Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Ağustos 2020

0
1682

ЦIыкIужьей и хытIыгу (3. Bölüm)

Anne-babasını trafik kazasında kaybeden minik Luse ile yaşıtı olan komşusu Timur’un ormanın derinliklerinde Oki-fioki’yi aramalarının hazin öyküsü.
Mekuawo Amir yazdı, Adigeceye Hatsıku Raye çevirdi.

-Сыту жыжьэ фыкъэкıуа, – пещэ лıыжьым. – Фэ мохэм фрагъусэу арагъэнщ, – жеıэ, макъамэр къыздиıукıымкıэ и ıэр ищıурэ. – Феплъ фи мамэхэмрэ папэхэмрэ си мэкъупıэм иращıам – машинэкıэ зэхаутащ… адэкIэ-мыдэкIэ, адэкIэ-мыдэкIэ… Пэжщ, япэм мыбдеж гъуэгу кIуэцIрыкIыу щытащ, ауэ иджы щыIэжкъым, вэжащ, удз хэсэжащ. Гъуэгур иджы мес мо-одэ щыкIуэцIрокI, ауэ фыфейхэр мэщхьэх къыпакIухьыну… Ахэм мыпхуэдэу жыжьэ фыкъаутIыпщын хуеякъым – фыгъуэщэнщи, мэ. ФынакIуэ-тIэ си деж. Шэджагъуашхэ тщIыну игъуэ дыдэщ. Си закъуэ сышхэну сфIэзэшыгъуэщ. Хьэлэмэтыращи, япэхэм сызэшыртэкъым. Си къуэрылъхур къысхуашати, мэкъуауэм къыздэсшэурэ сесащ. Иджы ар симыгъусэу губгъуэм сыкъихьэжыфыркъым. Ар щызигъуса махуэхэр си нэгу къыщIэзгъыхьэжурэ си гур ечатхъэ.
ЛIыжьым цIыкIуитIыр шыдыгум бгъэдишащ. Абы и жьауэм напэIэлъэщI теупхъуауэ щIэлът и шэджэгъуашхэр зэрыщыту: нащэ, помидор къыщIэчагъащIэ, джэдыкIэ гъэваищ, щIакхъуэ Iыхьэшхуэ, кхъуей, шху птулъкIэ.
-Фэ нобэ фхуагъэхьэзырар сщIэркъым, лы фхуагъажьэу къыщIэкIынщ, ауэ сэ сиIэр мис мыращ, – жиIэурэ сабиитIыр игъэтIысащ.
-Сэ си Iэпхъуамбэхэр зэкIэропщIэ, – жиIащ Лусэ, и Iэ цIыкIухэр лIыжьым хуишийуэрэ.
-Ар Iуэху-тIэ, – къыпэджэжащ лIыжьыр, – иджыпсту тэрэз тщIыжынкъэ. Сэ сыщылажьэкIэ псы сефэркъым, сегъэпщIантIэри. Ауэ зыгуэркIэ хуей сыхъум, жызори, шыдыгум итщ. Мис, хуей дыхъуакъэ. Хъарбыз пшхауэ ара? Къэхьыт мыдэ уи Iэ цIыкIухэр, дгъэкъэбзэжыни. – ХуитхьэщIри напэIэлъэщI текIыжамкIэ егугъуу хуилъэщIыжащ.
-ИIэт, фышхэт, фышхэт. Ерыскъыр IэфIщ, зыгуэрым щыдэбгуэшым деж.
Пластмас стэчаным шху хурикIэри Тимур хуишияти, и Iыхьэр занщIэу ирифри, Лусэ шху фIэмыфIу, щемыфэнукIэ хуримыкIэм нэхъыфIу лIыжьым жриIащ.
-Сефэнущ-тIэ, – губжьауэ къолъ хъыджэбз цIыкIур. – Сэ псы схуолIэ.
И шху стэчаныр ирифащ зэпишу, зызэхуишэу, ирифым IэфI щIэлъуи зыхимыщIэу. Ар иухри хуаукъэбза джэдыкIэмрэ кхъуейр зытелъ щIакъуэ Iыхьэмрэ къищтащ.
Япэмыжыжьэу шу зэтес блэжащ, абдежым лIыжьым и шыд нэхъ адэIуэкIэ щыхъуакIуэр къэкIиящ. ЦIыкIуитIри къыщылъэтащ апхуэдэ макъ шынагъуэ зиIэ псэущхьэр зрагъэлъагъуну. Иджыри къэс абы гу лъататэкъым.
-Хэт ар? – щIэупщIащ Лусэ.
-Ар си шыдыращ, – жиIащ лIыжьым. – Сэ удзыр пызоупщI мэкъуу згъэгъуну, абы унэм ешэ.
-Дэ ди дадэ и шыдыр ууейм нэхърэ нэхъ инщ, – зыщытхъужащ Лусэ. ИтIанэ игъэтэрэзыжащ: – Абы ейр шыдышщ.
ЛIыжьыр гуапэу къыпыгуфIыкIри жиIащ:
-Фи дадэр насыпыфIэщ, куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. Фэри фыкъэхъу ар вгъэгуфIэу.
Ар тыншу тIысащ, зыгуэр къажриIэжыну зызэригъэхьэзырыр IупщIу. ТIэкIурэ гупсысэри, пищащ: – Мис сэ си къуэр къэкIуэжат, илъэсиплIкIэ дызэрылъэгъуатэкъым, абы зэи хущIыхьэркъым. Къысхуишащ икIэм икIэжым и къуэр, уэ уэщхь хьэкIэпычщ ари. – Тимур и щхьэм Iэ къыдилъащ. – Мэкъуауэ къыздэсшэрт, ипэхэм шыдым тетIысхьэн шынами, иужьым фIэфI хъужат. Иджы кIуэжахэщи, аргуэру си закъуэщ. СызоупщIыж, сытым щхьа, хэт щхьа сыщIэпсэур? Нобэ къызгурыIуащ сэ сыщыIэми сыщымыIэми ахэм дежкIэ зэрызэхуэдэр. Си къуэр спэIэщIэу куэдрэ псэуащ, сщыужащ. Сэ псори къызгуроIуэ. Сэ фэ фхуэдэ си гъусэкъым. Сыщхьэзакъуэщ. Аращ фи дадэр щIэнасыпыфIэр, абы фэ фриIэщ. Тхьэм игъэузыншэ. Сэ си закъуэщ. Си къуэр къыщIэкIуэжар и анэр, си фызыжьыр, дунейм ехыжати арат – мазитI мэхъу зэрыщымыIэжрэ…
– Ар уи анэшхуэра? – еупщIащ Лусэ.
-НтIэ, ар си анэшхуэращ, – нэщхъейуэ къыпыгуфIыкIащ лIыжьыр.
-Дэри ди мамэрэ папэрэ аварием ихуащ, – жиIащ Лусэ.
-Ар Iейщ, аварием ухэхуэну. Тхьэм жиIэмэ, псэущ, узыншэхэщ, фэ мыбы фыкъыщашакIэ.
-Дэ мэгъу цIыкIужьейр къэдгъуэтыну дыхуейщ, – увыIэртэкъым Лусэ. Абы лъэмыкI щыIэкъым. Абы мамэрэ папэрэ игъэхъужынущ, сэри тыгъэ къызитынущ.
Тимур щымт.
ЛIыжьыр къэтэджри и шэмэджыр иуIуу щIидзащ. ИтIанэ жиIащ:
-Сыту фIыт а мэгъу цIыкIужьейм сэри сыхуэзамэ. Сэ абы сыщIелъэIун симыIэ фи гугъэ? ИIэ, иджы фыфейхэм деж фыкIуэж, армыхъум гузэвэнхэщ.
Тимуррэ Лусэрэ яунэтIащ макъамэ гуакIуэмрэ Iугъуэмрэ къыздикI Iуащхьэ лъапэмкIэ. Абыхэм япэгъунэгъу дыдэ хъуат ешауэ, адэкIэ мыкIуэфыну жиIэу Лусэ тхьэусыхэн щыщIидзам. Арати Тимур и шыпхъур и щIыбыкум иригъэтIысхьащ, шырэ шы зэтесрэ щыджэгум зэращIу щытам ещхьу. Дэлъхум и щIыбым къыщихутэм, Лусэ арэзыуэ къыпыгуфIыкIащ, игу къэкIыжа хъунт а джэгукIэм къыдэкIуэу щыта нэжэгужагъэр.
МафIэр къеблыху Iугъуэр нэхъ Iув хъурт, макъамэ зэпышыр нэхъ псынщIэ хъуащ, ину жаIэ псалъэ зырызхэр зэхэпхт. Тимур и къарур иухыу хуежьащ, джэлэным зы тIэкIущ иIэжыр, къэувыIауэ зыгъэпсэхун хуейщ. Лусэ и щIыбым иригъэкIыну и мураду зиузэхуати, хъыджэбз цIыкIум, апхуэдэ къращIэнкIэ хъуну игу къэмыкIыу, къызэрещэтэхыр къыщыгурыIуэм, нэхъри и дэлъхум и пщэм зыкIэрищIащ.
-Ех зэ, сыботхьэлэ! – жиIэу къэкIийри хъыджэбз цIыкIум и Iэхэр зэкIэщIитхъащ. Тимур щабэ гуэркIэ куда къэп Iэпыхуа хуэдэу макъ ищIу, Лусэ удзым хэхуащ.
-Сыт, лъакъуэкIэ умыувыфу ара? – кIиящ ар. Ешари и жагъуэ хъуари хузэхыхьэжауэ Лусэ къэгъащ.
Тимур аргуэру удзым хэгъуэлъхьауэ уафэм доплъей. Абы къыщилъэгъуащ япэрей ныбжь хьэлэмэтхэм хуэдэ зыхыумылъагъуэ пшэ фIыцIэ гуэрэнхэр. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм – пшэхэм я зэпытхъыпIэм хуэзэу – зэуэ къыдидзт дыгъэ нэбзийхэри зы напIэдэхьеигъуэкIэ мэкъупIэм и Iыхьэ гуэр ямылейуэ къагъэнэхурт. Хъуреягъым пцIащхъуэхэр щызэрызехьэрт, апхуэдизкIэ щIым гъунэгъу зыкъыхуащIти, Тимур егупсысащ: хьэндырабгъуэ къызэраубыд хьэш иIамэ, пцIащхъуэри къриубыдыфыну къыщIэкIынт.
-Дыщыс хъунукъым, жиIащ абы зэуэ. – Дыгъэр къухьащ, дэ абдеж дыщыIэн хуейщ. Къэтэджщ, зиутхыпIщ, Лусэ и Iэпэр иубыдри ежьащ.
-Дауэ псым дызэрыхыхьэнур? – щIэупщIащ Лусэ.
-Абдежым псы Iуфэм сытым щыгъуи кхъуафэжьей щытщ, сэ слъэгъуащ. Ауэ къурагъ дыхуеинущ. ЗыгуэркIэ ар кхъуафэжьейм имылъу къыщIэкIмэ, къызэрыгуэкI баш къатщтэми хъунущ. Ар щIыбогъакъуэри ныджэм утокIри, кхъуафэжьейр псым есу йожьэ.
-Абдежыр куукъэ?
-Хьэуэ, куу дыдэкъым. Папэ и бгъэгум къыхуэсыну жеIэ.
-Охьо.
Ахэр здэкIуэм машинэм хуэзанщIэ хъуати, къыпакIухьыну хуежьащ. Машинэ къуагъым щызэхэст цIыхухъуитIрэ цIыхубзитIрэ. Зы цIыхухъур мафIэм бгъэдэтт лы игъажьэу.
-Ей, цIыкIухэ, – къеджащ абыхэм мафIэм бгъэдэтыр, – иIэт, мыбыкIэ зыкъревгъэхьэкIыт. – ЦIыкIуитIыр гуитIщхьитIу къызэтеувыIащ. – ИIэ, иIэ, къэвгъэш, фымыукIытэ. Зинэ, къахуэхьыт сабийхэм Iэпэзэкъуэтрэ жызумрэ. – ЦIыхухъу гъуэншэдж зыщыгъ хъыджэбз щхьэпэлъагэр къыщылъэтри, пакетхэм ящыщ зым итIэщIыхьа нэужь, щIагъэкIуар иIыгъыу къигъэзэжащ.
– Оо, сыту сабий дахэ мыхэр! – жиIэурэ къабгъэдыхьэрт ар.
-Мобдеж мэкъу щеуэ лIыжьым и гугъэщ фэ дэ д

 

и папэрэ мамэу, – жиIащ Лусэ, къыхуашияр къыIихыурэ.
-Здэнтэм фэ фхуэдэ сабий пIа хьэзыр къэзгъуэтыну, – жэуап къитащ цIыхубзым. – ФыкъэтIыс ди гъусэу, мес мо пIэипхъуэ кIапэм фытетIысхьэ.
-Дэ дежьэжын хуейщ, – жиIащ Тимур, зэман игъэкIуэдыну хуейтэкъыми.
-Дэ Оки-Фиоки деж докIуэ, – къыщIигъужащ Лусэ.
-Ар хэт? – яфIэгъэщIэгъуэнащ балигъхэм.
-Ар мэгъу цIыкIужьейщ, абы баш дахэ цIыкIу иIэщ, гуэлым щопсэу гъуэм ису, – къагуригъэIуащ Лусэ. – Абы сытри хузэфIокI.
-Дауи, апхуэдэ баш телъыджэ щиIэкIэ, лъэкIынщ, – арэзы къыдэхъуахэщ абы.
-ЦIыкIухэ, зэ фымыпIащIэ, – жиIащ мафIэм бгъэдэт лIым, – сэ иджыпсту шашлык пщтыр фэстынущ. Зинэ, къысхуэхьыт псынщIэу тепщэч цIыкIу. – Лыр къупщхьэ тепщэч пIащIэм иригъэлъалъэри, яхуишиящ: – Мэ, гъуэгум щыфшхынщ.
-Фермэм къикIа хъунщ ахэр, – жиIащ адрей цIыхухъум. – Модэ мыжыжьэу фермэ щыIэщ, абы унагъуэ щопсэу. ИIэ, фыкъежэ, сэ сыхьэзырщ.
Тимуррэ Лусэрэ я гъуэгу техьэжащ, кIуэрыкIуэм тету лы пкъыщIэ пщтырыр ягъэныщкIуурэ. ЩIызэдэуэн щхьэусыгъуи къыхэмыкIыу – фIыкъэ псори зэхуэдэу щыгуэшам – лым Iэпэзэкъуэтымрэ жызумымрэ трашхыхьыжащ.
-Абы я пIэипхъуэ убгъуам псыIэфI телъащ, – къызыхигъэщащ Лусэ, – дэ къыдатакъым.
-Псори къызэрызэщIэткъуэн Iэ куэд дэри тпыткъым, – ахэм къащхьэщыжащ Тимур. – Ахэр хьэлэщ, къыдатыну къащыгъупщауэ аращ. Мо мэзым дынэмысыпэу псынэ къыщIож. Абдежым дыщефэнщ псы. Сытым хуэдэу щIыIэ а псыр – бр-р-р.
Фермэм и гупэкIэ абыхэм къащыпэщIэхуащ шы лъэхъаитIрэ ахэм я хъуреягъыр къэзыжыхь шыщIэ Iэлрэ. Зи тхьэкIумэ зэхуэдитIыр пыупщIа хьэ бэлацэшхуэр къыздикIари къыпхуэмыщIэу къыкъуэхуащи, и кIапэ пыупщIар игъэджэгуу къабгъэдэлъадащи сабийхэр къепэмыхь. Сыт щхьами, ар нэхъыбэу зэпэмыну хуейр Тимур и щIыбагъым зыкъуэзыгъэпщкIуа Лусэт. Тимур езыр шынэщати, хэтми зыгуэрым зыкъуигъэпщкIуэну хьэзырт. Хьэр Тимур и щIыбагъым къыдыхьэну яужь итт, ауэ Лусэ IэщIэкIти зылъигъэIэсыртэкъым. Ар кIийрт:
-IукI, IукI мыдей, делэжь!.. Папэ сыкъеджэнущ иджыпсту…
Шынэм къыхэкIыу зи макъым къару къыщIыхьа Тимури абы дежьурт:
-IукIыт мыдей! Хэт зыIуегъэх зыжесIар?! Адэ кIуэ! ПхуэфI сымыхъум иджыпсту!..- шынэщауэ и макъыр кIэзызырти, и псалъэхэр и бгъэм тенэжырт.
Апхуэдэ дыдэу зы щIалэ цIыкIу щIопщ кIыхь иIыгъыу къыкъуэхури хьэм къеджащ:
-Зидан, фу! Си деж!

 

ЩIалэ цIыкIум Тимур нэхърэ илъэситI-щыкIэ нэхъыжьу фэ тетт.
-Фыщышына? – жиIащ абы дыхьэшхыурэ, хьэр езым ежэлIэжа нэужь. – Фымышынэ, ар сабийхэм еIусэркъым. – Езым мо тIум я пащхьэм балигъыу зыщилъагъужу къыщIэкIынут. ПсынщIэу унэм зывдзыж, уэшх къешхынущ, – къажриIэри, и гъуэншэдж зэв лъапэкIэщIым и жыпым къриха IункIыбзэмкIэ шыхэм лъахъэр кърихыжыну якIэщIэтIысхьащ.
-Уэращ сабийр, – жиIащ Тимур, ежьэжурэ.
Пэжу, зэуэ хъуреягъыр кIыфI къэхъуащ. Жьыр уигъэшынэу нартыху губгъуэм ирижэри зиущэхужащ. ПIэщIэн хуейт. Фермэм уфIэкIамэ, адэкIэ гъуэгур тIууэ зэхэкIырт – зым къуажэм уишэрт, адрейм чыцэ мэзым упхишти гуэлым ухуишэрт. Жыжьэ IукIыну хунэмысу уэшхым ткIуэпс пIащэ зырызурэ къехуэхыу щIидзэри хуэмурэ ин хъууэ хуежьащ.
-Мо унэ кIыхьым дыщIэгъыхьэ, – жиIащ Лусэ.
-Ар унэкъым, уэтэрщ, – къыгуригъэIуащ абы Тимур, и лъэбакъуэр псынщIэ ищIауэ гъуэгум триIуэнтIыкIыурэ. – Абы жэщкIэ мэлхэр щIагъыхьэ. Сэ папэ къызжиIащ.
Уэтэрыр нэщIт. Езыхэр псыф дыдэ хъуатэкъым

 

. УзэрыщIыхьэу щылъ хьэфэ шэрхътебзэм тетIысхьахэу уэшхыр къызэрешхым йоплъ. Зэм теуж зищIым, аргуэру щIигъэхуэбжьэжурэ къешхащ сыхьэт ныкъуэ хуэдизрэ, итIанэ зэуэ пичащ, пшэхэр къалэмкIэ ещхъэрэхащ.
Лусэ удз псыфым хэту кIуэн идэртэкъыми, Тимур и плIэм иригъэтIысхьэри ежьащ. АрщхьэкIэ гъуэгум техьэжа нэужьи хъыджэбз цIыкIур къыхуепсыхыжакъым – ар уэшхым игъэуцIынат, кумбхэм псыр инат. Аращи Тимур и шыпхъур ехь, мывэшхуэ къыхуэзэмэ зигъэпсэхун щхьэкIэ тригъэувэурэ. Ар гуфIат адэкIэ гъуэгур зэрыгъущэр къыщилъэгъуам.
-Еплъыт, мыбыкIэ уэшх къыщешхакъым, – жиIащ абы Лусэ щIым игъэувурэ.
Лусэ щымт. Апхуэдэ хъыбарыщIэм ар игъэгуфIакъым. Хуэмейуэрэ Тимур и ужьым иуващ, абы и жеин къакIуэрт.
Лъэслъагъуэм ущIишэрт зи къудамэхэр зэхэкIэжа жыг лъагэхэм я лъабжьэ жьауэм.
-Дынэсыным зы тIэкIущ иIэжыр, – жиIащ Тимур къэгуфIэжауэ.
-Мыбы дыгъужь щыIэ? – щIэупщIащ Лусэ.
-Хьэуэ, мыбы щыIэкъым. АбыкIи сеупщIат папэ. Ауэ мыбы кхъуэпIащэ щыIэщ.
-Ар хэт – а кхъуэпIащэр?
-Ар мэзым щыпсэу кхъуэхэращ. Абыхэм дзэпкъышхуэ яIэщ.
-Сыт-тIэ ахэр мэзым щIыщыпсэур?
-Абы къыщалъхуащи. Аращ я унэр здэщыIэр.
-Абыхэм сабий яшхрэ?
-Хьэуэ, абыхэм яшхыр мышхумпIэщ, итIанэ дэ гуэрхэр. Нартыху хьэсэхэм щыхыхьэ щыIэщи, абы щыгъуэм фочкIэ къоуэ.
-Сыт щхьа?

 

-Ямынартыху къамыдыгъун щхьа.
ДэнэкIи ныбжь Iувхэр тридзэрт. Мэз лъагъуэм къащыхуэзат лъакъуэрыгъажэм тесу бдзэжьеящэ къикIыж щIалэ цIыкIуищ. Щыми яIыгът дзэл чыпылъэ зырыз бдзэжьей мыин дыдэу зыбжанэ пыгъэлъэдауэ.
-Плъагъурэ, ахэр псори гуэлым къикIыжу аращ. Мыдей дыдэщ ар, иджы гъунэгъубзэщ, – жиIэрт Тимур, Лусэ игури езым ейри игъэфIу.
Пэжу, куэд дэмыкIыу къэлъэгъуащ жьым псышу цIыкIухэр зытез ищIа псы щIыIур. Нэхъ гъунэгъуу щыт жыгым епхауэ псы Iуфэм кхъуафэжьей Iутт баш кIыхь и кIуэцIым илъу.
-Плъагъурэ, псори сэ зэрыжысIам хуэдэщ! – къэгуфIащ Тимур. – Мы кхъуафэжьейм ису псыкум нэс макIуэри бдзэжьей йощэхэр. Нэхъ бдзэжьеишхуэхэр гуэлым и нэхъ куупIэм щопсэу, и IуфэмкIэ нэхъ жьгъейхэращ щыIэщ. Мес Оки-Фиоки щыпсэу гуэлыр. Модрей Iуфэм дызэпрысыкIынщ.
Тимур вакъэр щихащ, кхъуафэжьейр къыкIэритIэтыкIри псым хыхьащ и пэр гуэлымкIэ ириIуэнтIэкIыну. Гуэлыпс щIыIэр и лъакъуэм телъ уIэгъэм ибжьащ. Абы Лусэ къищтэщ, кхъуафэжьейм иригъэтIысхьэщ, кIэщIэрыIэжри псым трихуащ, езыри IэкIуэлъакIуэу итIысхьэжащ. Хуэму къещIэ-нещIэурэ ар псы Iуфэм пэжыжьэ хъурт. Тимур къурагъыр къищтэри къэтэджащ. Асыхьэтым къызэплъэкIри япэ дыдэу шынэр къыпкърыхьащ. Хъуреягъым псэ зыIут щыIэкъым, псы гъуабжафэр фIыкIэ укъимыгъэгугъэу кхъуафэжьей лъабжьэм щошкIуашкIуэ, псынщIэу кIыфI мэхъу. А псом къыхохьэж и лъэгум зыхищIэр зэмыса, зыхуэхамэ гуэру зэрыщытыр, нэхъри абы зыкъыщегъэхъуж къыщхьэщыжын зимыIэ гуэру. Дауэ щытми, къурагъымкIэ гуэлым и щIэм еIусэри, жьы къыкъуэуам зыпэщIигъэкъуауэ, кхъуафэжьейр псым трихуащ. Лусэ щыст жейм иIыгъыу.
Кхъуафэжьейр псы Iуфэ щIагъ ятIэ цIанл

 

ъэм трилъафэри макъ дэгу ищIу къэувыIащ. Тимур къурагъыр кхъуафэжьейм къридзри щIым тридзащ, Лусэ къригъэувыкIати, псы Iуфэм тIэкIу IукIуэтри удзым хэтIысхьащ. Ар абдеж къыщинэри езыр жыг закъуэмкIэ жащ. Жыгым и къудамэ лъэщхэр жьым и ер

 

ыщагъым пэщIэувауэ, щэIурэ кIыргъыу пэщIэтт. Тимур нэхъ гъунэгъуу щыбгъэдыхьэм, жыгыр и тхьэмпэбэмкIэ къытехъушышыхьащ. И щэхур ихъумэжыну мурад быдэ иIэу къыжриIэ хуэдэт: «ЗыIуегъэх мыбдеж, щIалэжь цIыкIу, илъэсищэхэм къыпхырысха си щэхур уэ уэстынукъым». Мы жыгырТимур и нэгу къыщIыхьащ лIыжь губжьа хуэдэу. Хьэуэ, мы хытIыгури, мы жыгри ещхьыжкъым езым япэ дыдэ щилъэгъуам зэрыщытам. Абы щыгъуэ гъэмахуэ пщэдджыжь пасэт, дыгъэ къыдэкIуэтейм псы щIыIу мамырым гуапэу къытригъэлыдыкIт мы хытIыгу телъыджэмрэ зи къудамэбэ удзыфэхэм заубгъуа жыг нафIэгуфIэмрэ, мис абы и лъабжьэрат – езым дежкIэ зы шэчи абы хэлътэкъым – Iэмал имыIэу ныбжьэгъу зыхуэхъуну мэгъу цIыкIужьейр щыпсэур. Иджы мыр зыкIи абы емыщхьыж щIыпIэщ. Дэнэ кIуа хытIыгум узэIэпишэу къызэIуихыу щыта и IэплIэр? Дэнэ щыIэ абы зыкъезышэкIыу щыта Iугъуэ щхъуантIафэ телъыджэр? Апхуэдизу фIыуэ илъагъуу куэдрэ зэгупсыса, щыхуэзэнум пэплъэу и гум щигъэфIа цIыкIужьейр дэнэ щыIэ? Апхуэдэу псынщIэу псоми зихъуэжыныр сытым къыхэкIа? ЩIалэ цIыкIум аргуэру шынэ зыхищIащ.
-Папэ, папэ, – гужьеяуэ джащ ар, и макъыр езым къимыцIыхужу. ИтIанэ, зэджэн хуейр зэрымыпапэр, атIэ цIыкIужьейр зэрыарар къищIэжри, къарууэ иIэмкIэ гуоуащ: – Оки-Фиоки! Оки-Фиоки! – Зыри къыпэджэжакъым. И псалъэхэр жьы къэгубжьам къипхъуатэрти адэ жыжьэ щыIэ мэзым ихьырт.
Тимур жыгым и лъапэм гъуэ къыщилъыхъуэу щIидзащ. АрщхьэкIэ гъуэ лъэпкъ абы щымыIэу къыщIэкIащ – цIыкIужьей бзаджэм и зекIуапIэу хъуар игъэбыдэри езыр щIы щIагъым ехыжащ. Сыт щхьэкIэ, ар мэгъукъэ, абы ищIэн хуейщ Тимур зэреджэр, къыдэIэпыкъуну зэрыщыгугъыр.
-Оки-Фиоки! Оки-Фиоки!
НтIэ, и гъуэр нэгъуэщI щIыпIэу

пIэрэ зыдэщыIэр? ЗэрыхытIыгуу гъуэ къыщилъыхъуэу щIидзащ, кумбу илъагъум ежалIэу, ауэ ахэм зыри гъуэ яхэттэкъым. КIыфI хъурт.
-Оки-Фиоки! Оки-Фиоки!
ЩIалэ цIыкIум и нэхэр нэпсым игъаплъэркъым. ЗыхуэмыIыгъыжу, жыг лъабжьэм щIэтIысхьэри гъащ. Абы къыщыхъурт къедыгъуаIауэ, къагъэпцIауэ. И адэм къигъэпцIащ ар – щыпсэуркъым мыбы мэгъу цIыкIужьей. ИкIи щыIэкъым и папэмрэ мамэмрэ къэзыгъэпсэужын. Сыту зэуэ гужьеигъуэ хъуа Iуэхур а гупсысэм иужькIэ. ФIэкIыпIэншэу зэрызеиншэр къыпкъырышасэу хуежьащ.
-Папэ! Папэ!
Сыту IэфIт мэгъу цIыкIужьейр зэрыщыIэ гупсысэм урипсэуну, ар мыгувэу къэплъагъуным ущыгугъыну. Сыту псынщIэу пкъырыкIыжрэт шынэр, а псэущхьэ цIыкIур дунейм зэрытетыр игу къэкIыжмэ. Сыту мамырт игурэ и щхьэри зэтелът зэрызэхуэзэнур щищIэм. Иджы псори къэкъутэжащ. Папэ къигъапцIащ, и гугъэ телъыджэм хигъэкIыжащ. Иджы абы иIэжынукъым папи, мами, мэгъу цIыкIужьейри.
-Оки-Фиоки! Оки-Фиоки!
Тимур псы Iуфэм къигъэзэжащ. Лусэ IэфIу жейрт, хъурейуэ зишыхьри и ныбэ цIыкIур и IэхэмкIэ щIикъузэжауэ. Кхъуафэжьейр щытыжтэкъым. Игу къэкIатэкъым ар ирипхыну, иджы жьы дыджым Iуилъэфащ. Адэ псы фIыцIэм и щIыIум щощэнауэ абы и ныбжьыр. Зэпымычыжу къыщIэж нэпсым и нэр игъаплъэртэкъым. ЩIилъэщIыкIырт, ауэ убыдыпIэншэу аргуэру къежэхт.
-Оки-Фиоки! Оки-Фиоки!
ХытIыгум и щэхур ихъумэжырт. (Bitti)

Зытхар: Мэкъуауэ Амир
ЗэзыдзэкIар: ХьэцIыкIу Рае

“Anavatanın Sesi “ köşemiz, merkezi Nalçik’te bulunan Hatokşokho Gazi Adige Dil Derneği çalışanlarının katkıları ile hazırlanmaktadır.
«Хэкум и макъ» зыфIэтща мы плIанэпэр зыгъэхьэзырыр ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэращ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz