Дэ дызкъуэхьэфмэ дызкъуэзгъэхьэнур щlэныгъэращ, щlэнхабзэрэщ

0
797

Илъэс куэд щIауэ Адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI, фэ Iуэхум елэжьыным лъэужь дахэ къыхуэзыгъэна IэщIагъэлI, лъэпкъ лэжьакIуэ Бещто Мехмет Зеки!  

Бещто Зеки, «Чагъдаш Санат Iеви» зифIэщыгъэцIэ цех къызэIуихам, литературэ, сурэт щIыным къыщыщIидзэри дизайнер лэжьыгъэхэмкIэ къыпызыщэ, езбы хухэхауэ стилъ зиIэж ди IэщIагъэлI щэджащэщ. 

Фэр техник зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къигъэсэбэпкIэрэ мода къэгъэхъуным ину зригъэубгъуащ. 

«Hand Made, Haute Couture» гупсысэхэмкIэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд ещIыр. Бещто Зеки иужьурей зэманым унагъуэкIэ Самсун къалэ щопсэу, и лэжьыгъэхэм абы къыщыпещэр.


-Зэки дэ удоцlыху, уи лэжьыгъэхэми ди гуапэу дыкIэлъоплъ ауэ уэ езым зыкъэдыбгъэцIыхуам ди гуапэт? 

-1964 илъэсым дунейм сыкъытехьау lузнейлэ (Мэхъархьэблэ къуажэм). Бештохэ сащыщщ 

Мы упщlэм теухуау еплъыкlэ куэдкlэ дыпсэлъэфынщ ау, кlэщlу жысlэнумэ щlэныгъэкlэ, lэщlагъэкlэ, лэжьыгъэкlэ щlэнхабзэкlэ сытым сыхуитми, сыт утыку къислъхьэфми Адыгэ дунейм ядэзгуэшыну, сылlыкlуэу зызолъагъужь. 

  

-Уи IэщIагъэм нэхъыбэу къыхэбгъэщыр Кавказ щэнхабзэращ, гъуазджэм удихьэхын хуей щIэхъуар сыт, абы лъабжьэ хуэхъуар къыджепIэн? 

-И лъэпкъ щlэнхабзэкlэ гухэкl зиlи, гукъеуэ зиlи дэтхэнэ щlэнхабзэlэщlагъэ, лэжьыгъэ, щlэныгъэм телэжьыхь цlыхум хуэдэу сэри сыкъызыхэкlа лъэпкъымкlэ сигур итхьэщыкlа къабзэу сыкъэтэджащ. Ау, щапхьэ къытепхыну, и гъуэгу лъэужькlэ урикlуэу умыщlэр щызэбгъэщlэну, пэрыт сиакъым. Дияпэ ита нэхьыжьхэри уагъэгушхуэну щытаlым. Уижьагъуэ зэрыхъунураси лъэпкъ гукъеуэ щlэныгъэм щымгъуазэу, Адыгэбзэр пщыгъупщарэ Тыркубзэр къыпlурлъэлъу упсалъэм яфlэфlу къалэ псэукlэм зырагъэкlуну, лъэпкъ гукъеуэдыдэй ямоху зы лъэхъэнэм хуэзащ си щlэлэгъуэр. Ау гъэщlэгъуэныр аращи зылъэныкъуэки ущеплъам, Адыгэ хабзэм, Адыгэбзэм, Адыгэ щытыкlэм у купэкурсэм сыхэта хуэдэт. Зыми псалъэкlэ утыку къыримылъхьами сыткlи дызры адыгэр, бзэкlэ хабзэкlэ щытыкlэкlэ, ахэм къаубыд щlэныгъэкlэ зы гъуэгу дырытетынур къыдгурlуэжау дыкъэтэджащ. Мы жысlа къуомым сэрсэру къыхэзудащ, арт еплъыкэри щытыкlэри лъэжьыгъэри. 

  

-Нобэ къызэбгъэпэщ псори «Фэ, фэм къыхэщIыкIа» жэуэ богъэзащIэ, дызэрыт щIэныпхъэм (текноложи) лъэхъэнэм фэм уелэжьыныр гугъу пэтырэ сыт ар къыщIыхэпхар? 

-Сэ илъэс тхухэм сышитым Дыкылыташ къуажэм Тlыхъужьхэ, ныбжькlэ хэкlуэтау зы цlыхум фэкlэ lэмэ псымэ, lэщэ фащэ ищlыу щыгъуазэ сыхъуат. Сэ япэдыдэ ар сищхьэми сигуми си нэгуми щlэлъащ. Фэмрэ фэм къыхэщlыкlа lэщlагъэр си гъугу хъуну абдеж къщежьащ 

Фэр цlхум и дуней гъащэм хуэдиз ныбжь иlэу гъэщlэгъэну зыгуэрщ. Нобэрей дунеум зэгъэкlурыгъэм (ласковым), артым теухау хьэпщыпу, lэмэпсымэу зыри щыщымыlэм цlхубэм фlэр зырахьэт. Зауэ lэщэфащэу,унэ узэдын хьэпшыпу, Щыгъыныгъуэу, lэщэфащэу. Адэ ижь блэкlа лъэхъэнэуэщхуэхэм къыщыщlедзэри нобэрей дунейм фэр зикlэ зимхъуэжау цlыхум и гъащlэм хуегъэзэкlащ. Фэ -Фэм игъусэу- фэм къыхэщlыкlа си псалъэр ныкlи артым теухуау; ныки дизайныиюм (зэгъэкlуныгъэ) теухуэу си lэщlагъэм си лэжьыгъэм и шыпсэс, ипсысэщ, и гупсысэщ. 

 

-Узэлэжьхэм и зы Lэужь дахэ утыку къэпщlа нэужь сыт хуэдэ гукъыдэж къуитырэ абы? Дэтхэнэ уи зы IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым ауэ нэхъ хэхауэ уигу дыхьэр сыт хуэдэрэ? 

-Ухуейм сурэт, ухуейм сын, ухуейм дэтхэнэ гупым ящыщ дизайн ерэхъу, зы лэжьыгъэм щыщlэздзам сигу къилъэтыкlыу солажьэ сыухыху. Ежьэщи сыгъэпсэхуи симыlэу соух. Ар щызуыхам усэ зы тlу щи сусау къыщlокl. Сэ сытыри усэм пызогъувэ, си гупсысэми си lэщlагъэми и къупсыр усэу солъытэ. Фlэрафlагъэм сехь сыщылажьэкlэ. Сигу пымыкхэр куэду зыщхьэщlокl; ау къытезгъэзэжу етlыуанэр смщlыжыфыну си лэжьыгъэхэр зикl сигу пыкllым.

 

-А псом къинэмыщIауэ сурэт, мэкъамэ теухуа уи лэжьыгъэхэми дыщыгъуазэщ, ахэм тIэкIу игугъу къытхуэпщIам арат? 

-Сурэт (resim) теухуау лъэщу зы щlынщlыкlэ (tarz, teknik) утыку къислъхьащ. А щlынщlыкlэри къызхэсщlыкlэ фэ матерялри щхьэж сэ утыку къислъхьау щытщ. Нобэм къэсыху арт псэлъалъэм апхуэдэ зы щlынщlыкlэ (teknik) итlым. Сэ абы фlэсщар «фэкlэ зыхэгъэщхьа»(deri mozaik)щ. Фотографыми си щlалэгъуэм зыпысщlат. Ныкlи Тыркум, ныкlи дунепсом пщlэ къыхущlау щытт. Ау си lэщlагъэ лэжьыгъэ гупыр тlэкlу зэгъэщlэн хуейти сурэт техыным яужь ситыжlым. Акордеон пшынэм соуэ lупэ пшынэм соуэ. Ау челло (viyolonsel) пшынэм сыдихьэхау солэжь. Ар шыкlэпшынэм гум ехьэ и макъым нобэ дунейпсом къыпэув пшынэу солъытэ. Фlэрафlагъэмрэ гухэкl гууз макъхэм япшынэу къысщохъу. Челлокlэ утыку къислъхьэну ди мэкъамэхэм куэдрэ фыдихьэхау фыкъегъэдэlуэн хуэду къысщохъу:) 

   

-Дунейпсом щыцIэрыIуэ Iэджи уи IэщIагъэ дахэмкIэ пхуэпащ, ар сыт хуэдэ гъуэгуанэт, хэт сымэ а бгъэщIэрэщIахэр? 

-Лади Гага, Ева Херзигов (шыгъыныгъуэ). Жустин Тимберлакэ (вакъэ) къинэмыщl артис, политикам, лэжьыгъэ цlыхухэм чи lэщlагъэ зырахьащ. Хэтым щыгъыныгъуэ, хэтым вакъэ, хэтым гъущlыкlэм къыхэсщlыкlа аксесархэр зырахьащ. Ахэр лъэщу щыгъыныгъуэ модэм сыщытелэжьыхьым утыку къислъхьащ. Жыжэу уеплъымэ гъэщlэгъуэн хуэдэу къыпщыхъуми уишхьэ бгъэгушхуэжыну, узщытхъужыну зыгуэркъым. Дахэу зыгуэр бощlыр ар дау хъуми зыгуэрыурэ абы ялъоlэс. Сэ лъэпкъ гукъеуэкlэ Адыгъэ щlэнхабзэм и гъуэгум сыимыкlуэу а лъэхьэнэхэм фашхион(fashion)ым зестау щытамэ си гугъэмкlэ холивоод лъэныкуэмкlэ си цlэр къыщыlу сыщытынут. 

-Нобэ зи щхьэ, зи лъэпкъ пщlэ хуэзыщlыж куэдым я унагъуэхэм уи тхыпхъэхэр, уи Lэужь дахэхэр щlэлъщ, зэрахьэ, къагъэсэбэп. Абы теухуауэ сыноупщlыну сыхуейт, гъуазджэмрэ лъэпкъ Lуэхумрэ сыткlэ зэтехуэрэ? 

-Къэралыгъуэ хуит мыхъуфа лъэпкъ цlыкlухэм, лъэпкъ мащlэхэм я блэкlамрэ нобэмрэ и зэхуакур нэхъыбэм щапхъэу зрахьэ ныпыр, тхыпхъэхэр. Чыпхъэхэр. Абыхэм хэтыжу Я лъэпкъым, шыналъэм, я хабзэхэм, кlэщlу жыпlэнумэ фолклорик симболэр(sembol)кубу зрахьэ. 

Дэри аращ тщlэр. Мыхэри фыщ. Зылъэпкъугъу щыт ди цыхухэм мы семболхэр щапхъуэу зыдагуэщ. А щапхъэхэм ди цlыхухэр гукlэ, гупсысэкlэ, гу хэкl-гукъеуэкlэ, гуфlэгъуэкlэ гукъеуэкlэ зыхэпщэ, нэхъ зыпэгъунэгъу ещl. Ахэм псом заубгъурэ тхыдэм, щlэнхабзэм, бзэм, лъэпкъ шlэныгъэ купщlэр хегъахъуэ. Сытыми щыгъуазэу, зышыгъуазэр мис а зышыгъуазэ симболхэмкlэ лъэпкъыр зыхищlэу зыхипщэу къысщохъу. 

Ау, мы семболхэр нерлъагъуэу, зырахьэу зыдагуэшыу абыкlэ япщэ дэлъ оу хьэлъэр зы лъэныкъуэкlэ ирагъэзууи сыщыгъуазэщ. Псалъэм папщlэ уи лъэпкъ чыпхьэр уи lэлын тыребгъадзэкlэ, уигум и щхьэгъубжэм нып тебдзэкlэ, Адыгэ тхыпхъэ, Адыгэ lэщэ фащэ аксесуаркlэ щыгъын щыптlагъэкlэ, Адыгэшкlэ, lуэщхьэмахуэкlэ урикъуlым. 

  

-Гъуазджэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ ехьэлlауэ япэ ит IэщIагъэлIхэм уащыщщ, абы теухуауэ щlалэгъуалэм сыт хуэдэ чэнджэщ яптынт? 

-Дунейпсом и глобал екlуэкlыкlэм дэри дыхиубыдэу дехь; псы ежэхым узрихьым хуэду. 

Глобализм жыхуэlэ хъуныгъэм дэ дэнэ къэна, сэрщ жызыlэ къэралыгъуэшхуэм куэд я пэуд, я хеуд. Яхэмылъ къахелъхьэ. Хабзэкlэ, бзэкlэ, щlэнхабзэкlэ зехъуэж. Дэ нобэм дзэкlэ, зауэ lэщкlэ, политик къарукlэ, экономикэкlэ… Дэрдэру дыхуиту дызфlэтыфыну дыкъытенэфыну зы лъэжьыгъэщхуэ, лъэкlыныгъэщхуэ едгъэкlуэкlыфынукъым. Зауэ банэкlэ слоганкlэ, къэкlуэнуым демыплъу блэкlам дытепсэлъыхкlэ дырищыгъуэкlэ дыбэкъуэфыну щытlым. Ау арткlэ, шlэныгъэкlэ, щlэнхабзэкlэ зыкъэтlэтыфынущ. Кlэщlу жыпlэнумэ «дызэкъуэтмэ дылъэщщ» жыттlыфын папщlэ, ЯПЭ ДЫЗКЪУЭХЬЭФЫН ХУЕЙЩ. ДЭ ДЫЗКЪУЭХЬЭФМЭ ДЫЗКЪУЭЗГЪЭХЬЭНУР щlэныгъэращ, щlэнхабзэрэщ. Дэтхэнэ и тхьэмпэй ирехъу артыращ. Ахэм къытхалъхьэну щытыкlэращ. Къахэдудыну дуней еплъыкlэращ. Аращи ди щlалэгъуалэм мыр ящlэу зыхалъхьэн хуейщ щlэнхабзэкlэ бжэ lутхыфмэ гъуэгу хэкlыпlэф куэди lутхыфынущ. 

-Иужь дыдэ Адэнэ къалэ Аркеологи музейм гъэлъэгъуэныгъэ щебгъэкIуэкIащ. «Портакал Чичегъи» зифIэщыгъэцIэ фестивалым и япэ гъэлъэгъуэныгъэт ар. ЩэнхабзэмкIэ Министерствэм и сайтхэми къытрадзащ. Мы Iуэхугъуэр ди лъэпкъым дежкIэ узэрыгушхуэнщ. Гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIа цIыхухэм я гулъытэр дауэ къыпщыхъуа, дияпэкIэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къыпыпщэну? 

-Адэнэ Аркеоложи Музем шекlуэкlа си ексибитион (exhibition) програмыр фlыдыдэу екlуэкlащ. Си lэщlагъэ лэжьыгъэхэр зыгъэлъагъуну лъэщу цlыхубэ къекlулlащ. Дэрдэру дыгэзащlэ къудейм къыщымынэу къэралым и щlэнхабзэ гъэлъэгъуэным теухуа хъуащ. Тырку къэралым щlэнхабзэ тхьэмадэри, и тхэмадэ къудзэри кытхуеблэгъащ. Фыщи пщlэй дагъэлъэгъуащ. Сэ си цlэр хэхыжи къекlуэлlа цlыхубэм купщlэшхуэ зыlи зы лъэпкъ щlэнхабзэм изы lуплъэгъуэ ялъэгъуащ. Ягур фlы ищlащ. Си гугъэмкlэ иджы нэужь (Япэ Адэнэ къалэр) Ди хасэхэм мыпхуэдэ ексибитион лэжыгъэхэр нэхъ гукъыдэжкlэ ягъэзэщlэнущ… 

Сыт щхьэ жыпlэмэ: Дэр дэруэ сытым яужь дихьэми ди яку къыдэнэжын фlэкlа макъ игъуэтынукъым. Ауэ къэралым и щlэнхабзэ лъэжыгъэхэм, программэхэм хедгъэубыдэфlмэ, хэдгъэзэгъэфмэ, фlы дыдэуэ зиубгъурэ ди lэщlагъэ лэжьыгъэри, ди макъри дыгъэlуфlынущ. 

  

-Зеки ди япэкlэ сыт хуэдэ плъапlэ, гуращэ уиlэр? 

-Сэ увыlэ симыlэу мы сызытехьа гъуэгум срикlуэнущ. Истамбыл АКМ унэшхуэм щызгъэлъагъуэм си гуапэу сытолэжьыхь. 

  

*Адыгэбзэ зэдзэкlыным щхьэкlэ Безир Забитрэ Емуз Баязытрэ фlыщlэ яхузощl. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz