Анэбзэ щIыхуэр

0
722

Адыгэ лъэпкъым къыхэкlа усакlуэ щэджащэхэу Щоджэнцlыкlу Алий, Нало Заур, Кlыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… –лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диlэ тхакlуэ-усакlуэхэм я lэдакъэщlэкlхэр нэгъуэщlыбзэкlэ зэдзэкlауэ деджэкlэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щlыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.


Дэ лъэпкъыбэ хэгъуэгум дыщопсэу. Лъэпкъхэр бзэ зэщымыщкIэ мэпсалъэ. Ахэр зэзышалIэр урысыбзэращ. Абы къыхэкIыу, еджапIэм деж урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэпыщIауэ идогъэдж. Адыгэ литературэмрэ урыс литературэмрэ зыдопх, зэпыдощIэ, тхакIуэхэм я тхыгъэхэр зыдолъыт. БзитIымкIи идогъэкIуэкI дерсхэр, ауэ бзэ зэхэпхъакIэ сабийр бгъэпсэлъэну Iэмал иIэкъым. 

Бзэм и къабзагъым укIэлъыплъын, ар сабийхэм ядэпIыгъын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, бзэ зэхэпхъам сабийхэр бзэмыIуу къигъэнэнущ. АдыгэбзэкIэ упсалъэрэ – къабзэу псалъэ, урысыбзэ къыхомыгъахуэ. УрысыбзэкIэ упсалъэми — апхуэдэ къабзэщ. Ар сыт щыгъуи дгъэзэщIэн хуей къалэну солъытэ. 

Егъэджэныгъэм пыщIа дерсхэм и мызакъуэу, лъэпкъым Iурылъ бзэ дахэм, щIэблэр зэрагъасэ бзэ гуакIуэм, тхыдэ хъыбархэр къызэраIуэтэж бзэ хэплъыхьам хуэныкъуэщ ди сабийхэр. Ахэр егъэсэн хуейщ лъэпкъ уэрэдыжьхэр щашэщIкIэ, гум хыхьэ псалъэхэр къыщIагъалъэрэ я гущIэм лъэIэсу, лъэпкъ хъуэхъу щIэращIэхэр къыщаупсэлъкIэ, жьабзэ дахэр жьгъырууэ зыхащIэу, лIыхъужь уэрэдхэр щаукъуэдийкIэ, ныбжьрей ежьукIэ пэджэжрэ адыгэбзэр джэрпэджэжу зэIэпахыу, зэрылъэпкъыу щIэдэIуу, зэрылъахэу зэлъащIысу.  

Лъэпкъым и купщIэщ адыгэбзэр. Ар ди адэжьхэм лIыщIыгъуэхэм къыпхрахащ, яхъумэфащ. Адыгэбзэ дерсхэм деж цIыкIухэм яжыдоIэ ди нэхъыжьхэм бзэр зэрахъумар, зэрамыгъэкIуэдар, зауэ мафIэ лыгъейм къызэрыпхырахыфар. ИкIи ягурыдогъаIуэ бзэм и зехьакIуэу адэхэм я ужь езыхэр зэриувэнур. Бзэм и къуэпсхэр къызыхэкIыр цIыхубэращ, бзэр къэзыгъэщIыр лъэпкъращ. Абы къыхэкIыуи бзэм и зехьакIуэу дэтхэнэ цIыхури лъэпкъым хэтын хуейщ. Бзэм зиужьын, хъума хъун, ефIэкIуэн папщIэ зэрыадыгэ лъэпкъыу я зэфIэкIи, я къаруи, я мылъкуи щымысхьу зызэщIагъэкъуэн хуейщ. Апхуэдэ гупсысэхэм еджакIуэ цIыкIухэр щIыдогъэдэIу, гукъинэж зэрахуэхъуным дыхущIокъу. 

Ди лэжьыгъэр къапщтэмэ, дерс къэскIэ цIыкIухэм гукIи псэкIи захыдогъащIэ – «Адыгэу зыплъытэжмэ, пIурырелъ адыгэбзэр. ЕгъэфIакIуэ, зегъэужь анэбзэм!». Адыгэбзэр лъэпкъым и псэщ, и бзэщ. Абы уещI хэкупсэ, укъегъэхъу лъэпкъыпсэу.  

Ди къуажэр — Хьэгъундыкъуейр (Али-Бэрдыкъуэ) черкес усыгъэм и гущапIэу ялъытэ. Мы къуажэм къыдэкIащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ тIощIым нэблагъэ. Ахэр къуажэм я напщIэтелъщ, я гушхуапIэщ. Ар щапхъэгъэлъагъуэу зэрыримыкъу щыIэкъым, абыхэм я лъэужь уиувэныр пщIэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Абы къыхэкIкIэ, ди еджапIэм «Псынэ» кружокыр щолажьэ. 

Абдеж сабийхэм я япэ усэхэр щагъэIу, я гурыщIэхэр, я гущIагъщIэлъ хъуэпсапIэхэр усэбзэкIэ къатIэщIу зрагъасэ, адыгэбзэм къыхэщыпыкIа псалъэ дахэхэр зэрагъэкIу, зэпащIэ. 

Аращ усакIуэ хъуныр къызэрежьэр. ИкIи, усыгъэм и лъагъуэ нэхум теува дэтхэнэ сабийри догъэгушхуэ. КъинэмыщIауэ, ди сабийхэм адыгэбзэкIэ зэпеуэ куэдым зыкъыщагъэлъагъуэ, сочиненэ гъэщIэгъуэнхэр я Iэдакъэ къыщIокI, я гум илъыр къатIэщIыфу идогъасэ.  

Дерсыр классым ущIэсу ебгъэкIуэкIыныр Iуэху щхьэхуэщ. Ауэ сабийр бгыщхьэм дэпшрэ, хэт бгыпэм тесу, хэт мывэшхуэм кIэрысу, хэти бгы гъуанэжьым къиплъу я къуажэм тепсэлъыхьу сочиненэ щатхкIэ, ар нэгъуэщI Iуэхущ, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэщ. Сабийм и гурыщIэм щIэлъыр къыщитIэщIыр абдежщ, и адыгэбзэри нэхъ дахэу, нэхъ шэрыуэу къыздигъэIурыщIэри а дакъикъэхэращ. 

Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр фIы дыдэу къагурыдогъаIуэ дэтхэнэ сабийми, аращ адыгэбзэм пщIэ хэха щIыхуащIыр, увыпIэ лъагэ щIратыр. Аращ а гупсысэ узыншэхэр еджакIуэхэм я хьэл-щэнми, я зэхэщIыкIми хэтпщэну дыщIыпылъыр.  

Дерсхэр методикэ, гъэсэныгъэ я лъэныкъуэкIи зэщIэIулIауэ ядот, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ доузэд, лъэкIыныгъэу дгъуэтыр идохьэлIэ. Шэрыуэу псэлъэфу, жьабзэ дахэ яIурылъу, я гупсысэр адыгэбзэкIэ къаIуэтэфу идогъасэ. ЯфIэгъэщIэгъуэну кружок зэхуэмыдэхэм езы цIыкIухэри къокIуэ, тхыдэм епха лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным и ужь итщ. 

«Дыщэр хыфIэдзи уи бзэр къэщтэж», – жиIащ пасэрейм. Лъэпкъыр зыIэтыр и бзэщ. Бзэр лъэпкъ дамыгъэщ, щIэблэм и дамэщ. Ар анэшэм щIыгъуу къыппкъырохьэри, уи бзэр кIэрэхъуэху уи гъусэщ, уи гужьыдэгъэкIщ, уи гупсысэр сэтей къэзыщIщ, гъащIэ Iэпэгъуу уи гъуэгугъэлъагъуэщ. Бзэр пIурыхуамэ, уи дунейр бгъунлъауэ, уеблэмэ быухауэ аращ. Абы къыхэкIыу, адыгэбзэкIэ езыгъаджэ дэтхэнэ егъэджакIуэми ди лэжьыгъэр, а Iуэху еплъыкIэр доухуэ.  

Адыгэбзэр джыныр егъэфIэкIуэным мыхьэнэ пыухыкIа ириту мэлажьэ Хьэбэз районым и методкабинетри, абы и унафэщI Къуныжь Раи. Илъэс къэс еджапIэхэм деж щрагъэкIуэкI район семинархэр, «Iэнэ хъурейхэр», дерс зэIухахэр, щIэныгъэ-практическэ конференцхэр, классщIыб лэжьыгъэхэр, мастер-классхэр. Абыхэм псоми ди сабийхэр жыджэру хэтщ. Сабийхэр гушхуэу утыку ихьэфу, зыкъагъэлъэгъуэфу, зыхуейр жаIэфу, утыкум щэныфIэу зыщаIыгъыфу идогъасэ. Ар куэд и уасэщ. 

Адэбзэр IэфIщ, анэбзэр гуакIуэщ. Абы и IэфIагъыр сабийхэм захедгъэщIэн папщIэ, адыгэбзэ къабзэкIэ дерсхэр зэредгъэкIуэкIыным дыхущIокъу. НэгъуэщIуи хъунукъым. Ди бзэм и дахагъым еджакIуэхэм гу лъадгъэтэн мурадкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыдогъэсэбэп. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэр нэгъуэщI лъэпкъыбзэхэм идопх, щIыдогъэдэIу жьабзэ дахэм, пшынэбзэм ещхь усэбзэкIэ догъэбзэрабзэ. Проект лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр адыгэбзэкIэ ядогъэгъэзащIэ. Бзэр кIуэ пэтми нэхъ едгъэфIэкIуэн мурадкIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъ тхыдэм ирыдогъаплъэ, щыгъуазэ дощI, тестхэр къадогъэщI, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хыдошэ. 

Мы дунейм фIыгъэу тетыр уи быным хэплъхьами, анэбзэр IэщIэхуамэ, ахэр зыри иIысыжкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ хэти дунейм дызэрытетыр зи фIыгъэр ди лъэпкъращ. Ар дэтхэнэми тхуэгъэзауэ ттелъ Хэку щIыхуэщ. Ауэ ар быпшынын папщIэ узыхуейр мылъкушхуэкъым, зэфIэкIышхуэкъым — атIэ уи быным анэбзэр Iурыплъхьэн закъуэращ.  

  

Къущхьэ Мадинэ, 
илъэс 19 хъуауэ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм дэт  
езанэ курыт еджапIэм адыгэбзэр щрегъаджэ 

Сурэтым: лъэпкъыбзэхэр (урысыбзэри хэту) езыгъаджэхэм Урысейпсо утыкум мастер-класс щагъэлъагъуэу, Къущхьэ Мадинэ и лэжьыгъэ Iуэху зэхэщIыкIри утыку щрихьауэ щытащ

(Черкес Хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz