Фокlадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ! Мы махуэшхуэр дуней псом адыгэу тетым, ди лъэпкъым и ныбжьэгъуфlхэм илъэс еханэ хъуауэ зэдыдогъэлъапlэ. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм мыхьэнэшхуэ иlэщ. Мы гуфlэгъуэр и дамыгьэщ лъэпкъым и щхьэ кърикlуа лъэпощхьэпохэм имыгъэдзыхэу нобэм къызэрысам, бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр зыхъумэфа ди лъэпкъым къикlуа тхыдэ гьуэгуанэм.
Нобэ адыгэхэр щlыпlэ зэмылlэужьыгъуэхэм щопсэу икlи лъэпкъ хабзэхэр хуэсакъыу зэрахъумэр, мамырыгъэм, гуапагъэм, захуагъэм я телъхьэу зэрыщытыр дэни щагъэлъагъуэ. Адэ хэкужьым и тхыдэр къыгуэхыпlэ имыlэу пыщlащ лъэпкъ куэд щыпсэу Урысей Федерацэм и гъащlэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэзэщlакlуэ гупым хэтхэм я цlэкlэ, си щхьэкlэ гуапэу сынывохъуэхъу нобэ дгъэлъапlэ махуэшхуэмкlэ – Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкlэ! Си гуапэщ фlы куэд къытхудэкlуэну, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ ефlакlуэу, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зиужьу дяпэк!и дыкlуэтэну!
Узыншагъэ, мамырыгъэ, насып, ефlэкlуэныгъэ фиlэну сывохъуэхъу!
Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Адыгэ Псалъэ