Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу псы lуфэ къэтlысащ. Къуажэм и цlэр хэкум ещхьу Махъархьаблэ фlащыжащ.

Къуажэм ипэдыдэ къэтlыса лъэпкъхэр; Махъарэ, Шыбзыхъуэ, Хьапэ, Кхъуэфlэбз, Игъуэж, Шыд лъэпкъхэращ.

Адрей щыпсэу лъэпкъхэр иужъкlэ нэмыщl къуажэхэм къикlурэ хэхэсу къахэтlысхьэжахэщ.

Къуажэм ищl къыпыщlэт къуажэхэр; Хъуэстхьэблэ, Жиекъуэ Бабыгуей, Къуэтхьалей, Шэшэн Жамботей къуажэхэращ. Къуажэр къуажэшхуэу щтащ ауэ иужькlэ Адыгэр къуажэм дэкlу къалэшхуэхэм кlуэу щlадзащ, къуажэм иужъкlэ къыдэтlысхьа Аушэрхэр кlуэухрэпэт нэхъыбэ хъуащ. Нобэ аушэрхэр Адыгэм бжыгъэкlэ къатекlащ.

Къуажэм псы къыщlэкlыпlэм Махъарэхэ еуэ бдзэжъей къэгъэхъупlэшхуэ щаlэщ. Ау къызэрыкlуэуэ ину зы заводщ. Махъарэхэ мы щlыпlэм ахъшэ къыхалъхьэуэ бдзэжъей къагъэхъуну стройкашхуэ ящlащ, Махъарэхэи щlыпlэм пагъэуву lэхьэугъу яхуэхъуащ, мы lуэхум теухуауэ Тыркум я нэхъ заводышхуэр мы къуажэм дэтщ. Цlукl фэкlу зыбжанэ бдзэжьей къагъэхъу щlыпlэ дэтщ.

Къуажэр Жамботыкъуэм и унафэ щlэта къуажэхэм ящыщ. Къуажэм зицlэ ираlуэу цlух куэд щыпсэуау щтащ;

Махъарэ Надир, Бэдри, Ахьмэд, Адил, Умар, Рэджаи.

Къардэн Бешир, Хьажмурид, Сэфар, Иса, Салихь.

Игъуэж Джэвад, Локман, Давут.

Шыбзыхъуэ Хьамид, Азиз, Яхья, Узейир (Тlатlу Кlыхь).

Шыд Хьамид, Идрис.

Хьапэ Махьир, Саид, Раlуф.

Къуажэм нобэ щыпсэу унагъуэхэр мащlэщ, нэхъыбэхэр къалэшхуэхэм щопсэу. Аушэр унагъуэхэр нэхъ куэд къэхъуащ.

1970 гъэхэм къардэн хьаж уммэт яхэту зы къуажэ джэгу.
Нысашэ пехьажъэ; Игъуэж Ибрахим, Хьапэ Рауф, Къардэн Сами.
Махъара реджаи иунагъуэм яхэту.
Махъара Надир рэ иунагъуэмрэ.
1993 гъэм Абазэ зауэм хэкlуэда Игъуэж Хьанифи.
Къардэн Зеки
Шыд Сейхьан
Шыбзыхъуэ Яхья
Шыбзыхъуэ Махьмудрэ Къардэн Асимрэ зэгъусэу.
Хьапэ Жамбот икъуэ Саит
Сабат хъостхэ я пхъу Махъара хэ я нысэ.
Махъара Надир рэ иунагъуэмрэ
Махъара Бэдри
Махъара Адил
Къардэн Хьажмурид

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img