Фыбзэншэмэ
Фыпсэлъэфкъым,
Фигу илъ зыри фхуэIуэтэфкъым.
Бзэ зэвгъащIэ жызоIэ сэ,
фрипсалъэ.
Зыщывмыгъэгъупщэ,
нэхъапэр анэдэлъхубзэращ .
ИтIанэ, зыфхуапэ бзэ лIэужьыгъуэхэмкIэ,
фрипсалъэ.
Дэтхэнэ зы бзэми пщIэ хуэфIщI,
ИреIу и макъ.
Сыт хуэдэ беигъэ бзэ лIэужьыгъуэхэм щызхэпхыныр гъащIэм ухэту я макъ.
Бзэхэр щызэхуэгуапэ зы дунейр сыту дуней дахэ.
Бзэншэу хъункъым, зэгъэщIэн,
ирипсэлъэн хуейщ.
Зыщывмыгъэгъупщэ,
нэхъапэр анэдэлъхубзэращ…
ЩIэжокъуэ Зафэр Сюрер