Фокӏадэм и 1, блыщхьэ
• Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ.
• Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ.
• Дзэ щӏыхьым и къалэ, КъБР-м и щыхьэр Налшык и махуэщ.
• 1569 гъэм урыс пащтыхь Иван ӀV и щхьэгъусэ, Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ.
• 1674 гъэм адыгэпщ Муцал и къуэ Къасболэт и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ.
• 1939 гъэм Етӏуанэ дунейпсо зауэм щӏидзащ.
• 1940 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ адыгэ, балъкъэр балет студиехэр.
• 1964 гъэм япэ дыдэу къагъэлъэгъуащ «Нэхулъэфӏ фыкъикӏ, цӏыкӏухэ!» нэтыныр.
• 2004 гъэм Осетие Ищхъэрэм щыщ Беслъэн къалэм дэт езанэ курыт школыр щӏэпхъаджащӏэхэм яубыдащ. Урысей псом исхэм я псэхэр дзапэкӏэ яӏыгъыу жэщищ-махуищкӏэ кӏэлъыплъащ къалэм щекӏуэкӏ гузэвэгъуэшхуэм – гъэ еджэгъуэщӏэм и япэ махуэм дэрэжэгъуэшхуэ яӏэу школым екӏуэлӏа цӏыху 1128-рэ гъэру яубыдат террористхэм. А махуэхэм цӏыху 333-рэ хэкӏуэдащ – сабийуэ, абыхэм я адэ-анэхэу, ФСБ-м и лэжьакӏуэхэу.
• 1909 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Унафэщӏу щыта Къудей Чэрим.
• 1922 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Къуэш Алий.
Фокӏадэм и 2, гъубж
• Етӏуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ.
• 1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и Лӏыхъужь цӏэр къыфӏащащ.
• 1944 гъэм къалъхуащ Багъэтыр Леонид. Курп Ищхъэрэм щыщ спортсменыр СССР-м спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и мастерщ, Урысейм щӏыхь зиӏэ и тренерщ, Сирием и командэ къыхэхам и тренеру щытащ. Абы бэнэкӏэ хуитымкӏэ дунейпсо Кубокыр 1974 гъэм къихьащ.
• 1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ-живописец Ерчэн Исуф.
• 1983 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкӏэ спортым и мастер, дунейпсо чемпионатым жэз, Европэпсо зэпеуэм дыжьын медалхэр къыщызыхьа Къардэн Рагнеттэ.
Фокӏадэм и 3, бэрэжьей
• Терроризмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ.
• Беслъэн къалэм (Осетие Ищхъэрэ Алание) къыщыхъуа терактым хэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэщ.
• 1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ адыгэпщ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текӏуащ.
• 1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и Унафэщӏу щыта Дохъушокъуэ Мусэ.
• 1934 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щӏыхь зиӏэ я егъэджакӏуэ Гугъуэт Лол.
• 1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ сурэтыщӏ, скульптор Бжэӏумых Хьид.
• 1964 гъэм къалъхуащ литературэдж, тхакӏуэ, КъБКъУ-м и доцент Абазэ Албэч.
Фокӏадэм и 4, махуэку
• Тхэквондом и дунейпсо махуэщ.
• 1653 гъэм Кърым хъаным м дзэр Къэбэрдейм къытеуэри, шы гуартэшхуэ, ӏэщ хъушэ яхуат, адыгэ сабийуэ 130-рэ ядыгъуат.
• 1999 гъэм Буйнакск къалэм (Дагъыстэн) щалэжьа терактым и зэранкӏэ къатитхуу зэтет унэр къэуащ. Абы щыгъуэ цӏыху 58-рэ хэкӏуэдауэ щытащ.
• 1666 гъэм къалъхуащ адыгэпщ, Урысейм и дзэ, къэрал къулыкъущӏэу, Правительствэм и унафэщӏу щыта Черкасский Яков (Урыскъан).
• 1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Нэхей Даут.
• 1922 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта шэрджэс еджагъэшхуэ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Нэпсо Долэт.
• 1967 гъэм къалъхуащ журналист, публицист, тхакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Чэрим Марианнэ.
Фокӏадэм и 5, мэрем
• Псапэ щӏэным и дунейпсо махуэщ.
• 1895 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыӏакӏуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къэжэр Индрис.
• 1933 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щӏыхь зиӏэ я энергетик, жылагъуэ лэжьакӏуэ Къущхьэ Мухьэжид.
Фокӏадэм и 6, щэбэт
• Цыплъхэм я дунейпсо махуэщ.
• Шэшэн Республикэм щагъэлъапӏэ Цӏыхубэ зэгурыӏуэныгъэмрэ зэкъуэувэныгъэмрэ я махуэр.
• 1939 гъэм Налшык шыгъэжапӏэ къыщызэӏуахащ.
• 1958 гъэм къызэрагъэпэщащ Дагъыстаным и «Лезгинка» къэрал къэфакӏуэ ансамблыр.
• 1922 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Куэш Алий.
• 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏэныгъэ ӏуэхухэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Щэрдан Анатолий.
• 1956 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Жамбэч Розиттэ.
Фокӏадэм и 7, Тхьэмахуэ
• Хьэуа къабзэм и дунейпсо махуэщ.
• Ӏэщэхэм ещхь зэрыджэгу сабий хьэпшыпхэр гъэкӏуэдыжыным и дунейпсо махуэщ.
• 1940 гъэм къалъхуащ Абхъаз къэрал университетым и ректор, ЩӀДАА-м и академик, физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Гварамие Алеко.
• 1949 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ, ЩӀДАА-м, МАИА-м, АПСН-м я академик, педагогикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Кӏэрмытӏ Къазбэч.
• 1955 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакӏуэ, КъБР-м и Шэджэм районым и унафэщӏу щыта Ахъуэхъу Къанщобий.
Фокӏадэм и 8, блыщхьэ
• Хьэщхьэрыӏуэм пэщӏэтынымкӏэ дунейпсо махуэщ.
• Щӏэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м щӏэныгъэншагъэр гъэкӏуэдыным теухуауэ къищта унафэм ипкъ иткӏэ ягъэувауэ 1966 гъэ лъандэрэ ягъэлъапӏэ.
• Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ. Фашизмэм и бийхэм ящыщ чех журналист Фучик Юлиус Берлин и тутнакъэщ Плётцензее 1943 гъэм фокӏадэм и 8-м гуузу щаукӏауэ щытащ.
• Финансистым и махуэщ.
• 1923 гъэм къалъхуащ Дагъыстэным и цӏыхубэ усакӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь, Лениным и цӏэр зезыхьэ, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Гамзатов Расул.
• 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Къандэхъу Мухьэмэд.
• 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Къандэхъу Мухьэмэд.
• 1962 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Кӏэдыкӏуей Аслъэн.
Фокӏадэм и 9, гъубжь
• Дахагъэм и дунейпсо махуэщ.
• Кърум и дунейпсо махуэщ.
• Дизайнер-графикым и махуэщ.
• 1882 гъэм къалъхуащ шапсыгъ джэгуакӏуэ Щхьэлахъуэ Алий.
• 1942 гъэм къалъхуащ шапсыгъ сурэтыщӏ, Адыгэ Республикэм щӏыхь зиӏэ и художник Хьэпышт Хьисэ.
• 1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и дохутыр Мысрокъуэ Мухьэмэд.
• 1969 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщӏ Гъуэгунокъуэ Мурат.
Фокӏадэм и 10, бэрэжьей
• Цӏыхум зиукӏыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэщ.
• 1916 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ усакӏуэ, тхакӏуэ, драматург Щоджэнцӏыкӏу ӏэдэм. 1996 гъэм дунейм ехыжащ.
• 1921гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Хьэбэчыр Умар.
• 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Бажэнэ Мурат.
• 1937 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Кӏэнцӏэлий Лиуан.
• 1938 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и юрист, нагъыщэ нэхъыщхьэ зиӏэ хеящӏэ Къунаш Адэлбий.
• 1938 гъэм къалъхуащ СССР-м и цӏыхубэ егъэджакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ Къанщыкъуей Риммэ.
Фокӏадэм и 11, махуэку
• 1790 гъэм, лъэпкъкӏэ адыгэхэм къатехъукӏа Ушаков Федор и унафэм щӏэту урысей кхъухьхэр Тендрэ хытӏыгум и деж тырку эскадрэм щытекӏуа махуэщ.
• 1943 гъэм Къуэныкъуей Назир дзэ къалэн иӏэу япэ дыдэу уэгум ихьащ икӏи япэ нэмыцэ кхъухьлъатэр къриудыхащ, абы папщӏи генерал Савицкэм япэ орденыр къритащ.
• 2000 гъэм Осетие Ищхъэрэм и Правительствэм унафэ къищтащ Кавказым и къуршхэм ящыщ зым «Курск» фӏэщыным теухуауэ. Баренцевэ тенджызым 2000 гъэм щыщхьэуӏум и 12-м щыщӏилъэфа псыщӏагъырыкӏуэ кхъухьым исахэм я фэеплъыр апхуэдэ щӏыкӏэкӏэ гъэлъэпӏэным щӏэлъэӏуар а бгым япэу дэкӏа альпинистийрт.
• 1929 гъэм къалъхуащ балетмейстер, КъБР-м и цӏыхубэ артист, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Дашу Хьэшыр.
• 1937 гъэм къалъхуащ СССР-ми КъБР-ми я цӏыхубэ артист, жылагъуэ лэжьакӏуэу щыта Кобзон Иосиф.
• 1954 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректор, техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик Алътуд Юрэ.
• 1970 гъэм къалъхуащ генерал-майор, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Следственнэ комитетым и лэжьакӏуэ Хьэжмусэ Руслан.
Фокӏадэм и 12, мэрем
• Ӏэпэхъ щӏыным и дунейпсо махуэщ.
• 1930 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ Брат Хьэбас.
• 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Шэджыхьэщӏэ Аслъэнбий.
• 1960 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мамыщ Владимир.
Фокӏадэм и 13, щэбэт
• Цӏыхухэм япэ медицинэ дэӏэпыкъуныгъэ етынымкӏэ дунейпсо махуэщ.
• Щхьэц щӏэщэм и махуэщ.
• 1826 гъэм къалъхуащ шапсыгъ политик, дипломат Хъущт Хьэсэн-хьэжы. 1862 гъэм ар Шэрджэсым и лӏыкӏуэу Инджылызым щыӏащ.
• 1934 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ, КъШР-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ Шорэ Хьэсин.
• 1937 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ Бицу Георгий.
• 1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Джыназ Борис.
Фокӏадэм и 14, Тхьэмахуэ
• 1829 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ ӏэ традзащ Адрианополь мамырыгъэ зэгурыӏуэныгъэм.
• 1853 гъэм Тыркум Урысейм зауэ кърищӏылӏащ. Кърым зауэм щӏидзащ.
• 1871 гъэм къалъхуащ генерал-майор, Къуэкӏыпӏэ Жыжьэм пащтыхьым щиӏа армэм и командующэу щыта Хьэгъундокъуэ Едыдж.
• 1914 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ Хъыту Сайдин.
• 1950 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Щоджэн Бетӏал.
• 1952 гъэм къалъхуащ педагогикэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, потребкооперацэм и Белгород университетым Налшык къалэм щиӏэ къудамэм и егъэджакӏуэ Хьэфӏыцӏэ Эльмирэ.
Фокӏадэм и 15, блыщхьэ
• Демократием и дунейпсо махуэщ.
• Дагъыстэным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ.
• 1932 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр къызэӏуахащ.
• 2000 гъэм Австралием и къалэ Сидней къыщызэӏуахащ ХХVӀӀ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Адыгэ лъэпкъым тхуэмэхуащ ар – алыдж-урым бэнэкӏэмкӏэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ Къардэн Мурат.
• 1911 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Цокӏыл Борис.
• 1919 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Яхэгуауэ Михаил.
• 1938 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, критик, литературовед, КъБКъУ-м и доценту щыта Къэжэр Хьэмид.
• 1946 гъэм къалъхуащ егъэджакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ, жылагъуэ лэжьакӏуэ Хъуажь Фахъри.
• 1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакӏуэ, журналист Пхъэш Муӏэед.
• 1952 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал къулыкъущӏэ Дохъушокъуэ Зураб.
• 1959 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, тхакӏуэ, драматург Лыкъуэжь Нелли.
• 1960 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и Унафэщӏу щыта Къардэн Мурат.
Фокӏадэм и 16, гъубж
• Щӏым и озон къатыр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• 1944 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ республикэм и дохутырхэм я съезд.
• 1943 гъэм къалъхуащ абазэ щӏэныгъэлӏ, политик, КъШР-м и Цӏыхубэ Зэхуэсым и депутат, Абазэ Хасэм и тхьэмадэ Шенкао Мухьэдин.
• 1951 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Ащхъуэт Олег.
Фокӏадэм и 17, бэрэжьей
• Сабрэрэ Шатилэрэ щыхэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэщ.
• 1877 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, жылагъуэ лэжьакӏуэ, Кӏыщокъуэхэ Рашидрэ Алимрэ я адэ Кӏыщокъуэ Пщымахуэ.
• 1940 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Бакӏуу Хъанджэрий.
Фокӏадэм и 18, махуэку
• Псым и фӏагъыр къэпщытэным и дунейпсо махуэщ.
• 1902 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и депутату, Амман къалэм и ӏэтащхьэу, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Ехъулӏэ Исуф.
• 1906 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ Хьэбэчыр Бетӏал.
• 1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ артисткэ Мэшыкъуэ Феня.
• 1989 гъэм къалъхуащ «Адыгэ пщащэ-2013» дунейпсо зэпеуэм щытекӏуа Кукан Бэллэ.
Фокӏадэм и 19, мэрем
• 1544 гъэм къалъхуащ урыс пащтыхь гуащэу щыта Идар Гуащэнэ.
• 1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, публицист Абытӏэ Владимир.
• 1952 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэу щыта, УФ-ми КъБР-ми я Щӏыхь тхылъхэр зрата Лӏыгъур Хъусен.
Фокӏадэм и 20, щэбэт
• Адыгэхэм я дунейпсо махуэщ.
• Осетие Ипщэм щагъэлъапӏэ я къэралыгъуэр щагъэува махуэшхуэр. 1990 гъэм фокӏадэм и 20-м Осетие Ипщэм и лъэпкъ суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
• 1936 гъэм Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутӏыпщащ.
• 1999 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ дунейм ехыжащ.
• 2002 гъэм Кармадон къуажэм (Осетие Йшхъэрэ-Алание) ипщэӏуэкӏэ насыпыншагъэ ин къыщыхъуащ. – Колкэ мылылъэр къыгуэщэтри, тонн мелуан зыбжанэ Геналдон аузым километр 33-кӏэ ехащ. Цӏыхуи 127-рэ хэкӏуэдащ, кинорежиссёр Бодров Сергей нэхъыщӏэм щӏыгъуа, кино тезых гупри яхэту.
• 1922 гъэм къалъхуащ совет къэрал къулыкъущӏэ, политик, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Ахъмэт Мусэбий.
• 1922 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цӏыхубэ тхакӏуэ, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэдэгъэлӏ Аскэр.
• 1937 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, жылагъуэ лэжьакӏуэ Шурдым Барэсбий.
• 1944 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цӏыхубэ усакӏуэ Нэхущ Мухьэмэд.
• 1987 гъэм къалъхуащ бэнэкӏэ хуитымкӏэ дуней псом щэнейрэ щытекӏуа, Олимп джэгухэм я чемпион Махуэ Билал.
Фокӏадэм и 21, Тхьэмахуэ
• Мамырыгъэм и дунейпсо махуэщ.
• Альцгеймер узыфэр зищӏысым цӏыхухэр щыгъуазэ щӏыным и дунейпсо махуэщ.
• 1933 гъэм къалъхуащ географие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Борей Рауф.
• 1945 гъэм къалъхуащ къэфакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бей Ӏэуес.
Фокӏадэм и 22, блыщхьэ
• Пылхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• Автомобиль къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ.
• Махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу бжьыхьэ махуэщ.
• 1937 гъэм къалъхуащ «СССР-м егъэджэныгъэмкӏэ и лэжьакӏуэ нэхъыфӏ» цӏэр зыхуагъэфэща, педагогикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысейм педагогикэ, социальнэ щӏэныгъэхэмкӏэ и академием, Дунейпсо адыгэ академием я академик Мамхэгъ Раисэ.
• 1975 гъэм къалъхуащ къэрал, спорт лэжьакӏуэ, Бахъсэн къалэ округым и унафэщӏ, ӏэпщэрыбанэ зауэмкӏэ спортым и мастер, УФ-м щӏыхь зиӏэ и тренер, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Мамхэгъ Хьэчим.
Фокӏадэм и 23, гъубж
• Ӏэпэтэрмэшкӏэ зэпсалъэхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щӏэныгъэншагъэр щыгъэкӏуэдынымкӏэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.
• 1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер.
Фокӏадэм и 24, бэрэжьей
• Тенджызым и дунейпсо махуэщ.
• Тхьэкӏумэкӏыхьым и дунейпсо махуэщ.
• 1863 гъэм къалъхуащ уэрэдус, уэрэджыӏакӏуэ, джэгуакӏуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ.
• 1898 гъэм къалъхуащ Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и унафэщӏу, премьер-министру, Сенатым и ӏэтащхьэу щыта Хьэбжокъуэ Сэхьид.
• 1948 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цӏыхухэм ӏуэхутхьэбзэ яхуэщӏэнымкӏэ и ӏэнатӏэм щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Уэркъуасэ Анатолэ.
• 1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Семэн Руслан.
• 1961 гъэм къалъхуащ тележурналист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» зыгъэлъагъуэ телевизионнэ канал къэрал ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏу щыта Къардэн Аслъэн.
Фокӏадэм и 25, махуэку
• Тенджызым и дунейпсо махуэщ.
• Фармацевтым и дунейпсо махуэщ.
• Зи тхьэкӏумэхэм зэхамыххэм (дэгухэм) я дунейпсо махуэщ.
• Машинэ зыщӏым и махуэщ.
• 1886 гъэм къалъхуащ шапсыгъ лъэпкъым щыщ, тырку лъэпкъ-щхьэхуитщӏыжакӏуэ зэщӏэхъееныгъэм хахуэу хэта, маршал Шэрджэс Этхем-пэщэ (Пщэу).
• 1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, драматург, зэдзэкӏакӏуэ Еутых Аскэр.
• 1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ ӏэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щӏыхь зиӏэ я артист Пщыхьэщӏэ Мухьэжыр.
• 1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакӏуэ Щамырзэ Ӏэмырбий.
Фокӏадэм и 26, мэрем
• Ядернэ ӏэщэр гъэкӏуэдыжыпэным щӏэбэныным и дунейпсо махуэщ.
• 1793 гъэм Краснодар къалэм (Бжьэдыгъукъалэ) и лъабжьэр ягъэтӏылъащ.
• 1941 гъэм Налшык щекӏуэкӏащ республикэм и парт активым и зэӏущӏэ. Абы щытепсэлхъыхьащ цӏыхухэр зауэ ӏуэхухэм хуегъэджэным.
• 1947 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, публицист, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапӏэм адыгэбзэмкӏэ и къудамэм и унафэщӏ Джэрыджэ Арсен.
Фокӏадэм и 27, щэбэт
• Туризмэм и дунейпсо махуэщ (1979).
• 1993 гъэм ӏэщэкӏэ зэщӏэузэда куржы дзэхэр Сыхьум дахужащ. Фокӏадэм и 30-м Абхъазым щиухащ зауэ ӏуэхухэр. Къэралыщӏэм ар щагъэлъапӏэ щӏыналъэр хамэ унафэ къыщыщӏэкӏа махуэу.
• 1933 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, литературовед, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
• 1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.
• 1967 гъэм къалъхуащ модельер, адыгэ фащэхэр дыным хуэӏэкӏуэлъакӏуэ, химие щӏэныгъэхэм я кандидат Хьэцӏыкӏу Мадинэ.
Фокӏадэм и 28, Тхьэмахуэ
• Адыгэ фащэм и махуэщ.
• Гум и дунейпсо махуэщ.
• 1680 гъэм къалъхуащ Урысейм и Правительствэм и Унафэщӏу щыта пщы Черкасский Алексей.
• 1931 гъэм къалъхуащ конструктор-модельер, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Стӏащ Юрий.
• 1951 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакӏуэ, КъБР-ми КъШР-ми щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ, Дагъыстэнми Ингушми гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ, педагогикэ щӏэныгъэхэм я кандидат, ЩӀДАА-м и член-корреспондент Бетыгъуэн Ӏэуес.
Фокӏадэм и 29, блыщхьэ
• Тхьэкӏумэ, пэ, тэмакъ узыфэхэр зэуэлӏахэр зыгъэхъуж дохутырым и махуэщ.
• 1807 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакӏуэ, дзэ къулыкъущӏэу щыта Къаз-Джэрий Сулътӏан.
• 1921 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь Хьэбэчыр Умар.
• 1932 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, генерал-лейтенант, Сирием и лӏыхъужь Абазэ Мамдухь.
• 1960 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Быдэ Хьэсэн.
Фокӏадэм и 30, гъубж
• Зэдзэкӏакӏуэм и дунейпсо махуэщ.
• Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфӏэгъуэщ -Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа Текӏуэныгъэр егъэлъапӏэ.
• 1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщӏидзащ алэрыбгъу щащӏ «Горянка» фабрикэм.
• 1930 гъэм къалъхуащ США-м щыӏэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт, егъэджакӏуэ Хьэвжокъуэ Маждэ.
• 1947 гъэм къалъхуащ Сирием шынагъуэншагъэмкӏэ и къарухэм я генерал-полковник, политик, жылагъуэ лэжьакӏуэ Абазэ Уэлид.
• 1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Мэз Сусаннэ.