Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Mayıs 2019

0
1093

Адэмрэ къуэмрэ (2)

Kanıkue Zarina, ‘Yaşamıştı, Yaşıyor, Yaşayacak’ adlı oyununun ikinci perdesinde baba ile oğulun geçmiş ve gelecek arasındaki gelgitlerini anlatıyor

Мы тIури щыпсэур къалэм дэт унэ зэтетхэм ящыщ зыщ. ПэшитI хъу унэ цIыкIум щIэсщ. Адэм щIэкIыну зегъэхьэзыр, зехуапэ.
адэм (зихуапэурэ): мы си кIэстумыжьри зейм ещхьщ. Я жагъуэ ирамыщI, джанэ хужь симыIэ. Уи анэр зэрымыпсэужрэ зеcхьэжкъым. Нобэ хуэдэ махуэ гуэр къыхэхуэну сщIатэмэ, къэсщэхункIэ хъунт!
къуэм: нобэ хуэдэу, куэд щIауэ угуфIэу сымылъэгъуа.
адэм: уэр щхьэкIэ нэхъ согуфIэ. МазитI мэхъу нобэ… Апхуэдиз щыдэпха къэхъуакъым иджыри къыздэсым…
къуэм: къэмыхъуамэ, ари къэхъуащ. Мис, уэри грамотэ къуатынущ, зыкъыкIэромыгъэху, лъэIуащ ахэр укъыкIэрымыхуу укIуэну…
адэм: сэ грамотэ си куэдщ, грамотэкъым нобэ къызатынур.
«Транспортым щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ къысфIащынущ ! Аращ тIэ, апхуэдиз илъэск1э рулым ущыдэскIэ. Ауэ, мис сокIуэ иджы. Дау сывгъэлъапIэ жысIэу, сазэрыхыхьэнур?
къуэм:зыдакъикъэм зэфIэкIынущ ар – удэкIынщ, грамотэр къуатынщи, утIысыжынщ. ЗыкъыкIэромыгъэхуу кIуэи нэхъыфIщ.
адэм: сокIуэ, сокIуэ… Зыгуэр къытеслъхьэн? ЩыIэ щIыбыр? УщыщIэкIам щыIэтэкъэ?
къуэм: хьэуэ… НытIэ! Хьэуэ, апхуэдэуи щIыIэкъым, ауэ къытелъхьэ, уэ къощIыIэкIынкIэ хъунщ.
адэм: сыхуей си гугъэкъым…
къуэм: щытIагъэ уэ, щытIагъэ! (щыгъын фIэдзапIэмкIэ зедз, щIыутелъ гуэр къыфIехри къыхуеший)
адэм: мыр кIагуэжьращ… КIагуэ ящыгъкъым иджыпсту.
къуэм: хъунущ а узэрыщытым хуэдэу! Сэ сыкъэпщIэнтIат сыкъыщыкIуэжым! Мэ, мис, маршынапщIэ, мыбы урикъунущ… нетIэ къызэптам къигъэзэжащ…
адэм: зэрыщIалэфI мыр! ЩIакхъуи къищэхури, къигъэзэжари къихьыжащ.
къуэм: кхъыIэ, сабийм хуэдэу укъызэмыпсалъэ иджы…
адэм: согуфIэри аращ… Къару къызэкъуэпхащ, а къыппыщIа гупыр зыкIэрыбгъэхуащ… МазитIыр дэкIмэ, адэкIэ нэхъ тынш хъунущ жиIат врачым… ДяпэкI зыкъэбужьыжынщ, Тхьэм жиIэмэ…
къуэм: врачми щхьэр егъэуз.
адэм: уэлэхьи, абы имылажьэ уэ гугъу узэрехьыр…
къуэм: сэращ, сэращ псори зи лажьэр! Сэ сынывэдэIуакъым! Сэ ди анэр згъэлIащ! Сэ сыхьэбыршыбырщ!
адэм: укъызэрымыкI иджы! Врачым и лэжьыгъэм хещIыкI, абы уи Iей зэрихуэркъым жыхуэсIэщ.
къуэм: сэ зыми си Iей зэрихуэркъым, ауэ си хъуреягъым зыри фIы щыслъагъукъым…
адэм: дэ абы куэдрэ дытепсэлъыхьащ…
къуэм: фэращ куэдрэ псэлъар, фыкъызэпсалъэурэ си щхьэкуцIыр гъуанэ фщIащ.
адэм: уи анэм сыт жиIами, гузавэти жиIащ, сэри сыкъэгубжьурэ сынопсэлъащ. Сыт тIэ абы щхьэкIэ? Дэращ уэ узибыныр. НэгъуэщI къакIуэу утхуигъэсэнутэкъым, укъихъумэнутэкъым…
къуэм: мис тIэ иджы, сыпхъумэу си гъащIэр сохь.
адэм: усхъумэу си гъащIэр сохь! СыббгъэдэкIрэ укъэзгъанэмэ, мо бжэм къытетIыркъэнурэ ущIашынущ, а гупым уахыхьэжмэ… АдэкIэ къэхъунури уэри сэри дощIэ….
къуэм: къомыгъажьэ иджы! КIуэ, уэ укъыкIэроху.
адэм: сыщIэкIын хуейщ… НытIэ, мохэри къызожьэ…
Нышэдибэ хъарзынэу нэху укъекIащ. Уи закъуэуи ущIэзгъэкIат. СыгуфIат…
СыщIэгуфIэр уэращ, си къуэ, си щхьэракъым… Сэ цIыхум сахэтыжкъым, мы нобэ къысхуагъэфэщами сызэрыхуеижи щымыIэ… НэхъапэIуэкIэ къызатамэ уи анэм тIэкIу зыхуэзгъэщIагъуэнт… Ауэ, мис, хъуакъым…
къуэм: уи ныбжьэгъухэм ялъагъумэ, къыпхуагъэщIэгъуэнщ.
адэм: уа, сыту фIыуэ сигу къэбгъэкIыжа! Ахэр къызэхъуэхъуну нокIуэ! Щызмыгъэсу дауэ?… (и къуэм дежк1э къоплъэк1ри) ВакъэжьитIыр къабзэу пIэрэ? Еплъыт…
(Къуэр япэ узыщIыхьэ пэж цIыкIумкIэ щIобэкъукI, адэм, абы зыкъримыгъэлъагъуу, зыгуэр къелъыхъуэ. Къилъыхъуэр игъуэтыжкъым, и Iэпэлъапэр кIэзызу къелъыхъуэ, и фэм зехъуэж): Мыдэ къакIуэт. Мыбдеж дэлъа ахъшэр плъэгъуа? Пенсэм щыщу къэна сом минищыр … къэпщта?
щIалэр пэшым къыщIобэкъуэжри, къызэреупщIыр щызэхихкIэ, щегъэзыкIыжри, ваннэм щIохьэ
къуэм (и макъыр ваннэмкIэ къыщоIук): папэ, щIэкI!
адэм: ахъшэр къэпщта уэ?!
къуэм: щэкI, зо! Eэ уи ныбжьэгъухэр къожьэ!
адэм: уэри къожьэрэт уи ныбжьэгъухэр? Eахуэзауэ ара? КъыIух мы бжэр!
къуэм: щIэкI, зо!
адэм: епта абыхэм ахъшэм? КъэпщэхуакIэ?
къуэм: щIэкI, жысIа!
адэм: къыIух мы бжэр!
(бжэр икъутэну иужь итщ. зэрифIэщкIэ йоуэ, йоныкъуэкъу, и къарур иухыху бжэм кIэрытщ)
(ешауэ) КъыIух мы бжэр дахэкIэ! МазитI жыхьэрмэр уфIэмащIэ! Илъэсищыр уфIэмащIэ?! ЦIыхум уремыщхьыжу удэтащ… Узэблэшауэ унэм ущIэлъащ.
Iух мы бжэр! Унэр щIэпщыкIри, къэбгъуэтащ ахъшэр!
МазитI дэпхащ, делэ мыгъуэ! МазитIыр нэхъ гугъу дыдэт… Уэ уи пкъыр къозауэу, сэ си псэр дзапэкIэ сIыгъыу дгъэкIуащ мы мазитIыр… Иджы пщIэнур сыт? ЗыхэпIуну аргуэру? Къэбгъуэта асыхьэту? Е, делэ мыгъуэ…
Къуаргъыжьхэм уахыхьэжа? УзэрыщIэкIыу укъауфэрэзыхьа?
СыпкIэлъыплъатэкъыми нобэризэм… Сехуэхри сыщысат. (етIысэхащ)
Куэд сигу къэкIыжащ… СигукIэ уи анэм сепсалъэрт… Мо, а сыздепсалъэм, си пащхьэ къиувам хуэдэу къысщыхъуащ … МазитI зэрыдэпхари ищIэрт… Къысхуагъэфэща тIэкIум щхьэкIи гуфIэрт… Уэр щхьэкIэ гуфIэрт, сэ щхьэкIэ… зигъэпагэрт… Апхуэдэу къысщыхъуащ. Мо, и набдзэр мащIэу хишырт абы, дришейрт, зыщигъэщIагъуэхэм деж.
Нобэ къызатынур пщIэрэ? Мыращ, щыжысIэм, и набдзэр хишу къызэплъащ! ЗигъэщIагъуэу арагъэнт сэркIэ !
ИтIанэ зы псалъэ закъуэ къызжиIащ. Япэ щIыкIэ къызгурыIуатэкъым, «щыбгъэкIащ» жиIауэ къысфIэщIащ. Сэ уэ ущызгъэкIауи? Псэуху зэи жиIакъым абы апхуэдэу. ТкIийуэ ухущытщ сабийм, щыжиIа къэхъуащ, ауэ ущызыгъэкIыр езырат… ЩIалэ цIыкIум уемыубзэ, уемыдэхащIэ апхуэдизу, жесIэрт… Иджы нобэ езыр хьэршым къыхэкIри къэувауэ «щыбгъэкIащ» жи… Арат жиIэр? Хьэуэ, аратэкъым ! Мис иджы къызгурыIуащ! «ЩIэбгъэкIащ» – жиIауэ арат абы… УщIэзгъэкIын хуеятэкъым уи закъуэу! Иджыри пасэт! Уакъыхэсшыжа къудейт къуаргъыжь зэтехъуа гупым. Я ныбжьыр илъэс тIощIым нэмысу зэтеуфIыцIахэщ ! Къуаргъ къэзылъэтыхьхэр къонэри, мыхэр зэтIолIэ… ЛIэкIейуэ малIэ…
Абыхэми адэ-анэ яIэщ… я гущхьэр зэтеуфIыцIауэ…
Абыхэми лIа яIэщ, я псэр гузавэу хьэршым хэту…
Ауэ сэ… зым щхьэкIи сыгузэвэркъым… Сэ гу скIуэцIылъыжкъым… Си бгъэр мафIэм кърисыкIыурэ, узыр зыхэзмыщIэжыху, исащ…
Зыри теслъагъуэжыркъым мы дунейм… Благъи, ныбжьэгъуи, гъунэгъуи – зыми сахуэзэркъым… Сахуеижкъым… Уэ зыр узохъумэри сыщIэсщ…
Уи анэм уэсят ищIат: «Гъэхъуж… хъужынущ… хъужынущ… гъэхъуж… апхуэдэу дунейм къытумынэ…»
Нобэ къызжиIащ: «ЩIэбгъэкIащ… щIэбгъэкIащ… мыр тхьэрыкъуэ шырщ, мыр къуаргъыжьхэм къашхынущ… «
Сэ мыр цIыху хъужыну къысщыхъури…езыми зигъэунэхунщ, сэри дзыхь зэрыхуэсщIыр къыгурыIуэнщ жыIэри, арат щIыщIэзгъэкIар…
ЩIакхъуэ къищэхуащ, ахъшэм къигъэзэжар къихьыжри къыщIыхьэжащ… (и щхьэр фIеубыдыкI)
ЩыбгъэкIащ…щыбгъэкIащ… щIэзгъэкIащ… щIэзгъэкIащ…
(зыкъещIэжри, къыщ1олъэт)
Бжэр къигъэбыдауэ, зыхеIу иджы! ЗэтеуфIыцIэнущ иджыпсту!
КъыIух мы бжэр! КъыIух мыр! (бжэм йозауэ, и къару къызэрихькIэ, пэлъэщкъыми, мэлъаIуэ)
КъыIух, си щIалэ, къыIух, къыIух, зытомыгъакIуэ а къуаргъыжьхэр! Мо зэ бжэр къыIухи, псори лъэтэжынущ. Зомыгъэшх а фIыцIэжьхэм! Си тхьэрыкъуэ шыр жи уи анэм… Зэхэпхрэ? Мы нобэризэм зыхуэгъэшэч, мы зы сыхьэтым… зыхуэгъэшэчи, укъикIынущ, адэкIэ нэхъ тынш хъунущ…
Уэ дапхуэдиз пшэчар мы мазитIым! Уэ къарууэ къыпкъуэкIар! ЛIищ я къару бгъэлъэгъуащ уэ ! КъыIух, си псэ тIэкIу. КъыIух мы бжэр… ЩIомыдзэж аргуэрыжьу… Ухэмыхьэж кIыфIыжьым… ГъащIэр къыхэх! Псэуныр къыхэх, къэбгъэщIэнур къэгъащIэ, IэфIу къэгъащIэ, ухэмыхьэ а жэхьэрмэм, псэжь нэщIахэр къожэнурэ уашхынущ аргуэру…
Сэ слъэгъуащ уэ уи фэм дэкIар… слъэгъуащ… си фIэщ хъунтэкъым апхуэдиз зы цIыхум и фэмрэ и псэмрэ дэхуэну…
КъыIух, си щIалэ цIыкIу…
Бжэр къыIуехри щIалэр къыщIоукIуриикI. Адэм абы зыщIегъакъуэри, хуэмыIыгъыу, тIури лъэгум деж щотIысэх.
къуэм: аращ уэ игъащIэм… Мис мы бжэм хуэдэу, сыпкъутэну сяужь укъохьэри, укъыстекIуэркъыми… итIанэ укъызолъэIу…
адэм: сыт тIэ сыбгъэщIэнур?…
къуэм: сэ мамэ згъэлIауэ сыбогъэкъуаншэ! Уэращ ар гугъу езыгъэхьар – уэ къэплъхуауэ къуэ уиIэну ухуейти, сабий зэримыгъуэтым щхьэкIэ ебудэкIащ!
адэм: сэ уэ къуэ усщIащ. Уэри адэкIэ укъызэджащ…
къуэм: сыноджащ… Ауэ уэ зэи къуэм хуэдэу фIыуэ сыкъэплъэгъуакъым…
Си анэм сыкъызэрилъагъур уигу техуакъым…
адэм: мис ар пэжкъым… Пэжкъым…! Услъэгъуащ, икIи узолъагъу. узмылъагъуу щытамэ, сыпкIэрысыфынутэкъым…
къуэм: уэсят къыпхуищIащи, укъызолIалIэ… Мамэ плъэгъуащ, сэ укъысхуеякъым…
адэм: уэ… зыри зэпхьэлIакъым иджыпсту… Мыпхуэдизу узэридзэнутэкъым, зэпхьэлIауэ щытамэ…
къуэм: уэ сэ зэи… фIыуэ сыкъэплъэгъуакъым… Сыкъэбгъэшыну сяужь укъохьэри, укъыстекIуэркъым… итIанэ укъызолъэIу… УолъаIуэри бжэ щIагъым ущIэсщ…
адэм (щIалэр зэщIикъузэну хэтщ): сылъэIуами ягъэ кIынкъым… СызэлъэIуам сызэхихащ…
къуэм: уэ …сэ зэи… фIыуэ сыкъэплъэгъуакъым…
адэм: мыдэ къэдаIуэ… Мыдэ къэдаIуэ… Сэ уэ узмылъагъупIэ сиIэтэкъым… Илъэситху ухъуу арат «си адэ», жыпIэу, си пщэр щыфIэпкъузыкIам… Уэр хуэдэ щIалэ дыгъэт фIыуэ ямылъагъур? Сэ сыщыфызкъэмышэм, гъунэгъу щIалэ цIыкIухэр си пщэдыкъым дэсту къесхьэкIырт, зейм естыжыну сигу пымыкIыу… «Си адэ» къызжезыIа сабийр дауэт фIыуэ зэрызмылъагъунур?
Уи анэм япэу сыщыхуэзам уэ уригъусащ! Убгъурыту укъажэрт, щхьэ баринэ ухъужауэ… Сэ уи анэшым зэи ущызгъэIакъым – щыри дызэгъусащ сыт щыгъуи!
…Зэи езудэкIакъым сысейуэ бын зэбгъэгъуэтакъым жысIэу… си нэ къыхуикIащ… езыри ехъуапсэрт зы дзадзу цIыкIу здэдгъуэтыну… ауэ сэ абы и узыншагъэр сфIэнэхъапэт… ПщIэжрэ? Уэ абы щыгъуэ щIалэшхуэ ухъуат, пщIэжын хуейщ, ар кIыхьлIыхьу сымаджэщым щыщIэлъар? Мис абы иужькIэ сэращ пызыухыкIар афIэкIа сабий Iуэху зэримыхуэну.
Дэ дыунагъуэт, щIалэ закъуэр зэдэтпIыжу… уэ балигъ узэрыхъум дыщыгуфIыкIыу… дыпсэуащ…
Сэ уэ узикъуэщ. НэгъуэщIуи зэи сегупсысакъым. Уэри уигу къыумыгъэкIыххэ…
Уэ лIыгъэ пхэлъщ, сэ схэмылъынкIэ хъунщ апхуэдиз лIыгъэ… Нэхъ гугъу дыдэм укъикIащ… мазитIыр блэкIащ… мыри… пщхьэщыкIынущ…
къуэм: сыту куэд жыпIэрэ… Ди анэр щыпсэум щыгъуэ, уэ зэи укъызэпсалъэу щытакъым…
адэм: Iэу, абы щыгъуэ махуэ псом сылэжьауэ, сешауэ сыкъэкIуэжырт. Уэлэхьи, псэлъапIи димыIа…
къуэм: мис ахъшэр… КIуэ… УкъыкIэрыхуами кIуэ… Бжэр къэгъэбыди аращ…
адэм (ахъшэр къещтэжри): уахуэза?
къуэм: сахуэзащ… Асыхьэту яIыгътэкъыми, ахъшэр естакъым… Мыбы къыIуахьэнущ… Ауэ бжэр Iусхынукъым… Уэ кIуэ… ахъшэри къэпщтэжамэ, бжэр къэгъэбыди аращ…
бжэм зыгуэр къытоIуэ
адэм: къэсахэщ асыхьэту. Сэ абы я хьэдэр хуизгъэхуэнщ…
БжэмкIэ макIуэри, Iуех, псалъэмакъ гуэр йокIуэкI, адэм зы тхылъымпIэрэ бгъэхэIу медалрэ иIыгъыу къыщIохьэж. щIалэм и щхьэр хьэлъэу къеIэтри къоплъ.
Си ныбжьэгъухэращ къыIухьар… Псори екIуэкIащ, зэфIэкIащ… Мис, си пIэкIэ дэкIри къраIыхати… къысхуIахьэжащ…
къуэм: ущIэмыкIыурэ, зыкъыкIэрыбгъэхуащ…
адэм: сыщIэкIамэ. сыхэкIыжыпэнкIэ хъунт…
бжэм аргуэру зыгуэр къытоуIуэ. щIалэми лIыми я щхьэ къаIэтыркъым, бжэ теуIуэ макъыр нэхъ ин мэхъу, нэхъ иныж… гу къеуэ макъым ещхьщ… гуитI къоуэ, зыр нэхъ ину, нэхъ лъэщу. адрейр нэхъ щэхуу… зэадэ-зэкъуэр зэрыщымщ, щысщ, къэмыхъейуэ… адэр тIэкIу погуфIыкI, къуэм и щхьэм Iэ делъэ. къратахэм еплъри игъэтIылъыжауэ телъщ.

***

Тиныдэлъфыбзэ имаф

Adigey TV muhabirlerinden Ğuçelh Susanna, 14 Mart Adige Dili ve Edebiyatı Günü nedeniyle Adigey’de yapılan etkinliğe “Adige dili öğretmenin Türkiye’de karşılaştığı problemler” başlıklı tebliğ ile katılan Alaattin Bayram’la ilgili bir makale yazdı

Мафэ къэс ныдэлъфыбзэм имаф
Сыд щыща адыгабзэм имафэ? Ныдэлъфыбзэм мэфэ хэхыгъэ иlэнэу щыта, хьауми мафэ къэс имэфэн фая? Гъэтхапэм и l4-м адыгабзэм ыкlи адыгэ тхыбзэм ямафэ хэдгъэунэфыкlы зыхъукlэ мы упчlэр бэмэ къаты. «Мафэ къэси ныдэлъфыбзэм имафэу щытын фай», – аlо ыкlи ахэмэ щэч хэмылъэу адесэгъаштэ. Сэркlэ Тхьам имафэ пэпчъ адыгабзэм имаф, синыдэлъфыбзэкlэ сэгущыlэ, седжэ, сэтхэ, сырэлажьэ – адыгабзэр сиlофшlэн, ыкlи анахь шъхьаlэр – сырэгупшысэ, ары, сырэгупшысэ, нэмыкl бзэкlэ сыгупшысэу етlанэ зэсыдзэкlыжьырэп, синыдэлъфыбзэкlэ сэгупшысэ. Лъэпкъым щыщ цlыф пэпчъ ащ фэдэу щытын фай. Ау…
Ау лъэпкъ итэкъухьагъэм, зэпэlапчъэу хымэ хэгъэгу зэфэшъхьафхэм арысым, илъэси l55-рэ хъугъэу зинахьыбэ хэхэс щыlакlэ зиlэм щыщ цlыф пэпчъ иныдэлъфыбзэкlэ гущыlэрэп. Адыгабзэ зымышlэрэ нэбгырэ пэпчъ ушъхьагъу горэ иl. Зым ицlыкlугъом дэгущыlагъэхэп, ятlонэрэм еджапlэм щызэригъэшlагъэп, ящэнэрэм lэпэдэлэл шlохъугъ… Джащ тетэу зэкlэлъэкlо.
Мыщ фэдэу зыхъурэм адыгабзэм имафэ тищыкlагъ. Ныдэлъфыбзэм гумэкlыгъоу зэпичхэрэр зэкlэми тэшlэ, ау джыри зэ ахэмэ ягугъу тшlэу, хэкlыпlэхэм тяусэу, джыри зэ адыгабзэ дгъэlумэ хэткlи лые хъущтэп. Нэбгырэ миллион пчъагъэхэм зэрахьэрэ бзэхэу, ыпэкlэ лъыкlуатэхэрэми мэфэ хэхыгъэхэр яlэх. Арышъ, шlокl имыlэу адыгабзэм имафэ хэхыгъэу, теубытагъэу тиlэн фай ыкlи 2000-рэ илъэсым щегъэжьагъэу гъэтхапэм и l4-м ар хэтэгъэунэфыкlы. Мы мафэм тыдэ щыlэ адыгэхэми ныдэлъфыбзэм игугъу ашlы, тегущыlэх. Шъыгъо-шlэжь мафэм, адыгэ быракъым, шъуашэм ямафэхэм, хэку къэгъэзэжьын мафэм афэдэу тыдэ щыlэ адыгэхэри нахь лъэшэу зэзыпхыхэрэм бзэм имафи ащыщ.

Сыдэу тхъагъуа адыгабзэкlэ угущыlэныр, уеджэныр, утхэныр
Бзэм неущрэ мафэ иlэным пае ащкlэ угущыlэн закъор икъурэп, уреджэн ыкlи урытхын фай. Уиныдэлъфыбзэкlэ угущыlэныр, уеджэныр, утхэныр сыдэу тхъагъуа, ащ гухахъо хэогъуатэ. Угущыlэ зыхъукlэ мафэ къэс ащ гу лъыптэрэп, ау зэ узегупшысыкlэ Тхьам къыуитыгъэ бзэмкlэ угущыlэным, зэлъэпкъэгъухэм узэхахьэмэ ныдэлъфыбзэкlэ узэгурыlоным яlэшlугъэ зэхэошlэ.
Адыгабзэкlэ гущыlэхэрэм япчъагъэ лъэпкъыр зэрэхъурэм елъытыгъэмэ макlэ, тхэшъухэрэр ыкlи еджэшъухэрэр нахь мэкlэжь. Ау ащ фэкъулайхэм яlэпэlэсэныгъэ ауплъэкlунэу Мыекъуапэ щырахъухьагъ. Адыгэ къэралыгъо университетым илъэпкъ факультет иегъэджакlохэм мыр ягукъэкl – адыгабзэм имафэ тефэу адыгабзэкlэ тхэным изэхэщэн. Егъэджакlор тхыгъэм къеджэ – отхыжьы. Фэдэ адыгэбзэ тхэным цlыфыбэ къекlолlагъ. Къызэрэчlэкlыгъэмкlэ, адыгабзэкlэ тхэным цlыфхэр фэзэщыгъэх, еджапlэр къызаухыгъэм щегъэжьагъэу фэдэ тхэн яlагъэп. Ау анахь шъхьаlэр, къэкlуагъэ пэпчъ ыбзэ ыгъэлъапlэу, ащкlэ ишlэныгъэ зынэсырэр ыуплъэкlужь шlоигъоу къекlолlагъ. Щыlэныгъэм исыд фэдэ лъэныкъо щылажьэрэ цlыфыбэ адыгэбзэ тхэным хэлэжьагъ ыкlи тиныдэлъфыбзэ имафэ ахэр зэфищагъэх.
Мыекъуапэ кlэщакlо зыщыфэхъугъэхэ адыгэбзэ тхэныр нэмыкl чlыпlэхэми псынкlау ащаштагъ ыкlи ащызэхащагъ. Дунэе адыгэ хасэр кlэщакlо фэхъуи Налщыкъ, Черкесск, Ставрополь, lэкlыб хэгъэгухэм адыгабзэкlэ ащытхагъэх. Ныдэлъфыбзэкlэ тхэкlэ дэгъудэдэ зыlэкlэмылъхэри ащ екlолlагъэх. Ау бзэм лъытэныгъэу фашlырэм, зэрякlасэм къыхэкlэу абзэкlэ тхагъэх.
Кlэлэцlыкlу купэу «Щыгъыжъыем» хэтхэм адыгэбзэ тхэныр благъэкlыгъэп. Япащэу ыкlи зыгъасэхэу Адыгэ Республикэм илъэпкъ артистэу Уджыхъу Мариет ягъусэу яныдэлъфыбзэкlэ тхагъэх.

Тыбзэ хьылъа, хьауми псынкlа
«Щыгъыжъыем» ыцlэ адыгэхэм ядунай щызэхахыгъ, щашlэ, алъэплъэх, ныдэлъфыбзэкlэ ягущыlакlэ бэхэри ехъуапсэх. Адыгабзэм имафэ ехъулlэу къэгъэлъэгъон шъхьаф къашlыныр мыхэм хабзэ афэхъугъ. Ныдэлъфыбзэр агъэбзэрабзэ, зыгъасэхэрэ Уджыхъу Мариет ар ихьатыр. Ясабый ны-тыхэм «Щыгъыжъыем» къызащэкlэ шlокl имыlэу ыбзэ ышlэу, lупкlэу ащкlэ гущыlэу, икlасэу къэтэджы. Адыгабзэр хьылъэ, къины, зэбгъэшlэныр хьэзабым фэд зыlохэрэмкlэ, е ащ фэдэу егупшысэхэрэмкlэ мы кlэлэцlыкlухэр щысэ. Шъыпкъэ, тыбзэ мэкъэ lужъубэ хэт, ау ахэр адыгабзэм ибайныгъ. Зэрэмыпсынкlэр шlэныгъэлэжьхэми къаушыхьаты, ау джащ фэдэу тарихъ гъогу ин къэзыкlугъэу дунаим тет анахь бзэжъхэм зэращыщри къатхы. Адыгабзэр лъэпкъ мэкъамэм фэдэу жъынчы, уедэlункlэ уегъатхъэ.

Адыгабзэм имафэ – лъэпкъ мэкъамэм ихьакlэщ
Гъуагъо Дамир ихьакlэщ ипчъэхэр адыгабзэм имафэ Мыекъуапэ къыщызэlуихыгъэх. Кlалэм илъэс l4 ыныбжь, ныбжьыкlэ дэд, ау шыкlэпщыни, пщыни къегъэгущlэх, ижъырэ орэдхэр, пщыналъэхэр къеlох. Сыдэущтэу къыдэхъугъа? Адыгабзэкlэ къызэрыкlо дэдэу гущыlэнхэуи зымэ къяхьылъэкlы, Гъуагъо Дамир шыкlэпщынэм къыригъаlозэ пасэм аусыгъэ пщыналъэхэр, гъыбзэхэр къыдеlох. Дамир еджапlэм чlэхьэгъэ къодыеу Гъукlэ Замудин дэжь шыкlэпщынэ къегъэlуакlэ зэригъэшlэнэу кlонэу хъугъэ. Кlэлэцlыкlу еджапlэм фольклорымкlэ къутамэ къыщызэlуахыгъагъ, щеджэщтхэр аугъоищтыгъэх ыкlи Гъуагъо Дамир ащ кlуагъэ, ыгу рихьыгъ ыкlи шыкlэпщынэо анахь lазэхэм ащыщ хъугъэ.
Джы шыкlэпщынэр ытlупщырэп, пщынэ къегъэlуакlи зэригъэшlагъ. Пщынэм фэдэу ишыкlэпщынэ сыд фэдэ мэкъами къырегъэlо. Гъукlэ Замудин зэхищэгъэ купэу «Тыжьыным» Гъуагъо Дамир хэт. Замудин иапэрэ купэу «Жъыури» кlалэм ихьакlэщ пае къэзэрэугъоигъ, пщынаоу Лlыбзыу Аслъан ягъусэу зэкlэри Гъуагъо Дамир дежъыугъэх. Джаш тетэу Дамир ежь игъогу хихыгъ ыкlи кlэлэцlыкlу дэдэу зыфежьэгъэ лъэпкъ lофыр лъегъэкlуатэ.

Лъэпкъым ыпашъхьэкlэ хьакъ
Шъхьадж ежь игъогу хехы, ищыlэныгъэ ежь зэрэфаеу егъэпсы. Ау ыбзэ зэригъэшlэщта, зэримгъэшlэщта хэдэнэу щытэп. Шlокl имыlэу къызыхъугъэм щегъэжьагъэу ар ышlэу кlэлэцlыкlур къэтэджэн фай. Ау…
Ау lофыр зырэщытыр шъхьафы. Ушъхьагъухэр бэх, шъхьаж иушъхьагъу зыдешlэжьы. Ау уиныдэлъфыбзэ умышlэрэмэ зи ушъхьагъу иlэу сэ слъытэрэп. Ны-тыхэр къыбдэмыгущыlагъэхэми, еджапlэм щызэмгъэшlагъэми, зэ уахътэр пlэкlэкlыгъэми, ащ нахьэу зыlэкlэбгъэкlы хъущтэп, уиныдэлъфыбзэ зэбгъэшlэным гужъуагъэ иlэп. Макъэхэр lужъхэми, къэlогъуаехэми, лъым хэлъ, зэ ебгъажьэмэ – пшlэщт, укъэгущыlэщт.
Адыгабзэр лъэпкъым ымакъ, ыпс, ылъапс. Ащ инеущырэ мафэ лъэпкъым щыщ цlыф пэпчъ елъытыгъ. Хэбзэ lофышlэхэм, шlэныгъэлэжьхэм язакъоп – бзэм инеущ паекlэ нэбгырэ пэпчъ пшъэдэкlыжь ехьы. Джырэ нэс тыбзэ тфэзыухъумэгъэ тятэжъхэм яхьатыр пае закъоми ар тшlэнэу типшъэрылъ. Тятэжъ пlашъэхэм, лъэпкъым апашъхьэкlэ ыбзэ ыухъумэнэу шъхьадж ихьакъэу телъ.
Сэ синыдэлъфыбзэ зэрэсшlэрэр насыпыгъэу зыфэсэлъэгъужьы. Сэрэп зихьатырыр – сикъуадж, сянэ-сятэхэр, сянэжъ. Зи къысэупчlыжьыгъэп – адыгабзэ зэбгъэшlэнэу уфая, уфэмыя, пшlохьылъа ыlоу. Сафэраз, ныдэлъфыбзэкlэ къыздэгущыlагъэхэти сыкъэгущыlэжьыгъ…

Гъукlэлl Сусан / Мыекъуапэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz