Гуащэмыдэ и Адыгэбзэ дерсхэр

0
781

Илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэкlэ анэдэлъхубзэр хъумэным, щlэблэм ар яlурылъхьэным зи гуащlэ хуэзыгъэтlылъ цlыхум къикlуагъыххэ гъуэгуанэр сытым пэпшэч хъуну, дапхуэдиз къарурэ шыlэныгъэрэ хэлъыпхъэ апхуэдэм?  

Адыгэ тхыбзэм и Махуэр гъэлъэпlэным – гъатхэпэм (мартым) и 14-м хуэкlуэу, Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ Вакlуэ-Жылэ (Дохъушыкъуей) адыгэ къуажэжьым дэт, Совет Союзым и Лlыхъужь Къардэн Мурат и цlэр зезыхьэ курыт еджапlэм деблэгъащ. Зыlудгъэщlащ абы щылажьэ Джэдыгущlэ (Темырдащхэ япхъущ) Гуащэмыдэ Долэтджэрий и пхъум.

Гуащэмыдэ Бэралъкъы къуажэм къыщалъхуащ. Щlэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэрэшей-Черкес къэрал пединститутым филологиемкlэ и факультетым, урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэкlэ егъэджакlуэу.  

Егъэджэныгъэ къудамэм щиlэ ехъулlэныгъэхэр къыхалъытэкlэрэ, абы «УФ-м щlыхь зиlэ и егъэджакlуэ» щlыхьыцlэ лъагэр къыхуагъэфэщащ.  

Къыхэгъэщыпхъэщ мы еджапlэм деж анэ гуащlафlэм щlыгъуу ипхъу Фатимэ (Сэитхэ я нысэщ) къызэрыдэлажьэр. Абыи, и анэм хуэдэу, и лэжьыгъэ, гуащlэ ин адыгэбзэр хъумэным триухуащ. Ищхьэ нагъыщэ зиlэ егъэджакlуэщ. Егъэджэныгъэмкlэ lуэху зэхэщlыкl лъагэ зыбгъэдэлъ анэм и лэжьыгъэм и пыщакlуэщ. 

  

-Гуащэмыдэ, адыгэ тхыбзэм и дыгъуасэр, и нобэр, и пщэдейр дауэ уэ зэрыплъагъур?  

-Лъэпкъым и бзэри, и гъэсэныгъэри зэкlуэлlэжыр бзэращ. Сыт хуэдэ зэмани бзэр хъумэным цlыху къэс хуиlэ бгъэдыхьэкlэм мыхьэнэшхуэ хуищlын хуейщ. Егъэджакlуэм, лъэпкъыбзэр щlэблэм яlурызылъхьэм, къыхуэув къалэныр гугъум я нэхъ гугъужщ. 

1975 гъэм Вакlуэ-Жылэ курыт еджапlэм сыкъыlухьауэ щытащ. А зэманым, псалъэм папщlэ, математикэр зэрырагъэджу щытар адыгэбзэт. Сощlэж, апщыгъуэм Дагъыстаным къикlри ди къуажэм зы пщащэ цlыкlу къытхуагъэкlуати, вакlуэжылэдэсхэм адыгэбзэ ирагъащlэри ягъэкlуэжауэ щытащ.  

Иджы зэрыхъур нэгъуэщlщ: къалэм къикlыу къуажэм къэкlуам урысыбзэкlэ къуажэдэсхэр егъэпсалъэ. Еджапlэм деж сабийхэр хамэбзэкlэщ зэрызэпсалъэр, зэрызэгурыlуэр. Адыгэбзэр lэщlыб ящlри, хамэбзэр ягъэшэрыуэ. Щlэблэм анэбзэм фэ зэрырамыплъыр щыплъагъукlэ, уи щхьэфэцыр мэхъей. 

Дерсыр щекlуэкlым деж мыадыгэбзэ псалъэ цlыкlухэм къыхагъахуэу, къаупсэлъу здэкъым. Еджакlуэм епплъ фэращ уэри къыуиплъыжынур. Вакlуэ-Жылэ къуажэм дэсхэр дызэрыпсалъэр «беслъэнеибзэращи», гугъу демыхьу къанэкъым къэбэрдей тхэкlэр ядгъэцlыхунымкlэ. Арами, зэрыхъукlэ зэманым къыхилъхьэ зэхъуэкlыныгъэхэм зыдыдогъэкlу. 

  

-Иджырей лlыщlыгъуэм къытхуигъэув lэмалхэр: технологиехэр, псом хуэмыдэу Интернетыр, дауикl, щхьопэ егъэджакlуэм и лэжьыгъэм, еджакlуэм и зыузэщlэныгъэм. Уэ дауэ уеплърэ, апхуэдэ лъэкlыныгъэхэр адыгэбзэр егъэджынымкlэ сэбэп хьэмэрэ зэран? 

-lэджэри си цlыкlухэм чэнджэщ язот Интернетым ихьэу адыгэбзэр здадж напэкlуэцlхэм зыпащlэну. Хэкупсагъым теухуа лэжьыгъэхэр ястурэ зэпызогъауэ, я гупсысэм и къэухьыр согъэунэху.  

Псалъэм папщlэ, Дохъушыкъуей къуажэр илъэс 200-м зэрырикъуам ипкъ иту, «Си къуажэ» зи фlэщыгъэцlэ lуэрытхыр гунэс ящыхъуу яхуедгъэкlуэкlащ. Абдеж къыщагъэлъэгъуащ къуажэм и тхыдэм зэрыщыгъуазэр, къратхэкlащ я нэхъыжьхэм, я адэ-анэхэм къыжраlэжа хъыбарыжьхэр. Пэжщ, еджакlуэ псоми ябгъэдэлъ щlэныгъэр зэхуэдэкъым. Ауэ сэ езгъаджэхэм я нэхъыбэм ядызолъагъу адыгэбзэр фlыуэ зэралъагъур, бзэпсэу зэрыщытыр.  

  

-Зэрытщlэмкlэ, уэ еджапlэм щыуиlэпэгъущ уи пщащэ Фатимэ. Абыи ныбжьыщlэхэр адыгэбзэм хурегъаджэ, илъэс тlощlым нэблэгъауэ анэдэлъхубзэм и гуащlэ хуегъэтlылъ. Ауэ, фяужь къиувэну егъэджакlуэхэм сыт я lуэху зыlутыр? Фызыщыгугъын, фи зэхэщlыкlрэ щlэныгъэрэ къызыхуэвгъэнэн егъэджакlуэ ныбжьыщlэхэр гъуэтыгъуафlэ? 

-А зи гугъу пщlым сыщегупсыскlэ, зэзэмызэ гупсысэ хьэлъэхэр къысхуоуш здезгъаджэ классым нэхуи-хупси къыщыщlэмыхьэжын зэман къэунэхуну. Си еджэгъуэм щыгъуэ, кlэлындорым дыдэтт унэм щызэдгъэщlа усэр къытедгъэзэжу, дерсыр щlидзэмэ, lэмал имыlэу доскам дызэрыдашынум дыпэплъэу. 

Адыгэбзэр къызэтедгъэнэну, щlэблэм яlурылъыну дыхуеймэ, дэ – егъэджакlуэхэм, ди lэмыщlэ илъщ иджырей бгъэдыхьэкlэхэр къэдгъэсэбэпу, дерсхэр щlэщыгъуэ, гъэщlэгъуэн тщlыну, джэгукlэ, зэпеуэ lэмалхэмкlэ ныбжьыщlэхэр бзэм дедгъэхьэхыну. Сэ аращ сызэрегупсысри, сызэрылажьэри.  

Зэрыжысlауэ, Интернетыр къыдогъэсэбэпри, абыкlи согъэлажьэ. Ар абыхэм сэбэпышхуэ яхуохъу адыгэ псалъэ гугъухэр къалъыхъуэну лэжьыгъэ щасткlэ. Къагъуэтар гукъинэж ящохъу. «Интернетым мыхъумыщlагъэр щыкуэдщ» жыпlэу утlысыжкlэ, иджырей еджакlуэр бзэм пхудегъэхьэхынукъым, абы пэжыжьэ хуэпщlынущ мыхъумэ.  

Щапхъэ къэсхьынщ. Ебланэ классым нобэкlэ щызогъаджэ зы къэрэшей хъыджэбз цlыкlу, Хачеевэ Марие. Фэзгъэлъэгъуащэрэт ар зэрыгубзыгъэр, адыгэбзэр джыным зэрыщlэхъуэпсыр. Зэрегугъум гу лъызотэри, нагъыщэфlкlэ согъэгушхуэ зэпыт. Хамэ къуажэ къэкуэшыжа цlыкlум ар щыхузэфlэкlкlэ, вакlуэжылэдэс дэтхэнэри зыщlэгупсысыжыным зыри хуэlуакъым.  

  

-Узэрылажьэ методикэм теухуауэ сыт къытжепlэфын щlэщыгъуэу, нэгъуэщl егъэджакlуэхэм яйм къащхьэщыкlыу? 

-Япэрауэ, нэхъ тегъэщlапlэ сщlыхэм ящыщщ урысыбзэр адыгэбзэкlэ зэрегъэдзэкlыныр. Ар хуабжьу сабийхэм къохьэлъэкl, ауэ я бзэр екъутэ, я гупсысэр нэхъыбэм хуешэ. Класс нэхъыжьхэм – lэмал зэриlэкlэ доклад къазогъэщl, классщlыб лэжьыгъэ куэду язот, тхылъ щlызогъэджыкl, ар къазэрыщыхъуа-къазырыгурыlуар иужьым къызжаlэж. Теплъэгъуэ зэхуэмыдэхэр догъэхьэзыр, къыдогъэлъагъуэ.  

Етlуанэрауэ, си щхьэкlэ къэсщтэнщи, ди лъэпкъыбзэмкlэ къыдэкlыу диlэ адыгэ газет закъуэм – «Черкес хэку»-м и къыдэкlыгъуэ къэс соджэ, къызолъыхъуэ еджакlуэхэм къащхьэпэну, гъэщlэгъуэн ящыхъуну тхыгъэ кlэщlхэр: ирехъу ар хъыбар, таурыхъ, усэ. Сакъыходжэ, зэрагъэщlэну къалэн ящызощl.  

  

-Узыбгъэдэт лэжьыгъэм лъэныкъуэ гуэркlэ ебгъэфlакlуэну е щlэщыгъуэ гуэр хэплъхьэну ущlэхъуэпсрэ, Гуащэмыдэ… 

– Пэжыр жысlэнщи, сыхуейт адыгэбзэкlэ езгъаджэхэр тхэнкlэ зэпезгъауэу, я зэфlэкlыр наlуэ сщlыну. Ятхар къэтпщытэжа нэужь, лэжьыгъэ нэхъыфlхэр газетым къытеддзэмэ, сабийхэр гушхуэнут, еджэнми нэхъри дихьэхынут. Абы къинэмыщlауи, республикэ хъыбарыбэ lэмалкlэ еджакlуэ нэхъыфlхэм я цlэхэмрэ я сурэтхэмрэ хэlущlыlу зэрытщlар гукъэкlыж дахэу къахуэнэнущ. Ари уасэншэщ. А си мурадыр къыздэфlыгъамэ, lуэхуфl дыдэ хъунт, сэбэпышхуи зыхэлът. 

  

-Шэч къытомыхьэ зэрыбдэтlыгъынум, Гуащэмыдэ. Зэпеуэхэр евгъэкlуэкl, лэжьыгъэхэр къытхуевгъэхь. Газетыр нэхъыщхьэу зыхуэлажьэр къыдэкlуэтей щlэблэм и къэкlуэнуращ. Фыхущlигъыхьэ! 

  

Епсэлъар Лыхь Тимурщ. 

Сурэтыр Туаршы Беслъэн трихащ

(Черкес Хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz