Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Кайсэри къалэм, lэщагъэ гъэлъэгъуапlэм!

Мэкъуэуэгъуэ мазэм 2. махуэм хуэзэу Кайсэри къалэм, Ди Адыгэ Хасэмрэ Кайсэрим и щэнхабзэ зегъэкIуапIэм (Kültür-Müze Md) щызытыраухуа ди бзылъхугъэ гуащэ дыщэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа Iэзагъэхэр зыгъэлъагъуэ «Адыгэ Iэзагъэ-IэщIагъэ» гъэлъэгъуапIэм дырагъэблэгъауэ дахэтащ, дахэплъащ.

Мы лэжьыгъэ дахэхэр, мыгъэрей лэжьыгъэу, ижь-ижьыжь лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ бзылъхугъэ IэщIагъэ «уагъэ иун», «дыщэ идэн», «хэдыкIын» хуэдэхэм хуэIэзэ, егъэджакIуэ, IэпэIэсэ гъэсакIуэ Абазэ Атаи-ипэ Элиф игъэса ди бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIауэ, я Iэзагъэхэри хэзылхьахэр: ГуащIэ Суна, Былалыкъуэ Насан, ХьэщIэлI Хьэуа, Бешто Нурдагул,

Тумэ Донэ, Пщыгъуэтыж Фэрихащ.

ГъэлъэгъуапIэм къекIуэлIа ди лъэпкъэгъухэми ягу ирихьыу хэплъахэщ. Зэрыз зэрызу къызыхьаплъэхьахэщ. Адыгэ бзылъхугъэ фащэм дей щыщIэдзауэ, Адыгэ тхыпхъэ зытещIыхьа зэмыплъыфэ щхьэрыхъуэнхэр, тхыпхъэ дахащэхэр зытещIыхьа чысэхэр, и кIым уагъэ ирауау удэзыхьэх щIопщ дахащэхэр, дыщэ идэкIэ зэкIужу гъэпса унагъуэ дамыгъэхэр тхыпхъэу хэщIэхьауэ, зэмылIэуж тхыпхъэхэр дыщэпсу, дыжьыныпсу хэдыкIауэ фащэ гуэгъу хъуну Iэмэпсымэхэр, щыгъэ бжыгъэкIэ мин щэщI (30.000) хуэдизкIэ зыхэблауэ «Чэщанэ гъуэгу пащхэм щыт шыуей» сурэт зэкIужым хуэдэ куэд, дахащIэу хэдыкIа IэпэлъэщIхэр, щхьэнтэхэр…

Мы лэжьыгъэ дахэхэр щагъэлъагъуэм, дехъуапсэурэ дахэплъащ. Ижь-ижьыжь лъандэрэ зырахьа Iэпэ Iэзэ IэщIагъэхэр зэрымыкIуэдыжар, иджыркъэс и щIыкIэр зыр зым иригъащIэурэ нобэ нэс къызырысам дыщыгуфIыкIыу дахэплъащ. Зи фIыгъэ хэлъхэм я фIыщIэр къыхэдгъэщу дехъуэхъуахэщ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи; мыхэр зи дахагъэ зэкIуж IэщIагъэхэр, IэщIагъэхэм хэт тхыпхъэхэм къыджиIэхэр, и къэжьапIэ хъуахэр зими ямыщIэу зыресауэ ягъэзащIэ…

Ау щыхъукIэ, зытелэжьыхь тхыпхъэм и къежьапIэр, къыджиIэр къыгурыIуэу, еIэзэщIауэ и лэжьыр къызытехъукIар ищIэу щытамэ нэхъ IэфI къыщIихыу елэжьынут. Зытелэжьыхь тхыпхъэм и ныбжьыри хилъагъуэу, и блэкIам, а лъэхъэнэ псэукIэм щагъэщIар, я фIэщхъуныгъэ еплъыкIэ щIыкIэр хилъагъуэу, нобэрей и псэукIэ щIыкIэми ирилъыту гупщысэки хэIэзэхьыфынут.

А хидыкIа тхыпхъэхэм язым «щы/хъу/мэ» жызыIэ зы тхьэлъэIу зэрыхэтыр ищIауэ щытамэ; Чысэм тетмэ, чысэм дилхьауэ дэлъ дыщэ, дыжьын, Iэпщэхъу, Iэлъын, тхьэкIумэрылъ хуэдэ Iэмэпсымэхэр, ахъшэ хуэдэ пщIэ зиIэхэр дыгъуакIуэм, «дыгъум щыхъумэ» жызыIэ зы тхьэлIэIууэ къыгурыIуэнут.

Щыгъыным, фащэм тещIыхьамэ; ар зыщыгъым и дахагъэр «нэ Iэйхэм щыхъумэ» зэрыжиIэр, щхьэнтэм тещIыхьамэ жэщ жейным зэхэзехуэ зыщ «жэщ теуэм щыхъумэ» нэгъуэщ зы жыIэкIэу «нэхулъэфI укъикI» жызыIэ зы тхьэлъэIуу къыгурыIуэнущ.

«Ды», «щы», «жьы», «хэ» псалъэ макъым къикIыр тщIэмэ; «ды/щэ»р зэры дыгъэр, «ды/жьын»ыр зэры мазэр къыдгурыIуэу я плъыфэхэмки тхузыхэхунущ. «хэ» макъ псалъэр зэры щIыналъэр тщIэмэ, Ды-м, дыгъэм и нэхум, и хуабэм къэкIыгъэхэр зэрызщигъа«кI»эр, «кIы»ныр зэрыхэтлъагъуэм хуэдэу, «хэ/ды/кIы/н» псалэри, дыгъэм зэригъэзащIэм хуэдэу зы гупщысэкIэ зэрызтеухуар ди IэщIагъэми, ди бзэми хэтлъагъуэфынущ.

Мыхэр зэдыгъэщIэн, лъэпкъым лэгъэIэсын папщIэ, телэжьыхьу утыку изылхьэнухэр, щIэныгъэлэж езыгъэкIуэкIхэмрэ, ди хасэхэращ.

Дэри ди Iэм къызэрихьэкIэ, ди бзэм, ди тхыбзэм зэрыхузыфIэкIкIэ дыхущIэкъуу яужь дитынущ.

Ди лъэпкъ IэщIагъэ-Iэзагъэхэр мыкIуэдын пащIэ, зи Iыхьэ хэзылъхьау гъэлъэгъуапIэм тезылхьау хъуам фIыщIэшхуэ зэрыхуэфащэри, фIыщIэ зэрыхуэтщIари къыхэдгъэщу…

Гъуазджэ лэжыгъэхэращ, лъэпкъыри зытезыIыгъэнур.

Yazarın Diğer Yazıları

Бжыгъэхэр, бэуэ жэуэ къыдобж (!)

Мы псалъащхьэми зэригъэлъагъум хуэдэу, «бэ» псалъэми куэдыгъэр, «жэ» псалъэми псынщIагъэр егъэлъагъуэ. Куэдыр, жэкIэ зыкIэлъыкIуэн, зыкIэлъыгъэкIуэн къикIыу. Бжын, бжыкIэ, бжыгъэ псалъэхэми хэтыжыу хыдолъагъуэ. Бэуэ зежэ...

Си гур хэкумкlэ къэнауэ…

Илъэсит ипэ Хэкум сыщыlауэ, синэ къыхукlт, сыкуащэрэт, слъэгъуащэрэт жызигъэlэт си гум. «Ди бзэ Ди псэ» гуп сызыхэтым и унафэщ Дыгужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид Жорданым и...

Лъэпкъым щхьэпэу, хуэлэжьахэр!

И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img