Хэхэсым щекlуэкlа щыгъуэ щlэж махуэ зэlущlэхэр

0
267

 Къафкъас Хасэхэм я Федерацэм (КАФФЭД), Мэгъэм Черкес лъэпкъ гъэкlуэдымрэ и хэку егъэбинэнымрэ илъэс 159 зэрикъум папщlэ, Накъыгъэм и тlыощlым Анкарэ Тесиш Конферанс Салонум, «Черкесхэр Зыхуэкlуэ Лlэщыгуэр: Дуней еплъыкlэ, гъащlэ зэхэщlыкl, политический lуэхухэм дибгъэдэхьэкlэ; икlи ди lыхьэ къызэрыхэтхыфын!» зицlэ щlэнзэхуэс зихишащ.

КАФФЭД-ым Накъыгъэм и тlыощlрэ зы махуэм Анкарэ щыригъэкlуэкlа щыгъуэ щlэж махуэ зэхуэсым зыри, Аныт Паркыращ щекlуэкlар. Черкесхэр, мы паркым нэсыхункlэ щымыуэ зекlуащ; яlыгъа панкартхэм (баннер) «Дищхэм къырикlуар лъэпкъ гъэкlуэдщ!», «Черкесхэр зыхуейр лъыщlэжкъым хейщ!», «Хы фlыцlэр, Черкесхэм нэхърэ хэт нехъ хуэмыгъуэ хъуа!» тетхат. Аныт Паркым, КАФФЭД-ым итхьэмадэ Шоджэн lумит, къыщыпсалъащ. Мазэ Музыка Гупым и гъыбзэхэм щlэдэlукlэ; щыгъуэ махуэ щlэж програмэр зэхуащlыжащ.

Адэкlэй, Коджаели Къалэм и Кефкен псыlуфэм зэхуэс щыlэщ; икlи «Черкесхэм ящхьэ къырикlуар геноцидщ!» жаlэщ цlыхубэм. Коджаели Къалэм и Пашэ-унэфэщl Гупым ягуэщlэдэкlрэ, ягъэзэщlащ Къафкъас Гуауэщlэж Махуэ lуэхущlафlэхэр икlи културэм епха дэуэдапщэхэр иджы нэужь щlэкуэкlыну щlыпlэр цlыхухэм ирагъэлъэгъуащ. Коджаели Къалэм и Кандрэ рейоным дэт Караlагъач Кхъэпlэм зэуэжьым хэкlэда лlыхъужьхэм папщlэ дыуэ ящlащ. Абы иужькlэ цlыхубэр, Бабалы псыlуфэм екlуалlащ.

КАФФЭД-ым, Накъыгъэм и тlощlрэ тlум, Европэ Парлемонтосу Ешиллэр Greens/EFA Хуитыныгъэ зыгуэхьэныгъэ Гупым ихьэщlэу, Буруксел щlэнзэхуэс-Панел щыригъэкlуэкlащ.

Черкес Културэ Унэмрэ, Бейликдузу унэфэщl Гупым языдэlэпыкъукlэ ягъэпса, щыгъуэ махуэ щlэж програмэр Накъыгъэм и тlощlым екlуэкlащ. Мы програмэм и зы lыхьэри, Гусэр Махьмут и сурэт гъэлъагъуныгъэрат. («Нарт Мафlэр» зыфlищар).

Къайсэр Къафкъас Хасэм, хабзэ зэрыхуэхъащи, гъэ къэсыхукlэ Накъыгъэм и тlыощlрэ зы махуэм, щыгъуэ щlэж махуэ зэlущlэм, дэуэ дапщэхэр ирегъэкlуэкl. Мэгъэми аращ зэрыхъуар. Къайсэр Хасэм итхьэмадэ Уэтей Нуршахь, Хасэм, Адыгэ лъэпкъ гъэкlуэдымрэ (Гэноцидым) и хэку игъэкlынымрэ теухуауэ иlэ еплъыкlэр, цlыхубэр хэгъэгъуазэ ищlу псалъащ. Абы иужькlэ шыуэйхэри зыхэт зекlэр, Кадир Хьэс зицlэ Култур Сетырым нэсащ. Култур Сетырым щекlуэкlащ нэгъуэщl дауэдапщэхэри.

Самсун Черкес Хасэм, Накъыгъэм и тlощlым, Тутун кхъухьтедзапIэм дэж Хыфlыцlэжьым гъагъэ хидзащ. Дузджэ Адыгэ Хасэм, Накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэм Дузджэ Аныт Паркым кортежу щызэхиша цlыхубэм язекlуэ нэужьым, дыуэ ящlащ.

Накъыгъэм 21-м Колн Черкес Хасэм (Tscherkessischer Kulturverein e. V.) Етнографя Музей (Rautenstrauch-Joest-Museum) (Колн-Намыцэм) Черкес Геноцид Щlэнзэхуэс иригъэкlуэкlащ.

Шимали Къафкъас Хасэхэмрэ Хэзгъэгъуазэ Култур Фlыщlэ Хасэхэмрэ, «Черкесыр и хэку игъэкlыным» теухуауэ панелыр, Накъыгъэм 20-м игъэзэщlащ.

Къафкъас фIыщIэ Хасэм, ютубкlэ зэхиша панелым къыщыпсэлъащ Рейхьэн Тургут, Емир Фатихь Акбулут, Айшэнур Догъан.

«Гущхьэм Телъым и Макъ: Накъыгъэм и 21» документальный фильмым, япэ гъэлъагъуныгъэри Накъыгъэм и тlыощlрэ зым, Йылдыз Текник Университетым Давутпашэ Конгрес Сентырым щекlуэкlащ. Режиссерыр, Айбукэ Пэхьливанщ.

Хъыбархэр зэхуэсхьэсар: Шыбзыхъуэ Мирадж Албек Хьызлыlок

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар: КъарэцIыкIу Илкайщ

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz