ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Сэрия 2)

0
1440

Лъэпкъым IэщIэкIар зы сщIыжынырщ сызыщIэхъуэпсыр

Куэд щIакъым «Черкесская диаспора». Панорма культурной жизни тхылъ дахэр ДАХ-м и нэIэ щIэту къызэрыдэдгъэкIрэ. Абы си тхыгъэ куэд щызэхуэхьэсащ, иужьрей илъэсхэм адыгэхэм я хэхэс гъащIэм къыщыхъуа хъыбар куэд итщ, сурэт, тхыгъэ, дэфтэр мымащIэ ихуащ.

Нобэ-пщэдей къыдэкIынущ «Адыги -один из древнейших народов мира» хрестоматие щIэнгъуазэр. Ар Iыхьэ 20-у зэхэтщ, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым щыщу адыгэр къызэригъэщIрэ къыдекIуэкIа хъыбару абы имыт щыIэжкъым. Тхылъеджэм абы къыщигъуэтынущ Иорданием, Тыркум, Сирием, США-м, Нидерландхэм, Израилым, Германием щыпсэу адыгэхэм я хъыбар, я псэукIэ, я ансамблхэм, я артист, сурэтыщI, политик, дзэзешэ цIэрыIуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр. Сурэту I000-м щIигъу итынущ. Тхылъ теплъафIэ, екIу хъунущ.

Мы илъэсым и япэ Iыхьэм къыдэкIынухэм ящыщщ куэд щIауэ сызэлэжь, хэхэс адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Хуитыныгъэм и жэщ» жыхуиIэри.

 

-Уи илъэс 75-м узыхунэсар куэдщ, куэд дыдэщ, Мухьэмэд. ЛъэужьыфI къызэрызэбнэкIам и зы щапхъэу къызолъытэ илъэс зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм ягъэлъапIэ махуэшхуэ куэд уэ къызэрыхэплъхьар, ар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ я пащхьэм къипхьэурэ махуэшхуэу ягъэува зэрыхъуар.

-Апхуэдэ махуэхэр Iэмал имыIэу диIэн хуейщ. Ахэр зыужьыныгъэм и нэщэнэщ, ди къэкIуэнум и джэлэсщ. «Адыгэ ныпым и махуэр» (2010), «Адыгэ фащэм и махуэр» (2013), «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр» (2014), «Адыгэшым и махуэр» (2015), «Нарт эпосым и махуэр» (2018) -ахэр псори, фэ зэрыфщIэжщи, КъАХ-м утыку кърихьауэ щытащ. Гъэ къэс зэрагъэлъапIэ жыпхъэм зиубгъуу, уеблэмэ хамэ къэрал щыпсэухэми къыддащтэу къокIуэкI.

Сэ къыхэслъхьэри, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум, «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы фIищащ. Илъэс дэкIри, апхуэдэ пщIэ лъагэ хуэтщIащ «Налмэс» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым (Мейкъуапэ).

Иужьрей илъэсхэм, КъАХ-м, ДАХ-м хэтхэм къыддаIыгъыурэ, дэ дгъэлъэпIащ адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014); Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ (2016), СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрийрэ япэ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018) я илъэсхэр, Къалмыкъ Юрий, Къэшэж Иннэ, Бэчыжь Лейлэ сымэ я илъэсхэр (2019).

А псори хуолажьэ ди хэкур, лъэпкъыр ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэным.

Ди лъэпкъым адэкIэ зэрызиужьынум шэч хэлъкъым. ДызэпэщIэувэжкIэ, зыри къикIынукъым. Езыхэр зэгурыIуэмэщ сыт хуэдэ лъэпкъми пщIэ щиIэнур, и Iуэху щыдэкIынур, къэралым мамырыгъэ щилъынур. Ар къыдэхъулIэн папщIэ зэакъылэгъу псори зэIэпэгъуу зэдэлэжьэну сыхуейт.

 

-УкъызыхэкIа лъэпкъым сыт хуэдиз хуумыщIэми, пфIэмащIэу уопсэу, Мухьэмэд. Ар зыхуэгъэзар хэкум исхэм я закъуэкъым атIэ, хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми сэбэп уазэрыхуэхъуным иужь уит зэпытщ. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, ахэр хэкум къепхыжа хъунымкIэ, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрыщIэнымкIэ уэ лэжьыгъэшхуэ ебгъэкIуэкIащ. Совет лъэхъэнэ лъандэрэ абыхэм якIэлъыкIуэ, зи ныбжьэгъухэр къезыгъэблагъэ уэ дауэ уеплърэ нобэ хэхэс гъащIэм и щытыкIэм? Хэшыпсыхьыжрэ хьэмэрэ адыгэбзэр яфIэмыкIуэдыну гугъэ уиIэ?

-Адыгэу дунейм тетым ящыщу пщIы къэсыхункIэ бгъур щыпсэур хамэ щIыпIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр зыхэс лъэпкъхэм хуэм-хуэмурэ яхошыпсыхьыж. Зы илъэс тIощI-щэщI хуэдиз дэкIмэ, адыгэбзэр зыщIэж щымыIэу къэнэнкIэ шынагъуэщ. Абы уи гур иримыузынкIэ Iэмал иIэкъым.

Къэтщтэнщ Иорданиер. Мы къэралым адыгэ мини 100-м нэблагъэ щопсэу. 1970 гъэхэм анэдэлъхубзэмкIэ псалъэрт абыхэм я нэхъыбэр. Нобэ адыгэбзэ зыIурылъыр мащIэ дыдэщ -проценти 10-15 хуэдизщ. Илъэс 40 хъуауэ Амман дэтщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ курыт еджапIэ. ХьэщIэ къахуеблагъэмэ, сабийхэм адыгэ уэрэд, усэ, псынщIэрыпсалъэ, къебжэкI хуэдэхэр жраIэфынущ, ауэ зыгуэркIэ уеупщIмэ, адыгэбзэкIэ зы жэуап къыуатыжыфынукъым. АбыкIэ къуаншагъэр егъэджакIуэм и закъуэ бгъэдэлъу схужыIэнукъым. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж. Ауэ, сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуми, иджырей щIэблэр анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджыркъым.

Iуэхур щынэхъ щIагъуэкъым илъэси 100-кIэ шэрджэсхэр щыдакъуза Тырку Республикэми. Мы къэралым адыгэ мелуани 7-м щIигъу щопсэу. Ауэ я анэдэлъхубзэр зыщIэу яхэтыр мащIэщ -зы мелуан ныкъуэ хъун-мыхъунщ. Иужьрей зэманым Тыркум и унафэщIхэм къалъытащ я Хэкум лъэпкъ цIыкIу зыбжанэ зэрисыр икIи къэрал школхэм адыгэбзэ щадж, телевиденэми сыхьэтитI махуэ къэс къыщратащ.

Анэдэлъхубзэм и Iуэхур щынэхъыфIт Сирием. Адыгэхэр зэуIуу щыпсэурт КъунейтIрэ къалэмрэ Джолан лъагапIэхэмрэ, лъэпкъ Iуэхуи зэрахуэрт. 1967 гъэм -махуих зауэм и зэманым -ахэр а щIыпIэм кърахуащ икIи къэрал зыбжанэм щыхэгуэша хъуащ. Нобэ мы къэралым граждан зауэ щокIуэкI. Абы и зэранкIэ ди лъэпкъэгъухэр зэхэзехуэн ящIащ. Езыхэри адэжь щIыналъэмкIэ нэхъ къаплъэ хъуащ. ЩытыкIэр щыщIагъуэкъым Европэмрэ Америкэмрэ. Анэдэлъхубзэр зрагъэщIэн-зрамыгъэщIэныр мыбыхэми унагъуэ Iуэхуу, щхьэж зэрыхуейуэ щыщыту аращ, армыхъумэ къэралыр зыкIи хэIэбэркъым.

Израилым адыгэ къуажитI къудей щыIэу аращ, я псэукIэр зыхуэдэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Тхуэнейрэ сыщыIащ. Абыхэм я псэукIэр плъэгъуа нэужь, япэ дыдэу узэгупсысращ: я щхьэм пщIэ хуащIыж. Къабзэлъабзэу мэпсэу. Зы уэрам яIэкъым асфальт е мрамор темылъу. Зы лъэс лъагъуэ плъагъунукъым апхуэмыдэу. Адыгэбзэр зэрахъумамкIэ, хабзэ зэрахэлъымкIэ, къэралу щыIэм адыгэм и Iуэху щыдэкIыр аращ. А къуажитIым дэс я нэхъ цIыкIу дыдэри щыпсалъэкIэ зы хамэ псалъэ къыхигъахуэркъым, сабий садым щегъэжьауэ адыгэ къафэм щыхуагъасэ, адыгэбзэкIэ фIэкIа ягъэпсалъэркъым. Зы унагъуи хьэрыпыбзэ, е журтыбзэ щызэхэпхынукъым, апхуэдизкIэ я щхьэм пщIэ хуащIыжри. Зы гукъеуи, гуныкъуэгъуи дэлъкъым а къуажитIым псэукIэм ехьэлIауэ, апхуэдизкIэ зэтеухуауэ псори мэлажьэ мэшхэжри.

 

-Лэжьыгъэм пщIэ хуищIу зы цIыху щыIэмэ, уетIуанэщ, жысIэнут, ауэ зэи зэрызумыгъэпсэхур солъагъури, лэжьэнкIэ псом япэ уиту къысщохъу. Уи зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсами, зы мазэкIэ, е тхьэмахуитIкIэ укъыщымыкIуа къэхъуауэ сщIэжыркъым; щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ дыдэсми, лэжьапIэ пэшым унипсэлъыкIыурэ къалэн къыщыдэпт куэдрэщ; лэжьыгъэ IуэхукIэ дызэдежьамэ, пщэдджыжьым а республикэм, е къэралым къыщыдэкI газет-журналхэр щIэбджыкIауэ, махуэм ди къалэну щытынур бубзыхуауэ, лэжьапIэм дыщыщыIэм хуэдэу жьыуэ ди пщэрылъхэр къыджепIэу махуэр къыщIыдодзэ. Дэнэ апхуэдэ къарурэ лэжьыгъэм хууиIэ гукъыдэжымрэ къыздипхыр?

-Пэжщ, щэбэти тхьэмахуи сиIэкъым. Сумыгъэлажьэмэщ си къарур щызухынур. Лэжьыгъэмрэ лэжьыгъэм къыпэкIуэ гупсэхугъуэмрэщ си гъащIэр щыз зыщIыр. Ауэ пэжщ -си пхъурылъхухэр сыщигъусэм си гурыфIыгъуэщ. ЩIалитIыр щIэх-щIэхыурэ къокIуэ, Амман дэс си хъыджэбзым и пщащэ цIыкIур илъэсым зэ слъагъуу аращи, абы щыгъуэм си IутIыжщ. Санатори, зыгъэпсэхуакIуи куэд щIауэ сыкIуакъым, лэжьыгъэ IуэхукIэ хамэ къэрал сызэрыщыIам и гугъу умыщIмэ. Ауэ ахэри зыгъэпсэхугъуэ пэлъытэщ, ди къуэшхэм дахохьэ, дащIоупщIэ, я хъыбар хэкум къыдохь.

-Мухьэмэд, куэд пхузэфIэкIащ, нэхъыбэжи уи мурадщ. Абыхэм уащытепсэлъыхькIэ, уигу илъа псом гъунэ иумылъауэ къыпщохъу. Сыт хуэдэ мурадхэра бгъэнэхъыщхьэр?

-Мурад куэд сиIэр пэжщ, ауэ си дежкIэ нэхъыщхьэр музей къызэIухынращ. Илъэс блэкIахэм сэ къызэзгъэпэщащ «Адыгэ хэхэсхэр», «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ» гъэлъэгъуэныгъэхэр. Ахэр Налшык, Черкесск я лъэпкъ музейхэм щыдгъэлъэгъуащ.

Иджы музей сыщIыхуейм и щхьэусыгъуэр сыт? Сэ 1970 гъэ лъандэрэ зэхуэсхьэсауэ тхылъ, архив, тхыгъэ, дэфтэр, фэеплъ хьэпшып ирехъу -псори зэхэту мин 20-м щIигъу экспонат сиIэщ. Дэфтэрхэм къаIуатэ адыгэ лъэпкъым и къежьапIэм къыщыщIэдзауэ нобэм нэс и щэнхабзэр, тхыдэр, псэукIэр зыхуэдэр, цIыху пажэхэм я сурэтхэри куэду сиIэщ.

ИтIанэ. ХХI лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу дунейпсо утыкум къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Шапсыгъым, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу куэд. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъ зыхуэсщIар хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я зэфIэкIыр, дуней тетыкIэр, я псэукIэр къэзгъэлъэгъуэнырщ. ТхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, спортсменхэм ятеухуа экспонатхэрщ зи гугъу сщIыр.

Музей пщIы хъуну зы унэ схухахамэ, зи гугъу сщIы экспонат мин 20-р адыгэ лъэпкъым пщIэншэу естынут. Ар зэфIэзгъэкIатэмэ, си гум зигъэпсэхужынут.

«Музей щхьэхуэ фщIыи, абы и унафэщIу сывгъэув», жысIэу, зыми пэзубыдыркъым. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэм щIэтми, цIыху щхьэхуэм и уней мылъкукIэ къищэхуми, лъэпкъым хуэлажьэмэ содэ сэ. Нэхъыщхьэр адыгэ лъэпкъым IэщIэкIар, ирикъухьар зы щIыжынырщ.

ИтIанэ фонд къызэгъэпэщыным сыщIохъуэпс. Абы хамэ къэралхэм цIыху игъэкIуэфу, ди лъэпкъым къыхэкIахэм я тхыдэр иригъэджу щытынт, ди гъэтIылъыгъэхэм, ди къулеигъэхэм къахэхъуэнт.

Къапщтэмэ, шэрджэс мамлюкхэм Мысырым и къалащхьэ Каир мэжджыт 50-м щIигъу дащIыхьащ. Ахэр илъэс 500 хъуауэ, зым нэхърэ зыр нэхъ дахэрэ нэхъ быдэу щытщ. Абыхэм яухуа еджапIэхэр, псы зэрыкIуэ кIэнауэхэр, сулътIаныр щыпсэуа уардэунэхэр хъума зэрыхъуар, зэрыбыдэр нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм ягъэщIагъуэ. Архитектурэм, гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм яфIэхьэлэмэтщ зауэлI хъыжьэу къекIуэкIа шэрджэс мамлюкхэм апхуэдэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къазэрыкъуэкIар. Сыт жысIэну сызыхуейр? Псом япэрауэ, фондыр къэдгъэсэбэпу, Мысырым цIыху дгъэкIуэнт, мамлюкхэм я тхыдэмрэ хъыбарыжьхэмрэ къызэщIикъуэжын, дэфтэрхэр зэхуихьэсыжу хэкужьым къишэжын папщIэ.

ГъэщIэгъуэн куэд къыпхуихынут Египетым. Псалъэм папщIэ, Абазэ унэцIэр зэрахьэу Мысырым цIыху мин 25-рэ исщ. КъызыхэкIамрэ къызытехъукIыжамрэ я хъыбар ямыщIэжу, ауэ ди адэшхуэр адыгэт жаIэу, Африкэ Ищхъэрэм ди лъэпкъэгъу цIыху минищэ бжыгъэ щопсэу! Абыхэм я тхыдэмрэ я блэкIамрэ къэптIэщIыжыну уасэ иIэтэкъым.

Сэ зэрысщIэмкIэ, шэрджэс мамлюкхэм ятеухуауэ тхылъ миным щIигъу щыIэщ. Сэ сиIэр тIощIым щIигъущ. Ахэр зэдзэкIын хуейщ, мамлюкхэм ящIамрэ ягъэхъамрэ адэжь щIыналъэм щыпсэухэр щыгъуэзэн папщIэ. Зи блэкIар, зи тхыдэр зымыщIэж лъэпкъым и къэкIуэнури щIагъуэкъым. А псомкIэ сэбэп къытхуэхъунут дэнэ щыпсэу адыгэми и мылъку мащIэ хилъхьэу зы фонд диIамэ.

 

-Упсэу, Мухьэмэд. Уи мурадхэр къохъулIэну, узыншэу иджыри куэдрэ адыгэ лъэпкъым ухуэпсэуну Тхьэм жиIэ!

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ,

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.a

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz