Псы цIыкIум и къару

0
444

Гъэмахуэ пщэдджыжьым къуажэр хуэмурэ къыдоуш. Псом япэу махуэщIэм пежьэ бзу цIыкIухэр жыгыщхьэм щоубзэрабзэ. Трактор ву макъ къэIуащ, пэгун макъ, жэм бу макъхэри зэхыбох. Къуажэдэсхэр лэжьыгъэм къыщIэтаджэрт. Мадинэ жэмыр Iэхъуэм къыкIэригъэхуа и гугъэри псынщIэу къыщылъэтащ, арщхьэкIэ нэхулъэр къызэкIэщIитхъа къудейт. IэфIу жей сабийхэм яхуеплъэкIри пыгуфIыкIащ. Сыту IэфI сабиигъуэр! И адэ шыпхъум и сабиитIымрэ и адэ къуэшым и сабиитIымрэ къуажэм къишауэ щыIэт: 

– Фэри зывгъэпсэхунщ, езы цIыкIухэми заукъуэдиинщ. Сэ сыдэсщ, сакIэлъыплъынщ, сахуэсакъынщ, – жиlэри къригъэшат. ШхыIэн ятекIуэтар ятрипIэжри жэмыр ишыну Мадинэ къыщIэкIащ. Мадинэ, илъэситI хъуауэ, щеджа еджапIэм увыжауэ пэщIэдзэ классым егъэджакIуэу щылажьэрт, иджыпсту гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм анэшхуэм дэIэпыкъуу щыIэт. 

Пщэдджыжьым и напIэр хуэмурэ къызэтрихырт. Дыгъэ къэушар хуэмурэ къыдэкIуэтейрт. ГуфIэгъуи гузавэгъуи и нэгу щIэкIынум зыхуигъэхьэзыр хуэдэу и бзийхэр щIылъэм къытредзэ. Мадинэ уафэм дэплъейри и щхьэ хужиIэжу, махуэм фIыкIэ щыгугъыу, жиIащ: 

– СыткIэ къытхуэупсэну пIэрэ нобэрей махуэр? Сыт хуэдэ гуфIэгъуэу пIэрэ къуажэм къыдэIуэнур? 

Пщэдджыжь акъужь къабзэ щIыIэтыIэр гум егуэпэкIыу зыжьэдишэри, Мадинэ и пщэдджыжь Iуэхум пэрыхьащ. Жэмыр ишри Iэхъуэм дигъэкIащ, шэр щIихури кхъуей хихыну шэр игъэхуэбэну тригъэуващ. ШэщIэхур итхьэщIыжри, аргуэру зэтригъэувэжащ. Пщэдджыжь къэс шэщIэху къакIуэ гъунэгъу фызхэр хуэмурэ къызэхуэсу щIадзащ. 

– Дапщэрэ бжесIэну, шэщIэхур умытхьэщIыж, псоми щIэтхумэ, птхьэщIыжынщ, – къехъурджэуащ Хъаний. 

Хъэджэти и псалъэ къыхидзащ: 

– Мы Динэ цIыкIу зышэр ехъулIащ, тхьэ. Унагъуэ зехьэн и пщэ къыдэхуэмэ, зыкIи къимыкIуэту и Iуэху Iыхьэр хуэщIэнущ. Абы дыгъуасэ трикIа гуэщ щIыбыр-щэ? Къопсэлъэным хуэдэщ. 

Рэхьмэт цIыкIуи щIигъужащ: 

– Нэусэрэ Лусэрэ ягъэса Iей хъункъым. Нэусэ Лусэ пхъум хуэдэу елъагъу, нысэу илъытэркъым. А тIум я кум къыдэхъукIа хъыджэбзыр мыгъасэ хъун? Унагъуэм щызэхиха псори зыхилъхьащ. 

Апхуэдэурэ, мащIэ-мащIэурэ, псалъэмакъыр нэхъ кIащхъэ хъуащ, шэ щIэхуныр яухри, гъунэгъу фызхэри зэбгрыкIыжащ, хъыджэбзым хужаIэ хъуэхъур яфIэмащIэу. 

Кхъуейр здыхихым, Мадинэ сымаджэщым щIэлъ и анэшхуэм егупсысырт: 

– Дауэ щыту пIэрэ? Тхьэм куэдрэ тхуигъэпсэу, узыншэ тхуищIыж. Мазищ хъуащ ди адэшхуэр дунейм зэрехыжрэ. Нанэ ар къызэрытехьэлъэр псоми тлъагъурт, ауэ и лъэр апхуэдэу щIэх щIигъэхуну хэт ищIэнт? 

Анэшхуэм къажриIэ псалъэ пэжхэр, акъыл зыхэлъ и ущиехэр, чэнджэщ тэмэмхэр сытым дежи и гум илъщ Мадинэ. 

– НэгъуэщIхэр фи щхьэ ефлъыт, гущIэгъу зыхэвгъэлъ. Зыщывмыгъауэ, фычэнджащэ. Бетэмалщ цIыхум и напэр текIыныр. Нэхъыжьым къывжиIэм федаIуэ, фIым фыхуэзыущийм фыщигъэуэнкъым. 

А гупсысэхэм хэту унэшхуэмкIэ и адэ къуэш Хьэжпагуэ къыщIэкIри, сэлам кърихащ, жэм зэрыта Iуэр къитхъуащ, псыежэхым дэлъадэри зигъэщIыIэтыIэри къыдэкIыжащ. Мадинэ къыхутригъэува къалмыкъ шеймрэ чыржынымрэ ишхри, и анэм щIэупщIэну, нэгъуэщI Iуэху гуэрхэри иIэу Налщыч кIуэну дэкIащ. 

Махуэри къыдэкIуэтеящ, сабийхэм заригъэтхьэщIщ, игъашхэри пщIантIэм джэгуну щIигъэкIащ. 

– Анэшхуэр къэкIуэжмэ, щыгуфIыкIынщ, – жиIэри унэ лъэгум ятIэ зэхищIар ирилъхьащ, сабийхэр пщIантIэм дэтыху зэрыгъущыжынум егупсысри. 

Шэджагъуэ хъуат. Лъагэу зызыIэта дыгъэр укъису пщтыр хъуат. 

Хьэблэм дэсыр хэт губгъуэм дэкIат, хэти Iуэху яIэу зэбгрыкIат. Сабийхэм зыщIыпIи мыкIуэну яжриIэри, Мадинэ пхъэхьым пэгунитIыр фIидзэри псыхьэ кIуащ. И пэгуным псы къыпыжыр къилъэдэху, псыежэх цIыкIум хэплъэу щытащ. Псынэ цIыкIур мащIэу къыздыщIэжым къыщежьэрти, мэзхэмрэ бгыхэмрэ зэпиупщIырт, и къабзагъэри ихъумэжу, макъ щабэ цIыкIу игъэIуу ежэхырт. Ар Къулъкъужын псы цIыкIурщ. Уэрэд дахэ жиIэ хуэдэ, псы щэныфIэ цIыкIут, уэртэкъым, зыкIи шынагъуэтэкъым. И бгъуагъкIэ метритI нэхъыбэ хъуртэкъым, и кууагъкIи лъэкIэным фIэкIыртэкъым, лъэгуажьэм щынэс щIыпIэ закъуэтIакъуэ иIэу арат. Нэхъ куупIэм мэлыхъуэцIэнлъ фIыцIэ хэлъщи, сабийхэм ар я джэгупIэщ, загъэцIантхъуэурэ псым хопкIэ. 

Псы пэгунитIыр къихьри пщэфIащ, сабийхэр игъэшхэну игъэтIыса къудейуэ и дэлъху цIыкIу Iэдэм къыщIыхьащ гуфIэжу: 

– Дауэ хъурэ, сабийхэм япэлъэщрэ, я Iуэху зытет къащIэ, – жиIэри мамэ сыкъигъэкIуащ, – жиIащ. 

Мадинэ и адэ-анэмрэ и адэшхуэ-анэшхуэм я лъапсэмрэ псы цIыкIур я зэхуакуу арат. Я Iуэху зэрытэмэмыр жриIащ, игъашхэри, Iэдэм и щхьэ джафэу яупсам щыдыхьэшхыурэ пщIантIэм дишыжащ. 

Асыхьэтым, куэбжэпэм нэсауэ, напIэдэхьеигъуэм зэуэ зыкъызэщIиуфIыцIэри, уэшхи жьыи щымыIэу уэ кърикIутэхыу щIидзащ. Мадинэ Iэдэм щIэпхъуэу кIуэжыну жриIэри, сабийхэм я деж къыщIэпхъуэжащ. Сабийхэр плIанэпэм къуигъэтIысхьауэ кIагуэ игъуэтми, шхыIэн щIэлъми ятрепIэ, щIехъумэ. Уэшхми щIидзащи, пэгункIэ къракIыхым хуэдэу къошх, унащхьэмкIи къыпхрож, щхьэгъубжэмкIи къыдошхыкI. Мадинэ гужьеящи, затриубгъуауэ ящхьэщытщ. 

– Мы дунейкъутэжым Iэдэми щхьэ езгъэжьэжат, къезгъэгъэзэжын хуеящ, – гузавэу йогупсыс. – Мамэ гузэвэнут, зэрызгъэкIуэжар нэхъыфIщ, – апхуэдэ гупсысэхэр и щхьэм щызожэ. 

Макъ шынагъуэхэр къоIу, зыгуэр мэву, мэгъуахъуэ, къочэ. И анэшхуэм иригъэщIауэ щыта нэмэзыбзэхэр къегубзыгъыжри ину жиIэу щIедзэ, сабийхэр къихъумэну Алыхьым йолъэIу. 

Хуэмурэ гужьеигъуэ Iейр ящхьэщыкIри, уэшхри уэри увыIэжащ. Зыри къэмыхъуам хуэдэу, дыгъэри къыкъуэплъыжащ. Сабий гужьеяхэри, Мадинэ зрашэкIауэ, и куэщIым итхэщ. Ауэ сыт а макъ шынагъуэр зиIысыр?! Дэнэ ар къыздиIукIыр? Абы хэту я гъунэгъу нысащIэ Хьэлимэт и хъыджэбз цIыкIуищыр и гъусэу гъуэгыу къыIулъэдащ: 

– Динэ, дауэ фыхъуа? Сабийхэр тэмэм? – жиIэурэ магъ. – Хьэблэм балигъыу уэрэ сэрэщ дэсыр, адрейхэр IуэхукIэ зэбгрыкIащ. Дауэ дыхъуну? Лъэмыж цIыкIури телъыжкъым. Мо псым еплъыт, трихащ. 

Мадинэ куэбжэм къыдожри къоплъых, а псы щэху цIыкIурауэ пщIэжынтэкъым, дунейм техуэжыркъым, ябгэщ, шынагъуэщ, псыхъуэм дэмыхуэжу йоукIуриех. Мо псы фIей къэкъуалъэу ехыр нышэдибэ Iущащэу екIуэсэхыу зыбгъэдэта Къулъкъужыныпс цIыкIурауэ пщIэжынтэкъым. 

Мадинэ и гум къэкIа гузавэгъуэм къегъащтэри: 

– Iэдэм! Iэдэм! – жиIэу кIийуэ щIопхъуэ. 

Лъэмыжыр здытелъ щIыпIэм ноблагъэри зэщIоувыIыкI. Нэпкъым щхьэщолъадэри, псым дунейр зэригъэдзэкIырт. Псы губжьам псэущхьэ итхьэлахэр, пхъэкIэбжьыкIэжьхэр, лъэхъцыр и гъусэу къыхитхъа жыгыжьхэр чымпэ цIыкIу фIэкI имыщIэу, зыуи къыщымыхъуу ирехьэх. Iуфэм Iус унагъуэхэм ящIэуауэ я зэрыгъэкIий, гъы макъхэр зэхэпхырт. Псори Iисраф зэтрищIат. 

Къуажэдэсхэр къызэхуэсауэ адрей Iуфэм къыIутт. Мыдрей IуфэмкIэ илъэс тIощIым ит хъыджэбзымрэ илъэс щэщI зи ныбжь нысащIэмрэт, сабийхэр я гъусэу, дэсыр. Псори магъ, зэрогъэкIий, зыми жаIэр къыбгурыIуэркъым, псым и хъущIэ макъым зэдехь. 

– Iэдэм! Iэдэм! – цIэр къугъыу къыжьэдокI Мадинэ, ауэ ар зыми зэхихыркъым, псы макъым хокIуадэ. 

НэкIэ мэлъыхъуэ, псэкIэ мэлъыхъуэ и дэлъху закъуэм. Къыхуэлъагъуркъым. Мес, гузавэу губгъуэм къехыжа и адэр, я гъунэгъу лIы зытIущ и гъусэу псыхъуэм къыдолъадэ. Месыр и анэри: и нэпсыр и кIэпхынымкIэ щIилъэщIыкIыу магъри, зыри зэрыхуэмыщIэм нэхъри къигъэгумащIэу Iэ къищIурэ зыгуэрхэр жеIэ. Псы Iуфэм епщIа цIыхухэм я гужьеигъуэ, кIий-гуо дапщэ зэкIуэцIиIуантIэурэ псы укIурийм и лъабжьэм кIэщIикуэжу здрихьэха а махуэм а псы цIыкIум. 

– Iэдэм! Iэдэм! – магъ Мадинэ, Iейм егупсысыну хуэмейуэ, къыхуэмылъагъу и дэлъху цIыкIум и гузэвэгъуэм ихьу. Абы хэту маплъэри и щхьэ джафэ цIыкIум дыгъэ къыкъуэкIыжа цIыкIур тецIуукIыу и дэлъху цIыкIур Iуфэм къыIулъадэу къелъагъу. 

Дыгъэм пэлыд гуфIэ нэпсыр ирелъэщIэкI иджы Мадинэ. Анэкъилъху! Сыту IэфI, сытуи гуащIэ а гурыщIэр. Мадинэ и псэм телъ гузавэгъуэр щхьэщыкIащи, лъэгуажьэмыщхьэу тIысауэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуещI. Псы Iуфэм къыIутхэм сыткIэ ящIэн абы и псэм иджыпсту щыщIэр? 

Абы хэту Мадинэрэ Хьэлимэтрэ къызэхах Iэхъуэм къехыж жэмхэм я бу макъ. ЦIыхубзитIыр зоплъыжри зэуэ зрач, ящIэнумкIэ зэгурыIуа фIэкI умыщIэну. Жэм гужьеяхэр щхьэхьу къожэ, ахэр псым хыхьэмэ, зыри къелынукъым. ЦIыхубз цIыкIуитIым я мурадыр адрей Iуфэм Iутхэм къащIащи, гупу защIауэ, я кIий макъыр зэхэпхын хуэдэу, мэкIийхэ: 

– ФыIукI, фыщхьэщыкI нэпкъым, фыкърахьэхынущ. Лъэныкъуэ зевгъэз, жэмхэр зэпыту укIуэ, фэ фи щхьэр фхъумэ! 

Мадинэрэ Хьэлимэтрэ пхъэ гъум зырыз къащтэри Iэщхэм япэщIэуващ, адэкIэ къамыгъэкIуэну. Япэу къэса жэм зытIущым япэлъэщакъым. Ахэр псы губжьам ипхъуатэри ирихьэжьащ. 

Мадинэрэ Хьэлимэтрэ къикIуэткъым адрей Iэщхэм ерыщу япэщIоувэ: мес зым игъэзащ, адрей жэмми игъэзащ, полъэщхэр, ирагъэгъазэ. Iэхъуэ Мухьэрбии гъусэ къахуэхъуащи, жэмхэм хъупIэмкIэ ирагъэгъазэ. Iэщхэр къызобууэкI: 

– Ди щIэжьейхэр дгъэшхэн хуейщ, ахэр къыдожьэ, – жаIэ хуэдэщ. 

Махуэр и кIэм нэблагъэрт. Дыгъэри, и махуэ гъуэгуанэр нихьэсауэ, къухьэпIэм хуэпIащIэрт. Iэхъуэ Мухьэрбии Iэщхэм егъэзыпIэ къахуилъыхъуэрт. Къуажэм уэздыгъэ зыщIыпIи къыщыцIуртэкъым, хьэхэм я къугъ макъымрэ шкIащIэ цIыкIухэм я бу макъымрэ уагъэгузавэу къыдэIукIырт хьэблэм… 

Пщэдджыжьым зыри къэмыхъуам хуэдэу, дыгъэм зыкъиIэтри, и махуэ гъуэгуанэм щIидзауэ, и нурыр уэру щIылъэм триутхэрт. ЦIыхухэр епIэщIэкIыу псыхъуэм къыдэлъадэрт, жэщ псом губгъуэм ита Iэхъуэм дэIэпыкъуну. 

Апхуэдизу къуажэм гузэвэгъуэ езыта псыжь цIыкIури пщэдджыжьым нэхъ Iэсэ хъуауэ, жэщIыжауэ нэху къекIат. Жэщ псом губгъуэм ита я Iэщхэр ирахулIэжырт, мэжэлIа шкIащIэ цIыкIухэр Iуейуэ жэм шхуэлым зыщIадзэрт. Псыр нэхъ жэщIыжа нэужь, пщэдджыжьым къызэпрыкIыжа Хьэжпагуи, и шыпхъу цIыкIум иIа гузэвэгъуэм игъэгумэщIауэ, Динэ зришэкIауэ и нэпсыр иримыгъэлъагъуу щIилъэщIыкIырт. 

КъуажэкIэр Iисрафышхуэ зэрищIар пщэдджыжьым хъыбару къэIуащ. Зи унэлъапсэр ирилъэсыкIахэри щыIэт, Iэщ, джэдкъаз зыфIихьахэри куд дыдэт, ауэ цIыхупсэкIэ зэран щыIэтэкъыми, абыкIэ Алыхьым фIыщIэ хуащIырт. Къуажэдэсхэм я гугъуехьыр псыхъуэ кIуэцIым дипхъэжат Къулъкъужыныпс цIыкIум. Жэщым бгыщхьэм нэху щызыгъэща унагъуэхэри яхэтт. АпхуэдизкIэ ятIэпс фIеймрэ къуацэ-чыцэ кърихьэхахэмрэ къуажэкIэм щызэтрихьати, уигугъэнт дунейкъутэжыр къэхъуауэ. ЦIыхуитI зэбгъэдэувэу зэплъыфыртэкъым я гур къызэфIэмынэу, псори нэщхъейт. 

«Къулейсызыгъэ гуэр къыпщыщIмэ, гъащIэр нэхъ лъапIэж, нэхъ IэфIыж къыпщохъу», – жаIэ. ЦIыхухэм я бгыр щIакъузэжри, я псэуалъэхэр зэрагъэпэщыжу, дэIэпыкъуэгъу зимыIэхэм зыщIагъакъуэурэ псым къихьа фIейр ягъэкъабзэжу, зи Iэщ ихьауэ зимыIэжхэм зэгухьэрэ жэм хурапхыжу зызыщIагъакъуэрт, зэдэIэпыкъуурэ гъащIэм адэкIэ пащэрт. 

ЦIыху гъащIэ дапщэ кIуа абы лъандэрэ, ауэ нобэми ящIэж Iуфэ удзым хыумылъагъукIыу къежэх а псы цIыкIум и къарур. 

Нобэр къыздэсым ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къулъкъужын и зы махуэ» усэр щригъэджкIэ, а псы цIыкIум и къарур яхуеIуатэ Мадинэ иригъаджэ сабийхэм, и гур къызэфIэнэрэ а махуэ гузэвэгъуэр и нэгу къыщIыхьэжу. Сэри сащыщщ ар зыхуиIуэтэжахэм. 

  

КъуэщIысокъуэ Елдар, 

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и еджакIуэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz