Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа, лъэпкъ куэд, цIыху мелуан бжыгъэ зыхэкIуэда Кавказ зауэм зи щхьэр щызыгъэтIылъахэм я фэеплъу, 2017 гъэм накъыгъэм (майм) и 21-м, адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм, Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэ Черкесск сын щэджащэ къыщызэIуахауэ щытащ.
Проектыр зи IэдакъэщIэкIыр адыгэм къытхэкIа лъэпкъыпсэ-хэкупсэхэу Куэбл СулътIанрэ сурэтыщI цIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэдрэщ.
Къуапий зиIэ, зи къэухькIэ 12 х12 хъу утыкум и курыкупсэм къамэр сампIэм илъхьэжауэ щыхэтIащ. ЛъэныкъуитIымкIи мэIухукIэ гъэбыдащ.
Къамэр — зауэлIым хэлъын хуей лIыгъэм, щIыхьым, хахуагъэм я нагъыщэщ. Ар сампIэм зэрилъым къегъэлъагъуэ зауэр (е зэхэуэр) зэриухар. Къамэм и кIыр гъэщIэрэщIащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ.
Сыным и лъабжьэм щIыпIэ 12 къыхэгъэщащ. Ахэр щыхьэт тохъуэ зауэм гуащIэу пэщIэта адыгэ лIакъуэ 12-м. АдэкIи нэрылъагъущ ахэр зы IэшытIыму зэрызэрыубыдар.
А псоми фэеплъ пхъэбгъухэр тещIыхьащ. Абдежми Хэкум папщIэ зи гъащIэ щымысхьыжу, щIыхьрэ лIыгъэрэ къэзыгъэлъагъуэу Кавказ зауэм хэкIуэдахэм ди щхьэр зэрахуэдгъэщхъыр, я фэеплъыр зэрытхъумэр тетхащ.
Мы фэеплъ сыным и ухуэныгъэр иджыри зэфIэкIакъым. АдэкIи я мурадщ Кавказыбгхэм щыхьэт техъуэ ухуэныгъэхэр, а зэманым щыIа гъащIэмрэ псэукIэмрэ къэзыгъэлъагъуэ, зауэм и нэщIэбжьэр, цIыхубэм ятелъа бэлыхьыр, хэкуикIыныгъэм хэлъа гуауэр, Iуэхугъуэ хьэлъэхэмкIэ гъэнщIа тхыдэр нэрылъагъу зыщI сурэтхэр къагъэщIынущ; иджырей гъащIэ дахэр зэгъусэу, зы унагъуэу зэрыдухуэр, къэкIуэнум гугъапIэфIкIэ дызэрыпэплъэр сэтей ящIынущ.
Мы сын щэджащэм егъэщыпкъэ Адыгэ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм зи гъащIэр хуэзыгъэтIылъа ди адэжьхэм я фэеплъыр, абыхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, кавказ лъэпкъ куэдым я щхьэ кърикIуа насыпыншагъэр нэрылъагъу тщещI. Хэку щхьэхуитыныгъэм псэемыблэжу хущIэкъуахэм я щапхъэщ мы сыныр.
Жагъуэ зэрыхъущи, лъэкIыныгъэ диIэкъым Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унагъуэцIэкIэ зэфIэдгъэувэжыну, къеттхэкIыну. Ауэ ди къалэн пажэщ ди адэжьхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, ди лъэпкъым и тхыдэ къызэрымыкIуэр зыщыдмыгъэгъупщэныр, къытщIэтаджэ щIэблэми ядгъэцIыхуныр. АтIэ, «Зи блэкIар зымыцIыхуж лъэпкъым — къэкIуэни иIэнукъым».
Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ,
Черкесск къалэ, КъЧР