Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Драмэ методикэкIэ Адыгэбзэ зэгъэщэн

Истанбыл къалэм и Адыгэ Хасэм, (багъларбашы) илъэсит хъуауэ АдыгэбзэмкIэ ядолажьэ, КъарэцIыкIу Илкай. ГупитI иIэщ. Яныбжьыр 20 щIым щегъэжьауэ 55 нэсыхункIэ. КъарэцIыкIу Илкай, театырымрэ драмэ методикэм хуеджащ. Илъэс 15 кIэ, егъэджапIэхэмрэ Адыгэ Хасэмрэ щылэжьащ. Къайсэр Къалэм, Гугъэ зыфIища театыр гуп (бзэр яригъэщIауэ) иухуэри Адыгэ-Абхаз Театро Фестивалми сыIащ (2009- 2011 гъэхэм). Жьынэпс еджакIуэхэм икIи гъэсакIуэ КъарэцIыкIу Илкай бзэ егъэщэным кIигъэсебеп драмэ методыр икIи игъэса цIыхухэр фэдгъэцIыхум ди гъуапэщ…

Ли Гул Йылмаз – Хьажбэвыкуэ Эрдоган Йылмаз

КъэзыгъэщІ (creativeness) драмэ: Тыркум щызэрахьэ мы егъэщІэныгъэ-гъэсэныгъэ методикэр зытеухуар кІэщІу жысІэмэ, егъэджакІуэм е гъэсакІуэм утыку кърихьэну гупыж зыхуищІар зригъэщІэну цІыхум и гъащІэм хилъхьэурэ (сабий джэгукІэхэмкІэ, театр ІэмалхэмкІэ) нэхъ гурыІуэгъуэ, зэхэщІыкІ хуезыгъэгъуэт зы лэжьыгъэ Іыхьэщ. Мы псори щищІэм деж цІыхур игъэгушхуэ зэпыту икІи тригъэуфу щытыным зэреджэр къэзыгъэщІ драмэщ. КъэзыгъэщІ драмэр Іыхьищу зэхэлъщ.
Япэрей Іыхьэр: Еджэну къызэхуэса цІыхухэр нэІуасэ, ныбжьэгъу зэхуохъу, зэрызэдэлэжьэну щІыкІэхэр яубзыху. Мы япэ Іыхьэм игъэзащIэ Іуэхури егъэджакІуэм е гъэсакІуэм зэрищІэр джэгукІэхэмкІэщ. Театр Іэмалхэр хэплъхьэмэ, къэзыгъэщІ драмэр нэхъ купщІафІэ, нэхъ зэгъэпэща мэхъу. Адыгэм «ІитІыр зэрымыщІэмэ, зэрытхьэщІкъым» жыхуаІэращи, сэркІэ цІыхухэр зэгурыІуэрэ зэдэгушыІэфмэ, куэд зэдащІэфынщ.

ЕтІуанэ Іыхьэр: ЕгъэджакІуэм е гъэсакІуэм гупым яригъэщІэну Іуэхугъуэр къеІэтыр, зэпкърехыр. Я пащхьэм кърилъхьэ Іуэхугъуэр зэрызэхэт ІыхьэкІэ, зытеухуакІэ, зытепсэлъыхь и лъэныкъуэкІэ щрипсалъэ Іыхьэщ. Мыбдеж классым щІэсхэр матхэ, зырызурэ макъхэр, псалъэхэр ягъэІу. Гупыр егъэджакІуэр е гъэсакІуэр зэджэм щІодэІу. Дэтхэнэми къагурыІуэр ятх. ИтІанэ классым щІэсхэр гупитІ е гупищ зэрогъэхъу.
ЗрагъащІэу щІадза псалъэхэр, псалъэжьхэр, псынщІэрыпсалъэхэр къагъэсэбэпурэ зы пычыгъуэ (improvisation) зыхалъхьэри, къагъэлъагъуэ. Мыбдеж псалъэухахэр тэрэзу жамыІэфми, я нэгукІэ, я зыІыгъыкІэкІэ, я Іэпкълъэпкъ щІыкІэкІэ захуэр гурыІуэгъуэ ящІыну иужь итщ.
Псалъэм папщІэ, хадэхэкІ, пхъэщхьэмыщхьэхэр яцІыху щыхъум деж, бэзэр яухуэ. Ролхэр зытраугуашэри, мэджэгу, я классэгъухэр ирагъэплъ. ИтІанэ еплъахэр, зэплъам топсэлъыхь. (Псалъэхэр, глаголхэр дауэ жаІэрэ е щыуагъэ халъхьа) ИужькІэ мыджэгуахэр мэджэгу, абыи апхуэдэу топсэлъыхь.

Ещанэ Іыхьэр: ЕгъэджакІуэр е гъэсакІуэр щІоупщІэ а махуэм и тІысыгъуэр (урок) дауэ къащыхъуами. ЦІыхухэм я Іуэху еплъыкІэр, яІэ гупсысэр хуиту жаІыфынущ. ЕгъэджакІуэм и методикэр къазырыщыхъури, езыхэм я щыуагъэхэри, я ныбжэгъухэм я ехъулІэныгъэхэри зэпкърахыну Іэмал яІэщ. Мы я гупсысэхэр зэзэмызэ зы джэгукІэ теплъэм итуи къаІуатэ хъунущ.
Драмэ методикэм и фIагъыр, цIыхухэр зэригъэцIыхуу, игъэгушхуэу, тригъэуурэ, зэрагъэщIэнухэр гукъинэ зэращищIым нэмыщкIэ, зы къэлэнышхуэ егъэзащIэ.
Хамэ Хэку щыпсэу Адыгэхэр, Адыгэбзэм пэгъунэгъу пщIынур хьэлъэщ. Бзэм и IэфIагъымрэ илъэщагъымрэ тэмаму зыпкъырымхьа щIэлэгъуалэр, мы хуэдэу зэупIщIыжынкIэи мэхъу; Сыт мыпхуэдизу хьэлъэр щIызэзгъащIэр? Хэт сызэпсэлъэнур, мы бзэмкIэ? Мис мы упIщIэхэмкIэ зэман имыгъэкIуэду и Iуэху еплъыжын папIщIэ, жэрдэм егъэгъуэтын, хьэрычэт хэлъхьэн хуейщ.
Драмэ методикэр класичэкэ методикэхэм къызэрыщхьэщыкIыр, цIыхум хилъхьэ мы жэрдэмырауи жыбIэфынщ. Хьэрычэтым хэтыурэ, гугъэ зырищIыжыфырауи жыбIэфынщ. Мы методикIэм, хасэм къэкIуэлIа цIыхухэм, яныбжьхэр зэхуэмыдэми зэдэлэжьэфыну гукъыдэж къарэт. Хасэхэм фIэкIаи дибзэр щыдджын щIыпIэ щыдимыIэкIэ мыри къэлэн цIыкIукъым.

“Адыгэбзэм дунейм ехыжа си нэхъыжьхэр, си цIыкIугъэр сигу къегъэкIыж”

Айшэн Дагыстанлы: Анкара къалэм сыкъыщыхъуащ, илъэс 52- м ситщ. Си цIыкIугъуэм ди нэхъыжьхэр адыгэбзэкIэ зэпсалъэ щхьэкIэ, ди сабийхэм я тыркубзэр къабзэ ирехъу жаIэри, адыгэбзэкIэ къыдэпсэлъакъым. Адыгэбзэм дунейм ехыжа си нэхъыжьхэр, си цIыкIугъэр сигу къегъэкIыж. Си анэдэлъхубзэр щызэхэсх дэнэ щIыпIи си гур щыхохуэ. Иджы нэужь сыздылъэIэсын гугъапIэ ин сиIакъым, ауэ иджыпсту КъарэцIыкIу Илкай хуэдэ зы егъэджакIуэ, фIы дыдэу зэгурыIуэ зэныбжьэгъу гуп дызэрыхъуар тхьэетау (насыпу) солъытэ, мы едгъэжьа Iуэхур зэпымыууэ, тегушхуэу зэгъэщэным иужь дызэритым сырогушхуэ.
Мы Iуэхум зэрыщIэддзэрэ илъэситI хъуащ. Тхьэмахуэм 2-2.5 щхьэрыкIу (сыхьэт) дджын (дерс) долъагъу, мыбы нэмыщI селэжьыну игъуэ згъуэткъым. Нобэ щэджапэ лъагагъщ, ауэ сыздылъэIэсыну сызэхуейр: Бзэр сэр нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ си благъэхэр зэзгъэщIа псалъэ, псалъэухахэмкIэ пIейтей сыщIыфу 🙂 Махуэ къэс нэхъ мащIэу псалъэухуа 10-15 зэпымыууэ зесхьэфыну, сытхыфыну, седжэфыну сыхуейщ. ЩыжысIэкIэ гугъу сезыгъэхь псалъэхэр тыншу, лажьэншэу жысIэфу. ЖаIэр нэхъ тыншу къызгурыIуэу. СцIыху псалъэхэм я бжыгъэр хьэзгъэхъуэн, си гум къизгъэнэфын.
Мы егъэджэн Iуэхум (дерсым) щыщIэддзам, псоми ди адыгэбзэр зэхуэдэт, ауэ унэм елэжьыфхэмрэ, я адыгэбзэм и лъабжьэр нэхъ быдэу щытхэр, зы лъэс нэужьым адрейхэм нэхърэ нэхъ куэд зэрагъэщIащ, щыщIэддзам зэщхьэщыкIыныгъэр мащIэу щытами, кIуэ пэтми нэхъыбэ хъуащ. Иджыри зэгъусэу зэгъэщIэным дырогушхуэ икIи егугъуныр хыдогъахуэ.
Драмэ методикэкIэ бзэр зэгъэщIэныр гъэщIэгъуэн икIи тхъэгъуэ утыку зэгъэпэща хъуащ, бзэр зэгъэщIэным, зэпымыууэ джыным (дерсым) елэжьыныр хигъэхъуащ. ИужькIэ бзэ макъхэр захуэу жыIэныр икIи гум къинэным и фIыгъэ къекIащ. СэркIэ, цIыкIухэм, щIалэгъуалэм (щlэблэр) щхьэкIэ, нобэрей егъэджэныгъэ зэхэлъыкIэм нэхърэ нэхъыфIу ар солъытэ, икIи нэхъ куэду драмэ методикэкIэ егъэджэн хуейуэ согупсыс.

“Бзэр – щэнхабзэр нобэм къынэзыгъэса закъуэу, хъумэн хуей адэшхуэ щIэинщ…”

Баки Байкалды: Къайсэр къалэм и Пынарбашы районым сыкъыщыхъуащ. Илъэс тIощIитIым ситщ. Къайсэр къалэм и курыкупсэм сыщыпсэуати, адыгэбзэр зэзгъэщэфIакъым. Ауэ зи анэдэлъхубзэр зымыщIэж лъэпкъыр къэнэнукъым, кIуэдыжынущ. Мы гупсысэмкIэ уеплъмэ, анэдэлъхубзэр Iэмалыншэу зэдгъэщIэн хуейщ. Бзэр – щэнхабзэр нобэм къэзыгъэса закъуэу, хъумэн хуей адэшхуэ щIэинщ… Ди бзэр дгъэкIуэдмэ, адыгагъэм и цIэкIэ зыгуэр къэнэжыну си фIэщ хъукъым.
Си адыгэбзэр иджы пэщIэдзэ лъагапIэщ здэщытыр. Си мурадщ тыншу, захуэу сыпсэлъэф, седжэф, сытхэф сыхъуныр. Классик бзэ курсми сыкIуащ. Драмэ методикэкIэ бзэ зэгъэщIэным гуныкъуэ сищIащ. Бзэр егъэщIэным теухуа мы лъэныкъуитIыр зэдгъапщэмэ, драмэ методикэм гурэ псэкIэ нэхъ хуэрзалэу сыщытщ. Ауэ классик методикэм и щIэныгъэр нэхъыбэщ. Мазищ лъандэрэ тхьэмахуэм зэ сыхьэтищ-плIыкIэ бзэм долэжь. Мыбы щызэзгъэщIахэр нэгъуэщI махуэхэм къэзгъэсэбэпыну иужь ситщ. Щхьэхуэу интернетым деж бзэ езыгъащIэ сайтхэми сыщолэжьыхь.

“Адыгэбзэр сэркIэ ‘Мыр ТыркубзэкIэ жыпIэ хъунукъум’ жыхуэ гушыIэхэр къызгурыIуэ хунущ”

Гупзещэ Беркджан Билги: Къайсэри – Iузуняйла Жамырзей (Хайрийе) къуажэм сыщыщщ. Илъэс тIощIрэ зым сытщ. Истамбыл сыкъыщыхъуащ, мыбы сыщопсэу. Адыгэбзэр — си анэдэлъхубзэщ. Абы къикIыр си анэм, си адэм я бзэр къызгурыIуэнущ. «Мы гушыIэр иджыпсту тыркубзэкIэ жысIэкIэ къыбгурыIуэнукъым, ар гурыIуэгъуэ зэрыхъур адыгэбзэкIэщ». Жыжьэу сызэдауэ уэршэр дэгъуэхэм гъунэгъуу садэIуфынущ, сэри сыуэршэрыфынущ. Адыгэбзэр псом нэхърэ нэхъапэ си унагъуэ кIуэцIым сыщыпсэлъэн папщIэ зызогъащIэ. Си анэ – адэр езыр-езыру е ди унэкъуэщ, е ди благъэ щызэпсалъэкIэ, адыгэбзэкIэщ зэрызэпсалъэр. Си щхьэусыгъуэхэм зыр — мы уэршэрхэм сэри сахыхьэфынущ, етIуанэрейр — си анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжьын щхьэкIэ. Ди бзэр ди иужь къакIуэ щIэблэм егъэщIэным ди къару Iыхьэ хэтлъхьэн хуейщ.
Иджыпсту щIэдзапIэщ, ауэ сыздылъэIэсыну сызэхуейр адыгэбзэкIэ тыншу сыпсэлъэфу, седжэфу, сытхэфу сыхъунращ. Драмэ методикэкIэ зэрырагъасэр щызэхэсхым мыбыкIэ щIэздзащ. Апхуэдэу нэхъ щIэх, нэхъ нэгузыужьу бзэр зэзгъэщIэфIыну сегупсысащ. Драмэ методикэкIэ бзэр зэгъэщIэным адрей методикэхэр зэрызэщхьэщыкIыр, алфавитыр, грамматикэр, псалъалъэр пщIэным нэмыщIкIэ, драмэ гъэзэщIэнхэри и гъусэщ. Мыбы теухуауэ ди псэлъэкIэри идогъэфIакIуэ икIи литературэбзэм и гъусэу унэм къыщапсэлъ бзэри зэдгъэщIа мэхъу. Тхьэмахуэм сыхьэти 3-4- кIэ еджэн Iуэхум (дерсым) сыпыщIащ. Мыбы нэмыщI егъэджакIуэм къыдит унэ лэжьыгъэми солэжь, дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуу унэм деж си анэ-адэм сопсалъэ, нэхъыбэ къэсщIэным иужь ситщ.

“Драмэ методикэкIэ бзэр зэгъэщIэныр нэхъ гуапэ, гукъинэ мэхъу” 

Хандэ Хьэрэтокъуэ Йылмаз: Узуняйлэ, Енияпан сыщыщщ. Истамбыл сыкъыщыхъуащ, илъэс 50-м ситщ. Нобэ щIэдзапIэ къудейщ, ауэ сыздылъэIэсыну сызэхуейр ику ит – нэхъыфI лъагапIэращ. Ипэми классик методикэкIэ здырагъащIэ зы курсым сыхэтащ. Си анэдэлъхубзэмкIэ нэхъ тыншу сыпсэлъэн си гугъэу, бзэр зэгъэщIэн Iэмалыр зэхъуэкIауэ щIын зэрыхуейм сегупсысри, мы курсым щIэздзащ, илъэситI лъандэрэ солэжь. Драмэ методикэкIэ бзэр зэгъэщIэныр нэхъ гуапэ, гукъинэ мэхъу. Ди бзэм нэхъ гугъуу хэтыр макъхэр захуэу къигъэкIынращ. Дэ мы методикэмкIэ тхьэмахуэм сыхьэтищ зэгъусэу дызэдэлажьэурэ, куэдрэ къытедгъэзэжурэ псынщIэу зыдогъащIэ.

«Дунейм дэнэкIи тет цIыхухэм ди бзэ дахэр зрагъэщIэну иужь щитым, дэ сыт щхьэкIэ зыщыдгъэгъупщэжын!”

Ыщыл Хергул: Дыгъхэ сащыщщ. Бурса къалэм епха, ипэкIэ Дёмбэ зи цIэ адыгэ къуажэм сыкъыщыхъуащ. Илъэси 7 сыхъуху абы сыщыпсэуащ. Илъэс куэдрэ си анэшхуэ-адэшхуэм сазэрыдэпсэуам папщIэ, адыгэбзэкIэ сопсэлъэф икIи къызгуроIуэ. Иджыпсту мащIэу къызгуроIуэ, соджэф икIи сопсэлъэф. Илъэситху ипэ си адэр щыгъупщэх узыфэм щиубыдым, иужькIэ зэригъэщIа тыркубзэр щыгъупщэжу, адыгэбзэкIэ фIэкIа мыпсэлъэж щыхум, си гур гумэщIэныгъэмрэ щIегъуэжыныгъэмрэ зэщIиблащ. ЕджэкIэ-тхэкIэ зэзгъащIэу, адыгэбзэкIэ сыпсэлъэжыфыным куэдрэ иужь ситащ. Абы щыгъуэм сызыщыпсэу щIыпIэм мыбы зы хэкIыпIэ къыхуэзгъэтыфакъым. Интернетыр къэзгъэсэбэпурэ сэр-сэру зыгуэрхэм иужь ситащ. Илъэсищ хъуауэ Истамбыл сыщопсэу, абы лъандэрэ еджэным (курсхэм) сыкъэкIуэну зэфIэкI сиIэ хъуащ.
Дахэу седжэу икIи сытхэу, псы ежэхым хуэдэу сыпсэлъэфыным сыщIохъуэпс. Илъэс 65-мситщ. Мыбы епхауэ сыгувауэ къысщохъу. ЩIалэщIэхэм щапхъэ сахуэхъункIэ согугъэ. Тхьэмахуэм сыхьэтитI-щы егъэджэным сыкъокIуэ, унэми сыщылажьэурэ си щIэныгъэм хызогъахъуэ. Классикэ еджэныгъэр еджэн-тхэным, драмэ методикэр макъхэр нэхъ захуэу жыпIэфыным щхьэпэу солъытэ. Драмэ методикэм и еджэныгъэр махуэ къэс зэрытхэ бзэм теухуауэ зэрыщытым бзэр нэхъ тыншу зэрызэдгъэщIэфыным дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну къысщохъу. Iэпкълъэпкъыбзэр зехьэн, езыр езыру псэлъэн, макъ гъэсэным епха методикэхэри мыбы дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу. Дызыхэт ролым фIыуэ дыхохьэ, псынщIэу догупсысэ, псалъэхэр дигу къыдогъэкIыж икIи зыдохьэ. ЩызэдгъащIэм дежи зыдогъэтхъэж. Дунейм дэнэкIи тет цIыхухэм ди бзэ дахэр зрагъэщIэну иужь щитым, дэ сыт щхьэкIэ зыщыдгъэгъупщэжын! Маржэ щIалэгъуалэ, фэращ дызыщыгугъур. Адыгэбзэр фэ зефхьэнущ, фэ фгъэпсэунущ…

«Зи бзэ кlуэда лъэпкъри кlуэдыжынущ”

Шыкъ Талих Алтынышык: Къайсэр сышышщ. Илъэс пщыкLутLым ситу Анкъара дыLэпхъуащ. Си ныбжыр тхущLрэ шырэщ. Адыгэбзэ, си анэдэлъхубзэ. Уи хэку уимсыжмэ, къалэшхуэ удэсмэ уи анэдэлъхубзэр зэпхъафыну хуитыныгъа уиLэкъым. Уримпсалъэмэ, пщогъупщэж. Зи бзэ кLуэда лъэпкъри кLуэдыжынущ. ДымыкLуэдын папщLэ, адыгэбзэр тщLэн хуейщ. Си анэдэлъхубзэр нэхъыфLу зэзгъащLэн папщLэ, япэ кирил хьарфхэр сэр сэру зэзгъащLащ. ИужькLэ хасэм Щокъул Илхьан дыщыригъэджащ. Иджыпсту тхэкLэ, еджэкLэ сощLэ, тLэкLу сыщыуэми. Иджыри зэзгъэщLэну яужь ситщ. АдыгэбзэкLэ псалъэ гупым сахэтщ. Гъубж пщыхьащхьахэм Хасэм дышызэхуэсурэ, нэмыщL зыбзэ кLыхэдмы- гъахуэу, адыгэбзэкLэ дигум илъыр дижьэм жэдгъаLэну яужь дитщ. КъарэцLыкLу Илкай драмэкLэ бзэ иригъащLэу. Арати сэри щLэздзащ. Тыркубзэм хэмыт макъхэр жыпLыфын папщLэ, драмэкLэ адыгэбзэ зэбгъащLэныр нэгъ къеку къысщохъ.

Yazarın Diğer Yazıları

‘Tüm diller yaşasın istiyorum, tüm dillere saygı duyuyorum’

Sakarya Kafkas Kültür Derneği’nin yeni binasında buluşuyoruz. Aileden başlıyoruz söyleşiye, Abazaca eğitmenliğiyle devam ediyoruz. Çalışmalarıyla, dil sorunlarına ilişkin görüşleriyle, elbette Abhazya’yla ve geleceğe dair...

Sakarya’nın ilk kültür derneği

Kuruluşunun 55. yılı vesilesiyle ziyaret ettiğimiz Sakarya Kafkas Kültür Derneği’nin yönetim kurulu başkanı Orhan Sarı ile görüştük. -Nice yıllara diyoruz. -Çok teşekkürler.   -Bize derneğin kuruluşundan, tarihçesinden...

И Адэжь Хэку зыгъэзэжахэр

Косовэ щІыналъэм щыщу цІыхуи 101-рэ, псори зэхэту адыгэ унагъуэ 22-рэ хъууэ, 1998 гъэм Адыгэ Хэкум Iэпхъуэжауэ щытащ. КъэмыкІуэжу Косовэ къинауэ щытыгъа цІыху 23-ри иужькІэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img