Дэ Адыгэхэм тхъумэну нэхъ дызыхущIэкъу псалъэхэм ящыщщ, мы пасалитIыр. ТIуми щхьэхуэ щхьэхуэу дытепсэлъыхьынщ.
БЗЭ: Дэ цIыхухэр дызыгурыIуэн папщIэ зетхьэ макъ гурыIуэгъуэхэращ. МакъкIэ дызэпсалъэу, дыгушыIэу, къидгъэкI макъхэм гуригъаIуэу, гурыIуэгъуэ зыхуэхъу, зыхуэдэ гурыIуэныгъэщ бзэр. Бзэр, макъ къудеуи зетхьэкъым. ТхыгъэкIи, тхыпкъхэм хуэдгъэфэща макъхэр дизыхуэдэу къидгъэкIу, Тхы/бзэ/у; макъкIи, макъыншэу щэхууи деджэу, дызэгуроIуэ. Бзэр, зы гурыIуэ, гурыIуэгъуэ щIыкIэщ.
ЦIыхухэм гурыIуэгъуэ яхуэхъуу зырахьэр макъы/бзэ/рэ, тхы/бзэ/рэ? НэгъуэщIы/бзэ/хэри зырахьэ, къикIыр языхуэдэу зырагъэщIауэ.
Тхьэ/бзэ, иратхъэу тхыпхъэ/бзэ, нобэрей гъуэгурыкIуэхэм гъуэгу гъэлъагъуэ/бзэ, IунчIыбзэрэ пэт, абы и бзэу «IунчIы/бзэ хуэдэ къуэд… Щапхъэ зы тIущ:
Тхьэ/Бзэ: Ижь ижьыжьым, цIыхухэм псэущхьэ инхэм зыщахъумэф хъуауэ, псы Iуфэхэм Iухьафыу, тIысыпIэ яухуа нэужь, нэхъ зыпэлъэщыф псэущхьэ цIыкIухэр ягъасэу щIадзащ. Мы псэущхьэхэр Тхьэм и фыгъэкIэ къаIэщIэхьауэ, яхуэбагъуэурэ, бжыгъэкIэ хэхъуащ. Мы псэущхьэхэм езыр-езырыурэ «лы» зэрызытырищIэм папщIэ «мэ/лы» фащащ. ТысыпIэ щхьэхуэхэм тесхэм яхуэбэгъуа мэлхэр зыхэмыгъуэщIэн папщIэ и тхьэкIумэ къуапэр зы бзэу, дабзыкIыу щIадзащ. Псори зей, къэзгъэщIам и цIэкIэ дабзыкIауэ, «Тхьэ/бзэ» хуэхъуащ. Нобэ къэсауэ зыдохьэ.
Тхъыпхъэ/Бзэ: БгъунщIагъым щыщIэсам щыщIэдзауэ, цIыхухэм ялъэгъуахэр, шынагъуэхэр, ягугъэ гурылъхэр блынхэм, мывэхэм иратхъэурэ къэгъуэгрыкIуащ. Зы бзэ иIэу, а лъэхъэнэ псэукIэр къиIуатэу. КъэтIэщIакIуэ, тхыдэ щIэныгъэлэжьхэм тхыпхъэм и бзэм къагурыIуэу. Нобэ къэсауэ, зырахьэ тхыпхъэ лэжьыгъэр гъуазджэм нэсауэ.
Гъуэгу/Бзэ: МашынэкIэ дызыдэкIуэм гъуэгу нэзым тращIыхьауэ тет гъуэгу гъэлъагъуэу хъуами зы бзэ яIэщ. УзыдэкIуапхъэр, узыдэмыхьэпхъэр, гъуэгу зэригъэшыр, гъуэгур быркъуэ-шыркъуэ, егъэзыхыгъэ-дэгъэзейгъуэ, гъуэгур гъэбыда-Iуха, гъуэгум зыпымычу итхъа, кIэщ-кIэщIыу итхъа, хужьыу итхъа, гъуэжьыу итхъа ахэм псоми зы бзэ яIэу, а бзэр къыдгурыIуэу гъуэгу дырокIуэ.гъуэгум и бзэу.
Iунчiы/Бзэ: IунчIыбзэми (IункIыбзэ) зы бзэ иIэщ. IунчIыбзэмрэ и IунчIыбзэ къэбымрэ бзэкIэ зэрыщIэу, зэгурыIуэу. БзэкIэ зыгурымыIуэмэ, пхуэтынкъым, икIи пхуIухынкъым. Ез «Iу/н/чIы/бзэ»ми ди бзэм зыщиIуэтэжыкIэри гъэщIэгуэнщ. Ип(Iу)ну зы (нэ) иIэщ. Быубыдыну зы чIы (кIы) иIэщ. IунчIыбзэ къэбым зыхищIыкIыу зы (бзэ) иIэщ. Нобэй зыдохьэ, тхъумэнухэр зытеттэ IунчIыбзэр.
ЕтIуанэрей псалъэу «ха/бзэ».
ХАБЗЭ!
СЫТЫМ И БЗЭ?
«Хабзэ» псалъэр ди бзэм и хэлъыкIэр, и къежьапIэр, мы псалъэмкIэ сыт къыдгурыIуэр?
Зыхэхугъуейуэ зы псалъэу пIэрэ? Дыхэплъэнщ!
«Х» тхыпкъыр зыхэт макъ, псалъэхэр зезыхьэ цIыхумрэ, зыщыпсэу щыпIэ щIыналъэм, щIыуэпс зекIукIэм и бзэм xужаIа псалъэхэм хыдолъагъуэ. «хы», «хэ», «ха», «хи», «ху» хуэдэу… Щапхъэ кIэщIхэу:
Ху’р, нэхущ, нэм езыгъэлъагъущ. Зыгъэхуабэ ху’абэщ.
Хи’щIэр, зыдыхищIэр, щIыщ, щIыналъэщ.
Ха’щIэр зыхащIэр ха’дэщ, хадэр щIыщ, щIыналъэщ.
Хэ’ку, хэкур (хым и куу) щIыпIэщ, щIыналъэщ.
Хы’р псыщ. ЗдыщыIэ щIыпIэр, щызыхуэсыр щIыналъэщ.
ЩIыналъэр цIыхур зыщыпсэу дунейращ. Зыщыпсэу щIыпIэм, щIыуэпс зэрзехьэкIэми зы бзэ иIэщ. ЗэкIужыу, зыкIэлъыкIуэу зэрихьэ бзэр, ха’бзэ хуэхъуащ.
Псалъэм папщIэ: Гъэмахуэ хуабэм псэущхьэхэм я цыр, къохуэбэкIыри япхъ, зытырадз. Мэл бацэр гъэмахуэм зытыридзу, къытекIэж бацэмкIэ щымахуэм зихъумэжыу. Мыр зы щIыуэпс щыналъэ хабзэщ. ЩIыуэпс щIыналъэм щыпсэу цIыхури мы щIыуэпс хабзэм зэригъэкIуу, гъэмахуэм и Iэпкълъэпкъыр игъэбауэну щыгъын пIащIэкIэ зихуапэу, щIымахуэ щIыIэми зыкъыригъэлыну, щитагъэхэр Iувыу зытелъу зехуапэ. Мыри зы щIыуэпс «ха/бзэ»щ. Зы псэукIэ хабзэщ.
Мы «хабзэ» псалъэм и къежапIэр гурыIуэгъуэ хъуамэ; цIыхухэм язэхуаку дэлъ, цIыхубэм и зы хущытыкIэм хэлъ хабзэми кIэщIыу псалъащхьэу къыхэдгъэщынщ.
- Уэхъус зэхыным и псалъэ щIыкIэм щыщIэдзауэ
- КъегъэблагъэкIэ. ХьэщIэм хущытыкIэ.
- Нэхъыжым щIых зэрыхуащ.
- ЦIыхубзым, быным и хущытыкIэ.
- ГъуэгурыкIуэ хабзэ.
- Iэнэ пэрысыкIэ.
- ХьэгъуэлIыгъуэ,гуфIэгъуэ дауэдапщэ.
- Нэщхъеяагъуэ, гуауэдэх зыхэтыкIэ.
- Уэршэр.
- ЩIэпщ.
- Хасэ.
- Уасэ.
- Хьасэ.
- Хьэдэ. Хузырахьэ хабзэхэм нэсу псоми зэрыз зэрызу утепсэлыхь хъунущ ауэ тхыгъэр дымыгъэкIыхьу пыдокI.
Адыгэ лъэпкъым зэрихьэ бзэри, хабзэри, и гупщысэ щIыкIэм, и псэукIэм къыхэхъукIыу, къэгъуэгрыкIуа и щэн’ыращ.
Тхуземыхьэж хъуа бзэмрэ, хабзэр зэгуэгъущ. Зыр «тебзэ»мэ, адырейр «щIэбзэ»щ.
Адыгэ лъэпкъыр хэмыкIуадэу зыгъэпсэуныр, БЗЭРЭ, ХАБЗЭРЭЩ!
Зепхьэмэ ууейщ!
Зомыхьэмэ, къыуэзытам пIихыжынщ!