэгузавэу, уригъэдэхьэщхыу зы хэплъэгъуэ теплъэгъуэщ.

Мы узыхэплъэ теплъэхэр уэ къыбдалъхуа «анэдэлъхубзэ» Адыгэбзэмэ; къыщӏэкӏ, къыхэпх ӏэфӏагъыр, уи лъым хэту, уи пкъым къыщикӏуыхьыу, уи гум щызыхос. Ухуэныкъуащэу зэу къыщыпӏурыхьэ щыхъум щыгъуэ тэмакъым фӏэмыкӏыу зэрыщиубыдыкӏым хуэдэу, уи гум щӏэгъуалъхьэу, тэмакъыри зыфӏэзэрыхыу уи ӏупсыри щемыхыжи мэхъу. Мис апхуэдэу дахэплъащ ныбжьыщӏэ джэгуакӏэхэм къаджэгуахэм.

къежэкӏ

«Джэгу» псалъэми тепсэлъыхьын хуейщ, мыбы хуэдизу тхыгъэм къыщыхэхьакӏэ. Джэ/гу: «джэ»ныр, макъ гъэӏунщ. Макъ игъэӏуу къыщоджэкӏэ, «гу»м фӏэфӏу узэщӏиуфэн хуейщ. Зытегъэуным, нэгу зегъэужьыным теухуауэ ялэжь ӏуэхугъуэ гуэрхэращ «джэгу»р.

«Сыринэ»м щыджэгуа ныбжьыщӏэ щӏалэхэр ягъэсэну щыхашым 14-25 ныбжь зиӏэхэрэщ хашар. Куэду ӏэзэу гъэсахэщ. Къэбэрдей Балъкъэр Къэралыгъуэм щоджэ, щопсэухэр. Урысейм Москва джэгуакӏуэ гуп зыпеуэм хэхьауэ, гуп щэрэ тхущӏым (150) езанэрей (1.) ӏыхьэ, увыпӏэр къахьыри Къэбэрдейм къагъэзэжащ.

Тыркум къыщыкӏуам щыгъуэ япэ Анкара Къалэм щыджэгуахэщ. Абы нэужьи Кайсэри Къалэм къытхуеблэгъахэщ. Талас Къалэ джэгупӏэ (салон) пэшышхуэм дащыхэплъащ, «къежэкӏ» зыфӏэща я гъэлъагъуэм.

Къанкъул Ислъам

«Къежэкӏ»ыр зытеухуар, гурыӏуэгъуэ ищӏыр; псынщӏэ дыдэу зызыхъуэж мы дуней псэукӏэм, къекӏуэкӏ и дзэ зыкӏэлъыкӏуэхэм удэзэрыхьмэ, ухахьэжэнщ. Узытетым утрашынщ. «Щӏэн», «щӏэныгъэ» гупсысэкӏэр пӏыгъыу зумыхъумэжмэ, гъуэгу захуэм урагъэбэкъуэнщ. Ахэр зыхуемкӏэкъым, уэ узыхуемкӏэ, узырагъэсамкӏэ унэтӏ… Ныбжьыщӏэхэм, щӏэблэм я къакӏуэным тогузэвыхь тхакӏуэр.

Ныбжьыщӏэхэм ӏэзэу я джэгукӏэхэм дыдихьэхауэ «къежэкӏ»ым дыхэплъащ. Къыкӏэлъыкӏуэу усэхэм теухуауэ «усэ пшыхь» ирагъэкӏуэкӏащ. Усэхэми ӏэзэу щеджэхэм зым гурыщхъуэ хузигъэщӏащ, сыту си тхыгъэхэм ещхь хужызигъэӏэу… Къызэджа усэр сэ си тхыгъэхэм зэрыщыщыр яужькӏэ къызгурыӏуащ. Сэ сы усакӏуэкъым, ауэ зэзэмызэ усафэ щӏыкӏэуи щыстх мэхъу.Ахэм языр къыхахауэ Тыркум щыпсэу ди усакӏуэхэм я усэ дахэхэм дащӏыгъуауэ къыщеджэм си гуапи хъуащ, сызыщӏиуӏэфащ. Яужкӏэ, зэджа усэхэм и тхакӏуэхэм я цӏэхэри ягъэӏуащ. Еутых Турхан, Кӏэдыкӏуей Эркан, Шакъ Айнур, сэри сахэту Токъмакъ Айдын. Тыркум щыпсэу усакӏуэ тхакӏуэхэу.

Сэри вдызогуэш. Сымыусакӏуэми; «Гупщысэ»м теухуауэ, зы гупщысэ утыку илъхьэкӏэ зы тхыгъэу:

ГУПЩЫСЭ!
Нэр маплъэ, елъагъу,
Пэр мэпамэ, мэр зэхещӏэ,
Мэдаӏуэ тхьэкӏумэр, зэхех макъыр,
Ӏум нэсам и ӏэфӏыгъэм йоплъ,
Ӏэр мэӏэбэ къыбжеӏэ щабэ-быдэ,
Кӏылъыжыпӏэ хъунущ, хуабэ-щӏыӏэ дыдэ.
Зыхуэхьэсау нос гум.
Гум иӏэщ, шэкалъэ,
Ешэк; псынщӏэ, хьэлъэ.
Епщ; кӏэщ, кӏыхь, мащӏэ, куэд.
Йоплъ; ӏэфӏ, дыдж, сыр, гуащӏэ.
Хоплъэ, гъунэгъу, жыжьэ, лъагэ, лъахъшэ.
Гурыхь, гурымыхь, къабзэ, фӏей,
Ходаӏуэ; гуауэ, гуапэ, жаӏэр дахэ, ӏей.
Зэхихар игъуэ, дэгъуэ, захуэ, хей.
Гум зыхищӏар, ешэк, епщ, зэхуегъадэ.
Зыхилъхьэу зыхипщар, гум ирихьамэ,
мыр сэсеищ жиӏэу утыку йохьа.
*ГУ ПЩЫ СЭ*уэ…

Цыхум и гу нэсахэр, зы шэкалъэу (тэрази) зэришэк, зэрипщым теухуауэ зы гъэлъагъуэ тхыгъэу…

Къэдгъэзэжынщ «Сыринэ» гуп зэпэщым. Етӏэнэрей махуэм Кайсэри Эрджиес Университет Бзэ Литерэтура Факультетым Адыгэбзэ Къудамэм ирагъэблэгъауэ абыми щагъэлъэгъуащ «къежэкӏ» джэгур. Усэхэхэми дыщедэӏуащ.

Мы джэгуакӏуэхэм къалэжа «Къежэкӏ»ыр яхуэзытхар, усакӏуэ, тхакӏуэ ӏэзэ Къаныкъуэ Заринэщ. Ез Заринэ Иран Тахран къалэм ирагъэблэгъауэ тхылъ гъэлъэгъуапӏэм (фуар), и тхылъхэм ӏэ яхущӏидзэну щыӏащ. Кайсэри къалэм гувауэ къэсащ. Яужкӏэ дыгъэхьэщӏащ.

Къэкӏуа сыринэ гупым «Адыгэ Дуней» лъэпкъ фондым и унафэщӏу Аскэр Атилла Гюсер нэхъыжьу ящхьэщытащ.

Театр ӏуэху гъэзащэу (директор) Гугъуэтыж Ахьмэд яригъусащ.

Ныбжьыщӏэхэр зыгъэсар, «къежэкӏ» джэгур утыку изылъхьар, ди цӏэрыӏуэ джэгуакӏуэу зытезухуар (Режиссёр) Къанкъул Ислъамщ.

«Къежэкӏ»ым, «усэ пшыхь»ым хэта ныбжьыщӏэхэр:

Битокъу Адэлина, Ащэбокъуэ Мадина, Быдэ Гуащэхъан, Нэзрэн Самира, Гумэ Алейна, Гумэ Камила, Езан Идар, Шэрэужь Камила, Кип Тамболат, Рэку Къандемир, Мер Адисэ, Шэшэн Нарсанэ, Мэкъуауэ Елдар, Жэгупэ Чэрим, Тхьэгуахъуэ Дамирщ.

Сыринэ и гуп нэхъыжь Аскэр Атилла, «Адыгэ Дуней» лъэпкъ фондым къыбгъэдэкӏыу «Кӏэрэшэ Тембот» и цӏэкӏэ къыдэкӏа «Нарт» Ӏуэрыӏуатэхэм теухуауэ гуп тхылъибл, Кайсэри Адыгэ Хасэм фэеплъ тыгъэ къыхуищӏащ. Абы дэщӏыгъуауэ фонд унафэщӏ нэхъыщхьэ Хьэцӏыкӏу Рая и зы псалъалъэ (64.000 псалъэ зэрыт) тхылъ псалъалъэри дащӏыгъуащ.

Къайсэр Адыгэ Хасэ унафэщӏ Уэтей (Алхъэс) Нуршах фондым «гуапагъэ тхыгъэ зытещӏыхьар» (плакат) яхуригъэхьащ.

«Сыринэ»р университетым щыкӏуам щыгъуэ Пащты Мадинэ «Анэдолэ Адыгэхэм я культурэ» зыфӏэща и тхылъыр сыринэ джэгуакӏуэ ныбжьыщӏэхэм псоми зэрызу тыгъэ яхуищӏащ.

Ди бзэмкӏэ; гъэлъэгъуахэм дыщедэӏуащ, ди бзэр зетхьэу дырыуэршэращ. Ди гуми, ди нэгуми зиужьащ.


Къаныкъуэ Заринэ Упсэу!

Къаныкъуэ Заринэрэ Токъмакъ Айдынрэ

«Сыринэ» гупыр едгъэжьэжауэ, къыкӏэлъыкӏуэ махуэм Тахран Къалэм къикӏыри Кайсэри Къалэм къэсыфа къудейщ. Ныбжьыщӏэ джэгуакӏуэхэм къагъэлъэгъуа «къежэкӏ» джэгур (театр пиес) яхуэзытхар Къаныкъуэ Заринэщ.

Ди тхакӏуэ цӏэрыӏуэщ. Усэм хуэӏэзэ тхакӏуэщ.

 

И усэхэри бзэ куэдымкӏэ зэрадзэкӏыу, а бзэхэмкӏи и усэх

эм гъащӏэ щегъуэт. Къыдигъэкӏа тхылъ бжыгъэр пщӏым нэсами, яужь дыдэ итха тхылъыр «Нартархэр Уэсрэ-Нэсрэ»щ. Сэ, ӏэ схущидзауэ къыслъысар «Ӏуащхьэ МАХУЭ гъэпс»щ.

Нартархэр – Уэсрэ Нэсрэ

Кайсэри къалэм дэс ди лъэпкъэгъу зыхэзыхахэм фӏэхъус ирахыну, зы тхылъ щӏэхуапӏэм и зы тӏысыпӏэм, дыщызэрыгъуэтащ. «Усэ пщыхьу» емыкӏуэкӏами, усэхэми хуэӏэзэхэр къеджахэщ. ӏэфӏ къыщӏэкӏыу зы уэршэри щекӏуэкӏащ. Заринэ, хуэшия упщэхами тепсэлъыхьащ.

Ӏуащхьэ МАХУЭ гъэпс

Ӏэщӏэлъ тхылъхэм щыщ зылъысахэми я насыпщ.

Тлъэгъуасэрэт, дызэрылъэгъуасэрэт жытӏэу динэ къыпхуикӏт. Утлъэгъуащ. Уи лэжьыгъэ дахэхэми дыщӏэдэӏукӏащ. Ди гуапи хъуащ.

Уефӏакӏуэу Псэу! Упсэу, Къаныкъуэ Заринэ Упсэу!

Нартархэр = Чэсрэ Нэсрэ
Хэку – Усэ тхылъ

Дэнэ щӏыпэ икъуэхьауэ дыщыӏэми; дыщызрыгъуэтым щыгъуэ дызыгурызгъаӏуэр ди бзэ закъуэращ. Бзэр кӏуэдмэ дэри дыхэкӏуэдэнущ.

Ди бзэр зедывгъэхьэ, дывгъэхъумэ!!!

 

Yazarın Diğer Yazıları

Кайсэри Адыгэ Хасэм илъэсым и кlэм и lуэхугъуэхэр

Ашэмэзырэ, Щыблэрэ! Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри...

Кайсэри Адыгэ Хасэм кърагъэблэгъауэ, Шамил Гъэсэныгъэ, щӏэнхабзэ фӏыгъуапӏэ!

Мы псалъащхьэми кызэрыхэщыу «Шамил» и цӏэкӏэ яухуа, гъэсэныгъэм, щӏэнхабзэм теухуа зы фӏыщӏэ хасэщ. (Хьэрыпыбзэ псалъэу, Тыркубзэми къыхэхьауэ «вакыф» псалъэ хузэрахьэ. Дэ «фӏыгъуапӏэ», «фӏыщӏэ хасэ»...

Кайсэри Къалэ, «Нэхущ» жьы хуабэм дызыщӏиуӏэфӏауэ!

Мы мазэм и ещэнэрей (3.) махуэм и пщыхьым; зыпымычыу, зыкӏэлъыкӏуэу жиӀа ди бзэ уэрэд дахэхэмкӏэ Нэхущ Чэрим дызыщӏиуӏэфащ. Сэ, илъэс щэщӀырэ блы ипэ, япэ дыдэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img