Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бзэ зимыIэр псэншэ мэхъу

Зэгуэрэми щымыIауэ къыщIэкIынщ тхыбзэ зиIэ лъэпкъыр щыдэхуэха, и лъэужьри гъуэхбзэхыу щыкIуэдыжа лъэхъэнэ. Уеблэмэ, хэти и лъэпкъыбзэ къызэтонэ – зыщыпсэу жьэгум ар щIигъэIукIыу, унагъуэм щыщхэм ену япсалъэ зэпытрэ щIэблэр анэбзэм щIипIыкIыурэ къыдигъэкIуэтеймэ.

ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэтщтэнщи, бзэм зебгъэузэщIыну е нэхъри зебгъэлъэщIу нэхъыфI пщIыну ухуежьэмэ, щIэуэ зыри къэбгъэщIыни къэбгупсысыни хуейкъым. АтIэ, пасэм щыгъуэ анэдэлъхубзэр и лъабжьэм къыщегъэжьауэ щыщIагъэншэу зэрызэхалъхьагъэххэр нэрылъагъущ.

«Зэманыр бзэм – бзэр зэманым»! А тIур зэдекIумэ, бзэм и къарур щIэмыкIыу икIи зэрыкупщIафIэу къызэтенэнкIэ гугъэ щыIэщ. Мыадыгэ псалъэу ди лъэпкъыбзэм хыдопщэ цIыхубэмрэ зэманымрэ къыднахьэс псалъэ щхьэхуэхэр, и мыхьэнэкIэ зищIысыр къыдгурыIуэу, ауэ ар адыгэм къызэрыддемыкIуэкIам къыхэкIкIэ, къэупсэлъыгъуей-зэдзэкIыгъуейуэ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщу: инджылызыбзэм, франджыбзэм, испаныбзэм къыхэтха псалъэ куэд дыщытхэкIэ, нэгъуэщIыбзэр ди бзэм хуэдгъакIуэу зыгуэр щызэддзэкIкIэ къыдогъэсэбэп. Дэ къытхуэнэжыр сыт? ИпэкIэ зэрыжытIащи, бзэм и къэгъэсэбэпыкIэращ икIи и хъумэкIэращ зэлъытар ар фIы хъунрэ мыхъунрэ, къызэтенэнрэ ужьыхыжынрэ…
Мы дунейр къэзыгъэщIа Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, адыгэ лъэпкъым зыми емыщхьу бзэ къулей диIэщ. Ауэ дэтхэнэ адыгэми иджыр къыздэсым зэхищIыкIыщэкъым щIагъыбзэкIэ гъэнщIа адыгэбзэр Iэмыпсымэу, мылъкуу диIэ псоми нэхърэ зэрынэхъыщхьэжыр, псоми зэрефIэкIыр.

Зэми умыхъурджауэ хъукъым адыгэбзэр сабийхэм яIэпыгъэхуным хущIэкъу адэ-анэхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэр щыплъагъукIэ. Абы нэмыщIу, жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр зыIурылъ балигъхэр цIыху щахыхьэкIэ, анэдэлъхубзэм тетын укIытэрэ, хьэмэрэ гъымшыму псэлъэнкIэ шынэрэ, езыхэр зэрегуакIуэщи, зэрымыщIэкIэ хамэбзэм аргуэру хуокIуэж.

А жытIа къомым теухуа гукъеуэ куэд зэхэпхынущ цIыхухэм жаIэу. Бзэр хъумэнымкIэ ди пащхьэ къиувэ лъэпощхьэпохэр ягъэмэщIэн папщIэ, щIэныгъэлIхэмрэ бзэм зи гъащIэр тезыухуа егъэджакIуэхэмрэ, тхакIуэ-усакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм я гупсысэхэр къыхалъытэкIэрэ, «Дунейпсо Адыгэ Хасэм» и жэрдэмкIэ гъэ къэс Iуэхугъуэ куэдым тегъэчынауэ холэжьыхь.

Еджэным хуэнэрыгът

Курыт еджапIэхэм деж зи бзэкIэ бзэрабзэхэми, нэгъуэщIыбзэ къыхэзыгъыхьэу бзэ ныкъуэкIэ псалъэхэми егъэджакIуэхэр зэхуэдэу ядолажьэ. Абыхэм трагъэкIуадэ зэманым фейдэ къихьу, ирагъаджэхэм зэрабгъэдыхьэ щIыкIэр ягу ирихьу я щIэныгъэри хэхъуэмэ – абы къегъэлъагъуэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр пщIэншэ зэрымыхъур.
Гъатхэпэм (мартым) и 14-м, Адыгэбзэм и Махуэр щыдгъэлъапIэм ехъулIэу дэ депсэлъащ Черкесск къалэм дэт е 9-нэ гимназием адыгэбзэкIэ щригъаджэу щылажьэ Щохъужь Маринэ Хъызыр и пхъум. Мы гъэм илъэсибл мэхъу егъэджакIуэ гумызагъэр а гимназием зэрыщылажьэрэ. Пщащэр 1987 гъэм накъыгъэм (майм) и 30-м къэхъуащ, курыт, ищхьэ еджапIэхэри хэгъуэгум и къалащхьэм къыщиухащ. НобэкIэ зыпэрыт IэнатIэм хуэдэ къыхэзыхыну хьэзырыр мащIэ дыдэ хъуащ.

Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес педколледжыр къиухри, пэщIэдзэ классхэм хэс ныбжьыщIэхэр иригъаджэу щIидзащ Маринэ. Ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэм зыпищIэну пщащэр колледжым щыщIыхьэм щыгъуэ, иджыри зыхуригъэджэнур белджылы ищIатэкъым. ЕтIуанэ курсым хэсу къытоувыIэ и сабиигъуэ лъандэрэ унагъуэм илъа, езым къыдалъхуа адыгэбзэр фIыуэ иджыну. Педколледжым къыщIэкIа нэужь? Маринэ и еджэныр зэпигъэуакъым, Ставрополь и зы ищхьэ еджапIэм (СГУ) и къудамэу Черкесск дэтым щIотIысхьэри, егъэджакIуэ-психолог IэщIагъэм щIэгъэпсынщIауэ хуоджэж.

2009 гъэм Черкесск дэт е 18-нэ гимназием щылэжьэну Iуохьэри, илъэсищкIэ езанэ классым кIуэ сабийхэр ирегъаджэ тхэуэ, бжэуэ, и щIэныгъэмрэ Iуэхум хуиIэ фIылъагъуныгъэмрэ ябгъэделъхьэ. Абдеж щылэжьэху далъэгъуа жыджэрагъыр къыхалъытэкIэрэ, е 9-нэ гимназием лэжьыгъэ къыщыхукъуэкIым ирагъэблагъэ. Илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэм хуэлажьэ Щэнджатэ Маргаритэ и нэIэм щIэту, лэжьыгъэм и къэкIуэкIэхэр къегъэIэрыхуэ, кIуэрыкIуэм тету и IэнатIэми тогушхуэ…

ЕгъэджакIуэм и дунейм дыхоплъэ

– ЗэрытщIэщи, еджакIуэхэм я лъэкIыныгъэхэр зэхуэдэкъым. Зым – ущепсалъэкIэ адыгэбзэр къыгуроIуэ, ауэ щIагъуэу псэлъэфкъым, еджэфкъым, тхэфкъым. НэгъуэщIым – бзэр Iурылъщ, ауэ фIыщэу хищIыкIкъыми, унагъуэм зэрыщесам хуэдэу къегъэсэбэп. А псори дауэрэ зэхуэбгъэхъурэ?

– Пэжщ, иджырей зэманым сабийхэм я Iуэху зыIутыр аращ, икIи ар пхуэубзыщIынукъым. Классым нэрыбгэу щIэсым зытIущщ къахэкIыр тыншу псэлъэфу, тхылъ еджэфу. Тхэныр псом нэхърэ нэхъ къатохьэлъэ. Усэхэм, таурыхъхэм сакъыхуеджа нэужь, адыгэбзэр нэхъ къызыгурыIуэ сабийхэр Iуэхум къыхызошэри, зэдызогъэIэпыкъу. Дэ тщIэр сыт? Тхылъым къахуизджыкIа Iыхьэр урысыбзэкIэ зыдодзэкI. Сыту жыпIэмэ, янэхъыбэм бзэр зэрамыщIэм къыхэкIыу, псалъэхэм, жыIэкIэхэм къарыкIыр Iыхьэ-IыхьэкIэрэ яхузэпкърытхын хуей мэхъу. УрысыбзэкIэ, итIанэ адыгэбзэкIэ къагурыдгъаIуэмэ, нэхъ зыхаубыдэ. Аращ дэ абы Iэмалу къыхуэдгъуэтыр. НэхъыфIу еджэ сабийхэр догъакIуэ олимпиадэм, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм. Къыхэзгъэщынщи, мазаем и 21-м лъэпкъыбзэхэм я Дунейпсо Махуэр республикэми Черкесск къалэми щрагъэкIуэкIкIэ, ди еджакIуэхэр усэ къеджэхэмрэ къафэ зыгъэзащIэхэмрэ япеуэну сыт щыгъуи хьэзырщ.

Класс нэхъыжьхэм хэсхэр зэредгъаджэ программэр нэхъ куущ. Абыхэм псалъэжьхэр зэпкърыдогъэх, я бзэм нэхъ зиужьын щхьэкIэ псынщIэрыпсалъэхэм къыдогъаджэ, къуажэхьхэр къащIэ, псом хуэмыдэу, иджырей технологиехэр къыщыбгъэсэбэпкIэ зэгъэщIэгъуафIэ мэхъу.

– ЕджакIуэ нэхъыщIи нэхъыжьи къапщтэмэ, тхэнра хьэмэрэ еджэнра абыхэм къатехьэлъэр?

– Еджэнращ. Сабийр грамматикэм зэрыщымыгъуазэм къыхэкIкIэ, щыуагъэншэуи зэхэщIыкIыгъуафIэуи тхэфкъым, бзэр къыгурымыIуэу грамматикэр тыншу пхуеткъым. Урысыбзэр тегъэщIапIэ дощI, къагурыIуар адыгэбзэкIэ жаIэжыфу хъун щхьэкIэ.
Адыгэбзэм и махуэр дгъэлъапIэкIэрэ, илъэс къэс еджапIэ зэхуэмыдэ къыхах, мы гъэм е 6-нэ гимназием дыщызэхуэсынущ.

– НобэкIэ адэ-анэ куэдым гузэвэгъуэ дыхамышэмэ ядэкъым. Абыхэм щIэблэр адыгэбзэм къыкIэрашмэ нэхъ къыщIыхахыр сыту пIэрэ? Фи еджапIэм абы теухуауэ сыт къекIуэкIыр?

– Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ унафэ къэзыхьа адэ-анэхэр ди еджапIэми щыдиIэщ. Ахэр щынакIуэкIэ, еджапIэм и унафэщIыр абыхэм захуегъазэри йоущие, жреIэ лъэпкъыбзэр и сабийм IэщIыб иригъэщIкIэ фIы къызэримыхьынур, анэдэлъхубзэр имыщIэу къызэригъэнэнур. Иужьым егупсысыжу зи мурад зыхъуэжыр мащIэкъым.
Мыбы ипэкIэ жыхуэсIа си еджакIуэхэм я зэчийр зэхуэмыдэми, ахэр дерсым щыщIэскIэ зэи дгъэбэлэрыгъкъым. Езанэ-етхуанэ классхэм щеджэхэм уадэлэжьэныр нэхъ тыншщ. Абыхэм я ныбжь зэблэкIыгъуэр иджыри къэсакъым икIи псори я щыпэлъагъущи, лэжьыгъэу яттыр яфIэщIэщыгъуэщ. Еханэ классым кIуахэм е нэхъыжьыжхэм я еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Мис а ныбжь зэблэкIыгъуэр къэмыс щIыкIэ сабийм адыгэбзэр игурэ и псэрэ пхунэгъэсмэ, еджапIэр къиухыху предметыр фIыуэ илъагъунущ. Апхуэдэхэм дяпэкIэ лъэпкъыр дыкъыдэзыхыжын егъэджакIуэ, тхакIуэ, журналист, цIыху цIэрыIуэхэр къахэкIынкIэ дащогугъ.

– АтIэ, Маринэ, адыгэбзэм ухуэлэжьэным, уи гъащIэр абы тебухуэным сыт утезыгъэгушхуар?

– Ди унагъуэм адыгэбзэм мыхъу зыри щызэхэпхынукъым. Урысыбзэр щымыIэххэ хуэдэт дэркIэ. Хабзэми бзыпхъэми дригъунэгъуу дагъэсащ. Бзэ зимыIэр псэншэ хъууэ жаIэ. Сызыгъэгушхэу сызыбгъэдэт анэдэлъхубзэр сэркIэ зыпэсщIын зэрыщымыIэр нахуэщ. Аращи, зыгуэрым сытригъэгушхуауэ схужыIэнукъым. Си адэ-анэм фIыуэ сагъэлъэгъуа адыгэбзэращ нобэкIэ IэнатIэу сызыпэрыхьар, лъэпкъым сыхуэлэжьэн щхьэусыгъуэри къызэзытар.

– Тхьэм уигъэпсэу, Маринэ! Адыгэ лъэпкъым и бзэр хъумэныр, хуэлэжьэныр уи къалэн пажэщи, узэхэзыщIыкI еджакIуэхэм уагъэгуфIэу Тхьэм иджыри куэдрэ уахигъэт!

Лыхь Тимур

(ЧЕРКЕС ХЭКУ)

Yazarın Diğer Yazıları

Vefat

Jineps gazetesi eski yazarlarından, Silivri Kuzey Kafkas Kültür Derneği kurucu üyelerinden hukukçu ve yazar Hulusi Üstün vefat etmiştir. Ailesi, yakınları ve sevenlerine sabır dileriz. Tha...

Ацәыргақәҵа

Ацәыргақәҵа «IS» – иаҳхысыз аамҭа амаӡақәа ҳзаазыртуаз, аха иқәццышәаа ицаз асахьаркыратә ҟазара арҿиамҭақәа ирызкуп. Амцабз иахәхаз ахьыршәыгәқәа ирцәынхаз ахәеи арацәеи заҵәык роуп. Иблит ажәлар...

«Ҳара раҧхьазатәи ҳхықәкы, иҳамоу ҳхеилак арӷәӷәара ауп»

Ахеидкыла Алабашьа Аԥсны ахьӡа анҳаҳа, мшаԥымза 2018 шықәсазы, ҳредакциа алахәыла Зафер Сурен ҳгазеҭ аҿы ииҩыз «Алабашьа»* ҳәа хыс измоу астатиа иану абри аҩыза ажәапҟа...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img