Бзэр Псэщ!

0
1188

Псыпэр къыщежьэр, псым и нэращ. Мис ар, псынэращ. Псынэм псыпэр къыщожьэри, ежэхыурэ зы гъуэгу, езы псым и гъуэгур къегъуэтыж. И гъуэгур «щIы»м хэтыжу мажэ, иожэх. Зыдэжэм мэбауэ, зэдищIыгъуэуэ «уэ»р, псынэм къыхэкIа «псы»уэ жэкIэ ехыу, хым хэлъадэну къожэх. Хамэу зы тIкIуэпс хэмытIкIуау, жабзэу, къабзэу зы псэ псыуэ, зыхуэупсэу зыхэпсэхьыр, мы нэм къилъагъу «щIы уэ псы»ращ. 

Псэ зиIэращ, бзэ зиIэнур. Псырэ псэрэ зыхэлъыжмэ, тхыдэр бзэми бэу хэлъыжьщ. 

Бзэр къыщIежьам, дыхуэкIуэурэ дыдэкIынщи, псыпэр дэнэ, псынэр дэнэ зэ дыхэплъэнщ. 

Псынэр, зы «нэ»у псым и къежьапIэ? 

Анэр, зы «ны»у псэм и къежьапIэ? 

«Псэ» зиIэра, «лъэ» зиIэр? 

Псэущхьэу хэт, «пса-лъэ» зиIэр? 

УкъыздикIар,укъызхэкIар дэнэ уэ? 

ПIурылъ псалъэр уэзгъэцIыхуар, зы псэ гуапэу зы «ны» уэ? 

И цIэр уэ фIэщ «Аныбзэуэ»! А ным дилхуа и бзэуэ; А ныдэлхубзэуэ. 

Зепхьэ уи бзэр, адреи бзэхэм ящхьынукъым. Псыпэ къежьапIэр зы псынэщ, и IэфIыкIэр псым хуэдэщ. Пкъым къыхэхьамэ псэм хуэдэщ. Псэм хэхьамэ (узрыпсалъэ) уи бзэм хуэдэщ. 

И бзэм хэплъау ар щиIуатэм, «Ди псэ, ди бзэ, ди дунеи» зыхужиIам щыбгъуэтынущ. 

«Бзэр псалъэ къуэдеикъым, ар гупщысэкIэщ, дунеи тетыкIэщ» жызыIар, (Жэнэтыр хапIэ зыхуэхъун) Нало Заурщ. 

А ным и къуапэу, и псэм и ныкъуэр зи ныбэм илъ нысэу; И ныбэм щису, псым щыхэсым, псэмрэ псымрэ зэхэлъыжу, а ныр и ныбэм, щеIусэм, и псэм щытеIусэм гуроIуэ, зэгуроIуэ. Макъ хэмытми, Iусэурэ, еIусэурэ а ным и бзэр зэрихьэурэ егъасэ, къызытехьэну дунеим хуегъасэ. 

Зэхырегъэх и макъыр, а макъым и мэу (макъамэу) щIэтыжщ, А ным ибзэр лъагъуныгъэу. Абы щIэт-щIэлъ IэфIагъыр къызыхэкIыр, мис а «ныгъэ»ращ, лъагъуныгъэ псалъэми къежьапэри аращ. 

Мис ар, А ным и бзэщ. 

Мис ар, ныгъэм и бзэщ. 

Мис ар, лъагъу ныгъэм и бзэщ. 

ЩоджэнцыкIу Али даурэ къыхигъэщынт и гум къина IэфIагъэр; и анэм и щхьэм къыдилъа Iэ щабэм, и гум нэсауэ хуэбагъэр. Ар зы ныгъэм къыхэмыкIауэ, лъагъуныгъэр дэмыщIыгъуамэ. 

Псым и къежапIэри, псэм и къежьапIэри икъукIэ жыжэщ. Псэри псири зыхэлъу къэгъуэгурыкIуэу, нобэ къэса зы псэущхьэ цIыхуу, бзэри Iурылъу къыздихьащ. 

Псэ-ри, псы-ри, ды-ри , гъэ-ри, щIы-ри, уэ-ри щIыуэпсыбзэу Адыгэбзэм хэтыжщ. И пщэр пщIэуэ уи бзэм хуэсакъ! Ухуэмысакъмэ; Ныкъуэж Нэлли и усэр, Мэремыкъуэ Хьусен жиIэж уэрэдым зэрыхэтым хуэдэу: 

«Бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ, 

КIэлъылъатэй къэпхъуэтэж. 

Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ, 

КъэтIи мащэ итIысхьэж.» 

UNESCO-м хэкIуэдэжыну къибж бзэхэм, уэ убзэр хэт! 

Зэ хэплъэ…

Уи бзэм и пщIэр щIэ! 

Уи бзэр зехьэ! 

Псэр псыншэу, уи бзэр псэншэу къомгъанэ! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz