Гум Къинахэр: ЛIОТ, УКЪЫДЭДЗЭКЪЭНУТ

0
1399

КъарэцIыкIу Илкай

Нанэм, дзэ хурагъэщIагъащIэти, есатэкъым. Iуилъхьэнур щыщыгъупщхьэр нэхъыбэт.
Махуэ гуэрым, къакIухьэкIуэ, и дэлъхум дэж кIуащ. Зыдыщысым и дзэр зэрыIумылъыр къищIащ жи. И жагъуэ хъуауэ, «Си дзэ хужьыбзэхэр къыздэсхьамэ сыт хъунт» жиIэс жи. ТIэку дэкIри аргуэрыуэ «Уэ Iеймыгъуэ, си дзэр сыту Iеуэ къэзгъэна мыгъуэ!» Иджыри тIэку щысри «Си дзэ дахэ мыгъуэр…» Нанэм и дэлъхум, хуэмышыIэжу,
«ЛIот Быбэ, уи дзэр къыздэпхьэмэ укъыдэдзэкъэнут» жиIэщ жи.

КъэзыIуэтэжар: Къэрэщей ФаIикъщ, Узун-Яйлэ – Астемырей Къуажэм щыщщ.
Илс. 69 мэхъу.

***
СИ ДЗЭР УСТЫНЩИ…

КIурашын Хьэблъэ лIыжьхэр, къуажэ гуэрым жэназыщI кIуэнути пIащIэуэ КIурашын Сэламии хъыбар къырагъэщIащ.

Мо лIыжьыр, «жылэр зыпэзгъэплъэнкъым» жиIэуэ щыгузавэм, и дзэр зыIуилъхьэн щыгъупщэри пIащIэкIэ гупым я кIэлIщIэхьащ.
ЖэназыщIым я къэлэныр зэфIэкIри, КIурашын Хьэблъэ лIыжьхэр, я бысым унагъуэм ирагъаблагъэри Iэнэ къыхуащтащ. Псэури машхэ, КIурашын Сэлами нэщхъеуэ щысщ. Ар зэрымышхэм гу лъыста и ныбжьэгъу гуэрэм «Сыт Сэлами, уи гу ирихь теткъэ Iэнэм « жиIэу щыдэгушыIэм, «Уэлей си дзэр къысщыгъупщамэ. « жиIэщ жэ. «Iэхъу! Ар мыхъуа! Мы фо дэгъуэм дауэ зыхэбгъэкIыжыну. Догуэ! Сэ шхэн сыухмэ, си дзэр уэстынщи; еуэ фом.»

КъэзыIуэтэжар: КIурашын Надимэщ, Узун-Яйлэ – КIурашын Хьэблэм щыщщ.
Илс.60 мэхъу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz