Шыщхьэӏум и 1, мэрем
• Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ.
• Тхьэмбылым лышх узыфэр къемыуэлӏэным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ.
• Гъущӏ гъуэгу лэжьакӏуэм и дунейпсо махуэщ.
• Шыщхьэуӏум и 1 – 7-хэр Сабий цӏынэхэр анэ быдзышэкӏэ гъэшхэным къыхуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ.
• 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щӏидзащ.
• 1958 гъэм «ӏуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
• 1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
• 1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш ӏэнатӏэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Бырс Анзор.
• 1930 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ Къущхьэ Сулътӏан.
• 1938 гъэм къалъхуащ зэдзэкӏакӏуэ, критик, АР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Лъапцӏэрыщэ Хъалид.
• 1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-мрэ Экологиемкӏэ, цӏыхум шынагъуэншагъэмрэ щӏыуэпсымкӏэ дунейпсо академиемрэ я академик, УФ-м щӏыхь зиӏэ и юрист Шапсыгъ (Кӏэкӏыхъу) Дамир.
• 1953 гъэм къалъхуащ Хэкум къэзыгъэзэжахэр жылагъуэм хэзэгъэжынымкӏэ щадэӏэпыкъу унэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщӏ Бэрзэдж Убых (Нихьэт).
Шыщхьэӏум и 2, щэбэт
• 1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкӏэ щагъэхьэзырат ткӏуаткӏуэ къауэ зэрыт птулъкӏэу мин 20.
Шыщхьэӏум и 3, Тхьэмахуэ
• Хъарбызым и дунейпсо махуэщ.
• 1994 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс.
• 1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ сурэтыщӏ, скульптор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Бжэӏумых Хьид.
• 1939 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ Кӏэмыргуей Анатолэ.
• 1942 гъэм къалъхуащ публицист, тхыдэ щӏэныгъэхэм я кандидат, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Мэшыкъуэ Тэзал.
• 1955 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Джаурджий Оксанэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, тхакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Хьэмыз Руслан.
Шыщхьэӏум и 4, блыщхьэ
• Зи закъуэу псэу лэжьакӏуэ цӏыхубзхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1905 гъэм къалъхуащ щӏэныгъэлӏ, абхъаз-адыгэ бзэ гупыр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа, филологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Рогавэ Георгий.
• 1914 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Шыкъ Михаил.
• 1946 гъэм къалъхуащ урысей къэрал къулыкъущӏэ, Дагъыстэн Республикэм и ӏэтащхьэу щыта Абдулатипов Рэмэзан.
• 1959 гъэм къалъхуащ биологие щӏэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ӏэкӏатэ Валерий.
• 1966 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Урысейм и Лӏыхъужь Цей Эдуард.
Шыщхьэӏум и 5, гъубж
• Светофорым и дунейпсо махуэщ.
• 1789 гъэм Франджым пщылӏыгъэр щагъэкӏуэдыжащ.
• 1900 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Пащты Салимэ.
• 1934 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
• 1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист, КъБР-м и цӏыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд.
Шыщхьэӏум и 6, бэрэжьей
• Ядернэ ӏэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ.
• Хиросимэ и махуэщ. 1945 гъэм Японием и Хиросимэ къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ.
• «Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ.
• Сырэм и дунейпсо махуэщ.
• 1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.
• 1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакӏуэ, жылагъуэ лэжьакӏуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).
• 1940 гъэм къалъхуащ Дагъыстэным щыщ къэрал къулыкъущӏэ, 2006 – 2010 гъэхэм а республикэм и президенту щыта Алиев Муху.
• 1954 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, Адыгэ Республикэм щӏыхь зиӏэ и артисткэ, КъБР-м и цӏыхубэ артисткэ Хьэрэдурэ Динэ.
• 1964 гъэм къалъхуащ опернэ уэрэджыӏакӏуэ, Адыгэ Республикэм и цӏыхубэ артисткэ Шэгъудж Маринэ.
• 1969 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӀДАА-м и академик Пащты Лейлэ.
Шыщхьэӏум и 7, махуэку
• 1646 гъэм адыгэпщ Черкасский Муцалрэ къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ зауэлӏ мини 6 зыхэт я дзэр Нурдин-Джэрий и лагерым теуэри, зэтракъутащ.
• 1999 гъэм етӏуанэ Урыс – Шэшэн зауэм и къежьапӏэщ.
• 2008 гъэм Куржыр Осетие Ипщэм и къалащхьэ Цхинвал къалэм топкӏэ еуэу хуежьащ.
Шыщхьэӏум и 8, мэрем
• Офтальмологием и дунейпсо махуэщ.
• Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ.
• Джэдухэм я дунейпсо махуэщ.
• 2008 гъэм Куржыр Осетие Ипщэм теуащ. А махуиплӏым цӏыху мамыру минрэ ныкъуэм щӏигъу щыхэкӏуэдауэ щытащ теӏэпхъэ ящӏа щӏыналъэм.
• 1496 гъэм Мысыр СулътӀан Къайтбай дунейм ехыжащ.
• 2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэӏуахащ XXӀX гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкӏэмкӏэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ адыгэ щӏалэ Хъущт Аслъэнбэч.
• 1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур.
• 1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудали Мухьэмэд.
Шыщхьэӏум и 9, щэбэт
• Тхылъыр фӏыуэ зылъагъухэм я дунейпсо махуэщ.
• Щалъхуа щӏыналъэм щыпсэуж лъэпкъхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1828 гъэм къалъхуащ Кавказым и археолог, археограф, адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа Берже Адольф.
• 1966 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущӏэ, спортсмен ӏэзэу щыта, дунейми Европэми самбэмкӏэ я чемпион Уэзы Мурат.
Шыщхьэӏум и 10, Тхьэмахуэ
• 1921 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, щӏэныгъэлӏ Нало Ахьмэдхъан.
• 1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Емуз Гъузер.
• 1930 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэу, «Горянка» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Сэбаншы Розэ.
• 1930 гъэм къалъхуащ литературовед, Дагъыстэным щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ Ержыб Аслъэн.
• 1930 гъэм къалъхуащ США-м щыпсэу шэрджэсхэм я зэгухьэныгъэм жыджэру хэт Къэзан Яхья.
• 1940 гъэм къалъхуащ Сирием къикӏыжа щӏэныгъэлӏ, тхакӏуэ Къумыкъу Мамдухь.
• 1940 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Мызэущ Борис.
• 1948 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, тхакӏуэ, «Адыгэ амазонкэхэр» тхылъыр зи ӏэдакъэщӏэкӏ Ахъмэт Муӏэед.
• 1952 гъэм Шейх Захьэд Гъусар дунейм ехыжащ.
Шыщхьэӏум и 11, блыщхьэ
• 1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ артист, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Къаздэхъу Сулътӏан.
• 1945 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Елгъэр Анатолий.
• 1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Дзыхьмыщӏ Иринэ.
Шыщхьэӏум и 12, гъубж
• Щӏалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ.
• Каспий тенджызым и дунейпсо махуэщ.
• 1930 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бырхьэм Михаил.
• 1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэу, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщӏым и къуэдзэу щыта, УФ-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ Тыркуин Анатолэ.
Шыщхьэӏум и 13, бэрэжьей
• Зи ӏэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, УФ-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тхьэкӏушынэ Нухь.
• 1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Безрокъуэ Хужь.
• 1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.
• 1947 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий.
• 1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, УФ-м и къуажэ ӏэтащхьэ нэхъыфӏхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим.
• 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и ӏэтащхьэу щыта, УФ-м Шынагъуэншагъэмкӏэ Советым и Секретарым и къуэдзэ Кӏуэкӏуэ Юрий.
• 1963 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щӏыхь зиӏэ я артист Ташло Алий.
Шыщхьэӏум и 14, махуэку
• Абхъазыр зыхъумэу хэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щӏидзащ.
• 1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакӏуэ, тхакӏуэ Дыгъужь Къурмэн.
• 1948 гъэм къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президент къулыкъур зезыхьа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан.
• 1956 гъэм къалъхуащ ӏэпщӏэлъапщӏэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.
• 1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакӏуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щӏыхь зиӏэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
• 1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.
Шыщхьэӏум и 15, мэрем
• Археологым и дунейпсо махуэщ.
• 1855 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ, джэгуакӏуэ Теувэж Дзыгъуэ.
• 1898 гъэм къалъхуащ Шэрджэсым и япэ егъэджакӏуэ, Гуащӏэдэкӏ Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн.
• 1907 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, полковник Кӏыщокъуэ Рашид.
• 1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Щхьэцэ Владимир.
• 1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн.
• 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ сурэтыщӏ Горлов Михаил.
• 1955 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщӏэ, «Чесико» фирмэм (Москва) и унафэщӏ Шэрджэс Мухьэрбий.
Шыщхьэӏум и 16, щэбэт
• Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ.
• Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ.
• 1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр Къуэкӏыпӏэ Жыжьэм тын щыщӏидзащ.
• 1960 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ Изобразительнэ гъуазджэмкӏэ музей.
• 1965 гъэм Урысейм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкӏэ и зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.
• 1902 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакӏуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Кӏэрашэ Тембот.
• 1919 гъэм къалъхуащ композитор, уэрэджыӏакӏуэ, КъБР-м, АР-м, УФ-м я цӏыхубэ артист Тхьэбысым Умар.
Шыщхьэӏум и 17, Тхьэмахуэ
• 1771 гъэм Екатеринэ Етӏуанэм и указкӏэ Къэбэрдей цӏыхубэм Щытхъу тхылъ къаритащ.
• 1922 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэшхуэ, Мысырым щыщ адыгэлӏ, мамырыгъэр хъумэнымкӏэ Дунейпсо Ленин саугъэтым и лауреат Хъалид (Жэмбей) Мухьэдин.
• 1928 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессору щыта, КъШР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тхьэркъуахъуэ Инус.
• 1946 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, КъШР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, ЩӀДАА-м и академик Абдокъуэ Станислав.
• 1952 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Куэш Мырзэбэч.
Шыщхьэӏум и 18, блыщхьэ
• 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щӏыхьэху щекӏуэкӏащ. Абы хэтахэм къалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ.
• 1949 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, генерал-лейтенант Ешыгуауэ Руслан.
• 1950 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Вындыжь Марие.
• 1957 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, прунж гъэкӏыным елэжь щӏэныгъэ центрым и унафэщӏ Хъурум Хьэзрэт.
Шыщхьэӏум и 19, гъубж
• Сурэтым и дунейпсо махуэщ.
• Гуманитар дэӏэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ.
• 1947 гъэм А витаминыр зэхалъхьащ.
• 1931 гъэм къалъхуащ скульптор Уэзы Заурбэч.
• 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Бищӏо Анатолэ.
• 1949 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерэ.
• 1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, УФ-м и таможнэ ӏэнатӏэм и генерал-майор, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и юрист, Дзэлыкъуэ районым и ӏэтащхьэ Джатэ Руслан.
• 1965 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Дэбагъуэ Роман.
• 2019 гъэм Сыгъуэжь Хьейрэтдин Эрен и анэ, Шэбэт Анэхэм ящыщ Тыгъужь Элмас Эрен дунейм ехыжащ.
Шыщхьэӏум и 20, бэрэжьей
• Щхьэхынагъэм и дунейпсо махуэщ.
• Аргъуейм и дунейпсо махуэщ.
• 1916 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш хозяствэмкӏэ и министру щыта, РСФСР-м щӏыхь зиӏэ и агроном Щауэцӏыкӏу Залымджэрий.
• 1919 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ Хьэкъун Исуф.
• 1921 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ, Мейкъуапэ щӏыхь зиӏэ и цӏыху Щхьэкӏуэмыдэ Нуриет.
• 1921 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Ерчэн Казимэ.
• 1972 гъэм къалъхуащ хэхэс адыгэхэм я литературэр зыдж, ЩӀДАА-м член-корреспондент, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат Чурей Дыжьын.
Шыщхьэӏум и 21, махуэку
• Терроризмэм и зэранкӏэ хэкӏуэдахэр ягу къыщагъэкӏыж дунейпсо махуэщ.
• 1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
• 1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цӏыхубзхэм я V съездыр екӏуэкӏащ.
Шыщхьэӏум и 22, мэрем
• Зи диныр, нэгъуэщӏ зи фӏэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкӏэлъызэрахьахэр, абы зи гъащӏэр хэзылъхьахэр ягу къыщагъэкӏыж дунейпсо махуэщ.
• 1937 гъэм Кӏыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
• 1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс ӏэмэпсымэхэр къыщыщӏагъэкӏ завод.
• 1910 гъэм къалъхуащ «Щӏыхь» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ Менлы.
• 1927 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Къущхьэ Ӏэбу.
Шыщхьэӏум и 23, щэбэт
• Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ.
• Гъэрхэмкӏэ сату щӏыным хэкӏуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапӏэ дунейпсо махуэщ.
• Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.
• 1992 гъэм Щӏэныгъэхэмкӏэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
• 1914 гъэм къалъхуащ РСФСР-м, КъБАССР-м щӏыхь зиӏэ я артист Жыгун Тимэ.
• 1923 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущӏэ, генерал-майор, тхакӏуэ, жылагъуэ лэжьакӏуэ Нэхущ Мырзэбэч (Борис).
• 1926 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Шортэн Даниткэ.
• 1944 гъэм къалъхуащ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакӏуэу щыта, КъБР-м щӏыхь зиӏэ артист Дзыхьмыщӏ Къэралбий.
• 1956 гъэм къалъхуащ пшынауэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэпащӏэ Заудин.
Шыщхьэӏум и 24, Тхьэмахуэ
• Уи щхьэр езым бгъэфӏэжыным и дунейпсо махуэщ.
• 1517 гъэм Мэржидабыкӏ зауэр екъуэкӏащ, Шэрджэс дзэпщ Гъаугъур дунейм ехыжащ.
• 1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.
• 1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и Лӏыхъужь цӏэр къыфӏащащ.
• 2008 гъэм Пекин щызэхуащӏыжащ ХХӀХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр тхуэугъурлат ди республикэм – Пекин дыщэ медаль кърихауэ щытащ ди бэнакӏуэ Хъущт Аслъэнбэч.
• 1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цӏыхубэ артист, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.
• 1940 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт.
• 1943 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Къумпӏыл Къадырбэч.
• 1944 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, критик, литературэдж, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Гъут ӏэдэм.
• 1961 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ усакӏуэ, тхакӏуэ, драматург Хъунэгу Саидэ.
Шыщхьэӏум и 25, блыщхьэ
• Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ.
• 1990 гъэм Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэм хэӏущӏыӏу ищӏащ я щӏыналъэр Куржым и унафэм зэрыщӏэмытыжыр.
• 1886 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, юстицэмкӏэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (Мафӏэдз) Умар.
• 1917 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ Ахъмэт Мухьэдин.
• 1936 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӀДАА-м и академикыу щыта, Адыгейм щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хъут Шэмсэдин.
• 1948 гъэм къалъхуащ АР-м и къэрал лэжьакӏуэ, журналист, политикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Кӏэрашэ Аслъэнбэч.
• 1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Семэн Жаннэ.
• 1966 гъэм къалъхуащ публицист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и унафэщӏ Къэзанш Людмилэ.
• 1972 гъэм къалъхуащ АР-м щӏыхь зиӏэ и журналист, «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор.
• 1983 гъэм къалъхуащ боксёр, Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм бокс спорт лӏэужьыгъуэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и мастер Хърачэ Мурат.
Шыщхьэӏум и 26, гъубж
• Шахтёрым и махуэщ.
• Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ.
• Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ.
• 1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ.
• 1947 гъэм къалъхуащ педагогикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, Педагогикэ егъэджэныгъэмкӏэ дунейпсо академием и член-корреспондент Зэгъэщтокъуэ Хьисэ.
• 1952 гъэм къалъхуащ «Тетраграф» ООО-м и унафэщӏ, ДАХ-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Шакъ Елбэрд.
Шыщхьэӏум и 27, бэрэжьей
• Боксым и дунейпсо махуэщ.
• 1933 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин.
• 1940 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ щӏыхь зиӏэ я журналист Къантемыр Тыркубий.
• 1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакӏуэ, Абхъазым и Лӏыхъужь Килбэ Мухьэмэд.
Шыщхьэӏум и 28, махуэку
• Хъуэпсапӏэм и дунейпсо махуэщ.
• 1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ Физкультурэмкӏэ областной совет.
• 1914 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.
• 1933 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир.
• 1954 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Мыз Ахьмэд.
• 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Гъуэплъащӏэ Тӏэхьир.
Шыщхьэӏум и 29, мэрем
• Ядернэ ӏэщэхэр гъэунэхуныр мыдэным и дунейпсо махуэщ.
• 1972 гъэм Германием и Мюнхен къалэм щекӏуэкӏа XX гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэ спорт лӏэужьыгъуэмкӏэ дыщэ медаль къыщихьащ адыгэ щӏалэ Шыхъуэ Борис.
• 1928 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къумахуэ Мухьэдин.
Шыщхьэӏум и 30, щэбэт
• Залымыгъэ кӏэлъызэрахьэу ягъэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэщ.
• Тыркум щагъэлъапӏэ текӏуэныгъэм и махуэр.
• 1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ.
• 1933 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, Кубаным щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Сэкий Нурдин.
• 1935 гъэм сурэтыщӀ Биг НамыкӀ Исмахьил дунейм ехыжащ.
• 1936 гъэм къалъхуащ медицинэм и доктор, Германием щыӏэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэт Сэлихь (Уджыхъу) Ихьсан.
• 1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ Сыжажэ Валерэ.
• 1961 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкӏэ спортым и мастер, УФ-м щӏыхь зиӏэ и гъэсакӏуэ Хьэфӏыцӏэ Мухьэмэд.
• 1981 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщӏэ, юридическэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат Едыдж Едыдж.
Шыщхьэӏум и 31, Тхьэмахуэ
• Блогым и дунейпсо махуэщ.
• 1492 гъэм Москва пщыгъуэмрэ Уэсмэн империемрэ япэ дыдэу зэращӏылӏащ мамырыгъэ зэгурыӏуэныгъэр.
• 1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ.
• 1996 гъэм япэрей Урыс – Шэшэн зауэр иухащ.
• 1902 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа Турчанинов Георгий.
• 1928 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щӏыхь зиӏэ и сурэтыщӏ Иуан Аслъэн.
• 1928 гъэм къалъхуащ психологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Кӏытӏэ Ахьмэд.